ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Куэдым  къыхуигъэщIа щIэныгъэлI

2019-08-22

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэмрэ и щIэныгъэм-рэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ  ин хуэзыщIа еджагъэшхуэхэм ящыщщ кавказыдж Iэзэ, адыгэхэм ди тхыдэмрэ этнологиемкIэ IэщIагъэлI, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр. IуэхугъуэфI куэдым къыхуигъэщIа щIэныгъэлIт ар, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и тхыдэ фэеплъымрэ и щэнхабзэ щIэинхэмрэ папщIэ гууз-лыузи зиIэт. Псэужамэ, Къэжэр Валерэ шыщхьэуIум и 19-м илъэс 70 ирикъунут…

  • Къэжэр Валерэ Сэрмакъ къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр фIы дыдэу къиухри, щIалэм еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. Зэрысабийрэ зыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэщIэр абдежым къыщыувыIакъым. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ адэкIэ хигъэхъуэн мурадкIэ, Валерэ 1971 гъэм щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Миклухо-Маклай и цIэр зезыхьэ и этнографие институтым и аспирантурэм. Студент илъэсхэми абыхэм къакIэлъыкIуа зэманми иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр абы къыщызэщIикъуэжащ «Сельская община у адыгов в первой половине XIX в. (поземельные отношения)» и диссертацэм икIи а лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIри, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ. Къэжэрым и щIэныгъэ унафэщIу абы щыгъуэ щытащ кавказыдж цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ Гарданов Валентин.
  • ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа Къэжэрыр 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 35-м нэскIэ щылэжьащ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Ар япэщIыкIэ лаборант нэхъыжьу къащтащ, иужькIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ хъуащ, этнографиемкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу 1993 гъэ пщIондэ щытащ. Къэхуктэныгъэ куухэм дапщэщи дахьэхыу щыта щIэныгъэлIыращ япэу и гугъу зыщIар къэбэрдейхэм я феодальнэ псэукIэ-зэхэтыкIэм пыщIауэ щыта гугъуехь инхэм, ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэм я жылагъуэ гъащIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэжурэ. ИужькIэ «Кризис традиционного феодализма в Кабарде» (1986 гъ.) и лэжьыгъэм ар зыубгъуауэ щызэпкърихащ абы. А Iуэхугъуэм теухуауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр Къэжэр Валерэ щызэхуихьэсыжауэ щытащ «Адыгская хаса. Из истории сословно-представительских учреждений феодальной Черкесии» (Налшык, 1992 гъ.), «Адыгская вотчина. К проблеме основной социальной единицы адыгского феодального общества» (Налшык, 1993 гъ.)
  • 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м къриубыдэу Валерэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. Абы и нэIэм щIэту а илъэсхэм институтым лэжьыгъэшхуэ зэфIэха щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ гъуэгуанэр джыным епхауэ. СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым и докторанту щыта Къэжэрым 1994 гъэм утыку ирихьащ «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце XVIII — первой половине XIX вв.» и доктор диссертацэр. ЩIэныгъэ дунейм щытхъу куэд зыщыхужаIа а лэжьыгъэ купщIафIэм ди лъэпкъ тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэкIэлъихьащ Валерэ. Ар ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ адыгэ еджагъэшхуэм икIи тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор хъуащ. А монографие цIэрыIуэм КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 1997 гъэм къыхуагъэфэщащ. ЗэфIих апхуэдиз Iуэхугъуэхэм къыпэкIуэу 1999 гъэм Къэжэрым къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэри.
  • Адыгэм ди тхыдэм теухуа и къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм ящыщщ ди лъэпкъ щIэныгъэлI гупым ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэр: «Современная государственность Кабардино-Балкарии: истоки, пути становления, проблемы» (1999), «Северный Кавказ в составе Российской империи» (М., 2007), нэгъуэщIхэри. «Адыгские песни времен Кавказской войны» (2005 гъ.) тхылъым и хэзыгъэгъуазэ тхыгъэхэм ящыщ зыи игъэхьэзырауэ щытащ Къэжэрым. Абы и жэрдэмкIэ КъБИГИ-м 2005 гъэм къыщыщIэдзауэ къыщыдагъэкI «Исторический вестник» щIэныгъэ журналыр. Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемрэ ятеухуауэ я къалэмыпэм къыпыкI щIэныгъэ лэжьыгъэхэр абы трагъадзэ.
  • Щхьэхуэу и цIэ къиIуапхъэщ «Адыгэ (шэрджэс) щIэнгъуазэ» (М., 2006) тхылъми. Ар дунейм къызэрытехьар республикэм и щэнхабзэ гъащIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт. Тхыдэр къэзытIэщIыж очеркым нэхъыщхьэу елэжьахэм яхэтам и мызакъуэу, Къэжэрыр щытащ тхылъым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу. А къалэнхэр и пщэм зэрилъым къадэкIуэу, Мейкъуапэ, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми щыщ щIэныгъэлIхэр зэпищIэу, Налшык щекIуэкI лэжьыгъэ псори къызэзыгъэпэщу щытари аращ. Къэжэр Валерэ къыхилъхьа жэрдэмым тету, щIэнгъуазэр гъэхьэзырыным и Iуэхум щIэныгъэлI щIалэхэри хашащ, я зэфIэкIым ирагъэплъыжащ. ЖыпIэнурамэ, ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми я еджагъэшхуэхэм я деж пщIэшхуэ щызыгъуэта а лэжьыгъэ телъыджэр дунейм къытехьэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщащ Къэжэр Валерэ.
  • Еджагъэшхуэм гулъытэ ин хуищIырт зи щIалэгъуэхэм ящыщу нэхъыфIхэр щIэныгъэм и гъуэгум тешэным. КъБИГИ-м аспирантурэ 1996 гъэм къыщызэIухыным къаруушхуэ ирихьэлIащ абы. Къэжэр Валерэ институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу зэрылэжьа зэманым къриубыдэу тхыдэмрэ этнологиемрэ хуеджа IэщIагъэлI пщIы бжыгъэхэр аспирантурэм къыщIигъэкIащ, абыхэм ящыщу нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр институтым ноби щолажьэ.
  •  Къэжэр Валерэ и IэдакъэщIэкIхэр иджырей кавказыджхэм хуабжьу къахуэщхьэпащ. И къэхутэныгъэхэм абы щыщIигъэбыдащ адыгэхэм я шыфэлIыфэм, я тхыдэм щIэныгъэлIхэм хуаIэ еплъыкIэщIэм и лъабжьэр. Абы щагъэбелджыла Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Валерэ и гъэсэнхэм я мызакъуэу, IэщIагъэлI куэдым къызэдащтэ. ЩIэныгъэлIым и дэтхэнэ лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ ноби зэриIэм белджылы ещI ахэр лъэпкъ тхыдэр зыдж щIэныгъэм зезыгъэужь хэлъхьэныгъэ ину зэрыщытыр, апхуэдэуи гурыIуэгъуэ къытщащI Къэжэр Валерэ езым и щIэныгъэ школым и лъабжьэ ахэр зэрыхъуар.
  • Акъыл жан зиIэ, фIэщхъуныгъэшхуэ зыхэлъ цIыху гуапэр, жаныр илъэс 64-нэм иту 2013 гъэм и мэкъуауэгъуэм зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Псэуху лэжьыгъэм къыпикIуэтакъым ар, гупсысэщIэхэр, мурадыфIхэр и куэдт. ЩIэныгъэм пыщIа псоми щыгъуазэт, и гъэсэнхэми яхуэсакъ зэпытт Валерэ, ахэр лэжьыгъэм хигъэгъуазэу, къэхутэныгъэщIэхэм тригъэгушхуэу.
  • АдыгэлI нэсым, цIыху щыпкъэм, жумартым хэлъыфыну хьэл-щэныфIхэм ящыщ куэд гъащIэм щыдалъагъурт абы и ныбжьэгъухэм. Гуапагъэшхуэ зыбгъэдэлъу, зи псэр зэIуха цIыху пэжу, егъэджакIуэ Iущу икIи емызэшыжу дунейм тетащ Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр. Абы и фэеплъыр къыщIэна и унагъуэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм апхуэдэущ, дауи, я гум къызэринари.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.