ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

ТIымыжь Хьэсэн и псалъэ

2019-08-17

  • Мэшыкъуэ бгы лъапэм щекIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэм мы махуэхэм щыхьэщIащ «Курорты Северного Кавказа» зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Мэшыкъуэ - 2010

Сэхъурокъуэ Хьэутий ЩIыхь орденыр къыхуагъэфащэ

2019-08-17

  • Къэралым и къалащхьэм къикIыу иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ — Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Iэ зыщIидза указым ипкъ иткIэ ЩIыхь орденыр къратащ «Урысейм Мэкъумэш кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референтнэ центр» IуэхущIапIэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэм. И къалэнхэр нэгъэсауэ зэригъэзащIэм, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылэжьам къыпэкIуащ апхуэдэ пщIэ лъагэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гулъытэ

Авто-мото-туризмэм зрагъэужь

2019-08-17

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр шыщхьэуIум и 16-м авто-мото-туризмэм и курыкупсэ хъуащ. А Iуэхум дихьэх щIалэгъуалэхэми нэхъыжьхэми я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къэплъытэмэ, абы этнотуризмэмкIэ мыхьэнэ иIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

КъБКъУ-р къыхах

2019-08-17

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм куэду яхэтщ хамэ къэралхэм къикIа щIалэгъуалэ. Абыхэм я бжыгъэр зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыи къегъэлъагъуэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпсхэм а еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыхахыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Мы махуэхэм

2019-08-17

  • ШыщхьэуIум и 17, щэбэт
  •  Псэущхьэ хьэулейхэм я дунейпсо махуэщ
  •  Латвием и къалащхьэ Ригэ и махуэщ
  •  Индонезие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
  •  1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и указкIэ Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къаритащ.
  •  1812 гъэм пащтыхь Александр Езанэм урысыдзэм и командующэ нэхъыщхьэу игъэуващ Кутузов Михаил.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Саугъэт нэхъыщхьэр  Кэсмен ехь

2019-08-17

  • Налшык и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ зэхьэзэхуэ ин. Абы щагъэджэгуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и саугъэт нэхъыщхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ

ЗекIуэ гъуэгу тенэркъым

2019-08-17

  • Израиль къэралыгъуэм щыIэ Кфар-Камэ жылэм къыщызэрагъэпэща шэрджэс ныбжьыщIэ лагерым я нэгу зыщрагъэужьри, иджыблагъэ хэкум къагъэзэжащ сабий гуп. КъБР-м щыщу гупым хэтащ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» и еджакIуэхэу Вэрокъуэ Алинэ, Щэныбэ Даянэ, Бэлагъы Сэтэней, Мурзэкъан Ислъам, Бадзэ Къэплъэн сымэ, Астемырей къуажэм щыщ ТхьэитлI Залинэ, Дыгулыбгъуей щыщу Iэюб Рузанэ сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Наполеонрэ   адыгэхэмрэ

2019-08-17

  • ШыщхьэуIум и 15-м илъэс 250-рэ ирикъуащ Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеон къызэралъхурэ. Абы теухуауэ тхыгъэ адыгэ газетым къытемыхуэнкIэ Iэмал имыIэу арат жызыIэни къахэкIынкIэ хъунщ ди щIэджыкIакIуэхэм. Ауэ Iуэхум и пэр умыщIэу и кIэри пщIэркъым. ЩыIащ франджы дзэзешэмрэ адыгэхэмрэ щызэжьэхэуа зэман. Аращ мы тхыгъэр зытеухуари.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-08-17

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Хугу хэлъу гъэва нэкулъ
  • Хугур зэхадз, псы щIыIэкIэ ялъэс, Iэнэм тракIутэри ягъэжэпхъ. Мэл тхьэмщIыгъур ягъэкъабзэ, тыкъыр цIыкIуу, джэш хьэдзэ хуэдизурэ яупщIатэ, шыуаным е кIэструл куум иралъхьэ. Абы халъхьэ бжьыныху уба, тыкъыр цIыкIуурэ зэпыгъэлъэлъа щэ тхъурымбэ, хугу, шыгъу, шыбжий, бжьыныщхьэ упщIэта, бурш, джэдгын хьэжа, итIанэ псы щIыIэ хакIэри зэIащIэ. Абы иужькIэ а къагъэхьэзырар кIэтIий лъэсам ирамыубащэурэ иралъхьэ, и кIапэр кIэтIий псыгъуэкIэ е IуданэкIэ папхыкIыжри, псывэм халъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис