Лъэпкъ газетыр – унагъуэ къэс
2019-07-16
- Жэпуэгъуэ революцэ иным лъэпкъ цIыкIухэм къытхуихьащ егъэджэныгъэри щIэныгъэри. Пэжщ, апхуэдэу жыпIэмэ, иджы зи жагъуэ хъухэри щыIэщ. Ауэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, революцэм и ужькIэ адыгэм ди щэнхабзэм, ди щIэныгъэм, ди гъэсэныгъэм, ди экономикэм заужьынымкIэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIащ ди адыгэ газетым.
- Сэ си щхьэр къэсщтэнщи, гъащIэм си еплъыкIэр куэдкIэ нэхъыфI ищIурэ къыздогъуэгурыкIуэ мы газетыр. Абы япэ дыдэ сэ сыщрихьэлIар езанэ классым сыщIэсущ — Хэку зауэшхуэр щекIуэкI лъэхъэнэращ. Жэщри махуэри я зэхуэдэу, колхозхэтхэр губгъуэм итт: вэрт, сэрт, пщIэрт, гъавэ Iуахыжырт, мэкъумылэ ягъэхьэзырырт. Дэ, нэхъыщIэхэри, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм деж абыхэм дадэIэпыкъурт: псы къахуэтхьырт, щIэпыр культивацэ щащIкIэ, гъавэ къыщрашкIэ шы, вы Iумпэхэр тIыгът, щывэкIэ выщхьэтесу, прицепщикыу, гъавэр элеваторым щашэкIэ, дэIэпыкъуэгъу дыхъурт.
- Къэбэрдейм, къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, зауэм ятеухуауэ «Къэбэрдей пэж» газетым тет тхыгъэхэм шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм деж колхозхэтхэм къахуеджэрт бригадэ учётчикыу лажьэхэу Балъкъыз ХьэкIашэ, Къардэн Башир, Жэрэщты ЖэбрэIил, ЛIуп Хьэжсет сымэ. А зэманым телевизор щыIэтэкъым, радио кIапсэхэри нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъутауэ лажьэртэкъыми, къэралым, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ-хэм ятеухуа хъыбархэр къызэрыпщIэфыну щыIэр газетым и закъуэт. Абы тет хъыбархэм, къыхуеджэныгъэхэм едэIуа лэжьакIуэхэм къаруущIэ къахэхъуауэ лэжьыгъэм щIадзэжырт.
- Ди колхозхэтхэм я лэжьыгъэфIым теухуауэ сэри си тхыгъэ цIыкIу газетым къытехуауэ щытащ икIи абы лъандэрэ ар ныбжьэгъуфIу къыздокIуэкI. Си шыпхъухэу Хьэфисэт, Муслъимэт сымэ газетым Iэ традзэу щытащ а зэманым.
- Газетыр нэхъ спэIэщIэу щытащ 1956, 1957 гъэхэм — студентхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм Къэзахъстаным дыщыщылэжьам. Абы дэнэ къыщыдгъуэтынт адыгэ газетыр, ауэ дыкъэкIуэжа нэужь университетым и еджапIэ залым сыщIэтIысхьэрти, махуитI-щыкIэ сыщIэст, сыщымыIэу къыдэкIахэр щIэзджыкIыжу. Апхуэдэу, сыкъэтыну зыщIыпIэ ноби сыкIуэмэ, унэм исхэм я къалэнщ сыкъэкIуэжыху зы газет мычэму схуахъумэну.
- А псом и гугъу щIэсщIыжыр уи бзэкIэ къыдэкI газетыр уи гум къызэрыдыхьэрщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, «Адыгэ псалъэ» газетыр унагъуэ мащIэ дыдэщ зэрыхьэр. Ди къуажэм адыгэ унагъуэу 700-м щIигъу дэсщи, абыхэм ящыщу унагъуэ 23-рщ «Адыгэ псалъэр» зыIэрыхьэр. «Iуащхьэмахуэ» журналыр къызыIэрыхьэри унагъуэ 20-щ. Ар емыкIукъэ?! Дэтхэнэ жылэри къащти, апхуэдэу къыщIэкIынщ зэрыщытыр.
- Пэжщ, адыгэбзэкIэ къыдэкI газетми ныкъусаныгъэ гуэрхэр иIэ хъунщ: иджыпсту дыщыпсэу къэралым мыхъумыщIагъэр щыкуэдщ, ауэ газетыр абыхэм тепсэлъыхьыркъым. Къэтщтэнщ къуажэщIыр: зым гектар 20 — 200 иIыгъщ, адрейм зы щIы гектар игъуэтыркъым зэрихьэну. Газетым щылажьэхэр къуажэхэм нэхъ щIэх-щIэхыурэ кIуэуэ, цIыхухэм зыхуагъазэу я гукъеуэхэр ятхын хуейуэ къызолъытэ.
- Япэм газетыр тхьэмахуэм тхуэ къыдэкIыу щытащ, иджы щэ тхылъымпIэкIэ тедзауэ, тIэу электроннэу къыдокI. МынэхъыфIу пIэрэт псори тхылъымпIэкIэ тедзауэ къыдэкIмэ? Газетым и уасэм зэрыхэхъуари цIыхухэм къохьэлъэкI. Газетыр зыIэрыхьэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуныр а щхьэусыгъуэхэми къыхокI.
- «Адыгэ псалъэ» газетым мы зэманым, сэ сызэреплъымкIэ, лэжьакIуэфIхэр иIэщи, си гугъэщ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэри абыхэм яхузэфIэкIыну. Сохъуэхъу редакцэм щылажьэ дэтхэнэми узыншагъэ быдэ иIэу, и мурадыфIхэр къехъулIэу, я къалэмыр мыубзэщхъуу илъэс куэдкIэ я IэнатIэм пэрытыну.
- ЛIУП Нурхьэлий,
- Джэрмэншык къуажэм и Ветеранхэм
- я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.