Журналист Хьэмту Къадир и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу
2018-04-10
- ЩIэукIытэн иIэкъым
- Илъэс тIощIырыпщIым щIигъуауэ цIыхум ущыдэлажьэкIэ, Iэджэ щIауэ зэгъусэу зы пэш ущыщIэскIэ, и гурыгъугурыщIэхэмкIэ къыщыбдэгуашэкIэ, и IуэхущIафэр щыплъагъукIэ, апхуэдэ цIыхум и шыфэлIыфэр зыхуэдэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Псом хуэмыдэу и гумрэ и псэмрэ зэIухамэ, и псалъэми, и щытыкIэми фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъмэ.
- Къадир къикIуа гъуэгуанэм, и дуней тетыкIэм, и лэжьэкIэм, щапхьэ зытепх хъуну дэплъагъу хьэл-щэнхэм утепсэлъыхьын щIэбдзэмэ, газет напэкIуэцIыр пхуримыкъункIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Абы и гъащIэр матэщIэдзауэ къекIуэкIакъым. Къыщыхъуар унагъуэшхуэщ, зыхуей псори зыгъуэту къэгъуэгурыкIуахэм ящыщкъым. Школым щыщIэс зэманхэм, и зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэхэм хьэулейуэ уэрамым дэтыну куэдрэ къыхуихуакъым — мэл игъэхъуащ. Школ нэужьым Налшык къакIуэри, рабочэу лэжьащ, дзэм дашыху. Армэ нэужьым станок щащI заводым уври, рабочэ нэхъыфIхэм хабжэу Iутащ, IэщIагъэ зыбжанэ игъэIэрыхуэфу. Абы зэрыщылажьэм хуэдэурэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетыр къиухащ. Илъэс куэдкIэ Къадир щIэсащ фэтэр хьэху, мазэм тумэнитху ириту. И сабийхэр цIыкIуу, щхьэгъусэр мылажьэу. Ар щIыжытIэращи, гугъуехь зыкъом къызэринэкIащ. Нобэ, Тхьэм и шыкуркIэ, зыхуей хуэзэу и гъащIэ Iыхьэр ирехьэкI. Ауэ езыр гугъу зэрехьар ещIэжри, хуэмыщIауэ ди зэманым псэу и лъэпкъэгъухэм игу ящIогъу. ЗэрыхузэфIэкIкIи псапэ Iуэху елэжь. Хуаб- жьу цIыху жумартщ, хадэ иIэщ илъэс зытIу ипэкIэ зэригъэпэщауи, абы кърих хадэхэкI тIэкIумкIэ и ныбжьэгъухэм, и цIыхугъэхэм ядогуашэ.
- Радиом щригъэкIуэкI нэтынхэм я гугъу пщIымэ, нэхъыбэу зытелажьэр IуэхугъуитIщ: лъэпкъым и блэкIам фIыуэ хэлъар, къыттепсыха гуауэр утыку къихьэнырщ, етIуанэр дин Iуэхущ. Езыр хьэжыщI щыIащ, муслъымэным и пщэ къыдэхуэ Iуэхухэр къабзэу зэрехьэ. ПцIыупс дыхъуну къыщIэкIынкъым, адыгэ нэтынхэм ятеухуауэ радиом къэпсалъэхэм, къакIуэхэм, къатхэхэм я нэхъыбэр Къадир хуэгъэзащ жытIэмэ.
- Мыри щIызгъужынут. Си ныбжьэгъур хуабжьу и бийщ фэрыщIагъым, пцIым, щытхъу егъэлеям. КъызэринэкIа илъэс 70-м ириплъэжмэ, абы иIэкъым щIэукIытэн, щIэгушхуэн мыхъумэ. Щыпсэу унэр, зы сом зыми къыIимыхыу, унагъуэм я пщIэнтIэпскIэ къалэжьа мылъкукIэ хуэм-хуэмурэ ищIащ, цIыху хуэдэ цIыхуу бынищ зэщхьэгъусэхэм ягъэсащ, и IэнатIэращи, мэлажьэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу. Нобэ абы и гур хэзыгъахъуэр, дэрэжэгъуэ къыхуэзыхьыр и бынхэм къащIэхъуэжа цIыкIухэращ: езыр жэмыжьыгущи, абыхэм ятеубгъуащ — щыхущIыхьэ зэманым и нэхъыбэр и къуэрылъху- пхъурылъхухэм ятрегъэкIуадэ.
- МЫЗ Ахьмэд,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.