ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къалэн хьэлъэ зи фэ дэкIахэр

2019-02-19

  • Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м
  • илъэс 30 ирикъуащ
  • Афган зауэм совет сэлэт мелуан ныкъуэ хэтащ, цIыху мин 14-м щIигъу абы хэкIуэдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу афган зауэм щыIащ 1860-рэ, 55-м къагъэзэжакъым. Ягъуэта уIэгъэхэмрэ фэбжьхэмрэ къыхэкIыу а зауэм и ветеран 300-м щIигъу дунейм ехыжащ. Ди лъахэгъухэу щым къыхуагъэфэщащ Бэракъ Плъыжьым и орден, «Хахуа-гъэм папщIэ» медалыр къратащ цIыху 870-м, «Дзэ щIыхьым папщIэ» медалхэр — зауэлI-афган 907-м.

  • Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъур щагъэлъапIэ махуэм Налшык и Дэшхуей хадэм Афганистаным щызэуахэм я фэеплъу итым и деж щызэхуэсащ мы зауэм щыIахэр, абы хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэр, Правительствэмрэ Парламентымрэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ветеранхэр, кадет школхэм я курсантхэр, къалэдэсхэр.
  • ПэкIур къызэIуахри, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъумкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэм.
  • Зи къалэныр щIыхь пылъу зыгъэзэщIа совет сэлэтхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ тепсэлъыхьащ КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд. Республикэм и Дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Сыжажэ Алим дыуэ ищIри, къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ, Афганистаным щызэуахэм я фэеплъым и деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
  • КъыкIэлъыкIуэу пэкIухэр щекIуэкIащ, удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ «Налшык дзэ щIыхьым и къалэщ» стеллэм, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» мемориалым деж.
  • А махуэ дыдэм Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм и унафэщIхэр, Хэку зауэшхуэм, Афганистаным я ветеранхэр, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэм я анэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм зэрызахуигъазэм икIи жиIащ афган зауэм хэта, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI Чочаев Шарабуттин — Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам институтым и ректорым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъ зэрыхуагъэфэщар.
  • КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ, Афганистан зауэм и ветеран Зумакулов Борис къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Афганистаным щыIахэм я пщIэр 90 гъэхэм къэралым щагъэлъэхъшэну зэрыхэтар, «сыт и мыхьэнэ абы щыфщIам?» жаIэу. Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщ япэу ар зымыдахэм. Республикэм и унафэщIхэм абы щыгъуи иджыи лIыхъужьхэм хуагъадэу пщIэ хуащI зауэлI-интернационалистхэм. Ар я фIыщIэщ КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерийрэ Афганистаным щыIахэм 1996 гъэм къызэрагъэпэща советымрэ.
  • Iэгуауэшхуэм щIэту Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд Зумакулов Борис иритащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI, «Хэкум зэрыхуэпэжым папщIэ» орденым и дамыгъэр.
  • Афганистаным и ветеран 30-м щIигъум иратащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я щIыхь тхылъхэр. Къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ «Город Н» вокально-инструментальнэ ансамблым, Музыкэ театрым и солистхэу Къул Ланэрэ Жаникаев Эльдаррэ, КъБКъУ-м и «Каллисто» къэфакIуэ гупым, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • УАРДЭ Жантинэ.Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.