Гу къабзэ
2018-04-10
- Зи гугъу фхуэсщIынур шыIэ зыхэлъ адыгэлIщ. Хьэмту Къадиррэ сэрэ 2015 гъэм дызэрыцIыхуащ. Абы лъандэрэ дигухэм лъагъуэ зэхуагъуэтауэ дызэдогъуэгурыкIуэ. Япэ Iуэхуу зэдэтщIахэм ящыщт радиом сригъэблагъэу «Адыгэм и псэукIэмрэ и хабзэмрэ» тхылъым щыщ пычыгъуэхэм нэтыным сыкъызэрыщригъэджар.
-
- Къадир и гъащIэм щыщу сызыщыгъуазэ мащIэхэм я гугъу фхуэсщIыну сыхуейт. 1948 гъэм гъатхэпэ мазэм и 4-м Сэрмакъ адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. Лэжьыгъэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытурэ, и тхыгъэхэр «Адыгэ псалъэ» газетым иригъэхьу щIидзащ. Тхыгъэхэр зыIэрыхьэ къудамэм и унафэщI Къамбий Зуфарщ щIалэр тхэным нэхъри тезыгъэгушхуар жыпIэ-кIэ ущыуэнукъым. Илъэс зыщыплIкIэ газетым дэлэжьауэ, Къадир итха зы очерк радиом иритащ. А лъэхъэнэм радиом и адыгэ къудамэр IэщIэлът Къэрмокъуэ Мухьэмэди, игу ирихьащ, етIуанэри иригъэтхыу еплъа иужь, я деж щылэжьэну ириджащ. 1977 гъэм и дыгъэгъазэм щыщIэдзауэ радиом илъэситхукIэ Iуэху щищIащ, итIанэ и лэжьапIэр ихъуэжащ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу.
- Ауэ радиом абы къигъэзэжащ 1987 гъэм. Абы лъандэрэ гурэ псэкIэ радиом хуолажьэ Къадир.
- Нэгъабэ и бадзэуэгъуэ мазэм Хьэмтур Тыркум здэсшэри дыщыIащ, Iэдэмей Хьикмэт хьэщIагъэ ин къыдихыу. Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ къулейуэ къытхуащта Iэнэм къыщыдбгъэдэсыну Хьикмэт къредгъэгъэблэгъат адыгэ лъэпкъым и тхыдэр тхылъищым иту, напэкIуэцI 1750-рэ хъууэ, къытхудэзыгъэкIа Ялчын Кая. ЕплIанэ махуэм Анкара дыкIуэри, си къуэш Исмэхьил дишащ Тыркум щыIэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэу щыта Агъашэ Мухьэдин деж. Дызыхуейхэм абы хъыбар яригъэщIауэ псори къыдэжьэрт.
- Къадир махуипщIкIэ Тыркум щызэхуихьэсахэм нэтын 16-м дыщригъэдэIуэжащ.
- Хьэмту Къадир хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ, мыбыхэм къащIэхъуа пхъурылъхуищрэ къуэрылъхуитIрэ иIэщ. И щIэблэ дахэм я нэщIэбжьэ имылъагъуу, гукъыдэж иIэу и лъэпкъым хуэлэжьэну сохъуэхъу.
- АБАЗЭ Ибрэхьим.