Адыгагъэр зи пщалъэу къытхэта Дыкъынэ Хьэмид
2019-07-16
- ПщIэ зыхуэпщIу икIи къыпхуэзыщIу, щапхъэ зытепхыу, чэнджэщэгъу пхуэхъуу, ныбжьэгъуфIу, къуэш пэлъытэу уиIа цIыхур щыпфIэкIуэдым деж гущIыхьэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэ цIыхут Дыкъынэ Хьэмид. Иджыблагъэ, бадзэуэгъуэм и 9-м, дунейм ехыжащ а лIы Iумахуэр. Шэч къытесхьэркъым ар зыцIыхуу щытахэми, къыдэлэжьа псоми а хъыбарыр я жагъуэ зэ-рыхъуам.
- Дыкъынэ Хьэмид къигъэщIащ гъащIэшхуэ — илъэс 90-м щхьэдэхат. Абы щыщу и зэхуэдитIым нэблагъэр щихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом. Адыгэ къудамэм и мэкъумэш редакцэр IэщIэлът. Радиом сыкъыщыувам щыгъуэ псалъэ дахэкIэ япэу къысIущIахэм, сытезыгъэгушхуахэм, зыкъысщIэзыгъэкъуахэм ящыщт Хьэ-мид. Абы щыгъуэ сыдихьэхыу, сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэрт радиом щыIэ журналистхэм ягъэхьэзыр нэтынхэм.
- ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, нэхъ сызыIэпызышэхэм ящыщт Дыкъынэм и IэдакъэщIэкIхэр. Нэхъ иужькIэщ, илъэс зытхух, зыхыбл дэкIа нэужьщ къыщызгурыIуар абы и нэтынхэм сыщIатхьэкъур: ахэр, фэрыщIагъ хэмылъу, къызэрыгуэкIыбзэкIэ тхат, цIыху зытепсэлъыхьхэм яхужиIэ псалъэхэр гуапэт, гум дыхьэрт, егъэлеиныгъэ лъэпкъ химылъхьэу. Нобэр къыздэсым, илъэс 40-м нэсауэ, сигу ихуркъым Арщыдан фермэм абы кърищIыкIауэ щыта репортажыр. ИкIи абы седэIуа нэужь сехъуэпсащ, «Хьэмид ещхьу сытхэфамэ аратэкъэ» жысIэу. Апхуэдэ нэтын купщIафIэ дапщэ Дыкъынэм и Iэдакъэ щIэкIар? Ахэр щэ бжыгъэ зыкъом зэрыхъур бэянщ. Радиом щыIута иужь илъэсхэм журналист Iэзэм игъэхьэзыращ Хэку зауэшхуэм хэтахэм ятеухуа нэтын телъыджэ куэд. Абыхэм ящыщ Iэджэ «Адыгэ псалъэ» газетми тетащ.
- Хьэмид фIыуэ къыщацIыхурт ди къуажэхэм. КъыщацIыхунтэкъэ, ар здэмыкIуауэ зы адыгэ жыли КъБР-м иттэкъым. Зытемытхыхьа колхоз е совхоз урихьэлIэнукъым. Абы пщIэшхуэ зэриIам и щапхъэ Iэджэ бгъуэтынущ. Апхуэдэ зы ноби си нэгум щIэтщ. Республикэм щекIуэкIа зэпеуэм пашэ щыхъуа фермэхэм ящыщ зым — Дыгулыбгъуейм щыIэм — теухуа нэтын згъэхьэзырыну си пщэ кърилъхьат радиом и редактор нэхъыщхьэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд. АрщхьэкIэ сыздэкIуа фермэм и нэхъыжьым сыхэзэгъакъым, «Сыхуейкъым, сэ псэлъэн си жагъуэщ» жиIэри. Ар зэхэзыха Хьэмид етIуанэ тхьэмахуэм гъусэ сещIри докIуэ Дыгулыбгъуейм. Фермэм дытолъадэри абы и унафэщI сызыхэмызэгъар, ЛIыгуащIэхэ Шис, къытпожьэ. ЛIитIым сэлам гуапэ зэрах, узыншагъэкIэ, унагъуэкIэ зэщIоупщIэ. ИтIанэ Хьэмид Iэщыхъуэхэм я нэхъыжьым жреIэ: «Шис, фэ районми республикэми пашэ щыхъуахэм фащыщщ, фи лэжьыгъэр зыхуэдэр, фи жэмыш, Iэхъуэ пашэхэр хэт сымэ-ми цIыхум ящIэн хуейщ. Уи лэжьакIуэхэм я цIэфI дымыгъэIуу дауэ хъун?»
- Апхуэдэ псалъэ дахэхэр щызэхихым, Шис «хьэуэ» къыхигъэкIакъым. Къэпсэлъа нэужьи димыгъэхьэщIэу дыкъригъэжьэжын идакъым.
- Хьэмид щIыгъуу мызэ-мытIэу гъуэгуа-нэ дытехьащ абы дэлажьэу щытахэр. Ар хъунщIэпсынщIэету зэи бгъэдыхьэртэкъым и пщэ дэлъ къалэным. Колхоз губгъуэ ихьами, фермэ техьами, Къущхьэхъу хъупIэ дэкIами сыт щыгъуи зэригъащIэрт лэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэм я Iуэху зытетыр, тэмэму лэжьэн щхьэкIэ зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэрызэгъэпэщар. ФIыуэ хищIыкIырт зытепсэлъыхь Iуэхум, къыпхуэгъэпцIэнутэкъым: бжыгъэ ин гуэр — мыпхуэдизышэ зы жэмым къыщIыдош е мыпхуэдиз центнер хьэсэм къытетхащ къыжраIамэ, къыпыгуфIыкIырти, тIэу-щэ щIэупщIэжырт, «къыщIумыгъэлъауэ пIэрэ» жиIэу…
- Пенсэ ныбжьым нэсу тIысыжа нэужь, Дыкъынэр куэдрэ щагъэсакъым — елъэIущ, къыдашыжри илъэс зыбжанэкIэ радиом щылэжьэжащ хъыбарыщIэхэр игъэхьэзыру — кIэщIу, гъэхуауэ, гурыIуэгъуэу псалъэухар зэрыухуэн хуеймкIэ и лэжьэгъу нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуу.
- Нэгъабэ Хьэмид и пхъур къэпсэлъащ радиом, «и лэжьэгъуу щытахэм си адэр тIэкIу ябгъэдэсыжыну Iейуэ и нэ къокI» жиIэри. Абы щыгъуэ сымаджэт: хэлъ-хэст. И псэм ищIагъэнщ афIэкIа зэуIуу дыкъызэримылъагъужынур. ДыкIуащ, гуп дызэрыгъэхъури. ДыщIэсащ и унэ, Iэджэ дигу къэдгъэкIыжу…
- Дыкъынэ Хьэмид хуэдэ цIыхухэр, псэухункIэ зи зэран зыми емыкIа, псалъэ дахэ, псалъэ гуапэ нэгъуэщIхэм яжезыIэу, зыгъэгушхуэу, зыIэту, зыгъэгуфIэу дунейм тета, цIыхугъэр, адыгагъэр зи пщалъэу къытхэта лIы Iэдэбыр, цIыху зэпIэзэрытыр дэ щIэх дигу зэримыхунур си фIэщ мэхъу. Абы и нэгу зэлъыIухамрэ и гуфIэкIэмрэ пщыгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- МЫЗ Ахьмэд,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.