Си шыпхъу Лейлэ
2019-06-08
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер зэраухуэ лъандэрэ, 1992 гъэм щегъэжьауэ, соцIыху ЩIДАА-м и вице-президент, литературэдж цIэрыIуэ Бэчыжь Лейли, абы пэпщIэ хъун бзылъхугъэ, уеблэмэ цIыхухъу куэд срихьэлIакъым.
- Сэ тхакIуэу щы си нэIуасэщ, зэрытхэм хуэдэу псалъэу, зэрыпсалъэм хуэдэу тхэуэ. Ахэр — СССР-м и къэрал телевиденэм и «пащтыхьу щыта» Андроников Ираклий, сэ сезыгъэджа Сокъур Мусэрбий, езы Бэчыжь Лейлэ. Пэжщ, япэ итхэм ефIэкIыу къысщохъу ди шыпхъур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Лейлэ и зэфIэкIым хуэдэ къэзыгъэлъэгъуа иужьрей илъэс 50-м сэ срихьэлIакъым. Ар губзыгъэщ, жьакIуэщ, дахэщ, гумащIэщ икIи хэти дэIэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ.
- Бэчыжьым цIэрэ щхьэрэ зрита щIэныгъэлIхэми дащогугъ Лейлэ хузэфIэкIам хуэдэ къызыкъуахыну. Бэчыжьымрэ сэрэ дызыхэмыта зэIущIэ щIагъуэ ЩIДАА-м иригъэкIуэкIакъым. Апхуэдэ зэхуэсхэм академием хэт псори зыпэплъэр зыт: сыт шэрджэс бзылъхугъэм жиIэнур? Сыт хуэдэ Iуэху еплъыкIэ иIэ абы ЩIДАА-м и зэфIэкIым теухуауэ?
- Лейлэ фIыуэ къэзымылъагъу тхакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми ису сщIэркъым, ар адыгэ ирехъу, е нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIауэ щрет. 1962 гъэм Бэчыжьыр IущIауэ щытащ урыс усыгъэм и «дыгъэ» Ахматовэ Аннэ. Абы щыгъуэм ди шыпхъум и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 33-рэт. Ауэ а бзылъхугъэ цIэрыIуэр зэ Iуплъэгъуэм къыдихьэхат адыгэ еджагъэшхуэм.
- Нобэ Лейлэ и махуэщIщи, фIыгъуэу щыIэмкIэ сыхуохъуахъуэ, и илъэс бжыгъэ дахэм иджыри къыхупищэну Тхьэм солъэIу. Сэ дэлъхуу сыкъелъытэри, шыпхъум хуэдэу къызэрызбгъэдэтыр дяпэкIи згъэпэжыну къызогъэгугъэ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд,
- ЩIДАА и вице-президент,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.