ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкупсэ нэс Джэрыджэ Хьэсэн

2020-06-02

  • Жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, хьэрычэтыщIэ Iэзэ, цIыху щыпкъэ, адыгэхэм илъэс куэд щIауэ хьэлэлу яхуэлажьэ Джэрыджэ Хьэсэн Хьэнахъуэ и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.

  • Джэрыджэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытащ. Абыхэм ящыщщ республикэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэу къэгъуэгурыкIуа Налшык ерыскъы комбинатым и инженер нэхъыщхьэу зэрыщытар, мэкъумэш техникэм пыщIа IэнатIэхэм ящыщ зым къулыкъушхуэ зэрыщызэрихьар, нэгъуэщIхэри. Зи гугъу тщIа лъэхъэнэхэми, абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэми Хьэсэн хьэрычэт Iуэхуми жыджэру хэтащ, а лъэныкъуэми ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ. И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу Джэрыджэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ, абыхэм яхуэфэщэн жэуапхэмкIи къыддэгуэшащ.
  • — Жэмтхьэлэ къуажэ дыкъыщыхъуащ, ди сабиигъуэр абы щетхьэкIащ, школыр къыщыдухащ. Къуажэм дэс нэхъ унагъуэшхуэ дыдэхэм дащыщт, зэкъуэшитхурэ зэшыпхъуитхурэ дыхъуу. Ди адэр, Хьэнахъуэ, лэжьакIуэжь жыхуаIэм хуэдэу колхозым хэту, Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, 115-нэ шу дивизэм хагъэхьат. ТекIуэныгъэ нэужьым къигъэзэжри, куэдрэ колхозым хэлэжьыхьащ. Ди адэм жыг хадэшхуэ игъэкIыу щытащ. ДызэрапIари аращ. Къуажэм и мызакъуэу, Къэбэрдей псом жыг хадэ нэхъ ин дыдэ щызиIахэм дащыщщ.
  • — А жыг хадэм и къежьэкIэ хъуам къытхутепсэлъыхьыт, Хьэсэн.
  • — Япэ дунейпсо зауэм хэтащ ди хьэблэм щыщ щIалэ, Щоджэн Бэчмырзэ. Зэрыдохутырышхуэм и мызакъуэу, абы куэдым хищIыкIырт. Пащтыхьыдзэм хэту ар Австро-Венгрием щыщыIам, гу лъитащ игъащIэм имылъэгъуа жыг лIэужьыгъуэхэр а щIыпIэм къызэрыщыкIым. Къыщигъэзэжым, абыхэм я жылэхэм щыщ къыздихьауэ щытащ. Мис а Бэчмырзэ и фIыгъэщ ди къуажэм дэсахэм я нэхъыбэм жыг лIэужьыгъуэщIэхэр къэгъэкIыным зратауэ зэрыщытар. АрщхьэкIэ, къэралым къыщрахьэжьа Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэм, «продразвёрсткэ» жыхуаIэм, ипкъ иткIэ жыг къэс налог тралъхьэу къыщаублэм, къуажэдэсхэм я нэхъыбэм, мащIэ дыдэ фIэкIа къэмынэу, я жыг хадэхэр ираупщIыкIыжауэ щытащ. А закъуэтIакъуэм ди адэр ящыщти, абы и фIыгъэкIэ дэ жыг хадэшхуэ диIэу дыкъэхъуащ. Гъатхэ хъуамэ, цIыхухэр адэкIэ-мыдэкIэ, уеблэмэ Джылъахъстэнейм нэс, къикIыурэ ди деж накIуэрт, мыIэрысэ щхьэкIэ.
  • — Курыт еджапIэм ехьэлIауэ уигу нэхъ къинахэм я гугъу къытхуэщIыт, Хьэсэн.
  • — Еянэ классыр къыщызухам, гъэ къэси хуэдэу, колхоз губгъуэм диту, еджакIуэ бригадэм я Iэтащхьэу сыхахри, мэкъу пыдупщIу, ар зэщIэткъуэжу дыкъекIуэкIащ. 9-нэ, 10-нэ классхэм сыщыщIэсами апхуэдэу дылэжьащ. Сыбригадирми, адрейхэм садэпщIэрт, мэкъуи садеуэрт. Ахъшэ хъарзыни къыдатырт. СощIэж, «нэхъыфIу лажьэхэр Тбилиси федгъэшэнущ» жаIэри, губгъуэм ита цIыхуищэм ящыщу цIыху 18-р дыкъыхахауэ зэрыщытар. Си гуапэу ноби сигу къэзгъэкIыжыр аращи, а къалэм нэгузегъэужьакIуэ дашат, колхозым къытхухиха ГАЗ-51автомашинэм и кузовым хьэуазэ иракъухьарэ абы дэ дыхэсу. Колхозым къыщызлэжьамкIэ кIэстум зэфIэт, бэлъто, вакъэ абы къыщысщэхури дыкъэкIуэжауэ щытащ. Тбилиси нэхъ хьэпшыпыфI здэщыIа СССР-м итакъым. Апхуэдэу фIыуэ къэдухащ дэ школыр.
  • — Университетым и сыт хуэдэ факультет япэщIыкIэ узыщеджар?
  • — Мэкъумэш хозяйствэм и механизацэ факультетырщ. Конкурсышхуэ щыIэу сыщIэтIысхьэри, ар къэзухащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ къызэрыщыдатам нэмыщI, тракторист, комбайнёр IэщIагъэхэми дыщыхуагъэсат. Сыщыстудентми сылэжьащ. ЕтIуанэ курсым сыщIэсу къаублауэ щытащ щIалэгъуалэм ящыщу хуейхэр щIыщIэм (целинам) гъэмахуэм ягъакIуэу. Арати, Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхэт «Сукан-су» колхозым и цIэкIэ абы саутIыпщат, ди адэм и лъэIукIэ апхуэдэу схузэрагъэпэщауэ. СыздэщыIам къыщызлэжьамкIэ зысхуапэрт, ди адэ-анэм затезмыгъэхьэлъэу.
  • — Хьэсэн, еджапIэ нэхъыщхьэм дзэ къулыкъум пыщIа IэщIагъэми фыщыхурагъэджат?
  • — АтIэ. Университетыр къэзуха иужькIэ, дзэм къулыкъу щысщIэну КъуэкIыпIэ Жыжьэм сагъакIуэри, Приморскэ крайм хыхьэ Уссурийск къалэм къедза частхэм ящыщ зым офицеру илъэситIкIэ сыщыIащ. ЯпэщIыкIэ штабым и унафэщIым сридэIэпыкъуэгъуу, кIэлъыкIуэу ротэм сриIэтащхьэу, иужьрей илъэс ныкъуэм полкым ерыскъы IуэхухэмкIэ и IэнатIэм сриунафэщIу. СыкъыщыкIуэжам, запасым и офицеру сыкъалъытэрти, дзэ Iуэхухэм щыхурагъаджэ-щыхуагъасэ «дерсхэм» драджэрт. Абыхэм ящыщ зым къыщызатащ батальоным и унафэщI къулыкъур зезыхьэ хабзэ капитан званиери. Седжэху, спорт Iуэхухэми сыхэтащ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ мастерым и кандидат цIэри къысфIащауэ сыкъыхэкIыжащ.
  • Армэм сыкъикIыжа иужькIэ, республикэм мэкъумэш техникэм пыщIа и IэнатIэ нэхъ ин дыдэм инженеру сыкъащтащ, хьэрычэт Iуэхуми зестащ. Си ныбжьэгъумрэ сэрэ зыгуэрхэр къэдгупсысу щIэддзащ: Лашынкъей дэс ди цIыхугъэм и щIым бжьын щыхэтсащ, Нартан къуажэ дэс нэгъуэщI ди ныбжьэгъум деж щыдгъэува теплицэм тюльпан къыщыдгъэкIыу къэдублащ. А удз лIэужьыгъуэм къызита хэхъуэмкIэ си япэ машинэр къэсщэхуауэ щытащ. Ауэрэ, теплицэр нэхъ иныж тщIащ, нэхъри зыдужьащ. Уеблэмэ, Урысейм щыщу ди продукцэр зыщэхунухэм дагурыIуарэ, кхъухьлъатэкIэ ар зэрахуедгъэшэнум дыхуэхьэзыру дыкъекIуэкIыурэ, зэуэзэпсэу псори лъэлъэжащ — си ныбжьэгъур, и кIэлъыплъыгъуэти, а жэщым къеуа щIыIэм хуэбэлэрыгъри, ди удз гъэгъахэм ящыщу зыри къелатэкъым.
  • — ЕпхьэкIа лэжьыгъэхэм ящыщу, мыбы си гупсысэр нэхъ тезухуарэт, си гуащIэ нэхъ хэслъхьарэт яхужыпIэну, дэтхэнэхэра уи гум нэхъ къинар?
  • — БжесIэмэ, уи фIэщ мыхъункIи хъунщ ар, ауэ сыт хуэдэ IэнатIэ сыпэрытами, си гур зыгъэбатэрэ си гукъыдэжыр къэзыIэту си нэгу нэхъ къыщIэувэжыр жэщым комбайным сытесу, гъавэу щIэзгъэщэщыр бункерым из хъуарэ машинэр къыIухьауэ щыIуишым дежт. Абы гухэхъуэу къызитым хуэдиз нэгъуэщIым къызимытыну къысщыхъурт абы щыгъуэ… Апхуэдизу цIыхум и гур хэзыгъахъуэр, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, «щIакхъуэ» жыхуаIэр къызыхащIыкIыр езым и IэкIэ зэхуихьэсауэ зэрилъагъужырщ. КъызыхэкIри къуажэм сыкъызэрыщыхъуар, а щIым сызэрепхар, иужькIэ агрономием сыщIэтIысхьэу ари къызэрызухар арагъэнт, дауи.
  • Ерыскъы комбинатым илъэси 10-кIэ сыщылэжьауэ, къэралым ди нэгу къытхущIэмыгъэхьа зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуу, Совет Союзым хэт республикэхэр зэхэкIыжу хуежьащ. АрщхьэкIэ, апхуэдизыр щызэхакъутэжым, дэ дыкъызэтенэн тхузэфIэкIат. Сэ Москва цIыхугъэ щызиIэти, абы запытщIарэ фошыгъур зыIэрыдгъэхьэу, къыщIэдгъэкI продукцэр Новгород Ищхъэрэм едгъашэу, абыхэм ахъшэ хьэзыр къыдату дыкъекIуэкIащ. ЖыпIэнур арамэ, цIыхухэм яшхын ямыгъуэту псори щылъэлъэж зэманым, ди деж щылажьэхэм зыщIэсын фэтэр нэгъунэ къахуэтщэхуфу щытащ. Апхуэдэу дыкъэгъуэгурыкIуащ, аркъэ къыщIэгъэкIыным ди IуэхущIапIэми зритыху. ИужькIэ абы сыдэтыжакъым…
  • Республикэм и «Агропром»-м зэрылажьэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIу сыщыщыIам, ди щIасэ-димыщIасэми, къэрал псор къызэхэткIухьын хуей хъурт, оборудованэ нэхъыфI дыдэхэм дылъыхъуэрэ ахэр ди щIыналъэм къитшэу. Консерв щащI, псы щрагъахъуэ, хьэлвэ щагъэхьэзыр заводхэм я нэхъыбэр дэ къыдэпхати, ахэр IэмэпсымэкIэ къызэзыгъэпэщри дэрат. Ауэрэ здекIуэкIым, Одессэ щыIэ IэщIагъэлIхэм хъыбар зэбграгъэхащ, «фызыхуей заводхэм хуэдэ дэ тхуэщIынущ» жаIэу, икIи щапхъэ папщIэу зэхагъэува я Iэмэпсымэр Москва и ВДНХ-м дагъэуващ. Ар зэхэзыха ди министрым сриджащ икIи «КIуэи, мыр зищIысыр зэгъащIэ, уэращ апхуэдэхэм хэзыщIыкIыр», — къызжиIащ. Сожьэри, ВДНХ-м къыщызогъуэт а заводыр Москва къезыгъэшахэр. ДызэгурыIуа иужь, Одессэ сокIуэ. Сызыхуэзахэм яжызоIэ заводыр дигу зэрырихьар. А Iуэхум ахэр апхуэдизу щыгуфIыкIати, «япэ фыкъызэрищам папщIэ, уасэ тедмылъхьэу мыр фыдот, фхуэгъэлажьэ закъуэмэ, афIэкIа дыхуейкъым» къызжаIати, Iэмэпсымэр, ди министрым и унафэкIэ, Кэнжэ ирагъэшащ (абы щыгъуэ а колхозым и унафэщIыр Унэжокъуэ Борист). Абы хъарзынэу щызэтраухуащ, лажьэуи ирагъэжьат. АрщхьэкIэ, аркъэ къыдэгъэкIыныр къэралым хуит щищIыжым, Кэнжэ дэта консерв заводым и Iуэхури абы хуагъэкIуащ, къахуэтша Iэмэпсымэхэри къыщамыгъэсэбэпыж хъуащ.
  • — Хьэсэн, дызэрыщыгъуазэмкIэ, адыгэ лъэпкъым телажьэ зэгухьэныгъэхэм (хасэхэм) я зэзыгъэуIу советым жыджэру ухэтщ. Гъэ блэкIахэм къриубыдэу а зэгухьэныгъэм къиIэта Iуэхухэм ящыщщ 2003 гъэм къыдагъэкIа 131-нэ федеральнэ хабзэм, щIыр къуажэхэм зэрытрагуашэ щIыкIэм ехьэлIам, ди республикэм зэрыщыбгъэдыхьэм фыхэплъэжауэ зэрыщытар.
  • — 131-нэ статьям къигъэув щIы Iуэхум ехьэлIа хабзэр ипэжыпIэкIэ зищIысыр, абыкIэ жаIэну зыхуеяр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, иджыри къыздэсым тэмэму яхузэхэгъэкIакъым. СымыщIэххэу здекIуэкIым, Парламентым щIэс гуэрым къызжиIащ: «КъуршымкIэ щыIэ щIы псори, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ яIыгъа хъупIэхэри хыхьэу, ди гъунэгъу лъэпкъыр зыдэс къуажэхэм ират!». Арати, а Iуэхум ирипIейтейхэм едгъэкIуэкIа пэкIухэм я фIыгъэкIэ, унафэр адэкIи пхызыгъэкIыну хуейхэр щIэгупсысыжри, къызэтрагъэувыIэжауэ щытащ. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ягуэшыну зыхунэса щIыгур зэрыратауэ къэнащ… ГъэщIэгъуэныр аращи, езы лIыщхьэхэм иужьым зыкъызэраумысыжауэ, 131-нэ статьям къигъэувыр пхагъэкIын Iуэхум яужь ихьэн ипэкIэ, абыхэм 84-нэ статьям къыщыхьар ягу къагъэкIыжын хуеящ. Абы итыр мыращ: къуажэхэм ижькIэрэ яIыгъа хъупIэхэр япэщIыкIэ къыхэгъэщхьэхукIауэ, къэнам унафэ тещIыхьын.
  • — Уи етIуанэ тхылъым, «Адыгский олимп» зыфIэпщам, и гугъу къытхуэщIыт, Хьэсэн.
  • — Приморскэ краймкIэ згъэзэжынщи, Уссурийск сикIыу Хабаровск сыкIуэрт, мафIэгум сису. Арати, сызыщIэс купем хъыджэбз цIыкIуитI къитIысхьащ. Зыкъомрэ дыкIуауэ, ахэр къызэупщIащ: «Хэт ухъуну?» жаIэри. «ЛъэпкъкIэ сыкъэбэрдейщ», — ястыжащ жэуап. «Апхуэдэ зэхэтхакъым» жаIащ. ИтIанэ, сыкъызэрыгъуэтыжри, «черкес жыхуаIэмрэ дэрэ дызщ» жысIащ. Ар зэрызэхахыу, пщащэ цIыкIуитIым я щхьэхэр къаIэтри, зэпадзыжу, Лермонтов Михаил шэрджэсхэм ятриухуа и усэхэм ящыщ зым къеджэу щIадзащ. Езы тIур литературэмкIэ институт гуэрым щеджэу арат. Дауи, угуфIэнтэкъэ?! КъэувыIэпIэ гуэрым деж мафIэгум сикIри, хъыджэбз цIыкIуитIым шоколад-сытхэр къахуэсщэхуащ, адыгэхэм (шэрджэсхэм) ятеухуа усэхэр гукIэ зэращIэм щхьэкIэ фIыщIи яхуэсщIащ. Ар къыщыхъуар 1974 гъэращ… СыкъэкIуэжауэ, зэманыфIи дэкIауэ, 1998 гъэм мы тхылъым и япэ къыдэкIыгъуэр щызгъэхьэзырым, а хъыджэбз цIыкIуитIыр къызэджа усэм и пэщIэдзэр эпиграф хуэсщIауэ щытащ. А лъэхъэнэм хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ журналист IэщIагъэм хуэIэижьхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан сымэ. Абыхэм куэдым щыгъуазэ сыхуащIащ, сыхуагъэсащ. А зэманым хьэрычэт Iуэхуми сыщехъулIэрти, Тыркум цIыху згъэкIуащ. МодэкIэ Адыгейм, мыдэкIэ Шэрджэсым дыщыщIэупщIэри, зэрыдгъэщIэгъуэнур дымыщIэу, цIыху 52-м я цIэ-унэцIэхэр зэдгъэщIащ. Дунейм щытекъухьа адыгэхэм апхуэдиз спортсмен цIэрыIуэ къахэкIыну си гугъатэкъым. Тхылъыр Истамбыл къыщыдэзгъэкIащ, и бжыгъэкIэ мини 5 хъууэ. Ар Хэкум къишэжынымкIэ Сэбаншы Назми хуабжьу къыздэIэпыкъуащ.
  • ГъэщIэгъуэныр аракъэ, тхылъыр къызэрыдэкIам и хъыбар зэхэзыха осетинхэр къакIуэри, абы щыщ зыбжанэ здахьауэ щытащ. ИкIи, куэд дамыгъэкIыу, ди щапхъэм иригъуазэри, я спортсменхэм я цIэ-унэцIэхэр иту, езыхэм я тхылъ къыдагъэкIащ. Ауэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, дыдейр нэхъ дахэщ икIи зэкIэлъыгъэкIуащ. Зэман дэкIри, си цIыхугъэхэм ящыщ гуэрхэм къызыпхагъэIукIыу щIадзэжащ, иджыпсту диIэ адыгэ спортсменхэр уи япэ тхылъым ихуам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщи, тхылъыр щIэрыщIэу къыдэдгъэгъэкIыж, жаIэу. Арати, олимп джэгукIэхэм, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэхэм я чемпион хъуахэмрэ я кубокхэр къэзыхьахэмрэ я цIэ-унэцIэхэр щIэрыщIэу зэхуэхьэсыжын щIэддзэжри, абыхэм я бжыгъэр 122-м нэтхусащ. Макетыр хьэзыр щыхъум, Волгоград сыкIуэри, абы щылажьэ, ди ныбжьэгъу Чэрим Юрэ зыдэзгъэIэпыкъуащ. ИкIи, 2011 гъэм а къалэм си етIуанэ тхылъыр къыщысхудагъэкIащ, и теплъэкIи, и гъэщIэрэщIэкIэкIи хуабжьу арэзы дыкъищIрэ текIуэдакIи езэгърабгъыу. Иджы аргуэру мы тхылъыр щIэрыщIэу къыдэгъэкIыжын хуейуэ Ставрополь дэс щIалэхэм къыщызыпхагъэIукIым, япэрей тIум имыхуауэ къэдулъэпхъэщахэм я бжыгъэр 80-м нэблэгъащи, псори зэхэтлъхьэжмэ, адыгэ спортсмен цIэрыIуэхэм я бжыгъэр 200-м щхьэдэхынущ. Пэжщ, езы тхылъыр къыдэгъэкIыжыным иджыри щIэддза щIыкIэкъым.
  • — Хьэсэн, дызэрыщыгъуазэщи, уэ жылагъуэ Iуэхухэм къадэкIуэу псапэ лэжьынми ухэтщ, Жэмтхьэлэ дэт мэжджытыр езыгъэщIари уэращ.
  • — Ди къуажэм дэт мэжджытыр ухуэнымкIэ си къуэш Iэмин къыздэIэпыкъуат. Ар щыттар 1996 гъэращ. ЖыпIэнур арамэ, а IуэхумкIэ ди республикэм япэ дыдэ итахэм дащыщщ. Джабэ гуэр етIтIэкIщ, щIы теткIутэжри, а щIыпIэм мэжджытыр щедгъэухуащ. Нэгъабэ си шыпхъу нэхъыщIэм и къарукIэ ар къагъэщIэрэщIэжащ, и бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ. Си щIалэм пщIантIэм асфальт трыригъэлъхьащ, псы дригъэшащ, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэну жыгыщIэ цIыкIухэр ибгъухэмкIэ щыхригъэсащ.
  • ЗэрысщIэжрэ, зыгуэрхэм сэбэп сахуэхъун хуейуэ къызолъытэ. Нобэми сыапхуэдэщ: зыгуэр тхьэмыщкIапIэ ихуамэ, сымаджэщ щIэхуамэ, си пенсэм щыщ къыхэзгъэкIыурэ язот, си бынхэри зэрыцIыкIурэ апхуэдэ Iуэхухэм хуезгъасэу дыкъекIуэкIащ. АдэкIэ къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, хьэрычэтыщIэ, экономист, юрист Iэзэ Шэшэн МуIэед ди пашэу, иджыпсту яужь дитщ Къардэн Къубатийрэ абы и къуэш Къэбардрэ, модэкIэ Къылышбий СулътIанбэч, мыдэкIэ Кавказым ис лъэпкъхэм ящыщу «Дикая дивизия» жыхуаIэм хэта адыгэхэм яхуэфэщэн фэеплъ зэрахуэдмыгъэувам, адыгэ хабзэм, бзэм дызэрыхущытым арэзы дыкъызэримыщIым, нэгъуэщI абы хуэдэхэми ехьэлIа Iуэхухэр дэгъэкIыным.
  • — УнагъуэкIэ сыт ухуэдэ, Хьэсэн?
  • — Дыхъарзынэщ. ЩIалэрэ хъыджэбзрэ диIэщи, тIуми гъащIэм увыпIэфI щаубыдащ. ЩIалэр банк Iуэхухэм хэтщ, хьэрычэтыщIэхэм япыщIауэ. Жэмтхьэлэ къуажэм IуэхущIапIэ цIыкIу къыщызэригъэпэщауэ, абдежым джэдкъаз, мэл щегъэхъу. Хъыджэбзыр дохутырщ, хирургщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, къуэрылъху-пхъурылъхухэр диIэщ: щIалэ цIыкIуиплIрэ хъыджэбз цIыкIуитIрэ. Дачэм сыщолажьэ, хадэхэкIхэр бэву къыщызогъэкI, зы пщыхьэщхьэ къэмынэу, километр зыхыблым нэблагъэ лъэсу къызокIухь.
  • Епсэлъар  КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.