ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъагъуныгъэр, пщIэр, нэмысыр

2019-07-11

  • «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», — жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр. Аращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри… Апхуэдиз мыхьэнэ цIыху гъащIэм щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Мы гъэм илъэс 11 мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр.

  • Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтахэр.

  • Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыщ унагъуэ нэхъыфIхэр.

  • Бахъсэн къалэм и администрацэм и унэм щагъэлъэпIахэр.

  • Мы тхьэмахуэм ди республикэми щаIэт а махуэшхуэр. Апхуэдэт Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхыхьэр. Абы щагъэлъэпIащ районым щыщ зэщхьэгъусэ зыбжанэ. Махуэшхуэр гъэлъэпIэнымкIэ къэралпсо комитетым къыбгъэдэкI «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр хуагъэфэщащ Куба къуажэм щыщ зэщхьэгъусэхэу Чэтбийхэ Малиррэ Ленэрэ, Псыхъурей щыпсэухэу КIужхэ Мухьэдинрэ Iэсиятрэ, ПсыкIэху щыщхэу Къэрмокъуэхэ Iэхьедрэ Розэрэ, Къэсейхьэблэ дэсхэу Гуанэхэ Юрийрэ Сусаннэрэ я унагъуэхэм.
  • ЩIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа унагъуэхэм. Апхуэдэхэт «Унагъуэр лъэпкъ хабзэхэм я хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщызыхьа, Жанхъуэтекъуэ щыщ БатIитIэхэ я унагъуэр. Ахэр хэтынущ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм. «УнагъуэщIэ» унэтIыныгъэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Гъутхэ я унагъуэри щагъэлъэпIащ зэхуэсым.
  • Апхуэдэ Iэгуауэ зыхуаIэтахэм ящыщщ «Си унагъуэ» сурэт зэпеуэм щытекIуахэри. Апхуэдэхэщ Ислъэмей щыщхэу Къэжэрхэ Наурызрэ Маринэрэ, Зеикъуэ дэсхэу Щомахуэхэ Ибрэхьимрэ Таисэрэ, Кременчуг-Констатиновскэ жылэм щыпсэухэу Къуэдзокъуэхэ Казбекрэ Инессэрэ. А унагъуэхэм хуагъэфэщащ удз гъэгъаи саугъэт лъапIэхэри.
  • — Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэр епхащ дэ тщыщ дэтхэнэми и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм: унагъуэм, абы илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ, — къыхигъэщащ унагъуэхэм щехъуэхъум Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур. — Унагъуэращ псоми тхэлъыфыну хьэлыфIхэм я къежьапIэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», — жиIащ псалъэжьым. Дэтхэнэ унагъуэми сохъуэхъу насыпыфIэу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, я мурадхэр къайхъулIэу псэуну.
  • Бахъсэн къалэми щхьэхуэу щекIуэкIащ гуфIэгъуэ зэхуэс. Къалэ администрацэм и унэм ирагъэблэгъат унагъуи 4. Апхуэдэхэт Ковпаковхэ Геннадийрэ Ольгэрэ, Бещтохэ Мухьэрбийрэ Ларисэрэ, Хъуэтхэ Арсинрэ Iэминатрэ, Бетыгъуэнхэ Анзоррэ Ларэрэ я унагъуэ дахэхэр: нэхъыжьхэри, бынхэри, къуэрылъху-пхъурылъхухэри. ЗэIущIэм хэтащ къалэ советым и депутатхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, Бахъсэн къалэм щыIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр, ЗАГС-м и щIыналъэ къудамэм и IэщIагъэлI- хэр. Ар иригъэкIуэкIащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ. «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр, удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ унагъуэхэм иратащ.
  • Iуащхьэмахуэ щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ а махуэр. Илъэс 25-кIэ е нэхъыбэкIэ зэдэпсэуа зэщхьэгъусэ зыбжанэ кърагъэблэгъат махуэшхуэм хузэхаша пшыхьым. А хьэщIэ лъапIэхэм: Неппеевхэ Борисрэ Халкечевэ Заремэрэ, Ахъмэтхэ Мурадинрэ Ферузрэ, Атмурзаевхэ Сапаррэ Латенэ-рэ — гуапэу зыхуагъэзащ Iуащхьэмахуэ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий, щIыпIэм щыпсэу бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Ахъмэт Марьям сымэ.
  • «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр зыхуагъэфэща зэщхьэгъусэхэм фIыщIэ ин ящIащ къыхуащIа гулъытэр. Ахэр тепсэлъыхьащ я унагъуэ быдэхэм икIи насыпыфIэхэм илъ хабзэм, пщIэмрэ нэмысымрэ. Адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм жылагъуэм щаIэ апхуэдэ пщIэ лъагэм щыгуфIыкIащ абыхэм я бынхэри я къуэрылъху-пхъурылъхухэри.
  • Махуэшхуэ зэхыхьэхэр гуфIэгъуэ концертхэмкIэ яIэтащ, абыхэм джэгу дахэхэри зэхашащ. Зэхуэсхэм я кIэухыу абы хэтахэм сурэтхэр зытрагъэхащ.
  •  ЖЫЛАСЭ Маритэ.