ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

А пщэдджыжьым зауэр къэхъеят

2017-06-24

  • Мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэтиплIым ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхым и деж щекIуэкIащ Фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэм теухуа «Фэеплъ уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхугъуэм хыхьэ пэкIу.
  •  
  • Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхъыну МафIэ мыужьыхым и деж щызэхуэсат цIыху куэд. Абы хэтащ КъБР-м Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Налшык къалэ округым и ветеран организацэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу, Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм, ДОСААФ-м я лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэри.
  • Илъэс 76-рэ и пэкIэ, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, фашист Германиер Совет Союзым щэхурыпхъуэу къытеуат. Хэку зауэшхуэр жэщ-махуэ 1418-кIэ екIуэкIащ. Абы хэкIуэдащ ди къэралым и цIыху мелуан 27-м нэблагъэ, ауэ бийр ирагъэкIуэтащ. А лъыгъажэ зауэ гуащIэм ди къэралым и цIыхухэм зэпэлъыта хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Европэм щыпсэу- хэр фашист лъэгущIэтым хуит къыщыщIыжыным, гитлерыдзэхэр зэхэкъутэным. ЩIэблэщIэм зыщыхуагъазэм Абдуллаев Мустэфарэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэдрэ къыхагъэщащ мы махуэм ди республикэми хуэдэу, зэрыщыту къэралым бийм япэу пэувахэр, Хэкур яхъумэу-рэ хэкIуэдахэр, ТекIуэныгъэ Иным и махуэм нэмысу зи гъащIэр къызэпыудахэр ягу къагъэкIыжу я фэеплъыр зэрыщагъэлъапIэр.
  • Пщэдджыжьым пшэплъ къыщищIым ирихьэлIэу шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ, дакъикъэкIэ щыгъуэри, МафIэ мыужьыхым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  •  
  • Зэи тщыгъупщэнукъым
  • Урысейм и тхыдэм и махуэ гуауэхэм ящыщщ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-р — Хэку зауэшхуэр къыщыхъея махуэр. Ар ягу къагъэкIыжу вэсэмахуэ и пщэдджыжьыр сыхьэти 9-м Налшык къалэ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  • Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Алэкъей Арсен, КъБР-м и Парламентым и унафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, Налшык къалэм и ветеран организацэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, Хэку зауэшхуэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, щIалэгъуалэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лыкIуэхэр хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
  • Мыхьэнэшхуэ иIэщ фэеплъыр мыкIуэдыжыным. Абы теухуауэ куэд зэфIах ветеранхэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм яхэщIурэ нэхъ мащIэ мэхъу. Я узыншагъэм елъытауэ Хэку зауэшхуэм теухуа Iуэхухэм хэмытыфхэри щыIэщ, ауэ ахэр я къарум къызэрихькIэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным толажьэ. Абыхэм школхэм, колледжхэм лIыгъэм и дерсхэр щрагъэкIуэкI, я псэм емыблэжу мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэм яхутопсэлъыхь.
  • Бахъсэн Азэмэт.
  • Сурэтыр Елъкъэн  Артур  трихащ.