ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ еджагъэшхуэхэм я пщIэ лъагэр

2019-09-20

  • УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ щIэуэ иубзыхужащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) хэтхэр. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, ВАК-м и Эксперт советхэм мы гъэм япэ дыдэу хагъэхьащ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ къудамэм и пашэ ТIымыжь Хьэмыщэ, пасэрей тхыдэмрэ археологиемкIэ къудамэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.

  • Бгъэжьнокъуэ Барэсбий

    Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм и къалэн пажэхэм яхохьэ щIэныгъэ, щIэныгъэ-педагогикэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къэрал аттестацэм пхыгъэкIыныр — щIэныгъэхэм я доктор, кандидат степенхэр етыныр, щIэныгъэцIэ лъагэхэр фIэщыныр. ВАК-м и Эксперт советхэм (ахэр зэщхьэщыхащ щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм елъытауэ) хэтхэм къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, утыку ирахьэ диссертацэхэр я купщIэкIи гъэзэщIэкIэкIи яубыхуа мардэхэм хуэкIуэрэ абыхэм ныкъусаныгъэ гуэр ябгъэдэлъ-рэ къэхутэным епхауэ. Апхуэдэуи дэф-тэрхэр ягъэхьэзыр щIэныгъэ степенхэр зыфIэщыпхъэхэм (е зыхуэмыфащэхэм) ехьэлIауэ, хамэ къэралхэм къыщахьа щIэныгъэцIэхэр ди къэралым къыщылъытэным (е къыщымылъытэным) теухуауэ.

  • ВАК-м хэтынухэр Правительствэм наIуэ ищIа нэужь, абы и Эксперт советхэм хэгъэхьэнымкIэ унафэм Iэ тезыдзэр ЩIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я федеральнэ агентствэм (ФАНО) и пашэ Катюков Михаилщ. ИпэкIэ ар хэплъащ РАН-м и щIыналъэ къудамэхэм къагъэлъэгъуа кандидатхэм. Абыхэм ящыщу нэхъыфIу, щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъу, зи къэхутэныгнъэхэм, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэу къалъытахэм ящыщщ Бгъэжьнокъуэ Барэсбии, БищIо Бориси, ТIымыжь Хьэмыщи.
  • БищIо Борис

    Адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI ди хабзэр, нэмысыр джыным, екIуу зехьэным, а лъэпкъ фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным гулъытэ хэха хуэзыщI еджагъэшхуэхэм ящыщщ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщIу илъэси 7-кIэ лэжьащ ар икIи а къулыкъур къызыхуэтыншэу ирихьэкIащ Бгъэжьнокъуэм. Абы и нэIэм щIэту IуэхущIапIэм а лъэхъэнэм щызэфIахащ къэхутэныгъэ купщIафIэ куэд, къыщызэрагъэпэщащ щIэныгъэ симпозиумхэр, конференцхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр. Институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэхэр жыджэру хэтащ нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI дунейпсо зэхуэсхэм. ЩIэныгъэлI-этнолог цIэрыIуэм и къалэмыпэм псори зэхэту къыпыкIащ тхыгъэ щхьэхуэу 200-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие куэд. Ди къэралым къызэрыщыдэкIам къыдэкIуэу, абыхэм ящыщ куэд щытрадзащ хамэ щIыпIэхэми: США-м, Германием, Чехием, Швецием, Куржым, Болгарием. Апхуэдэу Бгъэжьнокъуэр и редактор нэхъыщхьэу дунейм къытехьащ «Вестник КБИГИ», «Археология и этнология Северного Кавказа» щIэныгъэ журналхэр, «ЩIэнгъуазэ» газетыр. ПщIэшхуэ яIэщ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и тхылъхэу «Адыгэ хабзэ», «Гуманистическэ этнологием и лъабжьэр», «Къэнжал зауэр», «Шэрджэсхэр (адыгэхэр)», нэгъуэщIхэми. Мы зэманми Барэсбий и лэжьыгъэм институтым щыпещэ. Ар и унафэщIщ институтым тхыдэмрэ археологиемкIэ и къудамэм, къэхутэныгъэщIэхэр иригъэкIуэкIыу, мурадыщIэхэр иубзыхуу. Иджы ар хэтщ ВАК-м ТхыдэмкIэ и эксперт советым.

  • ТIымыжь Хьэмыщэ

    ВАК-м Филологиемрэ искусствоведениемкIэ и эксперт советым хагъэхьа БищIо Борис Чэмал и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президумым, КъБР-м и Правительствэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщащ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIом и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэу 150-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, къэхутэныгъэ хэхахэм ятеухуахэри, зэреджэ программэхэмрэ пособиехэмри. Еджагъэшхуэм хэлъхьэныгъэшхуэ зыхуищI унэтIыныгъэхэм ящыщщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и лексикографиер. Ар яхэтащ «Адыгэбзэ псалъалъэр» (Москва, 1999) зыгъэхьэзыра икIи къыдэзыгъэкIа щIэныгъэлI гупым. БищIом и редакцэм щIэту 2013 гъэм къыдэкIащ «ЕджапIэхэм папщIэ урыс-адыгэ псалъалъэ» иныр. Куэдым яфIэхьэлэмэтащ БищIом 2015 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ» тхылъри. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ» Хабзэр, Программэр зэхэзыгъэувахэм ящыщ-щи, Борис набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ ахэр зэрагъэзащIэм, абыхэм ятеухуауи КъБР-м и Парламентым и утыку къыщопсалъэ. Бзэм, лъэпкъым я къэкIуэнум тещIыхьа и доклад купщIафIэхэр куэдрэ щещI къэралпсо, дунейпсо зэхыхьэхэми.

  • Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ Тэркъан и къуэм и гъащIэ псор триухуащ лъэп-къыбзэмрэ литературэмрэ егъэфIэкIуэным. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щрихьэкI къалэнхэм къадэкIуэу, ТIымыжьыр илъэс зыбжанэ лъандэрэ и унафэщIщ Къэбэрдей Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм. Еджагъэшхуэм и кандидат (2001 гъэ), доктор (2006 гъэ) диссертацэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ лъэпкъ литературэм зиужьынымкIэ, хэхэс адыгэхэм я литературэр джынымкIэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, ТIымыжь Хьэмыщэ и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 20-м щIигъу, монографиеу 5, зэреджэ тхылърэ программэу 10-м щIигъу хэту. Абыхэм ящыщ куэд къытрадзэ Scopus, Web of Science библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм, ВАК-м, РИНЦ-м хыхьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм, ди республикэм къыщыдэкI журналхэми газетхэми. 2011 — 2013 гъэхэм ТIымыжь Хьэмыщэ я унафэщIу щытащ УФ-м ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм и Грантыр къэзыхьа «Къэбэрдей литературэм совет лъэхъэнэм и ужь зэманым зэрызиужь хабзэхэр джыныр» проектыр зыгъэзэщIа гупым. ЩIэныгъэлI Iэзэр, институтым и къудамэм, университетым и кафедрэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм я къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэр, унафэщI щып-къэр щIэх-щIэхыурэ хэтщ республикэпсо, къэралпсо, дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсхэм. А псори и щыхьэтщ лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ куэд, щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIа лэжьыгъэшхуэхэр щIэныгъэлIым зэрызэфIихым, щIыналъэпсо, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу. Шэч хэмылъу, ТIымыжьым хуэфащэ дыдэщ ВАК-м Филологиемрэ искусствоведениемкIэ и эксперт советым зэрыхагъэхьари.
  • ЖыпIэнурамэ, ябгъэдэлъ щIэныгъэкIи зэфIэкIкIи ядэбгъуэн щымыIэу апхуэдэщ къэралпсо гулъытэрэ пщIэрэ зыгъуэта ди адыгэ щIэныгъэлIхэр. Абыхэм зыIэрагъэхьэ дэтхэнэ зы ехъулIэныгъэми и щIыбагъ къыдэлъщ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI инрэ зи лъабжьэ лэжьыгъэ хьэлэл. Ди еджагъэшхуэхэм дохъуэхъу лъэпкъым и пщIэр зыIэтын IуэхугъуэфIхэмкIэ я цIэхэр иджыри куэдрэ къраIуэну.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.