Эндирей щыщ СулътIан-Мут щэджащэр
2019-09-20
- ПщIэ зыхуэфащэ цIыхушхуэр лъэпкъитIым я быну щыщытым деж абы иращIэкI щIыхьри тIукIэ мэбагъуэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну ди мурад дагъыстэн пщышхуэ, къумыкъу шэмхъал Чопан и къуэ, Эндирей щыщ СулътIан-Мэхьмуд. «СулътIан-Мут» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна а щIалэм и анэр къэбэрдей адыгэт, Анзорхэ япхъут.
- Илъэс бжыгъэ хъуауэ СулътIан-Мут и тхыдэр зэфIэгъэувэжыным елэжь тхакIуэ, тхыдэдж Аджаматов Багаутдин и тхылъыр нэхъ нэгъэса хъун папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэри СулътIан-Мут и анэш Анзорхэ зригъэцIыхуащ. Кадыров Абдулнасыр игъэхьэзыра «СулътIан-Мут щэджащэм теухуа нэтынхэм» яз «Къэбэрдей» зыфIищам Аджаматовыр дэ дызыщымыгъуазэ гуэрхэм щытопсэлъыхь.
- — Сэлам фыдох, ныбжьэгъу лъапIэхэ. Кавказым и къуэ ахъырзэман, дзэзешэ, къэрал лэжьакIуэ, къу- мыкъу шэмхъал Чопан и къуэ Сулъ-тIан-Мут и цIэр Кавказми дуней псом и тхыдэми дыщэпскIэ итхащ. XVI — XVII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Кавказыр ихъумэн папщIэ лIыгъэшхуэ къызыкъуэзыха СулътIан-Мут Дагъыстэным къебгъэрыкIуа биидзэр, илъэсищэм щIигъукIэ къимыгъэзэжын хуэдэу, иригъэкIуэтауэ щытащ. Архив лэжьыгъэ пщIы бжыгъэхэр я щыхьэту, абы топсэлъыхь Урысейми хамэ къэралхэми щыщ щIэныгъэлIхэр. Урыс тхыдэдж цIэрыIуэ Карамзин Николай и «Урысей къэралым и тхыдэм» щыжеIэ: «Зи пщIэр ин, ауэ хилъэфахэм я дежкIэ сыхьэт мыгъуэ хъуа а зауэм ди зауэлI мини 6 — 7-м нэс хэкIуэдащ, илъэси 118-кIэ урысыдзэм Дагъыстэным ебгъэрыкIуэныгур хуриу-дащ».
- СулътIан-Мут и IуэхущIафэхэр ягъэщIагъуэу, IуэрыIуатэм щыщ сатырхэр щыхуагъэфащэрт Кавказми, Европэми, муслъымэн лъэпкъхэр щыпсэу КъуэкIыпIэми. Илъэс куэдкIэ СулътIан-Мути адрей шэмхъал тепщэхэри Къэжэрым (Персием), Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм щыщ зэгухьэныгъэхэм япэщIэтащ. Къэжэрымрэ Урысеймрэ я тепщэхэми, дагъыстэн падишахми абы къарукIэ упэщIэувэныр дзыхьщIыгъуэджэу къызэралъытэмкIэ зыщаумысыж дэфтэрыжьхэр мащIэкъым.
- СулътIан-Мут Кавказым, Урысейм ис лъэпкъхэр фIыкIэ зэрыубыдыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхушхуэт. Апхуэдэ дыдэу инщ абы Кавказ Ищхъэрэм муслъымэн диным зыщиубгъун папщIэ зэфIэкIыу къигъэлъэгъуари. И хьэлым и дэтхэнэ лъэныкъуэри куууэ бджыну зыхуэфащэ цIыхут ар. КъурIэн лъапIэмрэ бегъымбар махуэм и лъагъуэмрэ и гъуазэу, абы къызэринэкIа гъащIэ гъуэгуанэр лъэпкъым, хэкум папщIэ зи псэ емыбла лIыхъужьым и щапхъэщ. Дэ ди псэлъэгъущ СулътIан-Мут теухуауэ тхылъ тIощIым щIигъу къыдэзыгъэкIа, абы къикIуа гъащIэ гъуэгуанэр куэд щIауэ зыдж тхакIуэ, щэныгъэлI Аджаматов Багаутдин. Нобэ зи гугъу тщIынур СулътIан-Мут и анэр къызыхэкIа къэбэрдей лIакъуэ Анзорхэщ (Хъуэтхэщ).
- — Багаутдин, кхъыIэ, СулътIан-Мут и анэр къызыхэкIа Анзорхэ, Къэбэрдеймрэ Тарки тетыгъуэр зыIыгъа шэмхъалхэмрэ зэрызэпыщIа щIыкIэм къытхутепсэлъыхь.
- — Анзор лIакъуэр зыщыщ Къэбэрдеймрэ шэмхъал тетыгъуэмрэ зэрызэпыщIа щIыкIэм я гугъу сщIын ипэ, къыжыIапхъэщ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зэкъуэшыныгъэрэ зэныбжьэгъугъэкIэ зэпыщIа хъун папщIэ СулътIан-Мут зэфIэкIыу къигъэлъэгъуар зэрыиныр.
- IуэрыIуэтэжу кърахьэкI СулътIан-Мут и псэлъафэхэм язщ мыри: «Кавказым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр дыщэкъым, налмэскъым икIи ахъшэкъым, атIэ абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэшыныгъэрщ».
- Лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри иригъэфIэкIуэн, а зэманым Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр щызыIыгъ тепщэхэр благъагъкIэ зэригъэубыдын папщIэ, СулътIан-Мут абыхэм япхъухэр и къуэхэм къаригъашэу щытащ. Гу лъытапхъэщ СулътIан-Мут и дзэм Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ псоми, Индыл Iуфэми (Поволжье), Кърымми, Псыжь Iэгъуэблагъэм щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIахэри лIыгъэ зэрахьэу зэрыхэтар.
- — Къэбэрдейм и тхыдэм Анзор лIакъуэр дауэ къызэрыхэщыр?
- — Дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Анзорхэ (Хъуэтхэ) Къэбэрдейм и политикэм мыхьэнэшхуэ щызыубыду щыта лIакъуэщ. Псалъэм папщIэ, «Тэрч дзэзешэ Хворостининым и тхыгъэ» («Отписка Терского воеводы Хворостинина») жеIэри дэфтэр щыIэщ. 1589 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м къыдэкIа унафэм и гугъу ищIкIэрэ, абы лъэпкъым и нэхъыжь Анзор Хьэту мыпхуэдэ псалъэхэр хужеIэ: «Хъуэтыр Къэбэрдейм щыцIэрыIуэ пщыщ. Къэбэрдей мырзэхэри, пщыхэри, уэркъхэри абы сыт и лъэныкъуэкIи йодаIуэ. Абы и унафэ хэмылъу пщы уэлий хахынкIэ Iэмал щыIэкъым». Абы къегъэлъагъуэ Анзорхэ Къэбэрдейм щекIуэкI политикэ Iуэху псоми, уэлиигъэр зылъысынум теухуауэ ирагъэкIуэкI хэхыныгъэхэми увыпIэшхуэ щаубыду зэрыщытар.
- Анзор Хьэту щацIыхур Къэбэрдейм и закъуэтэкъым, Кавказ Ищхъэрэ псоми абы и гъунапкъэм адэкIи и цIэр щыIуат. Абы ипхъухэм яз кърым хъаным иритат, етIуанэр — куржы пащтыхь Александр дэкIуат, и къуэшым и пхъур — шэмхъал Чопан щхьэгъусэ хуэхъуат.
- Анзорхэ къуажэ 15 яIэт, урыс дэфтэрхэм «Анзорова Кабарда» фIащауэ, осетин жылагъуэ зыбжани я унафэм щIэтт.
- — Къэралыгъуэ Iуэху щызэрихуэкIэ, сыт хуэдизкIэ зыкъыщIагъакъуэрэт СулътIан-Мут и анэмкIэ и Iыхьлыхэм?
- — И анэм и лъэныкъуэкIэ IыхьлыгъэкIэ къыгуэт Анзорхи, Къэбэрдейм щыпашэ адрей лIакъуэхэми СулътIан-Мут и тетыгъуэм зиубгъуху, сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыщIагъакъуэу щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ дэфтэр куэд. Псалъэм папщIэ, языхэзым ущрохьэлIэ мыпхуэдэ псалъэхэм: «СулътIан-Мут Къэбэрдейм дзэ абрагъуэ къришащ». Дэфтэрхэм «мин 15» бжыгъэр къыщыхощ. Ар СулътIан-Мут Къэбэрдейм щызэригъэпэща дзэм и инагъыр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэщ. Мис апхуэдэу къыхэувэрт къэбэрдей адыгэхэр СулътIан-Мут къызэригъэпэщ Iуэхухэм.
- — Къэбэрдеймрэ къумыкъу шэмхъалхэмрэ благъагъкIэ зызэпащIэн хабзэр къызэтена, хьэмэрэ СулътIан-Мут дэкIуэдыжа?
- — ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, СулътIан-Мут и анэр Къэбэрдейм щыцIэрыIуэ Анзор лIакъуэм щыщт. Езы СулътIан-Мут и щхьэгъусэу щытащ къэбэрдеипщ Мудар Алъхъэс и пхъур. Черкасский Чэлимэт Елдар ипхъут СулътIан-Мут и къуэ Айдемыр и щхьэгъусэри.
- Къэбэрдеипщхэм япхъухэр шэмхъал тетыгъуэм къыбгъэдэт мурзэхэм къашэрт. Къумыкъу бэчхэм ящыщ куэдми адыгэпщхэм благъагъкIэ зыпащIэрт, псалъэм папщIэ, Дэхъушокъуэ Къанщобий.
- — 1605 гъэм екIуэкIа зэхэуэшхуэм иужькIэ дауэ хъуа къэбэрдеипщхэмрэ СулътIан-Мутрэ я Iуэхур?
- — СулътIан-Мут Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа Iуэхугъуэ псоми хэпщIауэ щыта Эндирей тепщэгъуэм и лъабжьэр игъэтIылъащ. Уеблэмэ, къэбэрдеипщхэм я ныкъуэкъуэгъухэм зыщыщагъэпщкIу щIыпIэ хъуауэ щытащ Эндирей, къащхьэщыжын щагъуэту. Эндирей тепщэхэм благъагъкIэ япыщIа къэбэрдеипщхэм я зэхуаку къаугъэ къыдэхъуэмэ, Тарки ирашурэ дэлэл яхуэхъун пашэхэр ирагъэблагъэрт. Апхуэдэ дыдэу тепщэхэр зэдэIэпыкъужхэрт, Къэбэрдей кIуэцIым, е хэкум и щIыбкIэ зэгурымыIуэныгъэ гуэр къыщыхъеймэ.
- — Дагъыстаным и Хасавюрт районым хыхьэ Баташюрт къуажэр СулътIан-Мут и дамэгъуу щыта къэбэрдей адыгэхэм къызэрагъэпэщар пэж?
- — Пэжщ. XVII лIэщIыгъуэм пщIэ зиIэ къэбэрдей уэркъ Ботэщ Тохъутэбий цIыху бжыгъэ гуэр и гъусэу Эндирей тепщэхэм ягухьа нэужь, щIы къратри, лъапсэм хуэм-хуэмурэ къуажэшхуэу зиубгъуауэ щытащ, иужькIэ Баташюрт («Ботэщым и къуажэ») фIащыжащ.
- — Къэбэрдеипщхэмрэ СулътIан-Мутрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ пыухыкIа гуэр дэлъа?
- — Къэбэрдеипщ зыбжанэмрэ эндирей тепщэхэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъащ. 1614 гъэм и фокIадэм къыдэкIа «Урыс-дагъыстэн зэхущытыкIэхэм теухуа дэфтэрхэм» («Сборник русско-дагестанских отношений») итщ СулътIан-Мут адыгэ тепщэхэу Аслъэнбэчхэ, Ансыкъуэхэ, Дударыкъуэхэ, нэгъуэщIхэр зэрыбгъэдэтар. Зи гугъу сщIыну сыхуей 1645 гъэм къыдэкIа дэфтэрым къыхощ апхуэдэ дыдэу СулътIан-Мут деж къулыкъу щахьу зэрыщытар Елдархэ Къазий и къуэм, Щолэхъухэ Чэлимэт и къуэм, Азнаурхэ Сарукъай и къуэм. Мы зи цIэ къисIуахэм Къэбэрдейм и пщы уэлийм и унафэ щIэт нэхърэ, Эндирейм и тепщэм и унафэ щIэтыныр нэхъ къащтэу арат.
- — Псоми зэращIэщи, СулътIан-Мут дунейм ехыжа нэужь, Эндирей тепщэгъуэр абы и къуэ Къэзан-Алий Iэрыхьауэ щытащ. Абы щегъэжьауэ къэбэрдеипщхэмрэ къумыкъу тепщэхэмрэ я зэхущытыкIэм зихъуэжа?
- — СулътIан-Мут дунейм ехыжа нэужь, лъэпкъитIым яку дэлъ зэкъуэшыныгъэм адэкIи зиубгъуащ. Ар хьэпшып къащIэнахэми, лъэпкъхэм я зэхуаку щызэрахьэ хабзэхэми щыболъагъу. Псалъэм папщIэ, къумыкъу тепщэхэм я къуэхэр пщIэ зиIэ къэбэрдейхэм я деж ирагъэпIын щхьэкIэ ирагъашэу щытащ. Къэбэрдейхэмрэ къумыкъухэмрэ я зэхущытыкIэр уэрэдыжьхэми хъыбарыжьхэми къыхощ.
- — СулътIан-Мут и гъащIэ гъуэгур зэфIэбгъэувэжын папщIэ, уэ архив тхыгъэ куэд къызэрепхьэлIам нэмыщI, абы и анэм и хэку Къэбэрдейм укIуэри, мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыгъэ лэжьыгъэхэр зэбгъэуIуащ, дызыщымыгъуазэ тхыдэ напэкIуэцI куэд дзэзешэ щэджащэм теухуауэ зэхуэпхьэсыжащ. Сыт уигу нэхъ къинэжауэ укъикIыжа уздэщыIахэм?
- — Сигу имыкIыжын, сигу хэзыгъэхъуа защIэщ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIын-къым. Сэ пщIэ зиIэ Анзор лIакъуэм щыщ щIалэхэмрэ абыхэм я благъэхэмрэ сахуэзащ — Анзорхэ Заурбэчрэ СулътIанрэ. Ахэр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ цIыхухэщ. СызэрагъэхьэщIамкIи, лэжьыгъэм хуэщхьэпэн дэфтэр куэд сызэрыхагъэплъам щхьэкIи фIыщIэ яхузощI.
- Анзорхэ цIыхум зыщиузэщIыпхъэ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыкIэ зи цIэр къыхэщ лIакъуэ хэIэтыкIащ. Заурбэчрэ Сулъ- тIанрэ щыгъуазэ сызыхуащIа лъэпкъым и тхыдэр СулътIан-Мут хуэдэ цIыху щэджащэм и гъащIэр нэхъ нэгъэсауэ зэфIэзгъэувэжынымкIэ щхьэпэ зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым. Анзор лIакъуэм пщIы бжыгъэкIэ цIыхушхуэхэр хэкум къритащ, дэтхэнэ зыми и гъащIэм щхьэхуэу утепсэлъыхьыну хуэфащэу. «ЦIыху цIэрыIуэхэр къызыхэкIа лъэпкъ» къыщыхужаIэ абыхэм Къэбэрдейм.
- — Дэтхэнэ къэралми иIэ къыщIэкIынщ тхыдэм фIыкIэ къыхэжаныкIа лIакъуэ, лъэпкъ, тухумхэр, я хэкур гугъуехьыпIэ щихуэхэм деж ябгъэдэлъ лIыгъэр нэхъ наIуэ къэхъуу. Апхуэдэхэм язщ Къэбэрдейм щыщ Анзорхэ. Къэбэрдейми, хамэ къэралхэми къыщацIыху ахэр. Дауэ къыхэщрэ абыхэм я тхыдэр зи цIэ Iуа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм?
- — Анзорхэ я унэцIэр къыхощ Пушкиным и «Кавказ гъэрми», Лермонтовым и «Измаил-бейми». Кавказым къулыкъу щызыхьа Толстой Лев и гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, ар Казин Анзор жыхуаIэм и унафэ щIэтащ, абы тхакIуэр «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» романым щытопсэлъыхь. КъинэмыщIауэ, совет тхакIуэ бзылъхугъэ Рахманиновэ зи унэ- цIэм Анзор Жамболэт и цIэр и новеллэхэм я зым темыкIыжын шакъэкIэ хитхащ. Нэхъ нэгъэсауэ Анзорхэ ятеухуауэ щыIэ тхыгъэм ущIэупщIэмэ, ар Анзор Мудар и «ГукъэкIыжхэрщ».
- — ЛIакъуэм и къежьапIэм теухуауэ сыт тхыдэм жиIэр?
- — ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Анзорхэ 1180 гъэм Кърымым къиIэпхъукIри, Къэбэрдейм щытIысащ. Анзорыкъуэ жыхуаIэр Къэбэрдей зэхуэсхэм я зым лъэпкъым и нэхъыжьу щагъэуври, абы и деж щегъэжьауэ адэкIэ заубгъуащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар лIыгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыбгъэдэлъ лIы Iущу щытащ.
- — Урыс-Кавказ зауэм сыт хуэдэ щIыкIэу хэува Анзорхэ?
- — А зауэм щыщIидза зэман лъандэрэ Анзорхэ абы жыджэру хэтащ. 1825 гъэм Къэбэрдейр Урысейм зыIэщилъхьа нэужь, къанэшхуэ щымыIэу ахэр я цIыхухэр я гъусэу Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ Iэпхъуэри, бэнэныгъэр абы щрагъэкIуэкIащ.
- — Къэбэрдейм хыхьэ Анзорхэ я къуажэхэм сыт къащыщIар?
- — Къуажэ 15-м къыдэна цIыхухэр нэхъ къуажэшхуищым траугуэшауэ щытащ. Ахэр: Къайсын Анзорей — иджырей Анзорей жыхуаIэр; етIуанэр — Аслъэмырзэ Анзорей — иджырей Лэскэн ЕтI-уанэ жыхуаIэр; ещанэр — Хьэту Анзорей — иджырей Хьэтуей жыхуаIэр.
- Урыс-Кавказ зауэр иухыу Къэбэрдейр Урысейм хагъэхьэпа нэужь, Анзорхэ къэралым икIри, я нэхъыбэр Тыркум итIысхьащ. Абы я унэцIэр зезыхьэ Анзорей къуажэ Афшын къалэм пэгъунэгъуу яухуэжауэ щы-тащ.
- — Анзорхэ ящыщу хэт сымэ Урыс-Кавказ зауэм зи цIэр нэхъ къыхэщыр?
- — Анзорхэ Мухьэмэд-Мырзэ. 1844 гъэм ар хэтауэ щытащ Къэбэрдейм икIыу урыс императорым деж ягъэкIуа лIыкIуэхэм. 1846 гъэм Щамил Iимамыр Къэбэрдейм щыкIуам, адрей пщы-уэркъ 37-м я гъусэу Мухьэмэд-Мырзэ Шэшэным Iэпхъуауэ щытащ.
- — Иджыри хэт и цIэр къытхуипIуэн а лIакъуэ цIэрыIуэм щыщу?
- — Анзор Жамболэт. Зауэ IэщIагъэхэм, франджы литературэм хуеджащ. Императорым и шуудзэм хэту Бытырбыху къулыкъу щихьащ. 1812 гъэм франджыхэм япэщIэту зауэм хэтащ. Генерал-майор хъуауэ щытащ.
- Анзор Мисусит. ЗауэлI академиер къиухри, Павел Езанэм и хъумакIуэу щы-тащ. Александр Езанэ пащтыхьым игъэныбжьэгъурт. Зауэ куэдым зэрыхэтам щхьэкIэ орден, медалхэр къыхуагъэфэщат.
- Анзор Аслъэныкъуэ. Елизаветэ пащтыхь гуащэм и зэманым псэуащ. Абы зэрихьа лIыгъэр «Аслъэныкъуэ Анзор», «Жэщтеуэ» уэрэдхэм къыхощыж.
- Анзор Хьэту-генералыр. Пащтыхьыдзэм хэтащ. И лIыгъэр къызэрыхагъэща дамыгъэхэр: «Георгий лъапIэм и цIэр зезыхьэ дыщэ медаль», «Варшавэ къызэращтам папщIэ», «Аннэ лъапIэм и цIэ зезыхьэ медаль». Ар хэтащ императорыр зыхъумэ Кавказ-бгырыс полуэскадроным. И къуэ Сулеймэн (и анэр — тыркут) тыркудзэм хэтащ, иужькIэ Багдад и къалэтет ящIауэ щытащ.
- Анзорхэ Мудар Къайсын и къуэр. Генерал-майорт, Урыс-япон зауэм, Япэ дунейпсо зауэм, 1918 гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуа восстанэм хэтащ. Граждан зауэм хужьхэм я лъэныкъуэр щиIыгъащ. 1920 гъэм и унагъуэр и гъусэу къэралым икIат. 1927 гъэм Сирием, Хьэлэб дунейм щехыжаш.
- Анзор Джалу. 1948 гъэм Сирием щыпсэу адыгэхэр хэтауэ щытащ хьэрыпхэр я щхьэхуитыныгъэм щыщIэбэна зауэхэм. Хьэрып къэралхэм я зэгухьэныгъэм и унафэкIэ абы хэта дзэхэм я зым и пашэу щыта Анзор Джалу абы щэиту щыхэкIуэдащ. Зэман дэкIыу хьэдэхэр ягъэIэпхъуэн хуей щыхъум, Анзор Джалу и Iэпкълъэпкъым зыри къыщымыщIауэ къыщIахыжат.
- Анзор лъэпкъым щыщт Абхъазым и лIыхъужь, СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ, Бэракъ Плъыжь орденыр, Невский Александр и орденым и япэ нагъыщэр зрата генерал-лейтенант Сосналы СулътIан. Абхъазым и япэ президент Ардзинбэ Владислав Сосналым щытепсэлъыхьым жиIащ: «Абхъазыр лIэн-къэнэну псэзэпылъхьэпIэм щыIутам, Къэбэрдей-Балъкъэрми адрей Кавказ лъэпкъхэми я къуэхэр псэемыблэжу къыдбгъурытащ дэ. Абыхэм щхьэхуэу къахощ Сосналы СулътIан. Абы и цIэр Абхъазым пщIэшхуэ пылъу фIэкIа къыщраIуэркъым. Лъэпкъыр нэхъ гугъуехьыпIэ ин дыдэ щихуа зэманым ар щытащ Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру. ЛIыгъэшхуэрэ Iущыгъэ куурэ зыбгъэдэлъ цIыхуу дунейм тетащ Сосналыр».
- СулътIан-Мут и анэм и лъэныкъуэкIэ къызыхэкIа лъэпкъыр зыхуэдэр гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, Анзорхэ ящыщ щIалэ зыбжанэм я гугъу кIэщIу сщIа къудейуэ аращ сэ. Я хэкур бэлыхь щыхэхуэхэм деж, абыхэм лIыгъэ къызыкъуахыфащ, аращ ахэр къакIэлъыкIуэ щIэблэми щапхъэ щIахуэхъур.
- — КъыдэдаIуэхэм сыт хуэдэ ущиекIэ захуэбгъэзэнт дызытепсэлъыхьа Iуэхум теухуауэ?
- — Кавказым и тхыдэм уриплъэмэ, сыт щыгъуи урохьэлIэ махуэ хьэлъэхэм я къарур зэхалъхьэу, зы Iэм и Iэпхъуамбэхэм ещхьу, зэрыубыду ем пэщIэтыфахэм. Гугъуехь дыщыIущIэкIэ, дэ-ри СулътIан-Мут щэджащэм и уэсятым дыщIэтыпхъэщ. ЗэгурыIуэныгъэ, зэкъуэшыныгъэ здэщымыIэм, мамырыгъэрэ зыужьыныгъэрэ щыIэнукъым. ЦIыхухэр зэкъуэзыгъэхун къэдмылъыхъуэу, ахэр зэкъуэзыгъэувэн, зы зыщIын щхьэусыгъуэхэр къэдгъуэту тIыгъын хуейщ. Сыт хуэдизу лъэпкъыр мыинми мыцIыкIуми, тхыдэ, бзэ, щэнхабзэ, лъэпкъ хабзэ ирехъу, дэтхэнэ зыми бгъэдэлъыр дуней псо цIыхубэр нэхъ бей зыщIыфын хъугъуэфIыгъуэщ, дэтхэнэ зыми пщIэ хуэщIыпхъэщ.
- Епсэлъар тхыдэдж КАДЫРОВ Абулнасырщ. Мэхъэчкъалэ,
- «Тарковский» студие, шыщхьэуIум и 10, 2019 гъэ.
- Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.