НэхъыжьыфIхэм я щапхъэм дытету
2019-06-08
- Ди лъэпкъыбзэмкIэ республикэм къыщыдэкI газет закъуэр фIыуэ зылъагъухэм, зи щIэщыгъуэу сыт щыгъуи еджэхэм сащыщщ сэ. Абы и къыдэкIыгъуэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуами дигъэпIейтеяти, Тхьэм и фIыщIэкIэ электрон номерхэр къыхэхъуэжащ. Газетым сыт щыгъуи идогъуатэ ди щIыналъэм, къэралым, хамэ щIыпIэхэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ятеухуа хъыбархэр.
- Сэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щызогъэдж Аруан щIыналъэм и къалащхьэ Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м. Адыгэхэм нэмыщI, ди къалэм дэсщ урысхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэри. Псори дызэгурыIуэу, пщIэ зэхуэтщIу дызэдопсэу, щIэблэр фIым зэрыхуэдгъэсэным дыхущIэкъуу. Ди хабзэращи, цIыхур зыщыщ лъэпкъым емылъытауэ, абы пщIэ худощI и дуней тетыкIэ дахэмрэ и IэужьыфIхэмрэ папщIэ.
- Щхьэж и бзэм, и щэнхабзэм гулъытэ хэха зэрыхуэтщIыжыным дыхущIокъури, абыхэмкIэ дэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм, сэбэпышхуэ къытхуохъу «Адыгэ псалъэ» газетыр. Ар лэжьыгъэм дапщэщи къыщыдогъэсэбэп, напэкIуэцI хэхахэм ит тхыгъэхэм ящыщ куэд дерсхэм щызэпкърыдох, дащытопсэлъыхь. Адыгэбзэм и пщIэр жылэми щыинщ. Гу зэрылъыстащи, мы газетым яфIэгъэщIэгъуэну йоджэ Нарткъалэ щыпсэу нэхъыжьыфIхэри ныбжьыщIэхэри.
- «Адыгэ псалъэр» ныбжьэгъуфIу сызэриIэрэ куэд щIащ. АбыкIэ щапхъэ схуэхъуащ си адэ-анэр, Къэхъун дэт курыт школ №1-м анэдэлъхубзэр щызэзыгъэджахэр. Ди егъэджакIуэхэр куэдрэ къытхуеджэрт абы къытехуэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Iуэху зэхуэмыдэхэм ехьэлIа гупсысэхэмкIэ псоми къыддэгуашэрт. А нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм сытету си IэщIагъэри къыхэсхащ, ар сигуми си псэми къыдыхьэу сролажьэ. Апхуэдэу адыгэбзэкIэ къыдэкI ди газетым пщIэшхуэ хуещI ди еджапIэм и унафэщI, ди лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Шыбзыхъуэ Иннэ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхухэм епха тхыгъэ куэди абы щIэх-щIэхыурэ къытохуэ. Сэри лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп газетым къытехуэ тхыгъэхэу лъэпкъ, хэкупсэ гъэсэныгъэм, адыгэм и тхыдэм, хабзэ-нэмысым ехьэлIахэр. Абыхэм ди щIэблэм я дуней еплъыкIэр яузэщI, гупсысэр нэхъ куу ящI.
- Сэ къызэрыслъытэмкIэ, ди лъэпкъым ифI зезыхуэ, и зыужьыныгъэм хуэлажьэ «Адыгэ псалъэр» яIэрыхьэн хуейщ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми.
- БЖЭIУМЫХ Заремэ,
- егъэджакIуэ. Аруан щIыналъэ.