Уафэбгыкъу и нэлат
2020-04-23
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 46-хэм итщ).
- — Сыту фIыт ари, — жиIэу Къашыргъэ зигъэзэжынрэ пэт, Къэбард щэху цIыкIуу зэрыпыдыхьэшхыкIам гъукIэм гу лъетэри, зыхуретIэ:
- — Куэд къыбгуроIуэ уэ! Уэ сыт… ущIалэщ иджыри. Сэращи — мыбыхэм я шхупс-лэпсым си дзыхь лъэпкъ телъкъым: сымыщIэххэу срихужьэнщи…
- Къашыргъэ ар здыжиIэм, КIэмыргуей гуэрыр къыщетхъри, и дыхьэшх макъыр IэгукIэ екъузыж. Къэбардщи, мыдыхьэшхын папщIэ, ерагъкIэ зишыIэурэ, къепсэлъ:
- — ЛIыгъур, нэмысыншафэ къызумыплъ, кхъыIэ, ауэ мы ди бысымхэм щыуагъэ яIэщIощIэ.
- — Сыт уигу нэхъ иримыхьыр? ЖыIэт.
- — Дипхъу зи хъангуащэм хьэщIэщ зэпэщхьэхуитI хузэфIэмыкIыну арат-тIэ, щIалэгъуалэр лъэныкъуэегъэзу щытын папщIэ?
- — УвыIэт иджы! Жьы къыфщIэпщэркъым, псы къыфщIэуэркъым. Сыт нэгъуэщI фызыхуейуэ фигу темыхуэр? Абы нэхърэ нэхъыфIщ, дыкъыщIежьам дригъэхъулIэну Алыхьым псори фелъэIуи. НэхулъэфI фыкъикI.
- «Мы къытпекIуэкIа телъыджэр-щэ?» — зэрегъэзахуэ ЛIыгъур. Тхьэмадэр еша щхьэкIэ, гупсысэм къиутIыпщыртэкъыми, жейми иригъэзэгътэкъым. ЩIалэхэр IурихыжакIэт. ЛIыгъур здэмыжейм, зэпишачэрт: «ХьэтIохъущокъуэпщыр щыгъуазэу пIэрэт-тIэ хъангуащэр къалмыкъым зэрыщымыпсэужым? Щыгъуазэу щытатэмэ, къыджиIэнтэкъэ? ЖиIэнут, дауи… Аюк хъаным дыщепсалъэкIэ, ди шыпхъум и цIэ къыхэдгъэщынщ, ауэ ар иджыпсту здэщыIэмкIэ деупщIынкъым. Хьэдагъэ кIуэн, фыз зыбжанэ зиIэм ущыдэкIуэкIэ, нэхъеижи къыпщыщIыныр зыми хуэIуакъым. — Арыххэуи ЛIыгъур игу къэкIыжырт Къэсей хьэжым КъурIэным фызиплI къабыл ищIу зэрыжиIари, игъэщIагъуэрт: дауэ а плIым уапэлъэщынт, зыр ерагъщ арэзы зэрыпхуэщIыр? Ярэби, пщэдейм сытхэр къытпигъаплъэу пIэрэ?..»
- Пщэдджыжьышхэ нэужьым къэбэрдей лIыкIуэхэм деж къыщIыхьащ Iэщэхэр зыкIэрылъ къалмыкъ лIитI.
- Языхэзым — зи нэхэр тыкъырыфIу къипIиикI лIы нэкIущхьэплъым — КIэмыргуей зыкъыхуигъазэри:
- — Къалмыкъ щIыналъэм дыгъэр къыщыпэлъагэм ирихьэлIэу хъан щэджащэм и шэтырым фрегъэблагъэ.
- Къалмыкъхэр щIокIыжри, Быжым и гъусэхэм захуегъазэ:
- — Иджыри зэман диIэщ ди щхьэ дыкIэлъыплъыжыну.
- IэгушхуитIымкIэ и пыIэ хъурыфэм телъэщIыхьурэ, Къашыргъэ игу щIэныкъуэм щIоупщIэ:
- — Ярэби, дишхэм, псы нэхъ мыхъуми, зыгуэр яIухуауэ пIэрэ?
- — Дауи, псы ирагъэфагъэнщ, — игурэ и щхьэрэ зэтемылъыщэу кърегъажьэ Дэмдеи, къызыфIимыгъэIуэхуу: — Дэ иджыри пщIыхьым дыхэтт дишхэр зыхуей щыхуагъэзам.
- — Шыхэмрэ фэрэ фыхьэзыру щытмэ, сэри сыхьэзырыпсщ, — жеIэри Къашыргъэ и псалъэр пегъэщхъ.
- — Аюк хъан* и шэтырышхуэр тпэжыжьэкъым, — псоми захуигъазэу къопсалъэ Даур-КIэмыргуей.
- — Лъэсу дыкIуэнщи аращ, — погуфIыкI Дэмдей, зыри пхэнжу къримыхыу.
- — Хьэуэ, — идэркъым ар Быжым, — Хъаным и шэтыр бжэIупэм ди уанэгу тIыгъыжу дыIухьэнущ.
- ЩыжаIам ирихьэлIэу, къэбэрдей шухэр хъаным и куэбжэдыхьэ тхыпхъэщIыпхъэм, фэ пщыIэ екIушхуэр къызыщхьэпрыплъым, екIуэлIахэщ. ХъумакIуэ зэщIэузэдахэр къапежьэри, шухэр хабзэм тету ирагъэпсыхащ. Сэшхуэ-къамэ-дохъутейхэмкIэ зэщIэхуэпауэ адэкIэ щиувыкIа къэрэгъул сатырхэм къэбэрдейхэр бжьыфIэу блашри, хъан шэтырым щIашащ. Гупым я пэрыту кIуэцIрыкI къалмыкъым макъ цIу лъагэ игъэIущ, IукIуэтыжри, хьэщIэхэм утыкур хуит яхуищIыпащ.
- Къэбэрдей лIыкIуэхэм я гупэ къита къалмыкъ зауэлIиплIыр, лъахъшэу загъэщхъыурэ, щIыбкIэ икIуэтыжри, бжэ щIыхьэпIэм пэзанщIэу лъэныкъуитI-кIэ щиувыкIыурэ хьэщIэхэр благъэкIащ.
- Аюк хъаныр щхьэнтэ хэдыкIа зэмыфэгъухэмкIэ къэгъэтIылъыхьауэ, алэрыбгъу дахэшхуэм лъахъшэу къытест. Езыр лIы нэкIу тэбакъ тхъуэплъышхуэт, щэлыр и пкъым ебэкIыу, лIы тIыгур пщае кIэщIт.
- И лъэпкъ фащэри гъэщIэрэщIэпауэ хъаным и фэ илъыжт.
- ЛIыкIуэхэр нэхъыжь-нэхъыщIэу еувэкIыу, мащIэу жьэпкъыпэ-щхьэгъэщхъ ящIа нэужь, Быж ЛIыгъур:
- — Ди къихьэр пхуэфIын ухъу, хъанышхуэ! Уи щхьэкIэ, уи къэралыгъуэкIэ Тхьэм уиузэщIыну; уи мурадыр лъэщрэ уи бийр хэщIэу; уи IуэхуфI щIэмынэрэ уи акъылыр жану; уи гъащIэр кIыхьрэ уи жьыгъэр Iумахуэу, Къалмыкъым ущхьэщытыну! Къэбэрдейм и пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэм дыкъыпхуегъэлIыкIуэ. Пщы уэлийм и фIэхъусыр удохыжри, ди благъагъэр быдэным дыхуэхъуахъуэу, пIэщIыдолъхьэ мы дыжьын бгырыпхыр, адыгэ къамэр, гуэбэшы сэшхуэр.
- — ФIыщIэ фхузощI! Буддэ пэжым и гупсысэ мамырхэм нэхъри зреузэщI. Фыкъеблагъэ! Си жьэгур — фи жьэгущ. Ди благъагъэр кIыхь ухъу, ди лъэпкъитIым я зэгурыIуэр нэхъри иребыдэ. Къэбэрдейм и пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэм си фIэхъусыр екIуу хуэфхьыж. Сыщыгъуазэщ, Бекович-Черкасскэм къызжиIауэ сыщыгъуазэщ Кърымымрэ Къэбэрдеймрэ фяку дэлъ гугъуехьым. Ауэ сэ сыт Iэмал абы схухэлъхьэнур? Симызакъуэу, езы Урысейми? Сэ Урысейм сридзейщ. Пащтыхь Пётр Езанэмрэ Ахьмэд Ещанэ сулътIанымрэ я зэгурыIуэныгъэкIэ, абы къикIращи — сыбгъэ дамэншэщ, а Iуэхум ехьэлIауэ, Iэмал фхузиIэкъым.
- Быж ЛIыгъур и гъусэхэм яхуеплъэкIщ, Аюк хъаным еплъыжри:
- — КъызэрыдгурыIуащи, хъан, — зэпеш ЛIыгъур, — дыкъызытекIухьа упщIэми укъытхущIэмыдэIу щIыкIэ, уи жэуап уи хьэзыру къытIэрыбгъэхьащ…
- — Апхуэдэу-тIэ къызэрыбгурыIуар?.. — хъаным хьилэ хэлъу и нэ лъэныкъуэр щIеукъуанцIэри, бзаджафэу пыгуфIыкIыжурэ: — Аращ, си благъэ лъапIэхэ, аращ — сэ фIыуэ хызощIыкI а фызыIут IэнатIэм… Мы ди дунейм бзыщIауэ щэху гуэр тетыж-тIэ иджы?!
- — ЗэрыжыпIэмкIэ, хъан, зы щэху бзыщIа здэщымыIэж мы дунейм зы хабзи екIуу щызэрамыхьэжу — щхьэж и щхьэ зэрыхьщ? Ара? — упщIэ ныкъуэм жьэнахуэу поупщIэж ЛIыгъур.
- Къэбэрдей лIыкIуэм Iэдэбу зэкIэлъихьа гупсысэ тэрэзыр Аюк хъаным и гущхьэ псантхуэм пэж хьэджасэу хэтIысхьат. Къалмыкъыпщым и нэкIу тхъуэплъыр нэхъри къызэщIэцIыплъа щхьэкIэ, зишыIэфри зиубыдыжагъэнщ. Дауи ирехъуи, гуфIэнэпцIу и дзэлыфэ тришри:
- — Хьэуэ, хьэуэ, си благъэхэ, уи щхьэзакъуэр уи щхьэрыхьу ущыпсэуфрэ мыбы? Уагъэпсэунукъым, апхуэдэр пфIэфIыпсу щытми. Къыпхуадэнукъым…
- Хъаным лей гуэр къыжьэдэцIэфтауэ шэч зыхуищIыжри, мащIэу зэIынат, ауэ зэуэзэпсэу Iэмал хуекIуэжри, имыкурэ имыбгыу:
- — Мо уи гъусэ щIалитIыр сыт щIэмытIысыр? — жи.
- Тэрмэшыр Даур-КIэмыргуейти, зым и жэуапи пэмыплъэу, хъаным зыхуигъазэри:
- — Дэ, хъан, нэхъыжь здэщысым дыщыбгъэдэтIысхьэркъым. Ар хабзэкъым.
- — Уэ езыр сыткIэ уагухьэрэ мы си благъэхэм?.. — погуфIыкI Аюк хъаныр: — НетIэ, фыкъыщIыхьэн ипэкIэ уэ уи хъыбарри къысхуаIуэтат сэ… Уи лIакъуэгъу щыбгъуэтыжыфакIэ, нобэ щыщIэдзауэ уэри ущхьэхуиту бжы. УзыхуэпщылIахэм Iуэхум щыгъуазэ сащIын хунэсахэщ.
- — ФIыщIэ пхуэфащэщ, хъан! — гуфIэри, зыжьэу къэпсэлъащ Къашыргъэрэ Дэмдейрэ.
- — ФIыщIи хэлъкъым абы, дыщIызэблагъэр апхуэдэ гуэрщ. Мес, хьэлэмэту ди бзэри зригъэщIащ езым. — Аюк хъаным и псалъэхэм къаIуатэм нэхърэ ябзыщIыжыр куэдкIэ нэхъыбэт.
- КъыфIэмыIуэхуххэм къэбэрдейхэм я пащхьэ иджы гукъеуафэ ирищIэкIыжурэ хъаным:
- — ИщIатэми, бетэмал, фи шыпхъу Абай-хъангуащэм мыбы фызэрыщыхьэщIэр! ЛъапцIэ защIэурэ къум пшахъуэщIыр къызэпичынти, зэ закъуэ къыфIуплъэн къудей папщIэ…
- Флъагъуну езым фыхуеймэ, фезгъэшэнт хъангуащэр а здэщыIэм… Махуищ-жэщищ гъуэгуанэр къыфтемыхьэлъэнумэ, жыхуэсIэщ?
- — Ди шыпхъум и напэлъагъури, шэчыншэу, тфIэфIт, — нэщхъейуэ къопсалъэ ЛIыгъур, — арщхьэкIэ сыт ди Iэмал? Дэри гъуэгуанэ къытпоплъэ.
- — Сызималъхъэ адыгэхэм зэрыжаIэщи: «ХьэщIэм и Iуэхур — и къэкIуэгъуэрщ. Ежьэжыгъуэр бысымым и Iуэхущ». Аратэкъэ жыфIэр? — хъаныр аргуэру хьилагъэ хэлъу щIэгуфIыкIыурэ Быжым йоплъ.
- — Аращ, хъанышхуэ. Пэжщ. Адыгэхэм яйщ а псэлъафэр. Дэращи — гъуэгуанэ жыжьэ къытпэщылъщ.
- — Фэ фылIыкIуэщ. ИтIани, си щхьэкIэ къасщтэмэ, иджыпсту фызихьэщIэ лъапIэу арщи, ерыскъы Iэнэр къытпоплъэ. Шэджагъуашхэ зэдэтщIынщ, дыуэршэрынщ.
- Аюк хъаныр, къэбэрдей лIыкIуэхэр щIыгъуу, шэтырышхуэм къыщIокIри, Iэнэ зэтетым иригъэблэгъэн ипэ къихуэу, гъунэгъу Iуащхьэм и ищхъэрэ сэнтхымкIэ и щхьэр ещI:
- — Мо махъшипщIым хьэлъэу ятелъыр Къэбэрдейм и пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэм сэ къызбгъэдэкIыу хузоутIыпщ. ШуудзэкIэ зыри хуэсщIэфынукъым. Iэщэращи, мес: шабзэкъу, шабзэшэ, бжыкI, сэшхуэ, джатэхэр. А тыгъэр зигу темыхуэнухэр ящIэнумкIэ езыхэр хуитыжщ. Апхуэдэхэм жаIэнум си пыIэр хуэгъэтIысагъэжьщ.
- Х
- Къалмыкъ хъаным ХьэтIохъущокъуэм хуищIа лIыкIуэхэр иджыри къэту, Ашабэ Миншакърэ Джэрыджэ Мэремрэ Кърым гъуэгуанэ техьат. Кургъуокъуэ а тIум я пщэ ирилъхьат, КIэмыргуейм ихьэмэ, Бэлэтокъуэпщым деж еблагъэу, абы и муради зыщагъэгъуэзэну. Кургъуокъуэ зэхигъэкIыну хуейт: кIэмыргуеипщыр кърымхэм я ныбжьэгъуу зэрыжаIэм пэж гуэр хэлъ? Арауэ щытмэ, Бэлэтокъуэр кърымыдзэм гухьэу, къэбэрдеилъ игъэжэну и мурад?
- Адыгэ-шэрджэсхэм сыт щыгъуи къадэгъуэгурыкIуэ зэхущIэуэм мызыгъуэгукIэ зыри зэрымыгугъа гуауэшхуэ дамэу зыкъызэкъуихыным шэч хэлътэкъым. Уэр-уэру ущызэIунщIыжыр — зыщ, хамэм ухуэбэджэндурэ, уи лъэпкъэгъухэр щызэтебукIэжыр — ар нэгъуэщIщ. Къэбэрдейм и лъэужьыр пщэдей яхунущ Беслъэнейм, КIэмыргуейм, Абазэхэм, пщэдеймыщкIэ къащIыхьэнущ Бжьэдыгъум, Шапсыгъым, Жанейм. Апхуэдэххэурэ Тырку-Кърымым зыIурилъэфэпэнщ адыгэ лIакъуэхэр.
- Къашыргъэнэ жанхэр нэпсейуэ зэрыщакIуэм ещхьщ иужьрей тхьэмахуэ зыбжанэм ХьэтIохъущокъуэпщым и зэхэзекIуэр. Пщы уэлийм, жэщ-махуэ имыIэу, къэбэрдеищIыр къызэхекIухь: зэрегъапщэ мэзхэр, зэпегъакIуэ псыхъуэхэр, зэпелъыт бгылъэхэр, зэхуоплъ жьэгъухэм — дэтхэнэ щIыпIэм деж бийм щыIущIэнуми зэрегъэзахуэ. Кургъуокъуэ ткIийуэ зыхуигъэувыжащ: Iуэхур и нэм нэмысауэ, и мурадыр утыку ирихьэнкъым. НэгъуэщIу хъунукъым — ХьэтIохъущокъуэм фIыуэ ецIыхуж и лъэпкъэгъу жылэлIхэр. Зым — ипщэкIэ щыжиIэм, адрейр ищхъэрэкIэ едзэпкъауэу зызэпэщIасэнущи, а тIум я зэпэкIием пэжым и макъ Iущыр щIиублэрэкIэжынущ. Адыгэхэр езыхэр егъэлеяуэ макъыбэ кIий-гуощ. ЗэкIэ, зызытригъэщIэн гупсысэгъу пэж имыIэху, пщым езым и щхьэ нэхъ чэнджэщэгъуфIи гъуэтыгъуейщ. Щхьэзакъуэ гупсысэ — аращ пщы уэлийр иджыпсту зыщыгугъыр.
- Ашабэ Миншакърэ Джэрыджэ Мэремрэ я ежьэр гъатхэ псы къиугъуэм хиубыдат. ЩIэх-щIэхыурэ иджы къошх уэшххэри. КIэмыргуейм шухэр щынэблагъэм ирихьэлIэу, уафэм зызэлъэщIихыжри щIылъэри къэбэдзэуэжат. Махуэ уэфIым къыдызэщIэбэкхъа щIым иджы бахъэ гъуэзыр къыщхьэщех. Псэ зыIутым зыкъиужьыжащи — мэву, мэщхъыщхъ, мэушэ. Гъатхэщ!
- Дыгъэм къухьэну зыкъигъэлъэхъшакIэт, къэбэрдей шууитIыр Бэлэтокъуэпщым и шыфIэдзапIэм щынэсам. ЛIитIыр епсыхри, кIэмыргуеипщым и хьэщIэщ хуитышхуэм щIыхьащ. ПщIантIэдэтхэми, зыхуей хуагъэзэну, хьэщIэхэм яшхэр Iуашащ.
- Гъуэгу тетахэм зрагъэтхьэщIри, куэд дэмыкIыу, хьэщIэщым къыщIыхьащ Бэлэтокъуэпщыр. Ар езыр лIы щхьэпэлъагэ лъагъугъуафIэт, бгы псыгъуэ плIабгъуэт. КIэмыргуеипщыр къэбэрдейхэм гуапэ дыдэу къаIущIащ. ЗыкIи хуэбгъэфэщэнтэкъым мы лIыкIуэхэм защIыщидзеин гуэр пщым бзыщIауэ къуэлъу, хьэмэрэ кърымхэр зэригъэныбжьэгъум иджыпсту ар ирипIейтейуэ. Болэт къыщыщIыхьэм, хьэщIитIри къэтэджащ. Пщыр нэфIэгуфIэу лIыхэм къаIуплъэри, гуфIэжу:
- — Фыкъеблагъэ! — жиIащ.
- — Благъэм я нэхъыфIыр Тхьэм къыуити, ди хьэщIэ ихьэгъуэри пхуэфIын ухъу, — гуапэу жэуап иретыж Миншакъ. — КIэмыргуейм ищI дрикIуэрэ пэт, апхуэдизрэ зи фIыцIэ зэхэтхам и жылэ дыблэкIыфакъым. Мы си гъусэ щIалэр Джэрыджэхэ ящыщщ, и цIэр Мэремщ. Сэ Ашабэхэ сакъыхэкIащ, къызэрызэджэр — Миншакъщ.
- — Уа, уэра Ашабэхэ а Миншакъ цIэрыIуэр!? — жиIэри къэбэрдейхэм ещхь дыдэу хэкIиикIащ Бэлэтокъуэпщыр. — Уи цIэр, Ашабэ, адыгэ щIыналъэхэми яфIэкIри, зэIэпахыурэ Кърымым нэсащ, — уэркъым щытхъуурэ, пщыр набдзэгубдзаплъэу абы и гъусэм Iуплъэри, щIигъужащ: — Джэрыджэ зэшхэри хуабжьу цIэрыIуэщ.
- Мэрем, нэкIэ Миншакъ йоупщIри, пщым жэуап ирет:
- — Си шынэхъыжь Таукъан елъытауэ, цIэрыIуэ сыщIэхъун гуэр сэ иджыри злэжьакIэтэкъым, мыдэ пщIэшхуэ зиIэ Миншакъ, шугъусэу сыкъызэрыхихар хыумыбжэмэ…
- Мэрем жиIэм и щхьэр дищIурэ, Ашабэм Бэлэтокъуэм зыхуегъазэ:
- — Къэбэрдей адыгэ псэлъэкIэр зэрыпщымыгъупщар сэри гуапэ сщыхъуащ, зиусхьэн.
- — Мыбдеж сыщыпсэу щхьэкIэ, сыкъызыхэкIахэм ялъщ гу лъынтхуэкIэ схьыр.
- Нэхъыжьхэр етIысэхащ, Мэреми бжэкъуагъым нэхъ пэгъунэгъуу уващ.
- — Ущымыту, къэтIысыт, — Бэлэтокъуэм бысым гуапагъэрэ гъэгушхуэрэ хэлъу Мэрем дежкIэ зыщигъазэм, модрейм:
- — Нэхъыжьым и пащхьэ…
- — Си шынэхъыщIэ, — попсалъэ абы пщыр, — адыгэм зэрыжиIэу, узыгъэтIыс уиубыжыркъым. ТIыс. Алыхьым и фIыщIэкIэ, Миншакъ, сыт щIэуэ къыщыхъуа фыкъыздикI фи лъэныкъуэм?
- — Къэбэрдейр мамырым хэсщ бжесIэмэ, сыпцIыупсщ. Къуийм и щIыIу гуэрэфу, ущыгъуазэу къыщIэкIынщ, иджыпсту ди Iуэху зыIутым…
- — Дэнэт иджыпсту а мамырыгъэр здэщыIэр? ПIейтейщ сыт щыгъуи адыгэ дунейр. ЗэлIакъуэгъухэм пщыгъуэр яхузэрыгъэгуэшкъым. Абы къишэр е зэбийщ, е зэбэнщ.
- — Сэри сыакъылэгъущ а жыпIэмкIэ. А псом иджы кърым хъаныгъуэри къахыхьэжауэ…
- Бэлэтокъуэпщыр фIыуэ щыгъуазэт нэгъабэ Менлы-Джэрий Къэбэрдейм къыщыщыщIахэми, Ашабэм и фызым кърым мырзэр IэщIэджафэу зэрещэкIуами. Ахэр гукIэ зэригъэзахуэурэ, Болэт мащIэу пыгуфIыкIри:
- — Кърымым и закъуэ-тIэ дэ псэупIэ къыдэзымытыр? Урысеймрэ Тыркумрэ я шыпэщхъын дыкъищэта къафэщIыжурэ, кIуэ пэтмэ, хъийм йокI… Фэ ахэр къывжьэхэуэу къыщIэкIынкъым, дэ дэщхьу. А кърым тэтэрхэм яхэмызагъэу къызыхахуа гуп цIыкIум сыт иджыпсту я хъыбар? А зызэрагъэпщкIу? Къивмыгъэхьэххамэ нэхъыфIт ахэр.
- — Уэ зи гугъу пщIыр? … Модэ… Хьэуэ, Бахъсэн псыхъуэ къыдагъэхьакъым ахэр. Езыхэри, плъагъуркъэ, хьэкъуей зыбжанэ хъууэ аращ. Хьэмшэрий тэтэрхэщ. Бгы жьэгъухэм щIэтIысхьэну хэта щхьэкIэ, лъейуэ Iуагъэщтащ. Мо зи гугъу пщIа къэралхэри, Чынгызыжьым и лIэужь нэгъуейхэри а сэ жыхуэсIэ хьэмшэрийхэри — псори зэщэр адыгэщIщ.
- Мэрем щыму нэхъыжьитIым я уэршэрым щIэдэIуурэ, Миншакъ зэуэ нэкIэ зыкърегъащIэри:
- — Къысхуэвгъэгъу, Миншакъ, ауэ, а тэтэр хьэкъуеищ иджыпсту зи гугъу пщIам, дызэплъэкIыну дыхунэмыс щIыкIэ, нэгъуэщI хьэкъуеищ къащIэхъуэнущ. Нобэ ещхьу ди бгъуэнщIагъхэм иджыри куэдрэ зыщаIэжьэн фимыгугъэ, я Тегри-тхьэм щхьэщэ хуагъэтIылъу… ПIалъэ къыхэдмыгъэкIыу а унагъуэ зытхухыр къыздикIам дымыхужмэ, къаплъи-къэдаIуэ, зызэман, щIы хуэныкъуэу, зауэу къыдэувэнущ ахэри!
- — Мэрем, лъэпкъыцIэ къудей тэмэму яIэкъым а зи гугъу пщIыхэм. «БлэкIрэ пэт, зыгуэр тIысащ» — жыпIэу, дэтхэнэ хьэмшэрийм уригузэвэн. Тедзэщ хэхэсхэр сыт щыгъуи щыIащ. А зыхэс лъэпкъхэм къакIэрыхуам дапщэщи хэшхыкIащ. Ар хабзэщ.
- — Кърым тэтэрщ жыIи нэхъ тэмэмщ. Абыхэм зэрахьэр зы хабзэщ: хамэм ейр е къыIэщIэтхъын, е къыIэщIэгъэкIуэсыкIын.
- — Муслъымэн а зи гугъу фщIыхэр? — щIоупщIэ Бэлэтокъуэр.
- — НтIэ, зиусхьэн, тэтэрщи — муслъымэнщ, ауэ ислъамыр зыкIи зэран къахуэхъуркъым… А зэман IэджэкIэ къыздаущыхьа щIыпIэхэм къащыкIэрыпщIа динхэри зэрахьэну хэтщ, — жеIэ Миншакъ, псалъэмакъыр зыхуэкIуам хигъэщипсысыхьу.
- — Дэри ди Iуэху нэхъ пщIэгъуалэкъым, — зэгуэп-бампIэ и макъым къыщIэщу къопсалъэ Болэт, — жанеипщ, къэбэрдеипщ гуэрхэр чристан диным ихьами, дэ дызэрымуслъымэнщ, — жери игукIэ: «Дэтхэнэ динри ди хьэрэмтэкъым, фIы гуэр къытхудэкIуэну тщIатэмэ…».
- ЛIыхэр мыпIащIэу уэршэрырт. Унагъуэм исхэр, хабзэм тету, хьэщIэщым къыщIыхьэурэ хьэщIэхэм фIэхъус ирахырт. Ауэрэ ерыскъы Iэнэри къахьащ: лыгъур, мырамысэ, кхъуей, шху, кхъужьыпс. Мы Iэнэр хъунщIэпсынщIэету зэраухуар, нэгъуэщI гуэр къызэрыкIэлъахьынур ящIэрти, хьэщIэхэр хуэмурэ шхыным хэIэбэрт.
- Бэлэтокъуэпщым мыбы ипэ къихуэу шэджагъуашхэ ищIа пэтми, хабзэм зыдигъэшу, хьэщIэдэшхэт.
- — Дызэхуэсми, дытепсэлъыхьми, дызэкIэлъызекIуэми, сыт хуэдэ IэмалкIэ зедмыгъэлIалIэми — зэтехуэркъым адыгэхэм ди гупсысэкIэр, Миншакъ, — нэщхъейуэ къопсалъэ Бэлэтокъуэр.
- — Сытым теухуауэ а жыхуэпIэр, зиусхьэн? — Миншакъ и щхьэ дахэшхуэр къеIэтри, и нэзэв Iущхэр пщым треубыдэ.
- — ЖыхуэсIэр — дэри дагъэгуауэщхьэуэ, къапщтэмэ, абазэхэхэм.
- — Абазэхэхэр мыадыгэу ара? Адыгэ гупсысэр сыткIэ абыхэм ягу дэмыхьэрэ?! — егъэщIагъуэ Миншакъ.
- — Ауэ сытми адыгэ! Ерыщу адыгэщ абазэхэхэр. Бгырысыр дэнэ щIыналъэ щымыпсэуами, бгырысу къонэж. Абазэхэхэми, бжьэдыгъухэмрэ шапсыгъхэмрэ ещхьыркъабзэу, ислъам диныр я жагъуэщ. Гугъу задезгъэхьу яхыдопщэ абыхэм ислъамыр. «Блыщхьэм азэныр бгъэджэнщи, мэрем пщIондэ узыпагъэплъэжынщ нэмэзыщI къэмыкIуэурэ» — жыхуаIэр абыхэм хуэдэхэщ.
- — Къэбэрдейми щызокIуэ а псэлъафэр, — мэщатэ нэщхъейуэ Ашабэр. — Адыгэр дэнэ щымыIами, адыгэщ.
- — ХьэтIохъущокъуэ пщы уэлийм ар дауэ яхуидэрэ?
- Миншакъ и дыхьэшхын ирикъухыурэ, Мэрем хуоплъэкIри:
- — Пщы уэлийм деж а къалэныр нэзымыгъэс гуэр къытхэтщ дэ, Къэсей хьэжы-ефэндырщ зи гугъу сщIыр…
- Миншакъ къригъэжьар нимыгъэсу азэн джэ макъыр къыщыIум, хьэщIэщым щIэсхэр зэуэ зэплъыжащ.
- — Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIу тетщ, жыуаIэркъэ-тIэ ар! Андез къэдмыщтэ щIыкIэ, ди ефэндыр мыбдеж къэсауэ флъагъунщ. Ар мэжджытым щыкIуэм деж, мыбыкIэ блокI, — Бэлэтокъуэпщым жиIэрэ пэт, бжэр къыIуихащ ефэнды нэкIущхьэплъым. Абы кIэщIэкIэрахъуэу и ужь къитт сохъустэ лъэкъыцэ цIыкIури.
- — Сэламу ахьэлейкум, дуней иныр къэзыгъэщIа Алыхьышхуэм и Iумэту, адыгэ муслъымэнхэ! Ахъшэмыр къэсыпащ. Фэ иджыри фыщыси? — къыпэтэджа хьэщIэхэм сэлам яримых щIыкIэ, пIащIэу къошхыдыкI ефэндыр. — Алыхьышхуэм хущIигъэхьэри, кIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэм мэжджыт иухуащ, и мылъку хьэлэл хилъхьэу. Муслъымэнхэм я унэ пажэщ ари — фынытхуеблагъэ, дыкъыщыфпоплъэ. — Бжэм нэсауэ ефэндым зыкъищIэжри: — Батырщ си цIэр. Къэбэрдей адыгэхэм фи бахъсэн ефэндыр — Къэсей хьэжыр дауэрэ псэурэ? Тэмэм и Iуэхухэр? Нэгъабэ дызэгъусэу Чэбэм хьэж щызэдэтщIат, — жиIэурэ зэупщIахэм я жэуапми пэмыплъэу, ефэндыр а зэрыпIащIэу щIокIыж. Сохъустэ лъэкъыцэ цIыкIури, джэрэзурэ, Батыр-хьэжым и ужь йоувэ. Мэрем хьэщIэщым щIэкIыжахэм якIэлъыплъри, и гур хэпщIыкIыу псэухужауэ:
- — А сэ слъэгъуам, мы дунеишхуэм нэгъуэщI дину тетыр ящигъэгъупщэурэ, псори Алыхьым и пащхьэ иришэн хузэфIэкIынут.
- — Мэрем! — пхъашэу щIалэм попсалъэ Миншакъ.
- — ПцIы хэлъкъым ди щIалэ хьэщIэм а жиIэм, — Бэлэтокъуэр Мэрем къыдощI, — дэри ардыдэщ ди гугъэр. Батыр а езыр зыхуейр псоми яригъэщIэну хэтщ, икIи ар хьэлэмэту къохъулIэ…
- — А жыхуэпIэм елъытауэ, зиусхьэн, ди Къэсей ефэндыр пщIэшхуэ щIату къащэхум хуэдэщ. КIуэ, тIэкIу зэрыпсалъалэр дагъуэ хуумыщIынумэ.
- — НтIэ, а фи Къэсей хьэжым и хъыбари мымащIэу зэхэтхащ. Ауэ мы дыдейм, диным хищIыкIышхуэрэ хищIыхьышхуэрэ щымыIэрэ пэт, ефэндыцIэр хуабжьу и напщIэм телъщ. ЗэрыпIащэмрэ зэрыжьакIуэмрэ фIыуэ къыхуосэбэпри, цIыхухэр муслъымэныгъэм гъэщIэгъуэну дрегъэхьэх.
- — Апхуэди щыIэщ-тIэ… — акъылэгъу мэхъу Миншакъ. — ЖьакIуэхэм яужьыгур ди тхьэкIумэхэм я закъуэкъым. Ди акъыл гупсысэри адэмыгу ящIурэ, езыхэм дызыдрагъэжьууну хэтщ ахэр. Муслъымэн курыхыу дыщымытми, дыхьэщIэщи, ефэндым и жыIэр тлъытэнщ иджы.
- «КIэмыргуеипщ цIэрыIуэмрэ Батыр ефэнды пыпхафэмрэ яку илъыр нэхъыбэщ я жьэкIэ къызыпхадзым нэхърэ…» — зэрегъэзахуэ Ашабэм.
- Бэлэтокъуэм и лъапсэм пэжыжьэтэкъым кIэмыргуейхэм ябгъэныщхьэ мэжджытыр. Ижьырабгъур — лъагэу зызыIэт азэн джапIэщ. Мэжджытри азэн джапIэри чийбжыхькIэ къэхухьащ. Бжыхьым адэжкIэ къыщытщ шыфIэдзапIэ. ПщIантIэр андезщтапIэщ.
- Миншакъ, пщIантIэр зэрыцIыхуншэм игъэпIейтейуэ:
- — ДакъыкIэрыхуа хуэдэщ… Пщым пэмыплъэу нэмэзым щIадзэрэ-тIэ?
- — Нэмэзым цIыхухэр зэхидзыркъым пщырэ, уэркърэ, лъхукъуэлIу. ЗэкIэ теувэхэу арщ, дакъыкIэрыхуакъым, — жеIэ Бэлэтокъуэм.
- Ефэндым, лIищыр къыщилъагъум, унафэ хэлъу:
- — ТIэкIу фыкъыкIэрыхуами, зиусхьэн, си ужьыр фIыгъыу япэ сатыру фыкъэув. Нобэ мэремкъым. Уаз стынукъым. Иджыпсту зи пащхьэ дит Алыхьым солъэIу ди нэмэз уахътыр къабылу тIихыну. «Iэмин!» — жыфIэ.
- Миншакъ игъэщIагъуэу яхэплъэрт мэжджытым къекIуэлIахэм: я зэхуэдитIыр — хэт нэгъуейт, хэти тэтэрт. Iэчлъэч хъужахэу, псори лIы игъуэт, зауэлI теплъэхэт. КIэмыргуеипщым и хьэщIэщым зэрыщIыхьэрэ Ашабэм зэхихахэри илъэгъуахэри зэхуигъэкIуэжырти, иджы гурыщхъуэ гуэрхэм лIыр къыхагъащIэу къауфэрэзыхьт. Миншакъ къыгурыIуэрт: мэжджытыр лъэпкъ зэхэгъэж здамыщI лъэIуапIэщ. Муслъымэну щыIэм зэдайщ ар, итIани, пэжыр нэрылъагъукъэ? Бэлэтокъуэм зришалIэхэр псори нэгъуей, тэтэр унагъуэхэт… Сыт хуэдэ хьисэпу пIэрэ пщым абыкIэ зэрихьэр? Ахэр — бий? Ахэр — ныбжьэгъу? Езы кIэмыргуеипщыр-щэ?! Хэт ар езыр?
- Пщыхьэщхьэ Iэнэр Iуахыжри, гъунэгъу лъагъунлъагъухэри зэбгрыкIыжат. ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ уэршэрхэрт. Миншакъ нехьэкI-къехьэкI хэмылъу, Бэлэтокъуэм ириубыдылIэри:
- — Уи жылэм, зиусхьэн, куэд щыпсэурэ нэгъуейуэ е тэтэру?
- — Унагъуэ щищым унагъуитI-щы къахэкIынщ. Сытыт ущIыщIэупщIэр, си хьэщIэ! А-а-а, мыдэ… КъызгуроIуэ уи гурыщхъуэр къызыхэкIыр. Мэжджытым хэхэс гуэрхэр къыщыпIэщIэлъэгъуауэ арщ. Ауэ… зэхэпхакъэ Батыр ефэндым нетIэ жиIар?… Ахэр гъуэгурыкIуэщ. Беслъэнейм мыгувэу Iэпхъуэнущ. Я лъэпкъэгъухэм нэхъ гъунэгъу зыхуащIыну ягу илъщ.
- — КъыздикIыр дэнэт ахэр? Кърымыра, хьэмэрэ… Бжьэдыгъурауэ къыщIэкIынщ? — хуегъэфащэ Мэрем.
- — Тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ сыт Бжьэдыгъум Iуэхуу хуаIэр?! — зыхуэмышыIэу къолъ Миншакъ.
- — Миншакъ… Сэ сощIэ мыхэр хэтми. Умыгузавэт абыхэм щхьэкIэ. Кърым хъанхэм я деж къыщыхъуа Iуэху мыщхьэпэ гуэрхэр абыхэм къащIэкIуэжри къызыхахуат. ЕкIуэлIапIэншэхэти, Бжьэдыгъум зэгуэр я щхьэ ирахьэлIауэ щытащ. Батыр ефэндыр нэхъ щыгъуазэщ а псом. Пщэдей къыдыхьэнущи, уеупщIынщ езым, — къопсалъэ Бэлэтокъуэр.
- — А Батыр-ефэндым уэрэ, зиусхьэн, зэпэщIэтыныгъэ гуэр фи зэхуаку дэ-лъу ара?
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- *Къалмыкъ Аюк-хъан (Аюкэ) и сабиигъуэр Джунгарым щихьащ. 1665 гъэм и адэшхуэм щIыгъуу ар Iэпхъуат Индыл (Волгэ) Iуфэм. 1672 гъэм, и адэ Мончакъ дунейм ехыжа нэужь, Аюк Къалмыкъ Ордам и пашэу хахащ. Индыл Iуфэм щыпсэу къалмыкъхэр зэгуигъэхьэурэ, Аюк зи тепщэ щIыналъэхэр нэхъри иуфэбгъуат. Нэхъ иужьыIуэкIэ хъаныр Псыжь Iуфэ Iус нэгъуейхэм ятеуэри, абыхэми я тету езым зигъэувыжащ. Урысейм Аюк кIэлъызэрихьэ политикэр зыми емыщхьу ухуат: мызэ-мытIэу, тхьэрыIуэкIэ ягуэувэурэ — сатуи ядищIэрт, ядэщIыгъууи къадекIуэкIырти, зэкъуэхуауэ щехутылIэм деж, и фейдэр блимыгъэкIыу, Урысейм едыгъуэжырт.
- Индыл Iуфэ зи Iуэхухэр щызыгъэбыдэну щIэкъу Урысейм Аюк и Iуэхутхьэбзэхэр щIэх-щIэхыурэ къигъэсэбэпырт. Апхуэдэу Астрахъан зыкъыщызыIэтахэр ираудыхми, Булавиныр зи пашэу щыта зыкъэIэтыныгъэр щыхагъащIэми, Ищхъэрэ зауэхэми Аюк и шуудзэр къащыхуэсэбэпащ. Езыр (Аюк) къэзакъхэмрэ тыркумэнхэмрэ ятеуэри, абыхэм Iулъхьэтын къуэды ятрилъхьащ. 1690 гъэм Далай Ламэ и унафэкIэ, Аюк къыфIащат (мыхъуркIэ щIэгъэбыдэжауэ) хъан цIэ лъапIэр. 1697 гъэм Аюк хъанымрэ Голицын Борисрэ зэIущIэри зэгурыIуащ хъаныр Урысейм гуэту къарэкъэлпэкъхэмрэ къыргъызхэмрэ зэдезэуэну. Абы къыпэкIуэуи, Урысейм топрэ гынышэкIэ къалмыкъхэм закъыщIигъэкъуэну…
- Башкирхэм зыкъыщаIэта зэманым Аюк хъаным и дзэхэм Пензэ, Тамбов щIыналъэхэм (губерние) щыщу жылищэ яIэщIэкIуэдащ. (Аюк хъан зыунэтI чэнджэщэгъуу Урысейм хуигъэкIуат Апраксин Пётр).
- Пащтыхь Пётр и унафэкIэ Аюк хъаным и дзэр Тэн Iуфэ зыкъыщызыIэтахэми езэуащ. Тырку-кърымыдзэр Киеврэ Чугуеврэ къащыхуэкIуэм, Урысейм гуэту япэувахэм ящыщщ Аюк хъаным и шуудзэри. Ибрэхьим-пэщэм и дзэр Чигиринэ деж щыщызэхакъутам щыгъуи Аюк хъан и шухэр ядэзэуащ, Черкасский Къасболэт и унафэм щIэт дзэм щIыгъуу.
- Апхуэдэ хыхьэхэкI иIэу урысхэм зэракъуэта илъэс тIощIым къриубыдэу, Аюк щIыпIэ куэдым къыщацIыхуати, КъуэкIыпIэ къэралхэми иджы Iулыджышхуэ щиIэт. Хъаным игурэ и щхьэрэ зэтелъти, зэрегуакIуэу, зыхуейм гухьэрт, зыхуэмеижым гуэкIырт (дагъыстэн, къумыкъу, къэбэрдей, нэгъуэщIхэми). Къалмыкъ хъаным и лIыгъэр къилъытэу, пащтыхь Пётр Езанэм Аюк къыхуэупсэу тыгъэ лъапIэхэр къыхуригъэшауэ щытащ.
- Аюк и къуэ нэхъыщIэ Гунделек Джунгарым къыщыхухаха и къэшэныр (Дарма-Балу) езы хъаныжьым, илъэс 55-рэ зи ныбжьым, фызу къишэжат, къуищи къригъэлъхужат. А зэманым ирихьэлIэу Аюк иIакIэт фыз нэхъыжьитI. КъищынэмыщIауэ, Аюк и щхьэгъусэт къэбэрдеипхъу Абахъан (а бзылъхугъэрат Къалмыкъ Ищхъэрэм хъаным ирыригъэшауэ мы романым зи цIэ къыхэщыр). ХьэтIохъущыкъуэпщым и шыпхъур (Абахъан) а здрагъэшам лIэжыху щыпсэуащ, Аюк хъаным игу пыкIыу хухих Iыхьэм нэхъ гурыфIыгъуэ имыIэу, Къалмыкъым я тет Аюк хъаным 1724 гъэ пщIондэ псэуащ.