Iэпслъэпс быдэ
2019-08-22
- Дэ дызэреплъымкIэ, дунейм лъэ быдэкIэ щыув дэтхэнэ зы цIыхури зэгуэр хуэныкъуэ мэхъу езыр къызыхэкIар зэгъэщIэным, и адэжь-анэжьхэм я къекIуэкIыкIам и пэжыпIэм лъэIэсыным, и щыпкъапIэм нэплъысыным, а псом щыгъуазэ зыхуищIыным.
- А Iуэхум и щIэгъэкъуэнщ щIэныгъэм и унэтIыныгъэ телъыджэхэу археологиемрэ генеалогиемрэ. Иужьрейм и Iэмалхэр, дызэрыщыгъуазэщи, зэхьэлIар унагъуэм и блэкIар, и тхыдэр, абы ирапIыкIахэм ныбжькIэ я зэкIэлъыкIуэкIэр зэхэгъэкIынырщ, унагъуэцIэхэм, лIакъуэцIэхэм я къежьэкIэ хъуар джынырщ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ унэцIэм и къежьэкIэ хъуар къэхутэныр Iуэху цIыкIу-фэкIуу зэрыщымытри. Куэдрэ къыщыхъу щыIэщ абыкIэ къытхуэщхьэпэну дызыщыгугъ дэфтэрхэр къызэрыгъуэтыгъуейм я мызакъуэу, къэдулъэпхъэща тIэкIуми арэзы дыкъыщамыщI. IуэрыIуатэм и закъуэ тегъэщIапIэ пщIынри, абы къыхэщыжхэр тхылъкIэ щыщIэмыгъэбыдыхьыжам деж, уримыкъуным хуэдизщ.
- Дэфтэрхэм лъыхъуэныр Iуэху цIыкIукъым икIи тыншкъым
- Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къыщIыхьащ, зыщыщ лIакъуэм и къежьэкIэ хъуам, и тхыдэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэми ехьэлIа тхылъ гъуэзэджэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа, щIалэ гумызагъэ икIи зэчиифIэ Iэпщацэ Вадим.
- — Илъэси 8-кIэ сызэлэжьа тхылъым итхэр зэхуэзыхьэсыжари зэзыгъэзэхуэжари сэращ. ТIэкIу си гур хуэныкъуэти, лъэпкъым щыщ щIалэхэр къызэхуэсщ аби, «мыр игъащIэкIи бухынукъым, зэхуэпхьэсар дунейм къытедгъэгъэхьэ, иужькIи, зыгуэрхэр къыкъуэкIыжмэ, къыдэбгъэкIыжынщ» къызжаIащ, — и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Вадим.
- Ди псэлъэгъум щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы лъэхъэнэм Iэпщацэ унэцIэ зезыхьэу унагъуэ 58-рэ исщ. Абыхэм ящыщу 20-р Псыгуэнсу, 10-р Аушыджэр щопсэу. Адрейхэр — Налшык, Нарткъалэ, нэгъуэщI жылагъуэхэм дэсхэр — ищхьэкIэ зи гугъу тщIа къуажитIым къыдэкIащ.
- — Тхылъым итхэр, ди нэхъыжьхэм къыджаIэжа хъыбархэр Ставрополь, Краснодар, Осетие Ищхъэрэ — Аланием и къалащхьэм, уеблэмэ, Куржым и щыхьэр Тбилиси дэт дэфтэр хъумапIэхэм къыщыдгъуэтыжахэмкIэ щIэгъэбыдыхьыжауэ апхуэдэщ. Си щхьэкIэ Краснодар плIэ, Ставрополь зэ, Осетием 12-рэ сыщыIащ. Куржым сэ сыкIуэфатэкъыми, куэдым зыхэзыгъэгъуазэ, лъахэхутэ хьэрхуэр Къармэ Руслан Тбилиси къыщыщIидзати, абы и дэфтэр хъумапIэхэм ящыщ зым щрихьэлIащ XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Жанхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу) дэсауэ щытахэр уэркърэ лъакъуэлIэшкIэ зэрызэхэдзауэ щытар къыщетхэкIыжа тхыгъэм.
- — Узыхэплъа дэфтэрхэм къахэбгъуэтыкIахэм я гугъу къытхуэщIыт, Вадим.
- — ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэпщацэхэ, лIакъуэ хуэдэу, къыщыунэхуар Къэбэрдейр аращ. Краснодар дэт дэфтэр хъумапIэм ди унэцIэр зэрыт тхыгъэхэр къызэрыщIэхутар, дауи, гъэщIэгъуэнщ. Абдежым сэ сыщрихьэлIащ адыгэхэр Хэкум щикIыж лъэхъэнэм, абыкIэ хуит къащIын щхьэкIэ, унафэщIхэм зэрызыхуагъэзауэ щыта лъэIу тхылъхэм, ахэр къызыбгъэдэкIахэр зыдэса къуажэхэм я цIэхэри иту. АтIэ, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, а лъэныкъуэмкIэ (КIахэ) щтапIэ ихьэж щIыкIэу, 1821 — 1822 гъэхэм Къэбэрдейм къуажэ 62-рэ иIэпхъукIауэ щытащ, Урысей империем и бжьым щIэувэну хуэмейхэм ящыщу. А зэманым Хьэмырзэ Мырзэбэч жаIэу пщы гуэр Аргудан псым Iусыгъащ. Ар ящыщщ Къэбэрдейм а лъэхъэнэм пщIэшхуэ щызиIэу щытахэм. А пщым и къуажэм нэхъ ин итакъым а Iэгъуэблагъэм. Хьэмырзэ Мырзэбэч и жылэм дэIэпхъукIахэм ящыщщ Iэпщацэ Ибрэхьим. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, а лIыр, щIалитI и гъусэу, кIахэ лъэныкъуэмкIэ кIуат. Арагъэнущ къызытепщIыкIыжар Хуэдз псым и Iуфэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта Банэкъуэ къуажэм ди лъэпкъым щыщу щыпсэуахэр.
- — КъызэрыщIэкIымкIэ, Банэкъуи дэсащ Iэпщацэхэ…
- — АтIэ. Абы щыпсэуахэм я нэхъыбэр, 1868 — 1870 гъэхэм Хэкум икIри, Тыркум къыщыхутащ, япэщIыкIэ зы гупым, иужькIэ мыдрейхэм зрачурэ. Къуажэм къыдэна тIэкIур Блашэпсынэ, Хуэдз, Улапэ, Куэшхьэблэ жылэхэм хагъэтIысхьэжащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къармэ Руслан «Блики» зыфIища и тхылъхэм ящыщ зым Банэкъуэ дэса лIакъуэхэм я унэцIэхэр, езыр зыхэплъа дэфтэрхэр и тегъэщIапIэу, къызэрыщрибжэкIыжари. Апхуэдэуи, а къыдэкIыгъуэм, гъэщIэгъуэн тщыхъуауэ, дызыщрихьэлIахэм ящыщу къыхэдгъэщынут, Банэкъуэ дэса ефэнды гуэрым адыгэ псалъэхэр хьэрып хьэрфхэм къызэрыригъэтIэсам щыхьэт техъуэ сатырхэр къызэрыщыхьари.
- Хьэрисрэ Увжыкъуэрэ
- — Фи лIакъуэм и къекIуэкIыкIам теухуауэ иджыри сыт нэхъ къыхэбгъэщынт, Вадим?
- — ХъыбаритIым языхэзым и гугъу тщIынщи, Iэпщацэ Хьид и къуэ Хьэту къызэриIуэтэжамкIэ, Псыжь адрыщIкIэ щыпсэуа зэкъуэшитIым, Iуэху мыщхьэпэ гуэр къалъыкъуэкIри, щыпсэуа лъахэр ябгынэн хуей хъуащ. Къэбэрдейм къакIуэу щетIысэха щIыпIэм зэкъуэшхэм ныкъуэкъуэгъу къащыхуэхъуащ ахэр пщылIыпIэ изыгъэувэну яужь ита лIакъуэлIэш Тохъутэмыщхэ. ЛъэныкъуитIыр щызэпэщIэувэм, нэхъыщIэм, къэгубжьри, къамэр кърипхъуэтащ, «апхуэдиз гугъуехь щIэтшэчар, зыгуэрым пщылI дыхуэхъун щхьэкIэкъым!» — жиIэурэ. Абдежым къыщежьэри, «Iэпщацэ» псалъэр нэхъыщIэм кIэрыпщIащ. Нэхъыжьым «Iэпщэ» цIэр теIукIат, къызэрымыкIуэу къарууфIэрэ гъукIэ Iуэхуми хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытам къыхэкIыу, — щыгъуазэ дещI ди псэлъэгъум.
- Хьэту зэрыжиIэжымкIэ, Iэпщацэ къуитI къыхуалъхуащ. Нэхъыжьым и цIэр зыми къыхуэщIэжакъым. Абы, Урыс-Кавказ зауэр здекIуэкIым, къыщалъхуа и лъахэмкIэ игъэзэжат. Ауэ щыхъукIи, Къэбэрдейм ис Iэпщацэхэ къызытехъукIыжар нэхъыщIэращ, Ильясщ. Мыбыи къуитI иIащ: Увжыкъуэрэ Хьэрисрэ. Мыхэр, япэщIыкIэ, Бахъсэн псым и Iуфэ Iусащ. Зэман дэкIри, зэкъуэшитIыр Жанхъуэтхьэблэ къэIэпхъуащ, гъукIэуи щылэжьащ. Хьэрис, къызыхихар къахуэмыщIэу, и щхьэгъусэр зыщыщ Бахъсэн лъэныкъуэмкIэ игъэзэжат. АрщхьэкIэ, «хэхэс» псалъэр щIэх-щIэхыурэ кърапэс щыхъум, ар а щIыпIэм зэрыщытIысам хущIегъуэжащ икIи, и шынэхъыжьыр къыщына жылэм, Жанхъуэтхьэблэ, къэIэпхъуэжын мурад иIэу, гъуэгу къытехьэжащ.
- Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) къуажэм ищхъэрэкIэ щыIэ ВыщхьэфIэч лъагапIэм къытеуварэ Жанхъуэтхьэбли къыхуэплъэу здытетым, Хьэрис егупсысащ: «Сызезыхуэр сыт, сыкъызыдэкIа къуажэм Iэмал имыIэу згъэзэжын хуэдэу, Iэпщацэр здэкIуам яхэзэгъакъым къысхужаIэу? Зэкъуэшхэм ди зэхуаку Шэрэдж псым и закъуэщ къыдэнари, дэ тIур дызэрылъагъунымкIэ ар лъэпощхьэпокъым. Ауэ щыхъукIи, мыбдежым сыщыувыIэнщ». Ар и кIэухщ япэ хъыбарым.
- Абхъаз-абазэ къуэпсхэр
- ВэрылIхэ я нысэ, Iэпщацэхэ япхъу ХьэIишэт къиIуэтэжа етIуанэ хъыбарым къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу тIу иIэщ. Япэр: псоми я къежьапIэу къалъытэ зэкъуэшхэр къыздикIар КIахэракъым, атIэ Абхъазырщ. ЕтIуанэр: зэкъуэшхэр, Къэбэрдейм къызэрысу, щетIысэхар Брамтэ (Вольнэ Аул) хьэблэрщ.
- — ГъэщIэгъуэныр аращи, абхъазыбзэм «Iэпщацэ» псалъэм «Iэпслъэпс», «Iэпщэхъу» мыхьэнэхэращ къыщикIыр. Зэрытлъагъущи, адыгэбзэм ар «Iэм бгъэдэлъ къару» жыIэгъуэм щыхуахьми, абхъазыбзэм къызэрыхэщыр «Iэпщэм Iэралъхьэ хьэпшып цIыкIу» къикIыущ. Ауэ щыхъукIи, «Iэпщэ» лъабжьэр адыгэбзэми абхъазыбзэми щызэщхьщ, — езым гу зылъитахэм адэкIэ я гугъу къытхуещI Iэпщацэ Вадим. — ДыIэбэнщи, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, хы ФIыцIэ Iуфэм Iуса абазэ-садз лъэпкъым я щIыналъэм ущрихьэлIэрт «Апшыцбэ» унагъуэцIэм (Саманбэ Леонид, «Кавказ Ищхъэрэм и генеалогие» — «Генеалогия Северного Кавказа». Сыхъум къалэ. 2006 гъэ, 18-нэ н.). Аращи, Абхъазым къикIа зэкъуэшхэм, Къэбэрдейм къыщыхута иужькIэ, «хэтхэ фащыщ?» жаIэу зыщыхуагъазэкIэ, «Апшыц-бэ лIакъуэм дыщыщщ» е «Абсацвэ (Абхъаз) дыкъикIащ» псалъэхэр я жэуапу щытагъэнущ. Сытми, зэкъуэшхэм къатепщIыкIыжахэр абдежым къыщыщIэдзауэ ноби дызэролъытэ, IуэхукIи дызэрощIэ.
- Iэпщацэ и лIэужь
- — Вадим, Псыгуэнсу дэс фи лIакъуэм щыщу хэт сымэ я цIэ фIыкIэ къипIуэнт?
- — Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм къыщыщIэддзэнщи, Iэпщацэхэ Хъусен, Едыдж, Жамбот, Хьидэ сымэ, зэкъуэш бынхэу Мухьэмэдрэ Хьэбыжрэ, нэгъуэщIхэри ящыщщ лэжьакIуэшхуэу щытахэм, Псыгуэнсу къуажэм щызэхэта колхозым я къару щымысхьу хэтахэм. Языныкъуэхэр зауэм хэкIуэдащ, мыдрейхэр, къэкIуэжа иужькIэ, дунейм ехыжащ. Дэ нэхъ тпэгъунэгъу зэманымкIэ къедгъэзэкIыжынщи, Iэпщацэхэ Хьэзрэт, Хьэту, Къэралбий сымэ зи цIэ фIыкIэ къиIуапхъэхэм ящыщу къалъытэ. ИтIанэ, бзылъхугъэхэм я гугъу тщIымэ, Iэпщацэхэ дыкъэзылъхужахэу, Хьэбыхунэ, ТIыкъыху, Чэмилэт, Мадинэ, Томэ, Лолэ, Нурэ сымэ — мис абыхэми я гъащIэр колхозым щахьащ.
- — Аушыджэр дэс Iэпщацэхэ ехьэлIауэ сыт пхужыIэн?
- — А къуажэм зауэм ипэкIэ, пщIэрэ щхьэрэ яIэу, нэхъ лэжьакIуэшхуэ дыдэу дэсахэм хабжэ Iэпщацэхэ Ахьмэдрэ ШутIэрэ — зэкъуэшитIым я бынхэр. КъищынэмыщIауэ, Iэпщацэ ТIутIэ. Зауэ нэужь лъэхъэнэм абыхэм къащIэхъуэжа я бынхэм ящыщу, Iэпщацэ Назир, Башир, Лиуан, Iэниуар, Толэ (мыр нэхъ яужьыIуэкIэщ) сымэ. Ахэри еш зымыщIэт. Зэгуэр а къуажэм сыщыщIэупщIат: «ЛэжьакIуэшхуэу фи жылэм дэсахэр хэт сымэ?» — жысIэри. Арати, зы цIыхубз гуэрым, а жылэм къыщекIуэкIахэм фIыуэ хэзыщIыкIым, псом япэу зи цIэ къриIуар Iэпщацэ Лорэщ, «зы лэжьакIуэжь ди къуажэм дэсамэ, ар етIуанэщ» псалъэхэмкIи щIигъэбыдэжу, хуабжьу къысхущытхъуауэ щытащ. МыдэкIэ, Iэпщацэхэ Хьэлимэт, Дахэ, Гуащэнащхъуэ сымэ — ахэри ящыщщ Аушыджэр колхозыр, зэрыжаIэщи, «пщэпкъкIэ» къезылъэфэкIахэм.
- Иужьрей псалъэ
- Лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, игъуэта зыужьыныгъэр блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэзыпхщ. Ауэ щыхъукIи, дэ къызэрытлъытэмкIэ, дэтхэнэ цIыхуми и къалэнщ къызытехъукIа и адэжьхэм я пщIэр, я нэмысыр и иджырей дуней тетыкIэмкIэ имыгъэулъииным, щIэблэщIэм гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдилъхьэным, зэрыхузэфIэкIкIэ, хущIэкъун хуейуэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.