ЛIыгъэ зыхэлъ, пэжыр къэзыгъэлъагъуэ, жыжьэ кIуэцIрыплъ, хэкупсэ нэс МэшбащIэ Исхьэкъ
2019-07-11
- Ди газетым зэрытетащи, «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ къызэрыхуагъэфэщар иджыблагъэ Мейкъуапэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
- Пшыхьым кърихьэлIат лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, республикэм и унафэщIхэр. Зэхыхьэ дахэм хьэкъ пщищIырт МэшбащIэм Урысейм къыщыхуащI пщIэр ар къызыхэкIа лъэпкъым деж къызэрыщежьэр.
- Исхьэкъ псом япэ къехъуэхъуахэм ящыщщ Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат.
- «Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь дамыгъэр къэралым хуащIа Iуэху инхэм папщIэ яту аращ. А дамыгъэ лъапIэр къэралым ис лъэпкъхэм я литературэ щIэиныр гъэбэгъуэным, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ егъэфIэкIуэнымкIэ хуэгъэпсауэ МэшбащIэ Исхьэкъ ищIа лэжьыгъэшхуэм и уасэщ. Абы и зэфIэкI къуэпсыбэмкIэ, и гуащIэ беймкIэ, жылагъуэ IуэхущIафэхэмкIэ къызыхэкIа адыгэ лъэпкъыр, щалъхуа щIыналъэр дунейм къригъэщIащ. Си гум къыбгъэдэкIыу МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм сохъуэхъу а тыгъэ лъапIэмкIэ».
- ТхакIуэ телъыджэр щагъэлъапIэ пшыхьым щIидзэн ипэ, интервью къеIытхын мурад диIэу, дэ деблэгъащ Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэны-гъэм и унэм. Илъэс 50-м щIигъуауэ и ныбжьэгъуфI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Исхьэкъ къыщымыгуфIыкIыу къэнэнт?!
- МэшбащIэр щылажьэ пэшым щIэт стIол кIыхьым хъуэхъу телеграммэ- хэр техуэртэкъым. ЦIыху цIэрыIуэхэм деж щегъэжьауэ къызэрыгуэкI къуажэдэсхэм я деж щиухыжу къехъуэхъурт лъэпкъылIым. Абыхэм ятхырт адыгэхэм къахэкIа цIыху гуащIафIэм зэрыригушхуэр, иужьрейуэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Ажал гъуэгу» тхыдэ романым зыщамыгъэнщIу зэреджар, нобэкIэ зэлэжьхэмрэ адыгэхэр зэригъэгуфэну и мурадхэмрэ щIэупщIэри мащIэтэкъым. Абы къыхуатхахэр зэхэплъхьэжмэ, пхужыIэ-нущ Исхьэкъ къэралым къыхуищIа гулъытэ иным, езым къару къызэрыхилъхьам и мызакъуэу, лъэпкъым и щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужар.
- Сыт и уасэ къэралым и УнафIэщым ди лъэпкъэгъу телъыджэм щхьэкIэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиIэу зэхэпхы- ну: «МэшбащIэ Исхьэкъ и литературэ Iэужьыр къэралым и щэнхабзэр, лъэпкъыбэ Урысейм и щIэиныр зыгъэбейщ». Путин Владимир къыхигъэщащ МэшбащIэм и IэдакъэщIэкIхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэр къызэрыщыгъэлъэгъуар, абы и усыгъэхэр, романхэр бзэ зыбжанэкIэ къэрал куэ-дым къызэрыщыдэкIар. Мыхьэнэшхуэ иIэщ литературэм и классикхэм я IэдакъэщIэкIхэр адыгэбзэкIэ Исхьэкъ «зэригъэпсэлъар». Апхуэдэщ — Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Некрасов Николай, Блок Александр, Маяковский Владимир, Есенин Сер-гей сымэ, нэгъуэщIхэри.
- МэшбащIэ Исхьэкъ хэту цIыхуитхум Кремлым и Екатерининскэ пэш иным а дамыгъэ лъапIэр щратыжым Кав-каз Ищхъэрэм и лIыкIуэхэм яхэтащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я Iэтащхьэхэр — КъумпIыл Мурат, КIуэкIуэ Казбек, Темрезов Рашид, сенаторхэу Хъупсырокъуэ Муратрэ Селезнев Олегрэ, Къэрал Думэм и депутат Хьэсанэ Мурат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ.
- Къэралым и Президентым да- мыгъэ лъапIэр кърита иужь МэшбащIэ Исхьэкъ къызэхуэсахэм зэрызахуигъэза псалъэхэр (зэрыжиIам хуэ- дэу, урысыбзэкIэ тыдодзэ):
- — Уважаемый Президент и все участники нашего торжества!
- За свою долгую жизнь я немало видел славных, героических дел и противоречивых моментов в истории нашей страны. От пионерско-комсомольско-партийной юности до моего 89-летнего возраста жил ею, радовался ее успехам, огорчался неудачами. И за всё это время в мою душу не закралось ни малейшего сомнения, ни разочарования. Жил и верил ей, утверждал её, она — меня. За что я благодарен великой России, многонациональному Отечеству.
- Мой кавказский возраст не позволит мне льстить. Но всё же уверенно и осознанно скажу: Вы — истинный Президент, Владимир Владимирович, стойкий патриот, неутомимый труженик великой державы. И как хорошо, что именно Вы в нужное вре- мя, поворотное время нашего государства стали его Президентом. Я верю в Вас, народ с Вами, и надо идти только вперёд к большим прорывам во имя нашей родной страны.
- А эта высокая награда принадлежит не только мне одному, она принадлежит всей русской, российской литературе, из которой я вышел, конечно же, моей адыгэ-черкесской литературе, Республике Адыгея.
- Спасибо, страна! Спасибо её Президенту! Всем вам крепкого здоровья, успехов, счастливого долголетия!
- Адыгэ лъэпкъым и литературэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэр МэшбащIэ Исхьэкъ хэмыту уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ. Тхыдэр зэфIигъэувэжрэ художественнэ IэмалхэмкIэ ар екIуу ди пащхьэ къизыгъэувэ тхакIуэм и IэдакъэщIэкI емыджа адыгэ къэгъуэтыгъуейуэ къыщIэкIынщ. Исхьэкъ жеIэ: «Гъуазджэм, адрей и унэтIыныгъэ псоми хуэмыдэжу, литературэм лъэпкъхэр зэгурыIуэныгъэм, шыIэныгъэм, зэрылъытэныгъэм хуегъасэ».
- Шэч хэмылъу МэшбащIэм и зэфIэкIым хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэ- рэ егъуэт. Абы къэралым цIэ лъапIэ куэд къыщыфIащащ, и тхылъхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри, дунейм къытехьащ. А псом емылъытауэ абы щхьэпэлъагагъэ гуэри дэплъагъуркъым, псэ къабзэщ, зэхэщIыкI, гууз-лыуз зиIэщ, пэжым и телъхьэщ, лъэжьыгъэр фIыуэ зылъагъущ, литературэми гъащIэми ноби щыжанщ.
- ПэщIэдзэм куэд елъытащ
- — Сэ сызэреплъымкIэ, цIыху насыпыфIэр Iуэху гуэрым пэрыт, IэщIагъэ пыухыкIа зиIэрщ. Сыт хуэдиз фIыгъуэр убгъэдэмылъми, мылъкурэ былымрэ къолыжми, IэщIагъэ зимыIэр насыпыншэщ, — жеIэ Исхьэкъ.
- Арагъэнщ абы IэщIагъэ хуэхъуа тхэн Iуэхум и зэманым и нэхъыбэр щIытригъэкIуадэр. Махуэ къэс, сыхьэти 6-м стIолым пэротIысхьэри, мэлажьэ.
- — Къапщтэмэ, тхакIуэхэр цIыху щхьэзакъуэщ, — пещэ МэшбащIэм. — Ар, стIолым пэрытIысхьэу тхылъымпIэмрэ къалэмымрэ къищта иужькIэ, и закъуэу къонэ, абы зыри дэIэпыкъуфынукъым, и адэ-ани, щхьэгъуси, быни. ЩыIэр тхылъымпIэ хужьымрэ езым гъащIэм къыхиха Iущыгъэмрэщ. Абдеж сэ закъуэныгъэр сщхьэщокI- ри, тхэн гукъыдэжым сызэщIеубыдэ, — къыддогуашэ МэшбащIэр.
- Псори зэлъытэжар пэщIэдзэрщ. Япэ сатыр зыбжанэм я мыхьэнэр къыпхуэмылъытэну инщ. Исхьэкъ жеIэ а япэ псалъэухахэр къытригъэзэжуурэ зыбжанэрэ щызэрихъуэкIыж къэхъуу.
- — Япэ сатырхэр нэхъ гугъуми, сэ абыхэм сащышынэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхылъымпIэ хужьыр «гъущIкъым», компьютеркъым, машинэкъым, ар псэ зыхэт, хуабагъэ къызыпкърыкI гуэрщ. ТхылъымпIэм романым и персонажхэр щытептхэкIэ зы гъащIэ гуэр зэщIэушэ хуэдэщ, апхуэдэхэм деж сэ къысщохъу си Iэр зыгуэрым иIыгъыу напэ кIуэцIым ирикIуэ, — пещэ тхакIуэм.
- Тхэн Iуэхумрэ иджырей Iэмэпсымэхэмрэ зэпэжыжьэу къелъытэ МэшбащIэм. Компьютерым лэжьыгъэ ин цIыхум зэрыщхьэщихыр къыгуроIуэ, ауэ щIалэгъуалэр абы «икIуэдэнкIэ» зэрыхъунуми тошыныхь.
- Лъабжьэр
- МэшбащIэ Исхьэкъ тхыдэ роман куэд и Iэдакъэ къыщэкIащ, ар тхакIуэ къудейкъым, ар тхыдэм и къэхутакIуэщ.
- Абы и цIэр ди къэралым и тхакIуэ пэрытхэу Бондарев Юрий, Быков Василь, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Еутых Аскэр, Гамзатов Расул, Искандер Фазиль сымэ ябгъэдэтщ. Аращ адыгэ литературэм япэу Кавказ зауэм и гугъу щызыщIар, дуней псом дилъэпкъым и щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэр яжезыIар.
- — ТхакIуэр зэрытхэ бзэм елъытащ итхыр зыхуэгъэзар. Си япэ усэ сатырхэри Iуэтэжхэри адыгэбзэкIэ стхауэ щытащ. Си япэ тхыгъэр нэхъапэ щIыкIэ урысыбзэкIэ дунейм къытехьауэ зэрыщытам емылъытауэ сэ сызэрыгупсысари ноби сызэрыгупсысэри адыгэбзэрщ, — жеIэ Исхьэкъ. Абы къелъытэ цIыхум тхакIуэ нэс къыхэзыщIыкIыфынур и анэдэлъхубзэрауэ.
- — ТхакIуэм къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ. Ауэ нэхъ гугъужщ «сытхакIуэщ» зыхужыпIэжыныр. Сэ щIы-пIэ куэдым сыщыIащ, иджыри сокIуэ. Гъуэгум сызыщрихьэлIа гуэр си IэщIагъэм щыщIэупщIэм деж «СыегъэджакIуэщ, бзэм солэжь» жызоIэ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт «СытхакIуэщ» зыжесIэ цIыхум къызэрыщыхъунур. А IэщIагъэм къалэн куэд уи пщэ къыделъхьэ. Абы къыхэкIыу, сыегъэджакIуэу жысIэмэ, нэхъ къызощтэ. ПцIы лъэпкъ хэлъкъым абы, япэрей IэщIагъэмкIэ сэ сыегъэджакIуэщ, — къыхегъэщ МэшбащIэм.
- ТхакIуэ IэщIагъэр фIыуэ илъагъу щхьэкIэ, спортми къызэрымыкIуэу дехьэх Исхьэкъ. И щIалэгъуэм зэпеуэ командэхэм хэту щытащ, иджы спорт каналхэм фIэфIу йоплъ. Арагъэнщ абы и жыджэрагъым и щэхури. И щIалэгъуэ лъандэрэ МэшбащIэм и махуэм нэхулъэ щызэкIэщIитхъым щIедзэ. А дакъикъэхэм, езым зэрыжиIэмкIэ, абы дежкIэ нэхъыщхьэр и гупсысэ зэщIэкъуамрэ тхылъымпIэ напэ хужьымрэщ.
- Жьы Iубыгъуэ
- Махуэ къэс напэкIуэцI 30 — 40 ятхыу зыщызыIуэж тхакIуэхэм жаIэр фIэщ щIыгъуейщ. КупщIэ иIэрэ зэхуэгъэкIуауэ апхуэдиз зы махуэм пхуэтхынукъым. Уеблэмэ тха хьэзыру щыIэри къыпхуэщыпынукъым. Тхыгъэм гупсысэ щIэплъхьэн, узытепсэлъыхьхэр зэхуэбгъэкIуэн, зэбгъэзэхуэн хуейщ.
- — Сэ махуэм зы напэрэ ныкъуэрэ е тIущ схуэтхыр. Си Iэрытхым къызэрымыкIуэу солэжь, къытезгъэзэжурэ соджэж. Сигу къокIыж журналисту сыщылэжьа илъэсхэр. А IэнатIэм пэрытхэм пщIэ лей яхузощI, абы пыщIа гугъуехь псори къызгуроIуэ, ауэ журналистхэм нэхъыбэу гулъытэ зыхуащIыр и щIыIум телъыращ, си дежкIэ лъащIэм щыIэр, Iуэхум и къежьапIэр нэхъ лъапIэщ, — пещэ Исхьэкъ.
- Тхыдэ роман птхыныр ар жьы Iубыгъуэм хуэдэщ. Тхыдэр пэжу, художественнэ Iэмалхэм дихьэхыщэу ямыIуантIэн зыхузэфIэкI зырызхэм ящыщщ Исхьэкъ.
- Илъэс 89-м къриубыдэу МэшбащIэм IэнатIищ къудей зэрихъуэкIауэ аращ: «Социалистическэ Адыгей» газетым и къудамэм и унафэщI, КПСС-м и обкомым и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
- ТхакIуэм шэч къытрихьэркъым тхыдэм и пэжыр цIыхухэм я деж нэхьэсыным и мыхьэнэр зэрыиным. А щхьэусыгъуэращ абы и IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэм («Щхьэл мывэхэр», «Адыгэхэр», «Хъан-Джэрий», «Ридадэ», «Аишэт», «ГъэритI», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «Джасус», «Ажал гъуэгу» романхэм) зэIэпахыу цIыхухэр щIеджэр. Абыхэм языхэз- ми тхыдэм и лъагъуэ нэпцI ущрихьэлIэнукъым.
- Урысейм и тхакIуэ цIэрыIуэхэу Исхьэкъ и гуащIэм щыгъуазэхэм къыхагъэщ ар къызыхэкIа лъэпкъым, къэралым хуиIэ фIылъагъуныгъэр и IэдакъэщIэкIхэм зэрыщынаIуэр.
- А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу 2005 гъэм МэшбащIэр Урысей Федерацэм и Жылагъуэ Палатэм хагъэхьат. Къыхэгъэщыпхъэщ, а зэгухьэныгъэм тхакIуэу хэтыр Исхьэкъ зэризакъуэр.
- Ди зэманым икъукIэ гугъущ хэкупсэ лъагъуныгъэр щIалэгъуалэм зыхебгъэщIэныр. АбыкIэ хуабжьу дэIэпыкъуэгъуфI мэхъу хэкум, лъэпкъым, хабзэм, тхыдэм ятеухуауэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэр. ТхакIуэ нэсым и псалъэм къэуатышхуэ щIэлъщи, гущIэм и нэрынэ къэс лъоIэсыф.
- МэшбащIэ Исхьэкъ и хъэтIым теухуауэ литературэджхэм куэд дыдэ ятхащ, езыри тхакIуэ емызэшщи, и творчествэм хигъахъуэ зэпытщ. А псори къэплъыта иужькIэ, пылъхьэншэу жыпIэ хъунущ Исхьэкъ Адыгэ литературэм и классик цIэ лъапIэр къызэрилэжьыр.
- Усыгъэмрэ гъащIэмрэ
- «ГъащIэ, гурыфIыгъуэ къызэти, сэ тIууащIэу сыпхуэупсэжынщ», — сатырхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Исхьэкъ и лъэIур зэхаха хуэдэ, гъащIэр къыхуэупсащ, езыми и щIыхуэ лъэпкъ къызытринакъым.
- Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын абы къыхуитхауэ щытащ: «УсакIуэ — псалъэм и мыхьэнэр ап- хуэдизкIэ инщи, абы нэхърэ нэхъ лъагэж гуэри къыщIэплъыхъуэн щыIэкъым. Уэ езыми фIыуэ бощIэ узэрыусакIуэр, ауэ сэ сыхуейщ иджыри зэ узэрыусакIуэр уигу къэзгъэкIыжыну. КIэщIу жыпIэмэ, уусакIуэшхуэущ, гукIи псэкIи уусакIуэ Iущщ. Нэхъы- жьым къыбгъэдэкIыу мыри бжесIэнут: уэ уащыщщ бгырыс усакIуэ нэхъыфIхэм».
- Пэжщ, Исхьэкъ литературэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр нэмыщIамэ, абы и ерыщагъыр хэмылъамэ, хузэфIэкIам и Iыхьэ щанэри къехъулIэнтэкъым. Иджыри курыт еджапIэм щIэсу абы и япэ усэ сатырхэр итхат. Абы щыгъуэ тхэн щIэзыдзагъащIэ щIалэщIэм дэнэ щищIэнт къехъулIэну псомрэ литературэм и IэмалхэмкIэ лъэп- къым мыкIуэдыж гъащIэ зэрыпхуетынумрэ? IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэм еджэурэ, езыми усэ тхын щIидзат.
- Абы и адэшхуэ Бакъ (и анэм и адэщ) и пхъурылъхум и акъыл жанагъым гу щылъитэм, и пхъум мыпхэдэу жриIауэ щытащ: «Мы щIалэр губзыгъэщ, жепIэ псори псынщIэу къеубыд, егъэджэн хуейщ, сэ сымылъагъуми, фэ фхузэфIэкI къэвмыгъанэ». Адэм и анэмэтыр Исхьэкъ и анэм игъэзэщIащ, абы хузэфIэкI къигъэнакъым и къуэм IэщIагъэ тэ-мэм иIэнымкIэ. Езыми и адэшхуэмрэ и анэмрэ къызэрыщыгугъар игъэпэжащ. Адрей и къуэшхэм хуэдэу, ари егъэджакIуэу лэжьамэ, шэч хэмылъу абыи ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэригъэхьэнт. Ауэ Исхьэкъ и натIэм къритхар нэгъуэщIт. Курыт еджапIэ нэужьым ар зыщIэтIысхьа Мейкъуапэ педучилищэм Хэку зауэшхуэм ипэ Андырхъуей Хъусен (аращ Совет тхакIуэхэм ящыщу СССР-м и ЛIыхъужь хъуауэ щытар) и унафэщIу къызэрагъэпэща литературэ гупжьейхэр щызэхэтт. Абы екIуэлIэн щIэзыдза МэшбащIэм занщIэу гу къылъатэри, утыку ирашэн щIадзащ. Абы и усэхэр япэу 1949 гъэм утыку къихьащ. Исхьэкъ и тхыгъэхэр зэрымыщIэкIэ Iэрыхьауэ щытащ Адыгейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Куэстэнэ Дмитрий, икIи кIыхьлъыхь зимыщIу щIалэщIэр Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым зэрыщIэтIысхьэн тхылъымпIэхэр хуигъэхьэзыращ.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэфам и мызакъуэу, общежитым пэш къыщратри, стипендии хуагъэуват абы. МэшбащIэм дзыхь къыхуэзыщIа псори а Iуэхум щыгуфIыкIыжат, диплом плъыжькIэ институтыр къыщиухам.
- — Си насып кърихьэкIри, Светлов Михаил, Паустовский Константин, Луговской Владимир сымэ срагъэджащ, литературэм и щэхухэмкIэ къыздэгуэшащ. Сыщеджэ лъэхъэнэм Чуковский Корней, Шолохов Михаил, Твардовский Александр, Симонов Константин, Сельвинский Илья, Фадеев Александр сымэ сахуэзауэ щытащ. Рожденственский Робертрэ сэрэ зы стIолым дыпэрысу деджащ, Евтушенкэ Евгенийрэ Ахмадулинэ Бэллэрэ я гъусэу усыгъэмкIэ семинархэм сыщыIащ, — игу къегъэкIыж Исхьэкъ.
- Совет литературэм и пэрытхэм ящыщ Михалков Сергей зэгуэрым Исхьэкъ зыкъыхуигъэзащ: «Си щхьэгъусэ Кончаловская Наталье уи IэдакъэщIэкIхэр игу ирихьащи, ди унэ удогъэблагъэ, дызэпсэлъэн хуейщ». Арати, Исхьэкъ Михалковхэ кIуэри, ягъэхьэщIащ. Абы яужь Михалков Сергей и псалъэкIэ МэшбащIэр СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьауэ щытащ.
- Исхьэкъ илъэс 70 щрикъум щыгъуэ Михалков мы псалъэхэр итхат: «Исхьэкъ, усыгъэр имыутIыпщуурэ, романист лъэщ къищIыкIащ. Ди къэра- лым и тхыдэм, езыр къызыхэкIа адыгэ-шэрджэс лъэпкъым абы хуиIэ еплъыкIэр художественнэ къэIуэтэ- кIэкIэ Iэзэу щIэджыкIакIуэм и пащхьэ ирилъхьащ. Ар лIыгъэ зыхэлъ, пэжыр къэзылъыхъуэ, жыжьэ кIуэцIрыплъ, лъэпкъ Iуэхухэм хэкIыпIэ захуэ къахуэзыгъуэтыф цIыхущ. МэшбащIэр хэкупсэ нэс, къэралым и пщэдейм хуэлажьэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я къэкIуэнум щIэбэн цIыху зэрыхъурэ куэд щIащ. ГъащIэм къыхиха Iущагъым и фIыгъэкIэ, къэрал, жылагъуэ, политикэ щытыкIэ гугъухэм акъыл жанкIэ пхоплъыф. Ар ящыщщ Урысейм и ТхакIуэхэм, ТхакIуэхэм я Дунейпсо зэгухьэныгъэхэм пщIэ лей зыхуащIхэм. Урысхэм, лъэпкъ тхакIуэхэм я деж абы щIыхь ин къыщилэжьын хузэфIэкIащ».
- «Iуэхум гупсэхуу сегупсысу, къэхъуахэр зэпэслъыту сезыгъэсар си адэшхуэращ. Ар нэгъэсауэ адыгэ хабзэм и лIыхъусэжьт, IуэрыIуатэм и хъумакIуэт. Си анэм хэлъа щабагъыр, цIыхуфIагъыр, захуагъэр-щэ?! ЩIакхъуэ Iыхьэр, и щхьэ фIихыну- рэ, къуитынут. Сэ напэуи пщIэуи си- Iар си анэращ», — щетх Исхьэкъ и автобиографие повестым.
- «МэшбащIэ Исхьэкъ тхакIуэ губзыгъэщ, напэр, щIыхьыр япэ изыгъэщ зырызхэм ящыщщ. Къуэ пэжым хуэдэу ар къыщалъхуа къэралым, къызыхэкIа лъэпкъым хуолажьэ, къищынэмыщIауэ, ар тхакIуэхэм я къыщхьэщыжакIуэ нэсщ. УемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым абы хэлъ жыджэрагъым, фэфI зэрытетым. ТхакIуэр зыщыгугъыну иIэр и зэфIэкIымрэ абы гугъу зэрыздригъэхьымрэщ. АбыкIэ си ныбжьэгъужьым Тхьэр къыхуэупсащ. АдэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ, — ит- хауэ щытащ совет литературэм и классик Бондарев Юрий.
- МэшбащIэ Исхьэкъ нобэ тхэну сыт къару къезытыр? ГупсысэкIэ къызэрымыкIуэ зиIэ а цIыхум дежкIэ мыхьэнэ ин иIэщ и лъэпкъым и натIэ хъуамрэ абы и къэкIуэнумрэ. Хэт иджыкIэ тхакIуэхэм я Iуэху зытетым, абыхэм я Iуэху зэрыдагъэкIыжым егупсысыр?
- — Нобэ лъэпкъ литературэхэр щытыкIэ гугъу итщ. Кавказ Ищхъэ- рэм ис лъэпкъхэм я закъуэкъым ар зи гукъеуэр. Сэ сызэреплъымкIэ, урысыбзэр лъэпкъыбзэхэу утыку ихьэнымкIэ анэмэт хъун хуейщ. Сэ Дагъыстэным и лъэпкъыбзэхэр сщIэркъым, ауэ а республикэм щыщ тхакIуэхэр фIыуэ соцIыху, урысыбзэкIэ къыдагъэкIа я IэдакъэщIэкIхэм соджэ. Лъэпкъ литературэхэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжын хуейщ. Псом хуэмыдэу лъэпкъ журналхэм,— къыддогуашэ Исхьэкъ и гукъеуэмкIэ.
- МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейм къыщыдэкI журналиплIым я редактор нэхъыщхьэщ. Абы щIэх-щIэхыурэ бгырыс лъэпкъхэм я тхакIуэхэм я тхыгъэхэр зэридзэкIыурэ тредзэ. Ауэ лъэпкъ литературэхэр зэдзэкIыныр къэрал унафэ зэрыхъуу абы журналхэм я редакторхэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм куэдкIэ зихъуэжынут. Иужьрей илъэсхэм лъэпкъ литературэм и Iуэхур убзыхуауэ, зэIумыбзу зэрыщытым и зэран къокI. Ауэ апхуэдэу дапщэщи щытынукъым.
- «Сыт щIэплъыпIэм адэкIэ щыIэр?» — апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Исхьэкъ тхылъ иIэщ. Езым зэрыжиIэмкIи, зэрыцIыкIурэ щIэплъыпIэм щхьэпрыплъыкIыну щIэхъуэпсырт, адэкIэ щыIэ къалэхэр, цIыхухэр, псэукIэр зригъэщIэну. КъэхъугъэхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ дахэ екIу МэшбащIэм, ауэ щIэплъыпIэр абы дяпэкIи къыпоп- лъэ, мурадхэри нэхъыжьыфIым и мащIэкъым. Абы дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы зэманкIэ ар зэлэжь «Хьэтхэр» тхыдэ романым и япэрей напэ 200-м щIигъур итхащ. ГъащIэ зыхуэфащэр абы и IэфIыр зыхэзыщIэрщ, и махуэ къэс лъытэныгъэ хузиIэрщ. Тхьэм куэдрэ узыншэу ди япэ уригъэт, Тхьэмадэ!
- ЩОМАХУЭ Залинэ.
- Налшык — Мейкъуапэ – Налшык
- МэшбащIэ Исхьэкъ Краснодар крайм хыхьэ Успен щIыналъэм хиубыдэ Щхьэщэхуж къуажэм 1930 гъэм къыщалъхуащ. 1951 гъэм Адыгэ педагогикэ училищэр, 1956 гъэм Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. КПСС-м и ЦК-м и Парт школ нэхъыщхьэм журналистикэмкIэ и факультетым щеджащ. 1949 гъэм щегъэжьауэ и тхыгъэхэр къытрадзэ. Абы лъандэрэ тхакIуэм адыгэбзэкIэ къыдигъэкIащ и усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыт тхылъхэр: «ЦIыху лъэщхэр», «Си дуней», «УэрэдыщIэ», «Вагъуэ бын», «Пшыналъэ», «Псысэ-гупсысэхэр», «Лъэмыжхэр», «Дыгъэгъазэ», «Дыжьын уэшх», «Гъатхэ уэгум и уэрэд», «Шу мафIэ», «Вагъуэ лъагэм и нэхупс», «Махуэбгым и дыгъэ хуабэ», «ФIым и лъагъуэ», «Тхылъищ хъу тхыгъэ къыхэхахэр», «ТхылъитI хъу усэ, поэмэ къыхэхахэр», «Зэманым и шэрхъ», «ПсынэщIэж», «СатыриплIхэр», «Усэу тха псысэхэр», нэгъуэщIхэри. Роман дунейм къытехьахэр: «Ягъеяхэм япэплъэжыркъым», «ЦIыхур тIэу къалъхуркъым», «Жэщ лъагъуэхэр», «Бзиикъуэ зауэ», «ЩIыгу хъурей», «ФIы щIэи, псым хэдзэ», «Гуащэнэ», «Мывэ щхьэлхэр», «ГъэритI», «Хъан-Джэрий», «Ридадэ», «Адыгэхэр», «КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «Айшэт», «Джасус», «ЩIыгумрэ уэгумрэ щызэпыхьэм сыт щыIэр?», «Лъапсэрых», «Хэхэсхэр», «Ажал гъуэгу», «Тхылъ тIощI хъу тхыгъэ къыхэхахэр», нэгъуэщIхэри. Илъэс зэхуэмыдэхэм Мейкъуапэ, Краснодар, Налшык, Москва урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ тхылъ куэд. МэшбащIэм адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреатщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэт нэхъыщхьэри къратащ. Урысей Федерацэм и литературэм хилъхьа гуащIэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и II, III, IV нагъыщэхэр, «Лъэпкъ Зэныбжьэгъугъэ» орденыр, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Адыгэ Республикэм и Къэрал Советым — Хасэм и «Закон. Долг. Честь» дамыгъэ нэхъыщхьэр, Абхъазым къыщратащ «ПщIэмрэ ЩIыхьымрэ» орденыр, «Кубаным и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалым и япэ нагъы-щэр къыхуагъэфэщащ. 2019 гъэм абы къыфIащащ «Урысей Федерацэм Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. МэшбащIэ Исхьэкъ илъэс куэдкIэ щытащ Адыгэ Хэку Советым, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм я депутату, иджыпсту УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэтщ. Абы итхащ Адыгэ Республикэм и Гимным щIэлъ псалъэхэр. Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъи 130-м щIигъу, урыс тхакIуэшхуэхэм я тхыгъэхэр, КъурIэныр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ, и усэ куэдым макъамэ щIалъхьэри, уэрэд цIэрыIуэ хъуащ. И IэдакъэщIэкI-хэр адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, китаибзэкIэ, франджыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, чеххэм, ляхьхэм (полякхэм), болгархэм я бзэхэмкIэ зэрадзэ- кIащ. МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгэ Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм илъэс 54-рэ хъуауэ и тхьэмадэщ, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэм и къуэдзэщ, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIа- кIуэ гупым и унафэщIым и къуэдзэщ, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм егъэщIылIауэ лажьэ Нэхъыжьхэм я советым хэтщ, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я Хасащхьэм и тхьэмадэщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз Академием я академикщ. Адыгэ къэрал университетымрэ Мейкъуапэ къэрал технологие университетымрэ, КъБКъУ-м щIыхь зиIэ я докторщ, Мейкъуапэ, Тэрч къалэхэм щIыхь зиIэ я цIыхущ.