ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Социальнэ лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-06-08

  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъухъу!
  • Социальнэ лэжьакIуэм и IэщIагъэр тыншкъым, ауэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи фIыщIэ пылъщ. ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэм фэ фи фIыщIэкIэ фIэщхъуныгъэ ягъуэтыж икIи цIыхухэм тэмэму яхэпсэукIыну Iэмал ягъуэт. Апхуэдэ лэжьыгъэ пхуегъэкIуэкIынукъым, гуапагъэ, гущIэгъу, гъэсэныгъэ пхэмылъу, уи IэщIагъэм гурэ псэкIэ уетауэ щымыту. ФIыщIэ фхузощI хьэлэлу фызэрылажьэм, цIыхухэм гупцIанэу, гулъытэ фхэлъу фазэрыбгъэдэтым папщIэ. Шэч къытесхьэркъым къывбгъэдэхуэ лэжьыгъэр дяпэкIи тэмэму зэрефхьэкIынум, республикэм исхэм ягъуэт социальнэ дэIэпыкъуныгъэм зегъэубгъуным куэд зэрыхэфщIыхьынум.

  • Узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм адэкIи тэмэму фателэжьэну си гуапэщ.­­