ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи  псэ  емыблэжа   лIыхъужьхэм  папщIэ

2020-04-23

  • Мэкъумэш хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ Урысей академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым щIэс Мэремщауэ Хъызыр «Хэкум и къуэхэр» дзэ-хэкупсэ клубым и унафэщIщ, апхуэдэуи абы еунэтI къэлъыхъуакIуэ гупым и лэжьыгъэр. Абыхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ наIуэ къэхъужащ зауэлI 415-м я кIуэдыкIар.

  • Мэремщауэ Хъызыр Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм щыщщ. Ар жыджэру яужь итщ и къуажэм и тхыдэм ехьэлIа дэфтэрхэр къэхутэжыным. Хэку зауэшхуэм и зэманым Малкэ лъагапIэхэм деж лIэнкъэнэну тхьэмахуэ бжыгъэкIэ щызэпэщIэтащ советыдзэхэмрэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ. 1942 гъэм и фокIадэм къуажэр фашистхэм яубыдащ. Мазэ бжыгъэкIэ бийм иIыгъауэ, 1943 гъэм щIышылэм и 8-м Малкэр хуит къащIыжащ Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэм. Абы щыгъуэ хэ- кIуэдахэм фэеплъхэр хуагъэуващ къуажэдэсхэм, къэралыр фашизмэм езымыгъэубыдахэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту. Малкэдэсхэм ящыщу а зауэм зи щхьэр хэзылъхьахэри къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщу ди щIыналъэр зыхъумахэри ноби ящыгъупщэркъым жылэдэсхэм.
  • «Ди къэлъыхъуакIуэ гупыр цIыху 11 мэхъу, класс нэхъыжьхэм щIэсхэри егъэджакIуэхэри яхэту, — жеIэ Мэремщауэ Хъызыр. — Гупым сэ 2012 гъэм сыхыхьащ. Школым сыщыщIэсым дзэ щIыхьым и музейуэ ди еджапIэм къыщызэрагъэпэщам и экскурсоводу сыщытащ. Нэхъ иужькIэ «Хэкум и къуэхэр» дзэ-хэкупсэ клубым и унафэщIу сылэжьэну си пщэ къралъхьащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди лэжьыгъэм ехъулIэныгъэфIхэр къызэрырикIуэр».
  • Клубым хэтхэм къащIащ хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэу щыта зауэлI 415-м я цIэ-унэцIэхэр, ахэр щыхэкIуэда щIыпIэхэр зэхагъэкIащ. Ахэр Кавказ щIыналъэм папщIэ екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм хэта 295-нэ, 351-нэ фочауэ дивизэхэм щыщ зауэлIхэрт. Зи хьэдэ къупщхьэхэр, дэфтэрхэр къагъуэтыжа сэлэтхэм я Iыхьлыхэм абыкIэ хъыбар ирагъащIэри, я Iуэху хуэхъумэ, къэкIуэнуи кърагъэблэгъащ. Абы-хэм ящыщ куэд Урысейм и плIанэпэ пхыдзахэм къикIащ, я Iыхьлыхэр щыхэкIуэда щIыпIэр зрагъэлъагъуну я нэ къикIыу.
  • Малкэ къуажэр хуит къыщащIыжым хэкIуэда сержант Жадан Василий Георгий и къуэм и Iыхьлыхэр Калининград къи- кIат. Иджыри къэс зи хъыбар ямыщIа я адэшхуэм и лъэужь техьэу абы и къекIуэкIыкIар къэзыхутэжахэм абыхэм фIыщIэу къыхуащIар зыхуэдизыр псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым. Абыхэм музейм тыгъэ къыхуащIащ дзэ кхъухьым и модель, гъущIым къыхэщIыкIауэ.
  • Балюков Иосиф и къуэ Арсентий ипхъу Надеждэ Прохладнэ къалэм щопсэу.
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрыр си дежкIэ лъапIэ дыдэщ. Мы щIыналъэ дахэр яхъумэурэ хэкIуэдахэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ. Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI къэлъыхъуакIуэхэми къуажэдэсхэми. Иджы мы жылэр сэри згъэлъэпIэнущ сыкъыщалъхуа щIыпIэм хуэдэу, мыбдеж си адэр щIэлъщи. Щхьэщэ фхузощI мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэ езыгъэкIуэкIхэм», — жиIащ хэкIуэда сэлэтым и пхъум, ар къэлъыхъуакIуэхэм щаIущIам.
  • Малкэ дэт етIуанэ курыт школым и музейр 1975 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къызэIуахауэ щытащ икIи илъэс 45-рэ хъуауэ абы къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэ-хэр ирегъэкIуэкI. А зэманым къриубыдэу абы IуэхугъуэфI куэд щызэфIагъэкIащ икIи республикэм и музей нэхъыфIхэм хабжэ. Абы щахъумэ илъэс зэхуэмыдэхэм зэхуахьэса экспонату минипщIым нэблагъэ.
  • «Хэкум и къуэхэр» клубыр быдэу япыщIауэ ядолажьэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, республикэ, щIыналъэ военкоматхэм, Москва къалэм дэт 1246-нэ курыт школым, Осетие Ищхъэрэм и Чикола къалэм щыIэ 2-нэ курыт еджапIэм.
  • «Иджыпсту ди клубыр яужь итщ «Фэеплъ Блын» гъэувыным. Абы теттхэнущ ди щIыпIэр бийм лъэгущIэтын ирамыгъэщIын папщIэ зи псэ емыблэжахэм я цIэ-унэцIэхэр. Ди лIыхъужьхэр псоми яцIыхун хуейщ, ахэр хъыбарыншэу кIуэд хъунукъым! Абыхэм я цIэ-унэцIэхэр къэхутэжыныр псоми ди зэхуэдэ къалэн лъапIэщ», — жеIэ Мэремщауэ Хъызыр.
  • ДЖАТОКЪУЭ Марьянэ.