Сабийхэр ягъэгуфIэ
2020-06-02
- Хабзэ хъуащи, мэкъуауэгъуэм и 1-м дэнэкIи щагъэлъапIэ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Коронавирусым и зэранкIэ ди къэралыр, республикэр мы зэма- ным щытыкIэ къызэрымыкIуэм итми, махуэшхуэр ныбжьыщIэхэм гукъинэ ящыхъуным дэнэкIи щыхуэнабдзэгубдзаплъэщ.
- Мэкъуауэгъуэ мазэм и япэ махуэр гулъытэншэ ямыщIу, Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм унафэ къищтащ зи узыншагъэм сэкъат иIэу районым щыпсэу сабийхэм яхуэгуэпэну. Апхуэдэ цIыкIухэр 82-рэ хъурти, дэтхэнэми дыгъуасэ лъагъэIэсащ шхыныгъуэ IэфIхэмрэ ахъшэ саугъэт цIыкIухэмрэ.
- Районым и унафэщIхэр апхуэдэу ехъуэхъуащ сабий куэд зиIэ унагъуэхэми. Махуэшхуэр хуагъэлъапIэу, быни 4 е нэхъыбэ щапI унагъуэшхуэ 40-м абыхэм хуагъэхьэзыращ икIи Iэрагъэхьащ ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр, IэфIыкIэхэр зэрылъ хъурыжынхэр.
- ПсапащIэ Iуэху дахэм жыджэру хэтащ ДыщэкIхэ я IэфIыкIэ IуэхущIапIэр. ЩIыпIэм и пашэхэм фIы-щIэ хэха хуащI абы и унафэщIхэми лэжьакIуэхэми, сабийхэм хуаша торт цIыкIухэр дахэу, гурыхьу зэрыхуагъэхьэзырам папщIэ.
- ЦIыхухэм хуабжьу гуапэ ящыхъуащ щIыналъэм и унафэщIхэм къабгъэдэкIа гулъытэр, сабийхэрати, абыхэм я гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ нэрылъагъуу хэхъуат.
- КЪАРДЭН Маритэ.