Португалие
2019-08-22
- XVIII лIэщIыгъуэм и кIэухым яухуа Келуш лъэпкъ унэуардэр европей архитектурэм и Iэ-ужь нэхъ телъыджэхэм ящыщщ. Португалием и пащтыхьхэм я гъэмахуэ хэщIапIэу щытащ ар, а цIэ дыдэр зезыхьэ Келуш къалэм, иджырей Лиссабон, километри 10 хуэдизкIэ пэгъунэгъуу щыIэщ.
- 1940 гъэм мыбы музей къыщызэIуахащ, ауэ иджыри куэдрэ щрагъэблагъэ нэгъуэщI къэралхэм я лIыщхьэхэр. ЗыплъыхьакIуэхэр дехьэх абы и гупэм къит псыутх (фонтан) хьэлэмэтым, абы къегъэщIылIа статуехэм. А псом я щIыIужкIэ мыбы хьэуархуабжьущыкъабзэщ.