Адыгэ къафэм и гуащэ Шэру Соня
2019-08-22
- РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональ-нэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, къэрал псом и къэфакIуэ телъыджэу щыта Шэру Соня къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
- 1929 гъэм Къармэхьэблэ (иджы Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ сабийуэ зи гур адыгэ къафэм ихьэхуа, и ныбжьым хуумыгъэфэщэнуи ар къызэхъулIэу щыта пщащэр. Япэ дыдэу ар наIуэ щыхъуар и унагъуэм щита «концертхэрщ». Школым зэрыщеджэм къыдэкIуэу, художественнэ самодеятельностми жыджэру хэтащ Соня. Къармэхьэблэ курыт еджапIэм и къэфакIуэ гупым пашэу зэрызыкъыщигъэлъэгъуам ар и IэщIагъэм хуишащ.
- Каменномост еджапIэм и къэфакIуэ гупым хэта Шэру Соня къафэм щиIэ зэфIэкIыр щигъэлъэгъуауэ щытащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и художественнэ гупхэм я еплъыныгъэм. Районым щызэхуэса къэфакIуэхэм куэдкIэ ефIэкIыу къалъытэри, ар Налшык къашат республикэ еплъыныгъэм. Соня бгъэдэлъ Iэзагъэр абыи къыщалъытащ.
- Адыгэ лъэпкъ къафэхэм Шэрум сыт щыгъуи хуищI гулъытэмрэ хуиIэ гукъыдэжымрэ къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу инт. «Мыхэр узот, къафэм и гуащэ цIыкIу», — жиIэри, и анэшхуэм Соня зэгуэр къыхуигъэдэхат пхъуантэм къыдиха, налмэсу зэщIэлыдэ тажыр, налкъуткIэ гъэщIэрэщIа лэрыпсымрэ тхьэгъухэмрэ. Хэт ищIэрэ, къафэм и вагъуэ лъэщ хъыджэбзыр хъуным и щIэдзапIэр а дакъикъэхэр арагъэнщ е художественнэ самодеятельностым и республикэ зэпеуэ здекIуэкIым Кавказ Ищхъэрэм и пшынауэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Къашыргъэ КIурацэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм къикIа хъыджэбз цIыкIур и теплъэкIи и зэфIэкIкIи адрейхэм куэдкIэ къазэрыхэфIыкIым гу щылъитарауэ къыщIэкIынущ…
- Апхуэдэу, 8-нэ классыр къиухауэ, 1946 гъэм Шэру Соня хагъэхьащ а зэманым ирихьэлIэу цIэрыIуэ хъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым икIи илъэс тIощIым щIигъукIэ абы щылэжьащ. Япэ махуэм къыщыщIэдзауэ гупым хэт псори Соня къыдэIэпыкъуащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ Шэрум къыхуищIащ Исаковэ Галинэ, шыпхъу нэхъыжьым хуэдэу и нэIэ къытригъэтащ.
- ЗэрыжаIэжымкIэ, Соня Къашыргъэ КIураци анэ пэлъытэу къыхущытащ, лъэпкъ нэмысыр, хабзэр сценэм щыхъумэн зэрыхуеймкIэ иущиящ, адыгэ къафэхэм дахагъэу, щэныфIагъэу, Iэдэбагъыу яхэлъыр нэхъ наIуэу гъэлъэгъуа зэрыхъунум иригъэсащ. А зэманым ансамблым и гъэсакIуэу щыта Атэлыкъ Аслъэнджэрии зэман куэд Соня тригъэкIуэдащ. Ахэр псори къэщхьэпащ ансамблым и репертуарым хэт ди лъэпкъ къафэхэр абы псынщIэу, фIыуэ зригъэщIэнымкIэ.
- А гуп гъуэзэджэм Шэрур зэрыхэта илъэсхэм къриубыдэу ди къэфакIуэхэр союзпсо, дунейпсо фестивалхэм я лауреат зыбжанэрэ хъуащ. «Соня хуэдэу къофэ» жаIамэ, пщащэхэм дежкIэ щытхъухэм я нэхъ лъапIэт. Абы и къэфэкIэу щытар нобэр къыздэсым куэдым къахуэмыIуэтами, гурыIуэгъуэ хъуар зыщ: Шэрур къафэм и щэху псо-ри къызэIузыхыфа къэфакIуэт. Дыдейхэм хуэдэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я къафэхэри Соня утыкум куэдрэ щигъэлъэгъуащ. Апхуэдэщ куржыхэм, осетинхэм, азербайджанхэм я къафэхэр.
- И къару емыблэжу зэрылэжьам, езыр цIыху уардэу, удихьэхыу зэрыщытам я фIыгъэкIэ, Шэру Соня Кавказым и къэфакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ хъуащ. Абы «Къафэм и гуащэкIэ» еджэрт. Адыгэ бзылъхугъэ телъыджэр кинофильмхэмрэ телефильмхэмрэ мызэ-мытIэу хэтащ. Абы республикэм и лъэпкъ къафэм зегъэужьыным къаруушхуэ хилъхьащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ иджыпсту хуэлажьэхэм ящыщ куэд а гъуэгуанэм тригъэуващ.
- И IэщIагъэм хуэфащэ гулъытэ хуищIу ар зэрыбгъэдэтам и щапхъэщ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ Москва щагъэлъэгъуэну концертым зэрегугъуар. 1957 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м, ди республикэм и Художественнэ гупхэм я зэгухьэныгъэхэм я Унэм и Колон-нэ залым щата концертым и программэр езыгъэкIуэкIар Шэру Сонящ. КIэухыу Театрышхуэм щата концертыр Сонярэ КIуэкIуэ Тамарэрэ зэдрагъэкIуэкIащ. Абы ирихьэлIэу Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и «ИгъащIэкIэ Урысейм и гъусэу» фэеплъыр щаухуэм, Шэру Соня и теплъэм ар тращIыкIыныр зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым. Къэралым и къалащхьэм щыцIэрыIуэ художникхэу Махтинымрэ Листопадовымрэ куэдрэ хэплъа нэужь, адыгэ пщащэм и шыфэлIыфэ псори зыхэлъу къалъытар Соняти, абы къытеувыIауэ щытащ. Ар Ленинград ирагъэблагъэри, лъэпкъ фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыгъыу сурэт гъэщIэгъуэн куэд трахат, уеблэмэ езы сурэтыщIхэми адыгэ пщащэм и дахагъэр я лэжьыгъэхэм къыщагъэлъэгъуат.
- КъищынэмыщIауэ, КъБР-м щылажьэ художник Третьяков Николай Соня лъэпкъ фащэкIэ хуэпауэ сурэтышхуэу 1973 гъэм ищIащ. «Шэру Соня къофэ» зыфIища и усэм Къэшэж Иннэ къыщегъэлъагъуэ абы и къэфэкIэр зылъагъухэм гуапагъэ инрэ дэрэжэгъуэкIэ яхуэупсэу зэрыщытар. ПцIы зыхэмылъыжырщи, зи къэфэкIэ хьэлэмэтыщэм теухуауэ «Дыгъэ къуэмыхьэж» усэр Къэшэж Иннэ щIитха, зи дахагъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ и скульптурэ образ хъуа Шэру Соня гъуэгуанэ дахэ къикIуащ.
- 1957 гъэм Москва щекIуэкIащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я союзпсо фестивалымрэ VI Дунейпсо фестивалымрэ. Абыхэм хэтащ ди ансамблым и щIалэгъуалэ къэфакIуэ 20 икIи союзпсо зэхыхьэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ. VI Дунейпсо фестивалми япэ увыпIэр абыхэм къыщыхуагъэфащэри, дыщэ медалрэ нэгъуэщI саугъэтхэмрэ къратащ.
- Союзпсо, дунейпсо фестивалхэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа художественнэ зэпеуэхэм ди къэфакIуэхэм щагъэлъэгъуащ «Къафэр», «Уджыр», «Ислъэмейр». «Къафэмрэ» «Ислъэмеймрэ» зэдагъэзэщIащ Шэру Сонярэ Къашыргъэ Билалрэ. 1957 гъэм лауреат цIэ лъапIэр тIэунейрэ зыфIаща ансамблым Шэру Сони яхэтащ.
- Гупым щыща къэфакIуэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, пшынауэ Къашыргъэ КIурацэ хуэдэу, «Къафэр» екIуу, гуакIуэу, гуапэу, Iэдэбагъ хэлъу игъэзащIэу ансамблым иIа къэфакIуэхэм ящыщ зыщ Соня. Абы и Iэпкълъэпкъым адыгэ фащэр екIуу щымыгъыу утыку зыми щилъэгъуакъым, нэжэгужагъэмрэ гуапагъэмрэ и нэгум щIэмыту, игъэзащIэ къафэм игури и псэри емытауэ. Абы и лэжьыгъэр усакIуэхэми, тхакIуэхэми, сурэтыщIхэми ягу ирихьырт, къэфакIуэ телъыджэм и образыр абыхэм я творчествэм къыщагъэлъагъуэрт.
- Ансамблым и гупым и гъусэу къэфакIуэ пажэм и зэфIэкIыр щимыгъэлъэгъуа щIыпIэ куэд къэралым щыбгъуэтынукъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ гъуазджэмрэ литературэмрэ зыгъэлъагъуэхэм, зыгъэлъапIэхэм ар сыт щыгъуи яхэтащ. Апхуэдэу ди республикэм и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр Латвием (1965 гъэм), РСФСР-м и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ Москва (1967 гъэм) щагъэлъэгъуам, Соня псоми гукъыдэж дахэ яритащ.
- 1957 гъэр Къармэхьэблэ пщащэм хуэугъурлащ. Мэкъуауэгъуэ мазэм абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр. Зы мазэ дэкIри Шэрур «РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» хъуащ. Къафэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ Соня къратащ ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, «Псэемыблэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр.
- «1968 гъэм «Кабардинкэм» иужь дыдэу сыкъыщыфэрт, — игу къегъэкIыж Соня. — Сегупсысырт: мис иджы тыншу сыпсэунщ, срикъуху сыжеинщ, сышхэнщ, зызгъэпсэхунщ… СынасыпыфIэу зыкъэслъытэжырти, сылъэтэным хуэдэт. Ауэ си гъусэу къафэ Алэкъей Мухьэмэд нэхъыфI дыдэу слъагъу адыгэ фащэр утыкум къыщрихьэм, си гъащIэр иухауэ къысщыхъуащ. А дакъикъэм си лъакъуитIыр самыIыгъыжыным хуэдэу щIэщIащ, ауэ цIыхухэм гу зылъезмыгъэтэн слъэкIащ. ИужькIэ унэм сыщашэжым, сыкъыщиудри сыгъащ. Сэ сесат удз гъэгъахэр къызату, сагъэлъапIэу утыкум ситу, сесат хамэ къэралхэм, нэгъуэщI къэралхэм сыкIуэу…».
- Утыкур къигъэна нэужь, Шэру Соня адыгэ къафэм хуэлэжьэныр зэпигъэуакъым. «Искож» комбинатым илъэс 11-кIэ балигъ, сабий къэфакIуэ ансамблхэр, хор, уэрэджыIакIуэ гупхэр щызэригъэпэщат. КъищынэмыщIауэ, ар ядэлэжьащ «Эльбрус», «Комсомолец» зыгъэпсэхупIэхэм, школхэм, нэгъуэщI еджапIэхэм я къэфакIуэ ансамблхэм.
- Шэру Соня зэи ягу ихужкъым абы къафэм щиIэ зэфIэкIым, и Iэзагъэм дихьэхыу, ар къэзыцIыхуу щытахэм.
- БжьыхьэлI Розэ.