ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ар жэуапыншэу къанэ хъунукъым

2019-07-11

  • «Махуэку» напэкIуэцIым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым дэ теддзауэ щытащ «Езыхэм зытес къудамэр паупщIыж» тхыгъэр. Абы къыщыгъэлъэгъуат ди гъунэгъу Куржым и унафэщIхэр хъийм зэрикIар икIи абы фIы къызэримышэнур. Абыхэм ирагъэкIуэкI политикэм нэгъуэщIкIэ ущыгугъ хъунутэкъым.

  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори пэж хъуащ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджыблагъэ Куржым къаугъэшхуэ къыщыхъеящ православие диным и цIэкIэ Тбилиси кIуа урысей депутатым егъэщIылIауэ — ар къэралым и парламентым и спикерым и шэнтым тетIысхьат зэрымыщIагъэкIэ. Апхуэдэ «гъэпудыныгъэм» Урысейм къыхуэмыфI цIыхухэр зэгуигъэпащ. ЩытыкIэр апхуэдизу зэщIэплъати, Кремлым унафэ къищтэн хуей хъуащ къэралитIым я авиацэ зэпыщIэныгъэхэр зэпагъэуным теухуауэ. А унафэм къару игъуэтыным къэнэжа щымыIэу «Рустави-2» телеканалым зэуэзэпсэу Урысейр къигъэпудащ. Теленэтыныр езыгъэкIуэкI Габуние Георгий дакъикъэм нэблагъэкIэ урысхэр хьэм иригъэхьащ. Урысыбзэ IэзэкIэ ди цIыхухэм «ФыпщылIщ!» жиIэри къещащ, Президент Путинымрэ абы и адэ-анэ мыпсэужхэмрэ…къехъуэнащ.
  • Апхуэдэ пэплъатэкъым куржыхэр. Арыншами, абыхэм хуэм-хуэмурэ къагурыIуэу хуежьат гъэмахуэм ди туристхэр мыкIуэмэ, ахъшэншэу къызэрынэнур. Ахэр нэгъуэщI зыкIи — инджылызхэмкIи е франджыхэмкIи пхузэхъуэкIынукъым. АрщхьэкIэ телеканалым и унафэщI Гварамие Никэ, уеблэмэ езым и лэжьакIуэм ищIам щхьэкIэ къыхуагъэгъуну лъэIуэххакъым:
  • «Сэ ар зэрыхъуэнам папщIэ «Къысхуэвгъэгъу» жысIэну зызгъэхьэзыркъым, ар нэсу зэрыдэсIыгъым къыхэкIыу. Ауэ апхуэдизу хъийм имыкIами хъунут».
  • ИужькIэ Iуэхум хэIэбащ Куржым и премьер Бахтадзе Мамукэ:
  • «Ар хьэгъэщагъэ бзаджэщ икIи ди къэралым щытыкIэр щызэIыгъэхьэным хуэгъэзащ».
  • Езым и псалъэ Твиттерым хигъэхьащ Куржым и президент Зурабишвили Саломеи:
  • «Лъагъумыхъуныгъэр зэрызэщIагъаплъэр, цIыхухэр зэрагъэпудыр здэркъым. Ахэр куржыхэм къадекIуэкI хабзэхэм езэгъыркъым, зыхуэлажьэри ди къэралымрэ Урысеймрэ нэхъри зэпэщIэхынырщ, яку дэлъ ткIиягъым хэгъэхъуэнырщ».
  • Псалъэ дахэхэщ. Президентыр арэзыкъым теленэтыныр езыгъэкIуэкIыр зэрыхъуэнамкIэ. Ауэ иджырейм тегъэщIапIэ ищIам щхьэкIэ зы псалъи къыжьэдэкIакъым.
  • Телеканалым и гупэм куржыхэр щызэхуэсу щIадзащ. ПсынщIэ дыдэу ахэр миным щIигъуащ. Мыарэзыхэм яхыхьащ езы каналым и лэжьакIуэхэри.
  • Сыт ахэр псом хуэмыдэу зыгъэгубжьар? Куржыхэм адэ-анэхэм пщIэшхуэ дыдэ хуащI. Псом хуэмыдэу, ахэр дунейм ехыжамэ. Абыхэм ятеухуауэ Iей гуэри жыпIэ хъунукъым. Путиным и адэ-анэр апхуэдэу ягъэпудыныр къызыхэкIар куэдым я щхьэ къитIасэркъым.
  • Иджы къагурыIуэжащ зытес къудамэр къэгъэзэж имыIэу зэрыпаупщIыжыр. Къэнэжар мащIэ дыдэщ. Телеканалым и Iэтащхьэ Гварамие Ники и псалъэхэм захъуэжащ: «Сэ, дауи, къысхуагъэгъуну солъаIуэ. Сэ зэи сегупсысынтэкъым Путиныр зэрагъэпудам папщIэ «Къысхуэвгъэгъу!» жысIэну. Апхуэдэ щытыкIэ сригъэуващ Габуние ищIам. АрщхьэкIэ щыгупсысэн хуейр нэхъапэкIэщ. Иджы зыми шэч къытрихьэжыркъым Урысейм а псори жэуапыншэу къызэримыгъэнэнум.
  • Аращи, нэгъуэщI псори щыдогъэтри, дэ дяпэкIэ тлъагъужыну къыщIэкIынукъым куржы шагъырхэри «Боржоми» нарзанри. СлIожь, дефэнкъыми аращ.