Гайморитыр узыфэ тIасхъэкъым
2019-03-06
- Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Апхуэдэщ синусит (гайморит) жыхуэтIэри. Нэпкъым щIыIэ хыхьэу, шын ирищIа нэужь, уи щхьэр пхуемыгъэзыхыу, уеблэмэ бгъэхъеин къохьэлъэкIыу, уплъыржьэру, уи пэр къыпыжу ухъуамэ — ар гайморитщ.
- Балигъым и Iуэхур нэхъ тыншщ, ауэ сабийм гайморит зэриIэр къэпхутэну гугъусыгъущ, къызэреуз щIыкIэр къызэрыбжамыIэфым къыхэкIыу. Ауэ сабийм и пэ къыпыжыр бгъэхъужа нэужь, махуэ зыбжанэ дэкIауэ аргуэру плъыржьэр къэхъужмэ, и пэшыныр Iуврэ гъуэжьыфэмэ, и пэ кIуэцIым мэ Iей кърихмэ — гайморит хъуащ.
- Гайморитыр къэхъеинкIэ хъунущ цIыхум и пэр къуаншэмэ, полип итмэ, аллергие иIэмэ, пыхусыху пкърытмэ. Ар къэхъея нэужь цIыхум и натIэр, пэбгыр, нэпкъыр узын щIедзэ, хуиту бэуэфыркъым.
- Сымаджэм езыр-езыру зигъэхъужыну яужь имыхьэмэ нэхъыфIщ, сыту жыпIэмэ сэбэп зыхуэхъужу къыщыхъуурэ, и узыр хигъэтIэсэнкIэ шынагъуэщ. Дохутырым рентген трихынущ е компьютер диагностикэ иригъэкIуэкIынущ, нэпкъым шын итрэ имытрэ къищIэн папщIэ.
- ЦIыхум и лажьэр къащIа нэужь, абы шын итмэ, пхраудрэ къагъэкъабзэу хабзэщ, ауэ иджы нэгъуэщI Iэмалхэри къежьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а Iуэхугъуэм языныкъуэ цIыхухэр щышынэми, шыныр къамыгъэкъэбзауэ, узыр зэрымыужьыхынур. КъыкIэлъыкIуэу сымаджэм нэхъ къезэгъын антибиотик хуатхри, ар ирахьэлIэ. Гу лъытапхъэщ зи пэр пхауда, зи иммунитетыр махэ хъуа цIыхум нэгъуэщI узыфэ къимыубы-дын папщIэ, хуэсакъын зэрыхуейм. Апхуэдэу, сымаджэр зыщIэлъ пэшым и щхьэгъубжэхэр Iуахыурэ жьы къабзэ щIрагъахуэ, псы куэду ирагъафэ, тутын е фадэ ефэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- Гайморитыр зи узыфэ лIэужьыгъуэмрэ ар зэрагъэхъужымрэ топсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ сымаджэщым ЛОР узыфэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Щэрдэн Зураб:
- — Пэ, тэмакъ узыфэу медицинэр зыщыгъуазэм я зэхуэдитIыр пэ кIуэцIращ нэхъ зыхуэлъэр. Мы Iуэхум куууэ дыхэIэбэу къэттIэщIыным зэманышхуэ ихьынущи, гъэкIэщIауэ зэпкърытхмэ нэхъыфIщ. Пэжщ, гайморитыр Iэмал бжыгъэншэхэмкIэ ягъэхъуж. Абы къегъэлъагъуэ езы гайморитри лIэужьыгъуэ куэд зэрыхъур. Дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ иIэжщ. Ауэ, нобэрей медицинэм нэхъ фIэкъабылыр IэмалитIщ: пэ кIуэцI бэгар зыгъэтIысыж терапиерэ антибактериальнэ терапиерэ. Аращ узыхуейри. Мы къезбжэкIаитIыр сэ- бэп мыхъурэ, итIанэщ хирургиер къыщыхыхьэр. Псоми до-щIэ, гайморитыр «ягъэхъужу» Iэзэ Iэджи зэрыщыIэр, «хущхъуэгъуэ» зэмылIэужьыгъуэхэр зэхащIэрэ ирахьэлIэу. Ауэ, пасэрей зэманым дыщыпсэужкъым дэ, медицинэм зиужьащи, ахэр псори лъэныкъуэ егъэзауэ, фи ахъши зэмани лейуэ фымыгъэкIуэду, занщIэу дохутырым деж фыкIуэн хуейщ гайморит фиIэу гурыщхъуэ фщIамэ.
- Фырэ Анфисэ.