ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыт  хуэдиз  хъун  хуей  ар?

2019-08-22

  • ЦIыхухэм зэреупщIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, улахуэр иджырейхэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэн хуейщ.

  • Урысейхэм къалъытэ зы мазэм сом мин 66-м нэс улахуэр езэгъырабгъуу. «РБК» зэритхымкIэ, 2019 гъэм и гъэмахуэм цIыху мин 500-м щIигъу зыдэс къалэхэу 37-м абы щыщIэупщIащ. Апхуэдэу социологхэр Грознэ къалэм телефонкIэ псэлъащ. Дэтхэнэ къалэми зыщыхуагъэзащ жылагъуэм и гуп зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ 350-м нэхърэ мынэхъ мащIэм. УпщIэр зыт: «Уэ узэреплъымкIэ, захуагъэ зыхэлъ улахуэр сыт хуэдиз хъун хуей узыхуей бгъуэту упсэун, хьэпшып лъапIэхэр къызэрыпщэхун, жьы ухъумэ, урипсэуну ахъшэ зэхуэпхьэсыфын папщIэ?»
  • Мэхъэчкъалэрэ Грознэрэ щыпсэухэм зэреупщIахэм кърикIуахэм тращIыхьри IэщIагъэлIхэм хьэкъ ящыхъуащ: захуагъэ зыхэлъ улахуэр а щIыпIэхэм хуэдитIкIэ щынэхъ мащIэщ зэрыщытын хуейм нэхърэ. Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ, апхуэдэу Ульяновскрэ Севостопольрэ абы и лъэныкъуэкIэ адрейхэм къахощ. Мэхъэчкъалэ курыт лэжьапщIэр зэрыщытын хуей сом мин 63-м и пIэкIэ зэрыщыхъур сом мин 32-рэщ. Грознэри абы къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым.
  • — Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал комитетым зи гугъу тщIы бжыгъэхэм яхегъэхьэ процент 13 хъу НДФЛ-ри. Апхуэдэу щыщыткIэ цIыхухэр зыхуейхэмрэ иджы яIэрыхьэхэмрэ нэхъри куууэ зэщхьэщокI, — етх «РБК».
  • ЖытIэнщи, москвадэсхэм захуагъэ зыхэлъ улахуэу къалъытэр зы мазэм хуэзэу сом мини 100-щ. Санкт-Петербургрэ Владивостокрэ сом мин 77-ми арэзы тохъуэ.