ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

Щэнхабзэм иропIейтей

2019-08-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм дыгъуасэ щаIущIащ щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Балли  100-хэр ягъэпэж

2019-08-20

  • Курыт школыр къэзыухауэ зи щIэныгъэм адэкIи хэзыгъэхъуэну мурад зыщIахэм я дежкIэ гъэмахуэм и кIэух мазэр дапщэщи пыIэзэфIэхь лъэхъэнэщ. Дэфтэрхэр еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм езыгъэхьа абитуриентхэр гузавэу пэплъащ абыхэм къикI хъыбархэм. Мы махуэхэм ныбжьыщIэхэм къаIэрыхьэжакIэщ зыщIэхуа IэнатIэхэм къикI тхылъымпIэхэр. Я хъуэпсапIэхэм ялъэIэса щIалэгъуалэр иджы еджэным пэрохьэ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

ЕтIуанэри Iейкъым

2019-08-20

  • Адыгэ щIалэхэм иджы-ри зы дыжьын медаль къахуихьащ Эстонием и къалащхьэ Таллинн мы махуэхэм щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ щIалэгъуалэм я дунейпсо чемпионатым. Килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм абы вице-чемпион щыхъуащ Гъуэныбэ Iэуес.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

2019-08-20

  • ШыщхьэуIум и 20, гъубж
  •  Эстонием егъэлъапIэ СССР-м къыхэкIыу къэрал щхьэхуит щыхъуа махуэр. 1991 гъэм Эстоние Республикэр къэрал щхьэхуэ зэрыхъужам теухуа унафэ къищтащ абы и Совет Нэхъыщхьэм.
  • 1634 гъэм Бурцов Василий Москва щиIэ и тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIащ япэ букварыр.
  • 1721 гъэм Петергоф щаутIыпщащ иджы ду-ней псом щыцIэрыIуэ псыутх телъыджэхэр. А щIыпIэм уардэунэхэри псыутххэри зыхэт ансамбль щыухуэныр зи жэрдэмыр Пётр Езанэрт. Франджым и унафэщI-хэм Версаль щаIэ хэщIапIэм ехьэехуэ щIыпIэ телъыджэ Фин псыдэлъэдапIэм щищIыныр и хъуэпсапIэт Урысейм и императорым икIи а лэжьыгъэм къришэлIат архитектор цIэрыIуэ куэд. Иджырей теплъэр игъуэтын папщIэ илъэс щитIым нэблагъэкIэ екIуэкIащ а лэжьыгъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2019-08-20

  • 2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къаIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIэдзыныр иухащ.
  • Ди газетым тезыдзэну хуейхэм хъыбар идогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ иджыри Iэ щыщIэвдз хъунущ пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми. Мази 4-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэщ сом 438-рэ кIэпIейкIэ 44-рэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи  зэфIэкIыр  лъагэ  щIэныгъэлI

2019-08-20

  • Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм. КъызыхэкIа лъэпкъми къэралми яхуэфащэ, абы и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыху гъуэзэджэхэм ящыщщ ар. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъанийр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академикщ. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ а лэжьакIуэ емышыжым зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкупщIафIэм къыхэкIыу, пщIэ инрэ гулъытэ лъагэрэ ноби щагъуэт щIэныгъэм и дунейм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Гъуэгуанэм щызэщIакъуэ

2019-08-20

  • «Iуащхьэмахуэ мафIэбгщ» зыфIаща зекIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щокIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псыр  зэраубыдам  зэраныгъэ  къешэ

2019-08-20

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм иджыблагъэ къэпсэлъащ Старэ Шэрэдж къуажэм дэс бэджэндырылажьэ щIалэ Жылэ Суфян, езым хуэ-дэу адрейхэри зытелэжьыхь щIым щIагъэлъадэ псыр зэрамыгъуэтыжым къыхэкIыу. Iуэхум и пэжыпIэр зэхэгъэкIын мурадыр диIэу, дэ дыкIуащ   а къуажэм ипщэ-къухьэ-пIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ   и губгъуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Мэуэтхэр

2019-08-20

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№ 94, 96, 97-хэм итщ).
  • — Пщым теухуауэ сыт къызжепIэн? — нэхъыщхьэм и гугъу удым зэримыщIым ирибампIэрт Алэдамэ.
  • — Пщыр хъужынущ, умыгузавэ. Дыгъэ къухьэжыгъуэм нэхъ фIэмыкIыу зыкъищIэжынущ. Пщэдджыжьыпэм ирихьэлIэу къэсын хуейщ дэIэпыкъуэгъур. Пщыр абы и пашэу фежьэжынщ нэхущым. Ауэ, хуэсакъ, щIалэ, пщым и къупщхьэхэр зэпцIыжыным куэд иIэщ иджыри, кIэлъыплъ. Сэ узыр зэманкIэ щхьэщысхыфынущ, ауэ лъэкIэ ув хъунукъым, шым тес зэпыту дзэр зауэм ишэ мыхъумэ. Аращи, быдэу зэщIэтпхэнщи, уэ уи нэIэ тегъэт, уэстыну хущхъуэхэр зэрозгъэлъагъум хуэдэу ехьэлIэ пщыхьэщхьэ къэс. Дэ Псатхьэм гущIэгъу къытхуищIати, и чэзум унэсри, Тыуар ажалым къыIэщIэптхъат, — пщым и уIэгъэхэр къиIэбэрэбыхьри, удыр Алэдамэ къыхуеплъэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Беслъэнейхэ я хабзэ

2019-08-20

  • Дэтхэнэ зы лъэпкъми къыхокI я къэкIуэнум тегузэвыхь, я блэкIар зрагъэщIэну хущIэкъу цIыху пажэхэр. Апхуэдэхэрщ къызытехъукIыжхэр зымыгъэгъуащэр. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ куэдым щапхъэ яхуэхъуфынущ  Беслъэнейхэ. Я блэкIар я щIэблэм ящIэу къагъэхъуну, я фIыр ягъэлъапIэрэ яIэту къогъуэгурыкIуэ ахэр. Абы и щыхьэтщ я къэкIуэнум хуэлажьэу къызэрагъэпэща лъэпкъ хасэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъхэр

Зи макъ гуакIуэмкIэ псэм лъэIэсыф

2019-08-20

  • Иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ Урысейм щIыхь зиIэ, Адыгейм и цIыхубэ артисткэ, опернэ уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэ Шэгудж Маринэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Дыпэплъэнщ къыхах дерсыр зыхуэдэм

2019-08-20

  • «Волгарь» (Астрахань) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 6:0 (1:0). Астрахань. «Центральный» стадион. ШыщхьэуIум и 16-м. ЦIыху 550-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Багъ Даринэ аргуэру къыхожаныкI

2019-08-20

  • Бадзэуэгъуэм и 26 — 29-хэм Чебоксары къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ ЕджакIуэхэм я спартакиадэм и кIэух  Iыхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр