Иорданием и лIыкIуэр ди университетым щылажьэхэмрэ щеджэхэмрэ яхуоза
2019-07-16
- Лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм здэщыIэм, Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и лIыкIуэ Адайле Амджад КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и лэжьакIуэхэр щIыгъуу бадзэуэгъуэм и 13-м щыIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
- ХьэщIэ лъапIэхэр ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и президент Къарэмырзэ Барэсбий, университетым стратегие зыужьыныгъэмрэ нэгъуэщI къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ и проректор Къущхьэ Хъусен, еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэхэр гъэ-хьэзырынымкIэ проректор Къэжэр Артур, КъБКъУ-м дунейпсо егъэджэныгъэмкIэ и школ нэхъыщхьэм и унафэщI Шапсыгъ Альберт, а школым и егъэджакIуэхэмрэ Иорданием щыщу КъБКъУ-м щеджэхэмрэ.
- ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Иорданием и лIыкIуэ IуэхущIапIэу УФ-м щыIэм къикIа хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ университетым стоматологиемкIэ и институтым и иджырей центрыр, информатикэмкIэ, электроникэмкIэ, робототехникэмкIэ институтым и иджы-рей щIэныгъэ центрхэр, апхуэдэу хи- миемрэ биологиемкIэ институтым иджы-рей технологиехэм зэрыщыхурагъаджэ щIыкIэр.
- ИужькIэ хьэщIэхэр яхуэзащ Иорданием щыщу ди университетым щIэныгъэ щы- зэзыгъэгъуэтхэм. ЗэIущIэр къыщызэIуи-хым стратегие зыужьыныгъэмрэ нэгъуэщI къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ проректор Къущхьэ Хъусен хьэщIэ лъапIэхэм фIыщIэ яхуищIащ КъБКъУ-м зэреблэгъам папщIэ.
- «Ди еджапIэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ нэгъуэщI къэралхэм щыщ щIалэгъуалэр егъэджэныр. Апхуэдэхэм я бжыгъэр иджыпсту 1200-рэ мэхъури, абыхэм Иорданием къикIауэ студенти 162-рэ яхэтщ. Къэгъэлъэгъуапхъэщ Иорданием абыхэм яхэту адыгэ щIалэрэ хъыджэбзу 31-рэ къызэрикIар. Фи къэралым щыщ щIалэгъуалэр лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ ди деж щоджэ. А псори къэплъытэмэ, Иорданиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ куэд щIауэ благъагъэкIэ зэбгъэдэту жыпIэ хъунущ», — къыхигъэщхьэхукIащ Къущхьэ Хъусен.
- Гуапэу зэрырагъэблэгъам папщIэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIри, Адайле Амджад жиIащ: «Си дежкIэ щIыхьышхуэу къызолъытэ фи университетым, Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэрыщрагъэблэгъар. Фи щIыналъэм дэ дыпыщIащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэ лъандэрэ. Кавказым иIэпхъукIауэ щыта шэрджэсхэм я щIэблэм ди деж хэхауэ пщIэшхуэ щаIэщ. Абыхэм къэралым зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIагъэкIащ. Абы къыхэкIыу, ди хэкум къикIа щIалэхэм дамыгъэукIытэну икIи ди къэралым хуэфащэу щытыну дащогугъ».
- КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.