Нэхей Аслъэн: Сэ сытым дежи макъамэр си псэм хэлъщ
2019-08-22
- Урысей Федерацэм, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Кубанымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «Адыгейм и щIыхь» медалыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр, Адыгэ Республикэм и къэрал саугъэтхэр, Шостакович Дмитрий и цIэкIэ щыIэ саугъэтыр зыхуагъэфэща, Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм щыцIэрыIуэ композитор, АР-м къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» ансамблым и унафэщI Нэхей Аслъэн Къасым и къуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ. Ар 2018 гъэм и кIэухым дахэу, Iэтауэ щагъэлъэпIащ Адыгейм икIи абы теухуа концертхэр «Ислъэмейм» щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щитащ.
- Нэхейр, и адэжь хэкум и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым къыщацIыху. Ар цIэрыIуэ зыщIар, дауи, и IэщIагъэм хуиIэ Iэзагъырщ, уэрэджыIакIуэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэзащIэ оркестр, вокал макъамэ произведенэхэрщ. Аслъэн и цIэр адыгэ тхыдэм дыщэпскIэ хитхащ езым и Iэдакъэ къыщIэкIа Адыгейм и япэ лъэпкъ оперэмкIэ, абы къызэригъэпэща, нобэ щалъхуа щIыналъэр зэрыгушхуэ «Ислъэмей» ансамблымкIэ. Нэхейм и IуэхущIафэхэмкIэ лъэпкъ щэнхабзэм зрегъэужь, хэгъэгухэмрэ къэралхэмрэ хуаIэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъри ирегъэфIакIуэ, къыдэкIуэтей щIэблэр фIым, дахэм, гъуазджэм хуегъасэ…
- Апхуэдэ цIыху щэджащэм и юбилейр щхьэусыгъуэфI хъуащ, и цIэр къыщраIуэкIэ цIыхухэр щыту Iэгу зыхуеуэ Нэхей Аслъэн нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхунымкIэ. Мейкъуапэ сызэрыщыIэр, интервью къеIысхыну сызэрыхуейр щыжесIэм, и зэманыр зэпэубыда пэтми, къыдигъахуэри, абы си упщIэхэм жэуап къаритащ, гуапэу къызэпсэлъащ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ зэрилъагъур къызжиIащ.
- — Аслъэн, уи юбилей илъэсыр лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытам, Мейкъуапэ дэт къэрал филармонием абы и щIыхькIэ концерт ин зэрыщекIуэкIам и гугъу уэзгъэщIу ди зэпсэлъэныгъэр къыщIэддзэну сыхуейт. Къищы- нэмыщIауэ, сыт хуэдэ гупсысэхэр уиIэу урихьэлIа уи илъэс 75-м?
- — БлэкIа илъэсыр си дежкIэ, псом япэрауэ, лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ. «Ислъэмейм» и концерт Прагэ, Берлин, Москва, Адыгейм и районхэм, жылэхэм щекIуэкIащ. МакъамэщIэхэр стхыну сыхуейти, къызэхъулIащ. Ар гъэ къэси езгъэкIуэкI лэжьыгъэщ, си щхьэ Iуэхущ, си гуащIэщ. Ауэ юбилей илъэсыр къыщысым деж, уи гъащIэ псор зытебухуа Iуэхур уи щхьэ закъуэ, уи унагъуэ хуэпщIэжу щыщымыткIэ, цIыхухэм я пащхьэ къипхьэнкъэ?! А псори зыхэт юбилей концерт схуащIащ, УФ-м и Композиторхэм я союзым и унафэщIыр, Краснодар щIыналъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа хьэщIэхэр хэту.
- Сэ стхыр щIэстхыр адыгэхэращ, ди лъэпкъ профессиональнэ музыкэм зезгъэужьын щхьэкIэщ. А концертым утыку къыщисхьар иужьрей илъэси 5-м си Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэрщ. Псом хуэмыдэу иджыпсту ахэр бгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрей илъэси 10-м макъамэ «фагъуэ» куэд дунейм къытехьэ хъуащ. Музыкэ щIэныгъэ ямыIэу, абы хуемыджауэ уэрэдри макъамэри «зытхыфхэм» я бжыгъэм хохъуэ. «Едем, едем в соседнее село» уэрэдым хуэдэхэм цIыхухэм ягу къиуIащ. Абы ипкъ иткIэ, илъэситху блэкIар къызэщIэскъуэжри, куэд утыку къисхьащ, абыхэм ящыщщ си оперэм и концерт гъэзэщIэкIэр, «Нарт симфониер», нэгъуэщIхэри.
- Дэ зыкIи дынэхъ Iейкъым адрей лъэпкъхэм нэхърэ. ИкIи дылъэпкъ цIыкIукъым, сфIэфIкъым апхуэдэу щыжаIэм деж. Къэбэрдейм мелуан ныкъуэ исщ, дэ мин 200 дохъу, Тыркум, Сирием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм мелуаниблым щIигъу щопсэу. АтIэ дэ тхуэдэ лъэпкъым хуэфащэкъэ гъуазджэ нэс иIэну, и хъугъуэфIыгъуэхэм зригъэужьыну?! Сэ ЩэнхабзэмкIэ министерствэхэм сытым дежи яжызоIэ, композиторхэр, музыкантхэр, сурэтыщIхэр европэ мардэхэм изагъэу дгъэхьэзырын зэрыхуейр. Дэ ди мыгъуагъэр дызэрызэмыгугъужырщ. Псом хуэмыдэу, СССР-р лъэлъэжа нэужь, макъамэр, сурэт щIыныр, литературэр, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэри Iэпэдэгъэлэл тщIащ. Иджыпсту хэт сыт хуейми ищIэу аращ, усэ зытхыну хуейм етх, макъамэ зэхэзылъхьэну хуейм зэхелъхьэ, абыхэм я купщIэр зыми къилъытэркъым, аращи, цIыхур абы йосэ. Ди къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ къыдэкIуэтей щIэблэр нэхъыфIым хуэдунэтIыну, зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэм дадэлэжьэну.
- — Дэтхэнэ цIыху цIэрыIуэми хуэдэу, уэри уи сабиигъуэр къыщежьэр адэ-анэм, укъызыхэкIа унагъуэм я дежщ. Адыгэ къуажэ къыщыхъуа сабийр композитор цIэрыIуэ зэрыхъуам ущегупсыскIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым япэ макъамэр абы и щхьэм къызэрихьар, япэ IэдакъэщIэкIыр къызэригъэщIар. Сыхуейт музыкэм хуэпча япэ лъэбакъуэхэр зыхуэдамкIэ укъыддэгуэшэну.
- — Ар къызыхэкIар бжесIэфынукъым, ауэ си сабиигъуэм щегъэжьауэ творческэ цIыху сызэрыхъунур къызгурыIуэжырт. Теувэж районым хыхьэ Джыджыхьэблэщ сыкъыщыхъуар, бынунагъуэшхуэм сыкъыщалъхуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэм псори гугъуехьым хэта пэтми, сабиигъуэ насыпыфIэ сиIауэ къызолъытэ. Сыкъэзыухъуреихьу щыта цIыхухэм, къуажэ губгъуэм, мэзым, псыежэхым — псоми ягъэдэхащ си гъащIэр.
- ПэщIэдзэ классхэм сыщыщIэсым, фIыуэ седжэрт, макъамэм сегупсысыртэкъым иджыри, ауэ усэ стхырт. Гъатхэпэ мазэу, дерсым дыщIэсу, ди егъэджакIуэм дунейм и щIэрэщIэгъуэм теухуа тхыгъэ ттхыну къыдитат. Дерсыр иухыху щысащ си классэгъухэр, сэ дакъикъэ 20-м гъатхэм теухуа усэ адыгэбзэкIэ зэхэслъхьат. Иджыпсту абыхэм ухэплъэжмэ, усэ къызэрыгуэкIыущ къызэрыпщыхъунур, ауэ абы щыгъуэм а усэхэм си лъагъуэр яубзыхуащ. Сыт хуэдэ унэтIыныгъэ къыхэсхынуми сщIэртэкъым, ауэ творчествэм сызыIэпишэрт. ТIэкIу нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужь, уэрамым щагъэзащIэ, щызэхэсх макъамэхэм сыдахьэх хъуащ. Пэжыр жысIэнщи, нотэ зы-тIу нэхъ семыдаIуэу макъамэр зыхуэдэр къасщIэрт. Етхуанэ классым сыщIэсу, си къуэш нэхъыжьым тыгъэ лъапIэ къысхуищIат — гитарэ. Мис абы щегъэжьауэ музыканту зыкъэслъытэжат. Композитор сыхъуну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, ауэ сымузыкант бэлыхьу зыкъысщыхъужырт, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм сыкIуэурэ макъамэ Iэмэпсымэ псомкIи сыджэгуфу зезгъэсат. ИужькIэ, дзэм къулыкъу щысщIэну сраджа нэужь, си япэ уэрэдхэр абы щыстхащ.
- Армэ нэужьым музучилищэм сыщеджащ, абы щыгъуэм джазым сыдихьэхырт. Си насып къихьри, Адыгейм и музыкант нэхъ лъэрызехьэхэм садэлэжьэну Iэмал сиIащ: Шаповаловым, Меньшиным, Маркарьян, нэгъуэщIхэми. ИтIанэ ЩэнхабзэмкIэ институтым сыщIэтIысхьащ, сызыхуей псори къызэхъулIа хуэдэт, седжат, сылажьэрт, ауэ… 1978 гъэм нэхъыбэ сызэрыхуейр къызгурыIуэжри, Тбилиси къэрал консерваторэм сыкIуащ. Мис абдежщ къыщежьэр гъуазджэ нэхъ хэIэтыкIам щызиIэ ехъулIэныгъэхэр. Тбилиси консерваторэм сыщыщIэсым сегупсысауэ жыпIэ хъунущ: цIыхум, дэнэ лъэныкъуэкIэ имыунэтIами, езым и хъэтI, и лъагъуэ, и лэжьэкIэ иубзыхужын хуейщ. Сэ си Iуэхур, дауи, къыгуэхыпIэ имыIэу епхат сыкъызыхэкIа лъэпкъым, абы и тхыдэм, и бзэм. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ехьэжьауэ къалъытэ сыт хуэдэ классикэми лъэпкъ лъабжьэ иIэщ. Равель ирехъу, Бетховен, Моцарт… Сэ сыхуейтэкъым европей теплъэ си IэдакъэщIэкIхэм яIэну, абы къыхэкIыу, классикэ теплъэр къыхэсхри, абы иIэн хуей купщIэр сэ зэхэслъхьэжащ.
- — Аслъэн, усэ тхыныр, къафэ гъэувыныр зэчий зыбгъэдэлъ цIыхум дежкIэ тыншу, нэхъ къызэрыгуэкIыу къысщохъу. Макъамэ зэхэлъхьэныр — ар псалъэхэр зэбгъэкIун е лъэбакъуэкIэ тхыпхъэ пщIын хуейуэ аракъым, ар нэрымылъагъу телъыджэ гуэрщ. Гъуазджэм и дунейм щыпхыпша лъагъуэр тыншу щытауэ пхужыIэну, хьэмэрэ гугъу удехьа?
- — Гъуазджэм къыщыскIуа гъуэгуанэр тыншу щытакъым, ауэ сэ гугъуехьым иригъэкIуэтхэм зэи сащыщакъым. Творческэ къэлъыхъуэныгъэхэр сыщиIаи къэхъуащ, си гур щраудаи къысхуихуащ. ТхьэкIумэ зиIэ псори щымыдэIуэф, щызэхамых къохъу. Гъуазджэм и лIэужьыгъуэ нэхъ лъапIэу къалъытэхэр къызыгурымыIуэр куэдщ: симфоние оркестрым игъэзащIэ лэжьыгъэхэр, оперэхэр. Апхуэдиз къарурэ зэманрэ зытезгъэкIуадэу сызыхуеджа, зызыхуэзгъэса, си зэчий зыхэслъхьа Iуэхур — си макъамэр — цIыхухэм я пащхьэ щислъхьэм къызыгурымыIуаи къахэкIат… Сыт хуэдэ гурыщIэт сэ абы щыгъуэм сиIар? ЩIагъуэтэкъым. Ауэ срикIуащ си гъащIэ гъуэгум, къызэхъулIари къызэмыхъулIари иджы фолъагъу.
- Псалъэхэр рифмэу зэбгъэкIуфми, нотэхэр апхуэдэу дауэ зэрызэхэплъхьэнур жаIэу къызоупщI сэ куэдрэ. Пэжу, гугъущ ар икIи гуащIэшхуэ зэпхьэлIэ Iуэхущ. Сэ сытым дежи макъамэр си псэм хэлъщи, абы Iуэхур къысщегъэпсынщIэ. УщылажьэкIэ, зиужь уихьар зыбжанэрэ къыщиптхыкIыж щыIэщ, уигу нэмысу. Ауэ иныкъуэхэм деж сыхьэтитIри урикъунущ зы музыкэ произведенэ нэс птхын папщIэ. Сызэрыерыщым, си мурад зэзгъэхъулIэну зэрысфIэфIым къыхэкIыу, къафэмрэ уэрэдымкIэ «Ислъэмей» ансамблыр къызэзгъэпэщащ. Илъэс ныкъуэщ абы иужь сызэритар, иджы лIэщIыгъуэ плIанэ хъуауэ ари утыку итщ, си лъахэр, си лъэпкъыр игъэбжьыфIэу.
- — А ансамблым хуэдэ адыгэм иIэкъым. «Ислъэмейм» и концерт куэдрэ сеплъащ, Мейкъуапэ сыкъэкIуауэ, Налшык нэкIуауэ, уеблэмэ Израилым цIыху мини 5-м Iэгуауэ зэрыщыхуаIэтыр слъэгъуащ, адыгэхэм я мызакъуэу, хьэрыпхэми, журтхэми. Ар къызэрызэбгъэпэщрэ блэкIа илъэс 25-м къриубыдэу мы упщIэр куэдрэ къузэратар сщIэуэ, сэри сыноупщI: дауэ къызэбгъэпэща хъуат Адыгейм и напщIэ «Ислъэмейр»?
- — 1990 гъэхэм сэ Адыгэ Республикэм и Композиторхэм я союзым и тхьэмадэу сылажьэрт. Макъамэ куэду стхырт, Къэрал филармонием и музыкантхэм си IэдакъэщIэкIхэр ягъэзащIэрт. Лъэпкъ къафэмкIэ «Налмэс» къэрал академическэ ансамблыр езым и щхьэ Iуэху зэрихуэжу щхьэхуэ щыхъум, филармонием и унафэщIыр къызэлъэIуащ зы лъэпкъ ансамбль къызэдгъэпэщыну. Арэзы сыхъури, иужь сихьащ, ауэ сэ зэхэсшэну сызыхуейр цIыхухэм я нэгу зезыгъэужьын ансамбылтэкъым, атIэ адыгэ щэнхабзэм и зы Iыхьэ гъэщIэгъуэн — уэрэд IуэрыIуатэр къэзыгъэщIэрэщIэжын гупт.
- Макъамэ Iэмэпсымэ зыбжанэ фIэкIа димыIэу дыщызэхыхьамрэ нобэрей ансамблымрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. УэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, оркестрыр — нобэ ахэр зы гуп лъэрыхь хъуащ. Япэ дыдэу артистхэм ядэлэжьэн щыщIэздзам, сызыхуейр къызыгурымыIуи къахэкIащ, къапысхыну си мурадыр щызэхамыщIыкIи къэхъуащ. Сэ яхуэзгъэув къалэныр пхуэмыгъэзэщIэну къызыщыхъуи щыIэти, IукIыжаи къахэкIащ. Иджырей ансамблыр си псалъэр ныкъуэжыIэу къызыгурыIуэ, зэчий зыбгъэдэлъ, лэжьэным хуэмыщхьэх цIыхухэу зэхэтщ. Нобэ доллар мин бжыгъэ зи уасэ микрофонхэр къыдощэхуф, фащэ щад цех, зыхуей хуэгъэза студие диIэщ, европей жыпхъэхэм изагъэ уэрэдхэр, макъамэхэр идогъэтхыф.
- «Ислъэмейм» мызэ-мытIэу концерт щитащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Германием, Алыджым, Инджылызым, Италием, Польшэм, Чехием, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм. 1992 гъэм япэ дыдэу Тыркум дыкIуат, ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм драгъэблагъэри. Иджыпсту дэни дыкъыщацIыху, щапхъэ ттезыхи щыIэщ, ауэ абы щыгъуэм телъыджэ гуэру дыкъалъытат. Сызыщытхъужу къыпщыхъуну сыхуейкъым, ауэ цIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэмкIэ Адыгейм и къэрал ансамблыр республикэм и псэкупсэ щэнхабзэр зыгъэдахэщ, зыгъэбейщ. Сригушхуэу жысIэфынущ: нобэ дунейпсо цивилизацэм и курыкупсэм дитщ, сыт хуэдэ лъэпкъ щэнхабзэми «депсэлъэфу».
- — Ансамблым игъэзащIэ къафэхэр, и макъамэхэр дахэщ, ар шэч къызытумыхьэжынщ, ауэ макъ зыбжанэу зэщIэжьыуэу жаIэ уэрэдхэм уасэ хуэщIыгъуейщ…
- — Ди лъэпкъым и уэрэд щэнхабзэр тфIэкIуэдмэ, кIуэдынум и куэдагъыр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ди адэжьхэр зэхэтIысхьэжурэ зэдежьууэ жаIэу щыта уэрэдхэм хуэдэ нобэ хэт зыхуэгъэзащIэр? ЦIыхубэ уэрэдхэр — ар жанр щхьэхуэщ икIи лъэпкъым и псэщ. Къафэр — тIэкIу нэгъуэщIщ. Пэжщ, къафэми лъэпкъым и хьэл-щэныр, и шыфэлIыфэр къегъэлъагъуэ. Ауэ лъэпкъым и тхыдэр, и гупсысэр, игу зэрыгъур, и бзэр, и гум и къеуэкIэр классикэ хэплъыхьам тету гъэува къафэми и кIэм нэсу хыумылъэгъуэнкIэ хъунущ. Апхуэдэ къару зиIэу сэ къэслъытэр уэрэдыжьхэрщ.
- «Ислъэмейм» и къалэн нэхъыщхьэр ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр хъумэнырщ, ар къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэлъхьэнырщ, адыгэ щэнхабзэр дуней псом къыщегъэцIыхунырщ.
- — Уи творчествэм и нэхъ лъагапIэу къэплъытэ хъунущ МэшбащIэ Исхьэкъ и романымкIэ птха «Раскаты далекого грома» оперэр. Лъэпкъ оперэ зэриIэмкIэ хэти зигъэщIэгъуэфынукъым. Уэ апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэкIэ ухуэупсащ адыгэм…
- — 1980 гъэхэм я пэщIэдзэм, Тбилиси консерваторэр къыщызухым стхащ оперэр. Абы лъандэрэ илъэс щэщIи дэкIыжауэ, 2011 гъэм Адыгэ Республикэм и утыку къисхьащ си IэдакъэщIэкIыр. Ди республикэм и щэнхабзэ гъащIэм хэт нэхъ Iэзэхэм я къару халъхьащ мыбы, артисти 100-м нэблагъэ хэтащ. Оперэм лъабжьэ хуэхъуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм, 1796 гъэм Адыгэ хэкум щекIуэкIа Бзиикъуэ зауэрщ, ар ди тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гуузхэм ящыщ зыщ.
- Тбилиси консерваторэм и япэ курсхэм сыщIэсу Iэрытх нэхъ цIыкIухэм зеспщытащ, ауэрэ, си зэфIэкIым хэзгъахъуэурэ, нэхъ иныIуэхэри стхащ. ИужькIэ сызэджа псори къызэрызэщIэскъуэжын жанру оперэр къыхэсхат. Абы и сюжетыр сэ куэдрэ къэслъыхъуащ. Япэу поэмэ къыхэсхын си гугъащ, ауэ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Бзиикъуэ зауэ» романым адыгеибзэкIэ сыкъызэреджэу, ар лъабжьэ сщIыну тезухуащ. ТхакIуэм сыхуэзэри, дызэдэлэжьэну дызэгурыIуащ. Абы щыгъуэм хуабжьу къыздэIэпыкъуащ консерваторэм сыщезыгъэджахэр. Романыр и лъабжьэу оперэм либреттэ хуэзытхар Куржы Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абашидзе Ванощ.
- Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъым оперэ иIэныр фIыгъуэшхуэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар уи щэнхабзэм и лъагагъыр, фIагъыр, кууагъыр къэзыгъэлъагъуэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэпкъыу зэфIэувэнымкIэ, абы и щэнхабзэр хъума хъунымкIэ хуабжьу сэбэпынагъ ин зиIэ лэжьыгъэщ ар. Куэд щIакъым «Раскаты далёкого грома» оперэм и концерт «Ислъэмеймрэ» симфоние оркестрымрэ зэдагъэзащIэу утыку къызэритхьэрэ.
- Иджы дыдэ адыгэ оперэм и партирурэр къыдэзгъэкIащ. Оперэр нотэкIэ тхауэ къыдэгъэкIыныр ди республикэм и гъуазджэ дунейм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэхущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а оперэр нобэ дэнэ щIыпIи щыбгъэзащIэ хъунущ, тхылъыр къахуэсэбэпынущ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ еджапIэхэм.
- — ТхакIуэм зэхиха е и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ гуэр хъыбаркIэ къыщиIуэтэж къохъу, усакIуэм и гум щыщIэ куэд усэ сатырхэмкIэ ди пащхьэ кърехьэ. Макъамэтхым и гурыщIэ гуэрхэр щыхилъхьэ къэхъурэ и IэдакъэщIэкIым, утыкум щыщагъэзащIэкIэ, игъэгуфIэу е и нэпс къригъакIуэу?
- — «Сабиигъуэ жыжьэм и макъамэхэр» триптих сиIэщ сэ. Си гъащIэм щыщ а Iыхьэм гукъэкIыж куэд епхащ. Си нэгу къыщIохьэж си сабиигъуэр, ар щыкIуа адыгэ жылэр, сабиих дызыпIа си анэр. Триптихыр гущэкъу уэрэдкIэ къыщIедзэ — «Гуащэгъагъ и гъыбзэ». Абы къыкIэлъокIуэ «Сабиигъуэ жыжьэм и макъамэхэр» композицэр, ещанэ Iыхьэр «Раскаты далёкого грома» оперэм щыщ «Зыгъэлъэт» къафэращ.
- Си макъамэхэм нобэрей си дуней еплъыкIэри я лъабжьэщ, апхуэдэхэр нэжэгужэу схужыIэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар философым и музыкэщ. Уи упщIэм и жэуапу жысIэнщи, си IэдакъэщIэкIхэр зэрызэхэт нотэхэр языныкъуэхэм деж апхуэдизкIэ нэщхъейщ, гупсысэ, гукъэкIыж куэд яхэлъщи, концертым сыщIэсу сыщедаIуэкIэ, си нэпсыр щысхуэмыIыгъ къысхуохуэ…
- — Аслъэн, фи республикэм сыкъэкIуэну сфIэфIщ, ныбжьэгъу куэд щызиIэщ Адыгейм, езыхэри Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ Налшык щIэх-щIэхыурэ ноблагъэ. Ауэ ди зэкъуэшыныгъэр зыгъэбыдэр, ди зэпыщIэныгъэхэр зыгъэлъэщыр уэ пхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм я зэдэлэжьэныгъэмрэ я псалъэ Iущхэмрэщ, щэнхабзэ лъэмыжырщ. НобэкIэ сыт хуэдэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр яку дэлъ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ?
- — Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сытым дежи быдэу сыпыщIащ Къэбэрдейм. Абы къежьапIэ хуэхъур адыгэ композитор цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ХьэIупэ ДжэбрэIил Тбилиси сызэрыщыдеджарщ, абы лъандэрэ дызэрызэныбжьэгъурщ. 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ зы илъэси къэмынэу Налшык сынакIуэрт. Си ныбжьэгъухэу Къардэн Хьэсэн, Молэ Владимир, ХьэIупэ ДжэбрэIил сымэ садэлажьэрт. Композиторхэм я союзым и пленумхэм зэгъусэу дыхэтт, Москва дыкIуэрти, концертхэр щыттырт, дэ къыттетхыхьыр куэдт.
- 1992 гъэм «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», 2013 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ и артист» цIэ лъапIэхэр къысфIащащ. Ди республикэм апхуэдэу исыр си закъуэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ зэпыщIэныгъэфIхэр диIэщ, ХьэIупэм и концертитI Мейкъуапэ щекIуэкIащ, фэ фыщыгъуазэщ Нэхущ Чэрим илъэс къэс ди деж концерт зэрыщитым, Сокъур Ольгэ, Тут Заур сымэ Адыгейм фIыуэ щалъагъуу, пщIэшхуэ щыхуащIу апхуэдэщ, «Кабардинка»-р зыпащI щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэу ди щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр фи деж нокIуэри зыкъыщагъэлъагъуэ. А зэпыщIэныгъэхэр фIыщ, дахэщ, быдэщ, ауэ нэхъри ебгъэфIакIуэ хъунущ. Сыт, псалъэм папщIэ, адыгэ композиторхэм я концерт зэгъусэу пты щIэмыхъунур. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалу Мейкъуапэ гъэ къэс щекIуэкIым и зэхэублакIуэ хъуар сэращ. Иджы сыхуейт адыгэ композиторхэм я фестиваль зэхэсшэну. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр куэд хъужыркъым, композитор щIалэхэр мащIэ дыдэщ, абы хуеджэну хуейр зырызщ. Ауэ зэманым сытым дежи декIуу щытынур музыкэ лъагэращ, классикэрщ. ЗэпыщIэныгъэ диIэщ, Замирэ, дыпсэухуи диIэнущ, нэхъыщхьэр мис а классикэм дихьэх щIалэгъуалэ къытщIэхъуэнырщ.
- — Адыгэхэр я бын щытхъуу, тепсэлъыхьу зэрыщымытыр сщIэ пэтми, нобэ уи творческэ лэжьыгъэр пщигъэпсынщIэу, уи акъыл къытехуэу къыбдэлажьэ уи къуэ Азэмэт и IуэхущIафэхэм утезгъэпсэлъыхьыну сыхуейт…
- — Ар и лэжьыгъэкIэ куэдым къызэрацIыхуам къыхэкIыу бжесIэнщ… Иджыпсту композиторхэм, музыкантхэм я бынхэм адэм и IэщIагъэр къыщыхахыжыр мащIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а лэжьыгъэм къарууэ, зэману, узыншагъэу пIихыр куэдщ, абы псоми гу лъатэ. Ауэ Азэмэт абыхэм игъэшынакъым икIи срогушхуэ творческэ IэнатIэр къызэрыхихам. Илъэс куэд щIауэ зэгъусэу долажьэ, дотхэ. Сэ Тбилиси консерваторэм сыщыщIэсым, абы къепха школым щеджащ Азэмэт, итIанэ Мейкъуапэ ГъуазджэхэмкIэ дэт училищэр къиухащ, Адыгей къэрал университетым и макъамэ-педагогикэ къудамэм щеджащ…
- Иджыпсту «Ислъэмей» ансамблым и художественнэ унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ, макъамэ етх, цIыхубэ уэрэдхэм аранжировкэ яхуещI. Сэ си IэдакъэщIэкIхэм япэу едаIуэр, зэпкърызыхыр, фортепианэкIэ зыгъэзащIэр Азэмэтщ. «Хьэгъэудж и зэхуэкIуэ» рапсодиер аращ зыхуэстхар.
- — Аслъэн, уи симфоние музыкэмрэ вокал IэдакъэщIэкIхэмрэ Iэгуауэшхуэхэр щыхуаIэтащ Алыджым, Италием, Германием, Инджылызым, Тыркум, Иорданием, Израилым, нэгъуэщI щIыпIэхэм, уи цIэр щаIэт адыгэ дунейм, къэрал пщIы бжыгъэхэм. Апхуэдэ пщIэрэ щIыхьрэ уиIэу укъэсащ нобэрей махуэм. АдэкIэ-щэ?
- — АдэкIи сытхэнущ, сылэжьэнущ, Замирэ. ЩIыхьыцIэ сиIэщ, зылI ищIэн сщIащ жысIэу, сытIысыжынукъым. Симфоние оркестрми «Ислъэмей» ансамблми сахуэтхэнущ. Си дежкIэ нэхъыщхьэу щытар иджыри къонэж: фIагъ лъагэ зиIэ адыгэ макъамэ цIыхубэм я деж нэсхьэсыфынырщ, къагурыIуэ, дихьэх сщIынырщ. Ар цIыхухэм я гъащIэм и зы Iыхьэу слъагъуныр си хъуэпсапIэщ. Адыгэ уэрэдхэмрэ макъамэхэмрэ дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу къалъытэну яхуэфащэщ. Абы щхьэкIэ, шэч хэмылъу, дэ, композиторхэр, музыкантхэр, уэрэджыIакIуэхэр, хореографхэр, къэфакIуэхэр псэемыблэжу дылэжьэн хуейщ, цIыхухэм зрагъэсапхъэщ артистхэм я Iэзагъымрэ зэчиймрэ, ахэр къазэрыхуэупсэ псэ хуабагъымрэ гу къабзагъымрэ пщIэ хуащIу.
- — Упсэу, Аслъэн. Адыгэ лъэпкъым иджыри илъэс куэдкIэ ухуэлэжьэну, уи хъуэпсапIэхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
- Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ,
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
- Налшык — Мейкъуапэ — Налшык.