ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-07-16

  • КъикIуэт  зымыщIэ  лIыхъужь
  • ЯмыIэт щхьэх, ямыщIэт еш
  • И бынхэм адыгэ щIыналъэм.
  • Ягъэхъурт Iэщ, ягъэкIырт мэш, —
  • Яхьт гъащIэр, я Iэр Iуэхум хэлъу.
  •  

  • ПсэхупIэ бийхэм кърамытт,
  • Арат къыщIащтэр куэдрэ Iэщэр.
  • Шагъдийхэм шэсмэ — псори нартт,
  • Ажалт зыIущIэр, я псэм къещэр…
  •  
  • Щхьэ къэIэтыпIэ ямыгъуэт
  • Къудейуэ арагъэнт, армыхъумэ
  • Мы дуней псом Iуэху къащыхъуа
  • А Iуащхьэмахуэу зи щхьэр тхъуам
  • Щхьэ зылI дэмыкIрэт,
  • зэ нэхъ мыхъуми?!
  •  
  • …Я пашэу Купфер къызэхуос
  • ЦIыху куэд хуэIэкIуэлъакIуэу
  • къуршхэм.
  • ЛъагапIэм дэкIын гуп зэхашэ.
  • Абы, иIыгъыу Iэхъуэ башыр,
  • Яхохьэ ди зы къуажэдэс.
  •  
  • Мыл гъуэгум гугъуу лъэр щыщIокI.
  • Хьэуар мэхъу мащIэ, зыпIэтыхукIэ.
  • Къигъазэу хамыбжэм хуэмыхум,
  • ИукIми идэу, къуакIэм дэхуэу,
  • АдыгэлI лъэщыр къуршым докI.
  •  
  • ЛъагапIэм хэти ирикуфми,
  • ЛъагапIэм хэти пэмылъэщ.
  • Бгы задэм щIакIуэм телъу Купфер
  • Къырахьэхыжыр… КIэрощэщ
  • Апхуэдэ защIэурэ щIыгъуахэр.
  •  
  • Жьапщэшхуэ гъуэгум
  • къыщыхъуащи,
  • Бащлъыкъ хужь щIалэр еутхыпщI.
  • ИтIани хахуэр макIуэр, мэпщ,
  • Къарууэ иIэр зэщIикъуауэ…
  •  
  • Жыжьащэ имыхьахэр зи лъэ,
  • Уэх гуэрым гупу щызэхэтщ.
  • Iэрпхъуэру зэIэпах нэрыплъэр,
  • Телъыджэ къащыхъуауэ зэплъхэр
  • И щыгум Iуащхьэмахуэ тетщ.
  •  
  • ИгъащIэм гъащIэм зэреплъар
  • Апхуэдэу хъунщ адыгэ нэсыр:
  • И напэм, лIыгъэм Iуэхур нэсым,
  • КъикIуэт иIэнкъым пыту и псэр, —
  • ИщIэнщ ищIар Хьэшыр Чылар!
  • Бицу Анатолэ,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.
  •  
  • Брамтэдэс Хьэшыр Чылар
  • Бгы дэкIынкIэ IэкIуэлъакIуэ, игъащIэм цIыхум и лъэр зытемыува лъагапIэхэм нэсыф альпинист хахуэхэм сыт щыгъуи пщIэрэ щIыхьрэ хуащI. Апхуэдэ цIыху лъапIэхэм ящыщу щытащ Хьэшыр Чылар. 1829 гъэм ар Европэм щынэхъ лъагэ бгым — Iуащхьэмахуэ — псом япэ дэкIыгъащ.
  • А лIы щыпкъэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуауэ дэ тщIэр мащIэщ. Ауэ щыхъукIи, ди лъахэр къэрал псом и альпиниз-мэм и жьантIэу жыпIэ хъунущ. НэгъуэщI щIыпIэ къикIхэурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэ бжыгъэкIэ гъэ къэс зыгъэпсэхуакIуэхэр къокIуэ. Абыхэм я дежкIэ гъэщIэгъуэнщ Iуащхьэмахуэ псом япэ дэкIа адыгэлIым теухуа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри…
  • Лъахэхутэ литературэм щызокIуэ лъабжьэ лъэпкъ зимыIэ хъыбар. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хьэшыр Чылар Кушмэзыкъуей жылэм (Бахъсэн къалэ) щыщу щытащ. Апхуэдэу къыщIалъытэм и щхьэусыгъуэри зыщ — Чылар и къуэхэм, 1870 гъэм а къуажэм щыпсэуахэм, я письморщ. Ауэ абы щыгъуэ Кушмэзыкъуей дэсар езы Чыларкъым, атIэ и къуэхэу Джырандыкъуэрэ Увжыкъуэрэщ. Зэманыр-щэ? Iуащхьэмахуэ и щыгу къащтэу илъэс 40-м щIигъу дэкIа нэужьт а жыхуаIэ зэкъуэшхэр абы щыдэсар. ЗэхъуэкIыныгъэ гуэр щыIэнумэ, ирикъункъэ ар зэману? Дауи, ирикъунт.
  • Документхэр щыхьэт зытехъуэ, ауэ ди лъахэхутэ- хэм ящыщу зыми гулъытэ лъэпкъ зыхуимыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэшхуи щыIэщ. 1865 гъэм пащтыхь правительствэм жылагъуэхэр гъэIэпхъуэным теухуа реформэ Кавказ Ищхъэрэм щригъэкIуэкIащ. Абы щыгъуэ зэкIэщIэпхъауэ адэ- мыдэкIэ щыIэ жылэ цIыкIухэр зэгуагъэхьэжащ. Адыгэхэм абы «жылэкъутэ» фIащауэ щытащ. Ауэ а Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIат щIыпIэм экономикэм зыщиужьынымкIэ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъ быдэ хъунымкIэ. Къэбэрдейм абы щыгъуэ иса жылагъуи 116-м я пIэкIэ реформэ нэужьым щыIэжар 39-рэт.
  • Зи гугъу тщIы лъэхъэнэм адрей жылагъуэхэм зыкъомкIэ къащхьэщыкIырт япэ унагъуэхэр 1826 гъэм зыдэтIысхьауэ щыта Брамтэр (апхуэдэут а зэманым Вольнэ Аулым зэреджэр). Къэбэрдейм къуажэ щыIэтэкъым пщы-уэркъхэр зыдэмыс, мы зым фIэкIа. Брамтэм щызэхуэсат, езы лъахэм нэмыщI, Адыгейм, Шэрджэсым, Балъкъэрым иIэпхъукIахэри. «Пщыншэ хьэблэм» псынщIэу зиужьырт, щIэх дыдэуи унагъуэхэм я бжыгъэр 200-м нэсащ.
  • Пащтыхь правительствэм абы гу лъимытэу къэнакъым. ИкIи а щхьэзыфIэфI къуажэм кIэ етын хуейуэ къелъытэ. Абы и дежкIэ фейдэтэкъым хэт хуейми и пщыр къигъанэу Брамтэ къызэрыIэпхъуэр. Абы я «хьэл мыхъумыщIэм» адрейхэм щапхъэ трамыхын папщIэ, Къэбэрдейм и къуажэхэм ар хагуэшэжыну иужь йохьэ.
  • ЗыхъунщIэ хэмылъу, мы жылэм дэкIыу нэгъуэщI къуажэ Iэпхъуахэм нэхъ нэлейкIэ еплъырт, уеблэмэ щIы кIапэ тIэкIукIэ хуэупсэрт, языныкъуэ налог лIэужьыгъуэхэр ирагъэтыртэкъым. Брамтэр зэбгрыхуным зи фейдэ хэлъхэм ягъэIуу щIадзэ къуажэдэсхэм я бынхэр къытрахыну унафэ щыIэ хуэдэу, джаурхэр щыпсэу Налшык быдапIэм и гъунэгъуу ущысыну мыдурысу.
  • Мис а лъэхъэнэм куэд дэIэпхъукIыжауэ щытащ Брамтэм. Абыхэм я спискэм итщ Чылар Джырандыкъуэрэ Хьэшыр Тепсэрыкъуэрэ. Ахэр къуажэм щыдэкIыжар нэхъ иужьыIуэкIэт — 1863 гъэрат.
  • Прапорщик Кушмэзокъуэм мыхъур зытелъ тхыгъэкIэ псалъэ ет ахэр и къуажэм къыдигъэтIысхьэжу, езым и Iизыныншэу жылэм дэкIыу зыщIыпIи имыгъэкIуэну.
  • 1863 гъэм Чылар и къуэ Джырандыкъуэ Вольнэ Аул щыпсэуа? И закъуэт абы? Тхылъ щыIэщ Чылар и къуэ Увжыкъуэ унэидзыхьэ гуэрым хэкIуэдауэ, Джырандыкъуэ и закъуэ жьы дыдэ хъуа и анэм къыбгъэдэнауэ.
  • А щIыкIэм тету гурыIуэгъуэ мэхъу Кушмэзыкъуей щыпсэун ипэкIэ Чылар и бынхэр Вольнэ Аул зэрыдэсар.
  • Иджы езы унэцIэм теухуауэ. Дызытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа документхэм мы унэцIэр зэм Чылару, зэми Хьэшыру къыщызэкIэлъыхьащ. Дэтхэнэра а тIум пэжыр? Чылар Джырандыкъуэрэ Хьэшыр Увжыкъуэрэ зы анэ къилъхуа зэкъуэшуи зэкъуэшитIым я бынуи щытынкIэ хъунущ. ИтIани, а зэманым щыIа документхэм куэдрэ ущрохьэлIэж Чылар цIэм. Зытхым елъытауэ, бгырысхэм я унэцIэр къащтэрт. Ахэр зэм адэм, зэми адэшхуэм я цIэхэм къытекIырт. Псалъэм папщIэ, Жан-хъуэт Кушыку и къуэр Кушыку Жамболэтщ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост и къуэр Мысост Рослъэмбэч хъуащ.
  • Вольнэ Аул теухуауэ щыIэ документ гуэрым, илъэси 157-рэ и пэкIэ ятхауэ щытам, Чылар Джырандыкъуэ и гъусэу ущрохьэлIэ Хьэсанэ Даути. Сыт ар къызыхэкIар? Ар къэтщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Вольнэ Аул щыпсэуа, илъэс 85-рэ хъууэ иджыблагъэ дунейм ехыжа Хьэсанэ ТIалиб. Абы и анэшхуэр — а документитIым къыхэщу жыхуэтIэ Даут и анэр — Чылар и шыпхъу Хужьт. Апхуэдэу щыщыткIэ, Чыларрэ Хьэсанэ Даутрэ зэблагъэ дыдэт, арат куэдрэ зэгъусэу щIатхри.
  • Мис а псоми къагъэлъагъуэ Хьэшыр Чылар лъэпкъ- кIэ, къупщхьэкIэ брамтэдэсхэм зэрепхар. АтIэ щхьэусыгъуэ щыIэж абы и ужькIэ Чылар Кушмэзыкъуей щыщауэ жыпIэну?
  • Ехъутэныдж Хьэсэн, тхыдэтх.