«Налмэсыр» къофэ
2018-12-04
- Адыгэ Республикэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым мы махуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм концертхэр щет. Дагъыстэн Республикэм и «Лезгинка» ансамблым и гъусэу Мэхъэчкъалэ зэныбжьэгъугъэ концерт щатащ, етIуанэ пщыхьэщхьэм езы «Налмэсым» зыкъигъэлъэгъуащ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием исхэм дыгъэгъазэм и 1-м Iэмал яIащ къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм еплъыну.
- ЕтIуанэ махуэм ахэр къеблэгъащ я къуэш республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым. Урысейм и хэгъэгухэми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ ансамблым гуапа-гъэ къызэрымыкIуэрэ IэгуауэшхуэкIэ пежьащ ди лъэпкъэгъухэр.
- Концерт телъыджэ итащ къэфакlуэ гупым. «Налмэсыр» зэщlэпщlыпщlэрэ зэщlэлыдэу адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я курыхщ жыпlэмэ, ущыуэ-нукъым. Абы щыхьэт тохъуэ артистхэм я утыку итыкIэр. Я зыlыгъыкlэкlи, я фащэкlи, я къафэкlи, напlэр къамыlэту зэрызэры-щlэ къудеймкlи, цlыху 40-м я лъакъуэр зым ейм хуэдэу зэрызэдекIумкIи къатекlуэн гъуэтыгъуейуэ lэзэхэщ!
- Фlыщlэ ин яхуэфащэщ апхуэдэ къафэ дахэхэр зыгъэув, «Налмэс» ансамблым и художественнэ унафэщl икlи и балетмейстер нэхъыщхьэ Хъуэжэ Аслъэни, дэтхэнэ зы лъэбакъуэри дагъуэншэу зыгъэзащlэ къэфакlуэхэми.
- Концерт нэужьым утыкум кърагъэблэгъа унафэщIым Iэгуауэ нэхъ мащIэ хуаIэтакъым.
- — Нобэрей концертыр ди унэжь щытт хуэдэу къытщыхъуу утыку дитащ, — жиIащ Хъуэжэ Аслъэн. — Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ псори дызылъэпкъщ, дыадыгэщ, дызэкъуэшщ. «Налмэсыр» Адыгэ Республикэм и закъуэкъым зейр, ар адыгэ псоми я ансамблщ. Дэ къафэрэ макъамэкIэ цIыхухэм я нэгу зедгъэужьыным и закъуэкъым зиужь дитыр, атIэ ди лъэпкъ щэнхабзэр зэрытхъумэным, ар адрей лъэпкъ- хэм къазэредгъэцIыхуным, дэ хэлъхьэныгъэ гуэр зэрыхуэтщIыным дыпылъщ.
- Адыгэ Республикэм къикIа хьэщIэхэм псалъэ гуапэ хужаIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым икIи ехъуэхъуащ мы гъэм и илъэс 85-р зэригъэлъапIэм папщIэ.
- КЪЭБАРТ Мирэ.