Гъуазэхэр
2020-06-02
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтыр къыщызэIуахагъащIэ зэманхэм щыщIэдзауэ IуэрыIуатэр нэхъ гулъытэ зиIэхэм ящыщ зыщ. Япэ дыдэу ди институт штатым хэхуауэ щыта адыгэ узэщIакIуэ ЩэрылIокъуэ Талъостэн и IуэхущIафэу къагъэлъэгъуауэ щытари аращ — «фольклорист».
- Абы хуэдэ лIы цIэрыIуэ куэд мы институтым и фIыгъэкIэ телэжьащ адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, таурыхъхэр къэугъуеиным, тедзэным, щIэныгъэ хабзэм тету къэпщытэным. Апхуэдэу, илъэс 80 ипэкIэ къэрал къалащхьэм и тхылъ тедзапIэхэм нэхъ пщIэ зиIэхэм ящыщ зым, «Academia»-м, къыщыдагъэкIауэ щытащ урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм и жанр псоми я нэхъ щыпкъэ щапхъэхэр щызэхуэхьэса тхылъышхуэ — напэкIуэцI 635-рэ и Iувагъыу. Aбы елэжьахэм яхэтащ зи цIэр къисIуа ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, ЦIагъуэ Нурий, Елбэд Хьэсэн, Пщынокъуэ Абдул, Къуэжей Сосрыкъуэ, ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан сымэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэхэщ иужькIэ режиссёр Iуэхугъуэм хуеджэу театр лэжьакIуэ хъуа Мыд Хьэжмусэ, еджагъэшхуэ, профессор Балъкъэр Борис, усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан, и гъащIэ ныкъуэр ди институтым щызыхьа тхакIуэшхуэ, щIэныгъэлI, драматург Шортэн Аскэрбий. Тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, абыхэм яхэтащ институтым и унафэщIу щыта критик икIи тхакIуэ Iэзэ Нало Жансэхъу. Апхуэдэ лIы щыпкъэхэр гъуазэу зи гъунэ иралъа IэнатIэм упэрытын щхьэкIэ зыгуэркIэ нэхъ мыхъуми яжь къыпщIихуауэ щытын хуейщ.
- Хэку зауэшхуэм и ужь гъэхэм щегъэжьауэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ елэжьын гуп щхьэхуэм и пашэ хъуащ Шортэныр. Абы и фIыгъэкIэ 1947 гъэм щыщIэдзауэ институтым къызэригъэпэщащ зекIуэ (экспедицэ) зыбжанэ, мазэ бжыгъэкIэ къемыкIуалIэу жылагъуэхэр къыщызэхакIухь щыIэу. А ежьэм хэтахэм ящыщщ КIуащ БетIал, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Акъсырэ Залымхъан сымэ, куэдым зи цIэхэр ямыщIэж Чэрим Мухьэз, Албэч Iэуес, Щоджэн Хьэзешэ, ЖьакIэмыхъу Хьэжысмел, Дадэ Адэлбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я фIыгъэщ нобэ ди институт архивым и жьантIэр зыгъэбжьыфIэ тхыгъэ куэд зыдэлъ папкэ пщIы бжыгъэхэр, фонотекэм щахъумэ магнитофон лентэхэм тетха уэрэдхэр, къафэ макъамэхэр, хъыбархэр. Ахэр лъабжьэ яхуэхъуащ «Нартхэр. Къэбэрдей эпос» (1951 гъэ), «Къэзанокъуэ Жэбагъы» (1956), «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» томитIу (1963, 1969), «Адыгэ псалъэжьхэр» томитIу (1965, 1967), «Нарты. Адыгский героический эпос» (1974) тхылъхэм, нэгъуэщIхэми.
- Псом хуэмыдэжу лэжьыгъэшхуэ ящIащ къудамэм илъэс куэдкIэ щылэжьахэу КъардэнгъущI Зырамыкурэ Нало Зауррэ. Абыхэм я гуащIэшхуэ хэлъщ зи цIэ къисIуа тхылъхэм хуэдэ зыбжанэми, архивымрэ фонотекэмрэ хэлъ тхыгъэхэми, адыгэ IуэрыIуатэм теухуа къэхутэныгъэ нэхъ уардэхэми. Ямылейуэ пщIэшхуэ яхуэфащэщ абыхэмрэ кърашэлIа этномузыковед телъыджэ Бэрэгъун Владимир, филолог Iэзэхэу ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр, Иуанокъуэ Нурбий, дуней псом щагъэлъапIэ еджагъэшхуэ Гиппиус Евгений сымэрэ том зыбжанэ хъуа «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъыр зэрызэдагъэхьэзырам щхьэкIэ. Ар ауэ сытми тедзэныгъэ къудейуэ къанэркъым, атIэ адыгэ лъэпкъ поэзиемрэ макъамэхэмрэ ехьэлIа къэхутэныгъэ куущ, абы ипэкIэ апхуэдэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я материалкIэ зыми имыгъэзэщIэфауэ.
- КъищынэмыщIауэ, секторым щагъэхьэзырауэ дунейм къытехьахэщ томитI хъууэ ХIХ — ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ятхыжа хъыбар, уэрэд, пшыналъэхэр, ЦIагъуэ Нурий и щIэиным щыщу пакIэу къытIэрыхьэжахэр, бахъсэн узэщIакIуэхэм я Iэужьхэр. Иужь зэманым икъукIэ пщIэ хэха зыхуэфащэ лэжьыгъэу дунейм къытехьащ Тхьэмокъуэ Женэ игъэхьэзыра «Адыгэ таурыхъхэр. Япэ том» тхылъышхуэр, том зыбжанэ хъун хуей «Нарт» эпосым и япэ томыр, нэгъуэщIхэри. Пэджэж щхьэпэ игъуэтри, етIуанэуи тредгъэдзэжын хуей хъуащ Кавказ зауэм щыгъуэ яуса адыгэ уэрэдхэр зэрыт тхылъыр. Ар къудамищым щылажьэ щIэныгъэрылажьэхэр дызэгухьэри къыдэдгъэкIауэ щытащ.
- Къэхутэныгъэ щхьэхуэу жанрхэр гъэнэхуэнымкIэ секторым утыку япэу кърилъхьа лэжьыгъэшхуэ хъуахэщ Алий Аллэ адыгэ нарт эпосым (1969 гъэм), Аулъэ Сариет (1973) тхыдэр зи лъабжьэ эпосым теухуауэ къыдагъэкIа монографиехэр. Абыхэм къакIэлъыкIуащ эпосым, хъыбарыжьхэм, таурыхъхэм, псалъэжьхэм, цIыхубэ макъамэхэм ятеухуауэ КъардэнгъущI З., Нало З., ЦIыпIынэ А. сымэ, нобэми лэжьыгъэм пэрытхэу Тхьэмокъуэ Ж., Быхъурэ М., Гъут Л., ГъукIэ А. сымэ я монографиехэр, апхуэдэу абыхэми, Табыщ М., ЦIыпIынэ И., Хьэгъэжей Л. сыми я статья щхьэхуэхэр щызэхуэхьэсыжа тхылъхэр. Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIми и тхылъ зыбжанэрэ статья щхьэхуэхэри абы хэтщ, Налшык, Мейкъуапэ, Грознэ, Мэзкуу къалэхэм, Германием щытрадзахэу.
- Адыгэ IуэрыIуатэ къудамэм иджыпсту щолажьэ цIыхуи 7. Абыхэм ящыщу 5-р щIэныгъэхэм я кандидатщ, 1-р доктор-профессорщ. Дэ хэхауэ долэжьыр адыгэ IуэрыIуатэм и жанр псоми ящыщу къыхэщыпыкIа тхыгъэхэр къытедзэным, ахэр зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэр убгъуауэ егъэкIуэкIыным. Ди IэдакъэщIэкIхэр Налшык нэмыщI Урысейм и нэгъуэщI къалэхэми, хамэ къэралхэми щытрадзэ. АбыкIэ ди лъэпкъ мащIэм и хъугъуэфIыгъуэхэр дунейпсо щIэныгъэм и сантIыкъым идогъэзагъэ, нэгъуэщI лъэпкъ нэхъ жыжьэхэми благъэхэми къыдогъэцIыху. МыдэкIэ езы адыгэ лъэпкъми и Iэужь нэхъыфIхэр и пащхьэ идолъхьэж, еджапIэ нэхъыщхьэхэми, курытхэми, сабий гъэсапIэхэми далъоIэс.
- Пэжыр жыпIэмэ, дызыхуэныкъуэ Iэджи щыIэщ, дэри дымащIэщ, ди Iэри куэдым хунэсыркъым. Ауэ дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIыр дощIэ дызыхуэлажьэ ди лъэпкъым и фIыщIэр тIэтыным хуэгъэпсауэ
- Гъут Iэдэм,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.