ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Социализмэм  дыхуэпэжщ, ауэ  зыдмыхъуэжу  хъунукъым

2018-08-02

  • Кубэ хытIыгум лэжьыгъэшхуэ щаублэ. Социализмэмрэ коммунист партымрэ я фIыщIи ямыгъэкIуэду, а тIури я гъуазэу дяпэкIи псэуну зэрыхуейр къэралхэм и унафэщIхэм жаIэ, ауэ Конституцэр яхъуэжынущ.

  • Илъэс 40 хъуащ Кубэм и иджырей Конституцэр икIи ар къэралым щекIуэкI политикэ, экономикэ Iуэхухэм хуэкIуэжыркъым. Мы зэманым депутат 30 хуэдиз йолэжь Конституцэм и проектым, ар мы тхьэмахуэм наIуэ щIын, референдум ирагъэкIуэкIыу илъэсым и кIэм къащтэн хуейщ.
  • Нэхъыщхьэ дыдэу халъхьэнур — хьэрычэтыщIэхэм я Iуэхурэ уней мылъкурэ щыIэныр зэрадэнур аращ. Ауэ коммунистхэм зыIэщIагъэкIыну хуейкъым экономикэм и унафэр. Япэми хуэдэу, иджыри щыIэнущ къэрал компаниехэр — ахэращ лъэпкъ экономикэм и зыужьыныгъэр зэлъытауэ щытынури. ЗэхъуэкIыныгъэ къэхъунухэм къыщыгъэлъэгъуащ Кубэм и экономикэм зи мылъку къыхэзылъхьэну хуеинухэм къэралыбжэр зэрыхуIуахынур.
  • Зи гугъу тщIы зэхъуэкIыныгъэхэр Гаванэ къригъэжьащ 2000 гъэхэм. Абы щыгъуэм IэщIагъи 180-м теухуауэ уней IуэхущIапIэхэр къызэрагъэпэщыну хуит ящIащ. Илъэс 18-м къриубыдэу цIыху мелуан 11 епха хъуащ хьэрычэт щIэным епха лэжьыгъэм.
  • Къэрал ухуэкIэми къанэ щымыIэу зихъуэжынущ. КонституцэщIэр къащтэмэ, Кубэм президентрэ премьер-министррэ иIэ хъунущ. Президентыр Лъэпкъ ассамблеем (Парламентым) хихынущ, илъэситху пIалъэкIэ лэжьэну, тIэу фIэкIа а къулыкъур иIыгъыну хуимыту. Къэралым и щIыналъэхэм я депутатхэм хахынущ щIыпIэ правительствэхэм я унафэщIхэр.