Мэуэтхэр
2019-08-22
- КъаныкъуэАнфисэ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр.
- ПэщIэдзэр №№ 94, 96, 97, 98, 99-хэм итщ).
- Зи Iэзи лъэр зэщIэпха бзылъхугъэр щIыунэ щIыIэжьым ирадзэри, и лъэр къыщIэмыувэжыху, цIыхухъуищым зэIэпахыурэ яубэрэжьащ. А псоми кIэлъыплъу лъэныкъуэкIэ щыта дэрдэ-ней дзэпщым игъэщIагъуэрт нэрыбгейм зы «Iыхь» жимыIэу, ерыщу зэрызиIыгъыр. Дауи, ущыцIыхукIэ, апхуэдиз удыныр къомыузу къанэркъым, ауэ Удынэ хуейтэкъым зэрыпхъуакIуэхэм я гур къытезэгъэну, и щIыхьыр зэрыхаутар, и напэр зэрытрахар, абы гумащIэ зэрищIар къаригъэщIэнуи, и зы нэпс къудами яригъэлъэгъуакъым, и зы щэIу макъи зэхригъэхакъым. ЛIищыр ешу къэувыIэжа нэужь, ахэр щIигъэкIыжри, зи нэ дахитIыр щIилъафэу щIы пцIанэм щылъ нэрыбгейр дзэзешэм къызэфIигъэтIысхьащ, блы-ным кIэрыгъэщIауэ.
- — БжесIатэкъэ, лей зызумыгъэх жысIэри! ХэкIуэдэжа къэралыгъуэ нэпцIым щхьэкIэ апхуэдиз удын щхьэ пшэчрэ? СощIэ, фи пщым и псэр Iуту лъэпкъыр зэгъэнукъым, гува-щIэхами, зыкъаIэтынущ. Ауэ Мэуэтейр яхьэхуакIэщ икIи мы щIыналъэм зыпщщ иIэн хуейр. Ар Ахейщ. Лейуэ лъэпкъым илъ думыгъэгъажэ. ЖыIэ Тыуар здэщыIэри, мэуэтхэр хуиту гъэпсэу! — жиIащ Еней.
- Удынэ кърадза удын хьэлъэхэм къарууншэ ящIауэ, жейм кIуэцIрыщэтырт. Абы дэрдэней дзэзешэм къив къомыр зэхихыжыртэкъым, и тхьэкIумэр вуурт, зэщIэкIэзызэрт, и гур Iэпихырт. Арами, «моуэ зыкъегъэзых» жыхуиIэу, и щхьэр ищIащ. Еней и гугъащ нэрыбгейм узыр хуэмышэчыжу и бзэр къитIэтауэ, Тыуар и хэщIапIэм къыхуиIуэтэну хьэзыру. Ауэ зыщригъэзыхым, Удынэ къарууэ къыхуэнэжар зэхуихьэсри, лъымрэ Iупсымрэ зэхэзэрыхьыжауэ, къежэхыу, дэрдэней дзэзешэм и нэкIум иубжьытхащ. Бзылъхугъэм щысхьыурэ алъандэм зызышыIа Еней къызэкIуэкIауэ зыкъишэщIри, пщащэм и нэгум иуащ. Удынэ ещэтэкIащ, мэхауэ.
- ЩIыналъэр «къызэрихьэхуар» игъэлъапIэу, Ахей ефэ-ешхэ зэхиублауэ фадэ Iэнэр хузэблахырт. Дэрдэнейхэм я дыхьэшх макъымрэ къызыдэфэ макъамэмрэ джэрпэджэжу щIыунэмкIэ щыIужырт. Куэдрэ жея, мащIэрэ щылъа, Удынэ зэгуэр зыкъищIэжащ. Абы и Iэпкълъэпкъыр апхуэдизкIэ хьэлъэти, бдзапцIэм хагъэжыхьам хуэ-дэу, зыхуэгъэхъейртэкъым. Щаубэрэжьым щыгъуэ апхуэдэ дыдэу къехьэлъэкIатэкъым, ауэ иджыпсту зэщIэбэгарэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ и Iэпкълъэпкъым лъы щызэхуихусауэ, къарууншэ дыдэу щылът нэрыбгейр.
- Гъуэтэрымэ хьэлъэ къызыщIих щIыунэ псыIэр къэзыгъэнэхур пырхъуэ блыным фIэдза мафIэрат. Ар зэм гуащIэу къызэщIэнэрт, зэм, мэужьыхыпэ иджы щыжыпIэм, «сырхъ» жиIэу, хъуаскIэ хэлъэтырти, нэхушхуэ къэхъужырт. А мафIэр моуэ гъунэгъуу иIэу, абы и хуабэм зригъэуатэмэ, Удынэ нэхъыфI къэхъужыну пIэрэт? Хьэмэрэ и Iэпкълъэпкъым и кIыхьагъкIэ щызэхуихуса лъыр къыщимыудын папщIэ, щIы щIыIэтыIэм зэрытелъыр нэхъыфI?!
- А псори щIишэчыжыр сыт? Зыхуэпэжыр хэт? Лъэпкъра, мэуэтыпщра, хьэмэрэ ар нэрыбгей хьэл? Сыт мыхьэнэуэ хэлъар нэрыбгейхэм къызэрагъэпэща къэралыгъуэм? Илъэс миным къриубыдэу яукIыжа я щIалэ цIыкIухэр яIэжатэмэ, бзылъхугъэ къызэрыгуэкIыу, лъэпкъгъэбагъуэу псэужатэмэ, лъэпкъыр нэхъ лъэщ хъунт, нэхъыбэ къызэрыгъэхъунт… Зауэ-банэм пыщIауэрэ нэрыбгейхэм я гъащIэр блокI, цIыхур къызыхуигъэщIа гурыщIэ къабзэхэм, лъагъуныгъэм, унагъуэм, хуабагъэм пэIэщIэу. Уи щхьэм уэрдыхъу фIэбукIэжауэ упсэуным сыт и мыхьэнэр? ГъащIэм и IэфIым зыщIыхэбна уи къалэным упэрытурэ кIуэдыжыгъуэр къэсмэ, мис мыпхуэдэу, бийр къыптеуэрэ уи лъа-хэр ирилъэсыкIмэ… Сыт и мыхьэнэр? ЩIэблэншэу, лъэпкъыншэу, адэ-анэншэу, зыми ущымыщу, зыри къомыжьэу, зыми уимыгъеижыну. Хэт а псори къэзыгупсысар, хэт ар захуагъэу жызыIар?! Удынэ и щхьэм упщIэ куэд щыуфэразэрт. ГъащIэм къригъэкIэрэхъуэкIыжатэмэ, лъхуэрэ-пIэуэ, пщафIэу, жьыщIэу, тхьэщIэу, пхъанкIэу, псынэм кIуэрэ кхъуэщынкIэ псы къабзэ къихьу, зэпитхьэщIыхьу игъэгъуэлъыжа цIыкIухэм я щхьэфэм щабэу Iэ дилъэу, къакIэрих мэ IэфIым епэму, зекIуэ ежьа и лIым пэплъэу, и гур игъэфIу, псэунут. Ауэ нэрыбгейхэм зыри къеупщIыркъым, хэплъэ-хэди ирагъэщIыркъым. Нэрыбгей укъилъхуамэ, уэри а лъагъуэм урикIуэнущ. Зыгуэр къыбгурыIуэ хъуакъэ — зэрыджэгу хьэпшып щыIэу умыщIэххэу, шабзэр, джатэр, кIапсэр къыпIэщIалъхьэ, шым уагъэшэс, анэшхуэ куэщIым уису уагъафIэу уапIыным и пIэкIэ. КIэпхъым хуэдэу жыгым удэпщейуэ, блэм хуэдэу пабжьэм укIэщIэпщу, мыщэм хуэдэу укъарууфIэу, джэдум хуэдэу ущабэрыкIуэу, шым хуэдэу ужэру, зыми хуэмыдэжу убэшэчу уагъэсэнущ, ауэ бзылъхугъэ Iэщабэ- Iущабэу узэрыщытыным теухуауэ зыми зыри къыбжиIэнукъым.
- Мис иджыпсту, псалъэм папщIэ, щэхуу и гум щегъафIэ гурыщIэ нэху. Удынэ и гъащIэ фагъуэм, щIыIэм, гущIэгъуншэм къыхыхьащ и хъуэпсапIэ хъуа цIыхухъуи, и гур утIыпщауэ псэуфыркъым, и лъагъуныгъэм щIэзэуфыркъым, и гум илъыр къиIуэтэфыркъым. Нэрыбгейуэ къалъхуащ, нэгъуэщI гъащIэ ицIыхуркъыми, щошынэ а и гурылъми. ИкIи уимыкI, икIи уимыс жыхуиIэракъэ, и нобэр IэщIыб ищIыфыркъым, и пщэдейри фIэIэфIкъым…
- Удынэ и узыр щхьэщызылъэщIыкIа гупсысэхэм къыхишащ Iэуэлъауэ макъым. Хьэпсым и гъущI бжыхьым зыгуэр къыбгъэдохьэ, зиудыгъуурэ. Удынэ зыри къыфIэIуэхужтэкъым, ар хьэзырт и гъащIэ мыхьэнэншэр ажалым тыхь хуищIынуи, еплъэкIыххакъым.
- — Удынэ! Удынэ, сызэхэпхрэ? — зэхэпх къудейуэ къэIуащ ицIыхуу къыщыхъуа макъ.
- ЩIым щылъ нэрыбгейм и щхьэр хуэму ирихьэкIащ гъущI бжыхь зэхуакум къыдэплъу щытым дежкIэ. КIыфIщи, пщащэм илъагъу щыIэкъым, и жьэ пхъэбгъури хуэгъэхъейкъым.
- — М-м-м… — лъым зэтригъэпщIа и Iупэр зэтритхъыфыртэкъыми, гурымащ нэрыбгейр.
- — Мыдэ къызэдаIуэ. Ахей жэщгъуэлъ уриджэнущ. Къарууншэ ухъуащи, уи щIыхьыр хиутэну яужь ихьэнущ. Ауэ, уи лъэр къыбдэбзыжыххэмэ, лей зытумыгъэхьэ, — жиIэри, хьэнтхупс шынакъ къыщIигъэлъэдащ бжыхь лъабжьэмкIэ.
- — Ухэт?
- — Дэрдэнеипщыр лъы фIейщ, хьэщхьэвылъэщ. Ар увыIэнукъым, зыхуейр зыIэримыгъэхьауэ. Пэшым и щхьэгъубжэм кIапсэ дэздзащ, и лъабжьэм нэхъ жэр дыдэу къысхуэгъуэта шыр щытщ, уи щхьэр дэх мы быдапIэм! НыпкIэлъыпхъэрIамэ, къызэтезгъэувыIэнщ. КIэбгъулъ кIуэцIрыкI, укъызэмыплъэкIыу, — Iущащэрт къыIухьар.
- — Ухэт, жысIакъэ?! — Удынэ зэхихам апхуэдизкIэ къриуIэбжьащи, зыкъиIэтыну къоIэ.
- БыдапIэм мэуэт къыдэнэжакъым, ауэ щыхъукIэ, мыр — бийщ. Нэрыбгейм къыгурыIуэркъым бийр къыщIыдэIэпыкъур.
- Удынэ гугъу ехьыпэу къызэфIэуващ, и лъэр щIэщэт, щIэщэту.
- — Уэращ сызэпсалъэр! Ухэт? — и лъэр хуэм дыдэу зэблихыурэ, гъущI бжыхьымкIэ кIуэтащ Удынэ, Iэбэрабэу.
- МыцIыхум, икIуэтурэ, зигъэбзэхыжащ, нэрыбгейм и упщIэм жэуап иримытыжу. Удынэ и щхьэр икъутэжырт, абы и макъыр щызэхихар къыхуэмыщIэжу. Мо кIыфIым, гу лъимытэу, пщащэр елъэпауэри, пхъэ шынакъыр лъэныкъуэкIэ ирихуэкIащ. Абдеж къэIуащ гъущI зу макъ — шынакъым зы-гуэр илъауэ арагъэнущ. ЩызукIэ, гъущIщ… Зы гъущI кIапэ фIэкIа имыIами, хуэукIынущ абы Ахей. Аращи, нэрыбгейм хьэ лъакъуиплIу къипщыхьу мэлъыхъуэ мыцIыхум къыхуихьам… Абы и щхьэ егъэзыхар мауэ, и нэпкъыр къихуным хуэдэу мэуз, ауэ и Iэбжьанэхэм ятIэр дэнэжауэ, мывэ лъэгу пцIанэр къеIэбэрэбыхь, хьэнтхъупсым хэлъу къыхуахьа, къэзууар зэрыIэщэ лIэужьыгъуэр къыгурыIуащи.
- Иужьым къыIэрохьэ… Пэжщ, ар нэрыбгейхэм я щхьэцыр иризэщIакъуэу зэрахьэ гъущI хьэпшыпщ, дыдым хуэдэу папцIэу. Щхьэцым щыхэлъым деж ар зэрыIэщэр къыпхуэмыщIэну и кIапэм къуалэбзу цIыкIу тесщ. Джати, къами, сэ кIэщIи, шабзи, зыри къызыIэщIэмынэжа фызшум ар игъэлъатэрт, е бийр зытригъэгушхуэрти, и щхьэцым хэлъ гъущI кIапэмкIэ къебгъэрыкIуам и лIапIэ техуэу зэ еуэрти, арат и пIалъэр. IэгупIэ хуэдиз хъу бзылъхугъэ Iэмэпсымэр Удынэ и щхьэц Iувым тынш дэдэу хигъэпщкIуэфынущ.
- Дэрдэнейхэр щыгъуазэкъым нэрыбгей щэхухэм. Щхьэцхэлъхьэм и хъыбар зыщIэу быдапIэм зы мэуэт къыщыдэмынакIэ, къыдэIэпыкъур хуиту щIыунэм щехыфакIэ, ар икIи мэуэтщ икIи дэрдэнейщ. ИтIанэщ Удынэ къыщыгурыIуар — тIасхъэщIэхщ нетIэ къепсэлъар. Ар дэрдэней къумалмэ, щхьэ къыдэIэпыкъурэ?
- Нэрыбгейр къыдэскIащ жыжьэу къэIуа лъэ макъым. Удынэ къыхуахьа Iэщэ бзаджэр псынщIэу и щхьэц къэбэтам хигъэзэгъащ, къемыщэтэхын, къыхэмыщын хуэдэу. Асыхьэтуи и IитIыр едзыхауэ, и напIэр ехьэхауэ утыкум иуващ.
- — УзэфIэти! — игъэщIэгъуащ Еней. — Укъэтэджыжын си гугъакъым. Бзылъхугъэхэм апхуэдиз лIыгъэрэ ерыщагърэ фхэлъмэ, фи цIыхухъухэр сыт хуэдэ?!
- — Бгъэунэхунщ ари, умыпIащIэ, — и дзэ зэтекъузахэм къыдэпсэлъыкIащ Удынэ.
- — Тлъагъумэ, тIуэтэжынщ, — щыдыхьэшхащ абы дэрдэней дзэзешэр. — Нежьэ.
- Хьэлъкъыр Iуихри, гъущI бжыхьыр IуигъэузэщIыкIащ Еней:
- — Ди пщыр къыпхуейщ.
- — Хуеймэ, занщIэу среукI, зы псалъэ къызжьэдишынукъым. И зэманыр лейуэ иремыгъэкIуэд хьэIуцыдзым, — зригъэнащ Удынэ.
- — УиукIынущ, дауи. Нежьэ.
- Удынэ и щхьэр ирихьэхри, хэщэтIыкIащ, и гугъэр гъащIэм хихыжа, Псатхьэ къыхуиуха ажалымкIэ арэзы нэхъей. ЕщIэкъуауэу, и лъакъуэр илъэфу, и лъэр щIэхуурэ, быдапIэм и ещанэ къатым драшеящ нэрыбгейр. Пырхъуэ блыным фIэдза мафIэм и нэхур къытехьэлъэрт щIыунэ кIыфIым зи нэр еса пщащэм. Хуэм зыщищIкIэ, и щIыбымкIэ бжыкI папцIэмкIэ къыкIуэцIыпыджэу зы зауэлI зэгуэудыгъуэ и ужьым итти, Удынэ лъэкIамэ и губжьыр абы трикъутэнут. Ауэ тэмакъкIыхьмэ, нэхъыфIт. Иригъэнэхын хуейт ари, зэщакIуэм деж нэсын папщIэ.
- Ахей игъуэлъыкIауэ, джащIэу щылът. Абы ищIэр имыщIэжу чэф иIэтэкъым, ауэ зыгъэгушхуэн гуэри зэрыпкърытыр нэрылъагъуу игурэ и щхьэрэ зэтелът. КъыхущIагъэувауэ утыкум ит нэрыбгейм хуэму бгъэдэкIуатэри, шагъыр плъыжьыр зэрыт кумбыгъэр хуишиящ.
- — Убыд мыр! — жиIэри.
- Удынэ и щIыфэм сэкъатыншэу зы IэпапIэ имыIэжми, и щхьэр Iэтауэ, зэрыпагэу дэрдэнеипщым и пащхьэм итщ.
- — Убыд жысIа! — и макъым зригъэIэтащ Ахей.
- Нэрыбгейм ирах залымыгъэр зэрыфIэмыфIыр игъэлъагъуэу и напIэр хишри, къыIэщIихащ пщым къыхуишия фадэр. Пщащэр къарууншэ хъуащи, и Iэр мэкIэзыз, шагъырыр кумбыгъэм къежэхыу. Абы гу лъызыта алыджыпщри нэрыбгейм къыщIэнакIэу подыхьэшхыкI. А щIэщхъур дэрдэнеипщым къызэрыдилъэгъуам и гур хигъэщIауэ нэрыбгейм «пыхь» макъыр къыжьэдэхуащ, зыхуэмыIыгъыжу. И нащхъуэ дахитIым нэпсыр къытелъэдащи, ерагъыу зегъэбыдэ, къримыгъэщэтэхыну. Удынэ и жьэпкъыпэр пыкIэзызыхьу Ахей хуеплъэкIащ:
- — Мы си IэпщитIым зы къару мащIэ щIэлъыжу укъызихьэлIатэмэ, уи псэфылъэр хэстхъэнт! — жиIэри.
- — Плъагъурэ? Уи гугъат зэи уи лъэр щIэмыхуну! — ину дыхьэшхащ Ахей. — Иджы уэзгъэлъагъунщ уэ пхуэдэ куэпэчхэм иращIэр.
- И гум илъ бзаджагъэр и нэгу гущыкIыгъуэм кърихырт абы. Чэфынэ щIилъафэхэр зи ныбжьым зыкIи къемыкIуж пщыжьыр зэIурыбзаерт, и нэкIущхьэр къызэщIэплъауэ. Ахей и ныбжьыр хэкIуэтами, и лъэр зэрыжаныр игъэлъэгъуэну хуейуэ арагъэнт, джатэжьейр кърипхъуэту, Удынэ и Iэр зэрапха кIапсэр щIызэпигъэхуар. И гъащIэм зы делагъэ илэжьамэ, мыр етIуанэт. Бжэм адэкIэ хъумакIуэхэр щытщ, пщащэр къарууншэщ, Iэщэ IэщIэлъкъым. Узыхуейр ещIэ!
- — Iэпэ къысхуэхьи еплъ! — и нэпсыр къещэтэхащ Удынэ, хуэмыубыду.
- КIапсэм зэприхулыкIа и Iэпщэхэр ундэрэбжьауэ, пэж дыдэу, къедэIуэжыртэкъым, игу ирилъхьари къехъулIэнрэ къемыхъулIэнрэ ищIэртэкъым. ЛIы хъурей гущыкIыгъуэм и Iупэ псыфыр къылъэIэсмэ, илIыкIыну къыщыхъурт абы. Удынэ и пщэм губгъэнымрэ губжьымрэ къыщIэгъуэлъхьауэ игъэбауэртэкъым. И бгъэр къызэгуитхъыным хуэдэу къеныкъуэкъурт, зишхыхьыжырт и гум.
- Ахей къапхъуэщ, Удынэ и Iэблэ лъэныкъуэр иубыдри, хэIубауэ гъуэлъыпIэм иридзащ. Нэрыбгейм гужьеяуэ зыкъыщигъазэм, Ахей и пкъы хьэлъэмкIэ зыкъытригъэщIащ, Удынэ жьы къыпиубыду хипIытIэу.
- — Уи нэгур зэхэх, дахэ! — лей кIэрылъыр къехьэлъэкIыу хэпырхъащ Ахей.
- Удынэ абы и нэгум иплъэну хуэ-мейуэ и нэр иуфIыцIауэ, и щхьэр зэрихьэрт. ИкIи зыкъыIэщIимыудыфу, зылъимыгъэIэсынуи лъэмыкIыу. Iэ лъэныкъуэкIэ зыкъытриIэтыкIыу, адреймкIэ и джанэкIэр иIэтыху, Удынэ и щхьэцым хигъэпщкIуа гъущI кIапэр къыхипхъуэтщ, и Iэпкълъэпкъым гуащIэу къыхэнэжа мащIэ тIэкIур хилъхьэри, дэрдэнеипщым къэхъур къыгурымыIуэ щIыкIэ, и нэзэрыхьэм хуэзэу хигъэтIысхьащ. Пщыжьым и жьэр Iурыхущ, и нэр къипкIыным хуэдэу къыщихури, и натIэ лъынтхуэ-хэр къытридзащ. Зы «быхъ» хужымыIэжуи, Ахей зэшэзэпIэу къызэфIэлIащ и щхьэ хъурыфэр нэрыбгейм и бгъэ лъагэм хэIубауэ.
- Хэт и гугъэнт апхуэдиз зауэ гуащIэм къела лIы хахуэм и ажалыр зи гущIыIу кIуа бзылъхугъэм IэщIэлъу!
- Удынэ и лъэр зэщIэзыгъэна узым зыкъыIэщIимытхъыжу хъунутэкъым. Хьэпсым къыщепсэлъа мыцIыхум зэрыжиIамкIэ, щхьэгъубжэ лъабжьэм шы щIэтщ. Пщы хьэдэм ерагъыу къыкIэщIэпщри, нэрыбгейм и лъэр зыгуэрурэ нихьэсащ щхьэгъубжэм. Ар зэIуидзу, хьэуа къабзэ Iубыгъуэ къыIурыуа нэужь, пщащэр нэхъ жан къэхъужащ, къару къыхэзылъхьэ гуащIэ гуэр и лъынтхуэхэм ирижэу Iэпкълъэпкъым зриубгъуам хуэдэу. Пэж дыдэуи, мафIэ убыдыпIэм епхауэ кIапсэ дэдзат щхьэгъубжэмкIэ. ХъумакIуэхэм щIэщхъу къазэрыщыщIар я щхьэм нэмыс щIыкIэ зигъэкIуэдын хуейт Удынэ.
- И Iэпкълъэпкъыр лъагапIэм кIапсэкIэ кърихьэхыну зи Iэпщэм къару хэмылъыж нэрыбгейм и IэгуитIыр къэплъарэ и фэр трилъэфауэ щIым щынэсым, гъунэгъу дыдэу къыщыт шы къарэр къэпырхъащ. ШыплIэм телъ щIакIуэ фIыцIэ пIащIэр зэтриубгъуэщ, дыгъужьыфэ кусэ зыIуда щхьэрхъуэн быхъур и щхьэм къыфIилъхьэжри, Удынэ шым елъэдэкъэуащ.
- ЩIыбымкIэ зэрыгъэкIий макъ къыщыIум, пщым и хъумакIуэхэр къыдэплъащ шыуаныкъу* щхьэгъубжэм. БыдапIэм дэлъэту кIыфIым хэгъуэщэжа шы къарэм кIэлъыпхъэрыну чэфыжьынэ гуп зэрызехьэрт. ХъумакIуэхэм занщIэу къагурыIуакъым къэхъуар, ауэ зызэщIапхъуэту пщы лэгъунэбжэр зэIуадза нэужь, я щхьэм нэсауэ аращ зэхакъутауэ ягугъа нэ-рыбгей тхьэIухудым дэрдэнеипщыр къиукIыу зэрыщIэпхъуэжар.
- Мэуэтхэм хуэдэу зыми яцIыхуркъым а мэз Iувхэр. Дэрдэнейхэм я ужьыху* нэхъ Iэзэ дыдэр нэрыбгейм и ужь ирагъэувами, зыри лъэщIэмыхьэну, яIэщIэкIыфыну къыщыхъужырт езы Удынэ.
- Мастэпылъэ*
- Лъэпкъым и зэхуэдэ хьэлъэр зэдаIэтыну тэрэуэтхэмрэ агъырейхэмрэ я зэпылъыпIэм къыщызэхуэсат дзэшхуэ. Абыхэм щындхэмрэ арыкъейхэмрэ къахыхьэжу, КIэбгъулъ мэзым щепсыха мэуэтыдзэм щIыгъуу дэрдэнейхэм теуэу, я къалащхьэр зыIэрагъэхьэжыну арат я гугъэр.
- Алыджхэр хуэхьэзырт абыи, мывэ къалэр зытет лъагапIэм къеухыурэ мэуэтыдзэр зэтракъутэным щыгугъыу, мывэгъэлъатэхэр къагъэхьэзырауэ пэплъэрт мэуэтыдзэм.
- Дауи, Еней щIэхъуэпсырт мы зауэм лIыгъэ щызэрихьэу, пщIэрэ щIыхьрэ къыщилэжьыну. Ауэ абы и гугъакъым апхуэдэу псынщIэу бжьыпэр иубыдыну, и къулыкъукIэ дэкIуэтеину.
- Къуэм и къалэныр арати, и адэр игъеижащ Еней. Хэт ищIэрэ абы игъея дыдэр сытми, хэтми… И щхьэ, Ахей пщIэ къыхуимыщIу, гу къылъимытэу, адэ хуэдэу къыхущымыту зэрызэфIэкIуэдам щхьэкIэ? Хьэмэрэ, Ахей, зэман гущIэгъуншэм залым зэрищIам, псэхугъуэрэ тыншыгъуэрэ зэримылъэгъуам, и хъуэпсапIэ нэхъ IэфI дыдэр къызэремыхъулIам щхьэкIэ? Дауэ мыхъуами, адэм и Iуэхум пыщэн, абы нэхърэ зэрымынэхъ тIасхъэр, и къарур здынэсыр, пщы къулыкъур зэрыхуэфащэр игъэлъэгъуэн хуейти, Еней и бгыр щIикъузэри, утыкум, хуит хуэхъуауэ, къихьащ.
- ЗэрыжаIэу, щхьэри лъакъуэри къыхуэнат щIалэщIэм. Еней и къару илъыгъуэт, и фIыгъуэ дыдэт. А ныбжьым итущ Ахеи пщыгъуэр къыщы-лъысауэ щытар. Ари щытащ лIы хахуэу, пщIэ къыхуащIу, фIым щIэхъуэпсу. ГъащIэращ, апхуэдиз за-уэ бжыгъэншэхэмрэ лъымрэщ пщыжьыр гу быдэ, пхъашэ зыщIар… Адэр къыхуэгущIыIэу къэгъуэгурыкIуами, Еней зэман гущIэгъуншэр игъэкъуаншэмэ нэхъ къищтэрт, зи гъащIэр пщыгъуэм тыхь хуэзыщIа, апхуэдиз илъэскIэ унафэр зыIэщIэлъа и адэм и цIэр игъэулъий нэхърэ.
- Еней фIыуэ къыгурыIуэжырт и адэм зэрырагъэпщэнур, ар щапхъэу къызэрыхуахьынур. Аращи, Ахей хуэфэщэн къупщхьэу зыкъигъэлъэгъуэн хуейщ. Ауэ щыхъукIэ, икIуэтрэ шынэрэ жыхуаIэр зыщегъэгъупщэ дзэпщым. ПщыщIэм. ТемыкIуэну и нэгу къыхущIэгъэхьэркъым алыджыкъуэм.
- * * *
- Нэрыбгей удыжьым ажал гъуэгуанэм къытришыжу къызригъэгъэ-зэжа мэуэтыпщым и фэ пыкIамкIэ гурыIуэгъуэт и гуащIэр хуэм-хуэмурэ зэрыкIуэщIыр. Тхъугъэ мащIэ зыхи-дза и щхьэц фIыцIэ Iувыр фагъуэ хъуами, и нэщIащэр куууэ ищэтами, и Iупэр IурыгъущIыкIами, мэуэтхэм икIуэт ящIэркъым. И псэр пытуи джатэр ирихьэхынукъым Тыуар. Хамэхьэ къихьэри, унэхьэр ирихущ жыхуаIэу, биидзэм хэкур иубыдащи, ар къыIэщIихыжынущ мэуэтыпщым. Къарууншэ хъуа лIыку зэIэщIэлъым къыгурыIуэжыркъым сыт хуэдэ гукъыдэжым къызэщIиIэтауэ, и Iэпкълъэпкъыр уардэу иригъэIыгъми…
- ШууеитIыр къызэщIэуша мэзым щIэтщ, зэрыпIащIэр нэрылъагъуми, иужькIэ зыхущIэмыхьэжынкIэ хъуну хъыбархэр зэхуаIуатэри:
- — СощIэж а махуэр… Мыбы ипэ дэрдэнейхэр къыттеуэу, Уэрыш Хахуэр щытфIэкIуэдар. Абы щыгъуэ дзэзешэу сыхэтащ мэуэтыдзэм. Пщыр и псэ еджэу телът, уIэгъэ хьэлъэхэр игъуэтауэ. ЛъэныкъуитIыр дызэрегъэзэшарэ зэхэуэр увыIауэ, жьыдэхупIэ къытхуихуауэ дызэхэтт. ТщIэнур сыт?! Пщыр лIэмэ, тхьэмахуэ ухуэмыщыгъуауэ нэгъуэщI хэпхыж хъунукъым. Дзэм гъуазэ имыIэуи, дауэ зауэм зэрыпыпщэнур?! Уэрыш хэпырхъэрт, гурыIуэгъуэт абы и псэр зэрыхэкIыр. СщIэркъым сэ ар къыщIысхуигъэфэщар… КъеувэкIауэ щхьэщытхэр зэкIэщIигъэкIуэтри, Iэ къысхуищIащ, сызришалIэу. Сыщыщхьэщыхьэм, и джатэр къысIэщIилъхьащ. Хэт илъэгъуа мэуэтым и джатэр е и шыр иту!!! АпхуэдизкIэ сыкъэуIэбжьати, си Iэр къисам хуэдэу, джатэ Iэпщэр сутIыпщыну сыхьэзырт. Ауэ Уэрыш си Iэр икъузащ: «ЗэтеукIэ зэрыщыту», — жиIэри. Сэ къысщыхъуащ абдеж Уэрыш и лъэпкъыр къызэщIикъуэу си Iэгум кърилъхьауэ. Хъумэн, гъэфIэн, гъэщIэрэщIэн хуей гуэр тыгъэ къысхуищIауэ. Апхуэдэу, мэуэтыдзэм къарууэ къытхэнэжар къызэщIэткъуэжри, дэрдэнейхэр етхужьэжауэ щытащ. Къысщыхъурт ди пщыжьым и псэр, абы лъэпкъым хуиIа лъагъуныгъэр къыттригуэшауэ. Армырамэ, дэнэ къитхат къыткъуэкIа гуащIэр?! — къарууншэ хъуа пщым щэху дыдэу къиIуэтэжырт Алэдамэ и адэм и кIуэдыкIар.
- — Жьыщхьэ махуэ ухъу, зиусхьэн, — пщыгъусэр хуэныкъуэт гукъыдэж къезытын апхуэдэ хъыбар гуэр.
- Вакъуэ адэм деж щыIэ щIалэр балигъыпIэ имыувауэ и адэ-анэр илъагъуртэкъым, я хъыбари ищIэртэкъым. Къэзылъхуахэр къыхуэтын, абыхэм хуэзэшын хуейуи ямыщIэу япIырт мэуэтыкъуэхэр. Ауэ Алэдамэ къыщыхъурт, дэнэкIэ къыщыщIимыдзами, и адэм и хъыбар имыщIэу къэгъуэгурыкIуами, уафэм къеплъыхыу зыгуэр къыдэIэпыкъуу нобэм къишэсауэ. Армырамэ, зеиншэу, щхьэхуимыту хым адрыщI къыщыхута пщыкъуэм щхьэ мыпхуэдэ щIыхь игъуэтыжа? ЩыIэ хъунщ мы гъащIэм захуагъэ, щхьэж хуэфэщэн зэригъуэтыж хабзэ гуэр.
- Иджыпстуи, Хахуэ цIэ лейр пымыту къамыпсэлъ Уэрыш пщыжьым теухуауэ псалъэ гуапэ зэрызэхихам Алэдамэ щыгуфIыкIырт щэхуу.
- — Уи адэ хуэфэщэн лIы хъыжьэу укъыщIэкIащ щIалэ мыцIыхур! Уи гъащIэр кIыхь ухъу, — пищащ Тыуар. — Сыхуейт Хьэтейм теухуауэ уи хъыбар гъэщIэгъуэнхэм сыщIэдэIуу, гъуэгум пкIэлъей еддзауэ, зекIуэ жьэгу пащ-хьэ сыпэрысыну. Лы гъэгъуар чы дзасэкIэ дгъажьэрэ, ху пIастэ диям тедубыдэу, абы и мэ гуакIуэр жьэдэтшэу, зы Iэнащхьэ дызэтешхыкIыу, пщыдэшхэ* уэзгъэщIыну.
- ЩIалэ Iущми къыгуроIуэ пщым а псалъэхэм къарихыр — нэхъыфIыжкIэ къызэрыщыгугъыр, дзыхь къызэрыхуищIыр, дамэгъуу къызэрыхуэныкъуэр.
- — Зиусхьэн! — Алэдамэ зэщIэувыIыкIри, и щхьэр ищIащ, мэзым къыщыщIэкIым.
- Тыуар къызэплъэкIмэ, нартыдзэр къэблэгъат…
- Дзэзешэхэм яхузэхуэгъэхъуртэ-къым мэуэтыпщыр мы щIыналъэхэм къызэрыщыхутар, ауэ а псори къатIэщIыну зэман яIэжтэкъым мэуэтхэм. ХъыбарегъащIэхэм зэIэпахам тепщIыхьмэ, дэрдэнейхэм псыхъуэр яубыдри, хуиту Аскъалэ къыдэтIысхьэжащ.
- * * *
- Удынэ щIэх-щIэхыурэ темэхыкIырти, зыкъыщищIэж закъуэтIакъуэхэм шым здынихьэсар къыгурымыIуащэу зиплъыхьырт. Пщэдджыжьыпэм ирихьэлIэу къаплъэри, шы къарэ есыр КIэбгъулъ и Iэшэлъашэм зэрыщыхъуакIуэр къыгурыIуащ. Шы джабэм кIэрыщIа фэндым псы иту къыщIэкIащ. Пщащэм и джий игъущIыкIам иужь дыдэу псы ткIуэпс щехар къыхуэщIэжыртэкъым. Фэндым псы изу итщ, къэлътмакъми гъуэмылэ тIэкIурэ хъыданыжьым кIуэцIышыхьа джатэжьейрэ илъщ. ПсэзыпылъхьэпIэ щихуам ар гулъытэншэ къэзымыщIар къыгурыIуэркъым иджыри.
- Абдежым нэрыбгейм и тхьэкIумэм къицырхъащ лъэ макъ. ЗэмыплъэкIыххэуи къыгурыIуащ абы шууей гуп къыкIэлъыпхъэрауэ и ужь зэритыр. Ар дауэ?! Нэсыпауэ малIэ жыхуаIэу, нэхъ шынагъуэ дыдэм къыIэщIэкIауэ, нэрыбгейхэм я нэхъ хахуэр ужьыхухэм яIэщIэкIуэдэжыну ара?! Ар зырикIщ, КIэбгъулъ къыщысакIэ, мэзыкум ит нэрыбгей быдапIэри къалъэгъуагъэнущ. Нэхъ шынагъуэжыращи, ужьыхухэм языхэзым игъэзэжрэ нэрыбгейхэм я хэщIапIэр къызэрахутар иIуэтэжмэ, дэрдэнеидзэр къызэрехьэжьэнущ. ИтIанэ, дэIэпыкъуэгъур къэмыс щIыкIэ, нэжьгъущIыдзэми Iисрафыр халъхьэнущ. ФIы къыхуищIэу къыщыхъуами, гъэрыпIэ къизыша мыцIыхум мы гупыр къыкIэлъиутIыпщауэ къыщIокI!
- — Сыту сыдела! Сыту сыдела! — Iущэщащ Удынэ.
- Иджыпсту абы хуэщIэнур зы закъуэт — ужьыхухэм гу ялъимыта хуэдэ зищIу, гъуэгу нэпцI тригъэувэныр, нэрыбгей быдапIэм нэхъ пэжыжьэу Iуишынырщ.
- Лы гъур ущэбам щыщ жьэдикIутэщ, псы трифыхьыжри, и къарур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ Удынэ ежьэжащ. Абы игу ирилъхьащ КIэбгъулъ щIэмыхьэу, къуэкIыпIэмкIэ иунэтIыну. Гува-щIэхами, зыкъызэкъуахынущ ужьыхухэм, къагурыIуэнущ гъуэгунэпцI зэрытрашар. Мис итIанэ Мэзытхьэм* зэрыжиIа хъунщ…
- Нэрыбгейхэм я псэр пытыху гугъэри хахынутэкъым, ауэ Удынэ быдэу и фIэщ хъурт ужьыхухэм псэууэ зэраIэщIэмыкIынур. Гъунэгъу зыкъыхуащIыну шынэми, зы шабзэшэ къаутIыпщмэ аращ… Ажал фIыцIэр къэблэгъарэ уаер щIакIуэу къришэкIми, Удынэ и нэгу щIэтыр, и гум илъыр зы закъуэщ — гурыщIэ щэху зыхуищIа цIыхухъум и нэгу дахэрщ. Аращ къару къезытри, гугъэ бзий пытхъахуэхэр и гум къыщызыгъэнэхури. Пщащэр мэгугъэ… Мэхъуапсэ… И гурыщIэхэм Алэдамэ къыпэджэжатэмэ…
- «Езыри къызэгупсысмэ-щэ?! Алэдамэ щыслъагъукIэ, си гур схуэмыубыдыжу зэрыщIэпхъуэм гу лъитауэ къыщIэкIынщ езыми. КъыумыщIапIэ иIэ, сыкъызэщIонэ, си натIэм псыр къекIуэу… Алъандэрэ къысхуэгущIыIэу, зыкIи зыкъызимыгъащIэу, зыкъызэкъуимыхыу зэрызишыIам щхьэусыгъуэ гуэр иIэ хъунщ. Си гъащIэм нэху, IэфI, гуапэ гуэр зэрыхэлъам и гугъу хуэзмыщIу дыкIуэдыжмэ-щэ?! Си щхьэ къэзгъэпцIэжрэ, псори сэ езым къэзгупсысыжауэ арамэ, иджыпступцIи нэщанэуапIэ сахурехъу си ужьым ит хьэщхьэвылъэхэм», — мэгупсысэ нэрыбгейр.
- — Аращ! ГъуэгузэхэкIыпIэ, пэжгъэнахуэ, гъэунэхупIэ ирехъу ар! — жиIэри, Удынэ зэщIэувыIыкIащ.
- Пэжу къыщIэкIынт нэрыбгейхэм жаIэр — лъагъуныгъэм уи лъэр зэрыщIихыр, къарууншэ узэрищIыр, мыхъумыщIагъэм узэрырихулIэр. Аращ абыхэм я гъэсэнхэр зэ зыдэгъуэлъа цIыхухъум етIуанэу щIыхуамыгъазэр. Лъагъуныгъэ хуамыщIын папщIэ. Дэтхэнэ зы нэрыбгейми и бгъэм гурыщIэ нэху щыблэу къэгъуэгурыкIуатэмэ, я къэралыгъуэр къахузэгъэпэщынтэкъым, яхуэхъумэжынтэкъым. Иджы мис, Удынэ делагъэ езыгъащIэр а гурыщIэращ — лъагъуныгъэрщ. Ироджэгу, пхъэидзэ ищIыжауэ. Ужьыхухэм иджыпсту къаукIмэ — зэфIэкIащ, Псатхьэм игу къыщIэгъурэ зы Iэмыр гуэркIэ къригъэлмэ — Алэдамэ фIыуэ къелъагъури, гъащIэ зэдаIэщ.
- — ФыкъыкъуэкI! СощIэ си ужь фызэритыр, — и макъым къызэрихькIэ джащ Удынэ, зыкъигъазэри.
- Iуащхьэ лъагэм толъкъун щхъуантIэу тегъуэлъхьа мэз Iувым джэрпэджэжу щыIуащ нэрыбгейм и макъыр. Пщэдджыжь дыгъэпсыр къыбдэджэгу хуэдэ, жыгыщхьэ баринэхэм къыхоплъри, зегъэпщкIуж, аргуэрыжьщи, уи дамащхьэм къытотIысхьэж.
- — ФыкъыкъуэкI! — нэхъ иныжу кIиящ ар.
- Аддэ жыжьэу, жыг къудамэм тес мэзджэд щхъуэкIэплъыкIэр щтэуэ щыхэлъэтым ирихьэлIэу, пабжьэ Iувым къыхэкIащ ужьыхур зи япэ ит дэрдэней гупыр.
- — Куэдщ ар… Гъуэгу нэпцIкIэ фызэрысшэр фощIэ, — щIакIуэ фIыцIэр и дамащхьэм иригъэщэтэхыу, и пщэм щызэрыдза кIапсэр итIэтащ нэрыбгейм, бауэ-бапщэу. — Куэдщ!
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- Псалъэгъэнахуэ
- *Шыуаныкъу — арочный проем
- *Ужьыху — следопыт
- *Мастэпылъэ — стрельба по мишени
- *Пщыдэшхэ — лIыгъэкIэ, акъылкIэ, зэфIэкIкIэ адрей зауэлIхэм къыхэжаныкIар пщым деж ирагъэблагъэрти, дагъашхэрт, пщIэ къыхуащIу
- *Мэзытхьэ — бог леса в адыгской мифологии