ЩIалэгъуалэм дерс яхуэхъур
2016-12-06
- КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым щэкIуэгъуэм и 30-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. КъБР-м и Правительствэм, министерствэхэм, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ студентхэмрэ зыхэта зэIущIэр теухуат «Къэралым щыпсэу цIыхухэр зэхуэгъэдэнымкIэ лъэпкъ щэнхабзэ, дин IуэхущIапIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ» Iуэхум.
- КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ зэхуэсыр къыщIызэрагъэпэщар лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр республикэм щегъэфIэкIуэныр зи пщэ дэлъ IуэхущIапIэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр яубзыхуну зэрыарар.
- — Шэч хэмылъу, къэтIэта Iуэхум теухуауэ республикэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Ауэ лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэм зебгъэужьын щхьэкIэ политикэ убзыхуа диIэу властымрэ жылагъуэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ дызэдэлэжьэн хуейуэ къызолъытэ, — жиIащ Пащтым.
- Депутатым къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ езыхэм зэтраубла зэхущытыкIэ дахэхэм уасэ зэрамыIэр, псом хуэмыдэу лъэпкъитIым щыщхэр зэкъуэш зэрыщIу атэлыкъ хабзэр, нэхъыжь зэхуэсхэр щыщыIар тщыгъупщэ зэрымыхъунур. Ауэ щыхъукIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъу зэрыщыпсэур къэлъытауэ, зыми лей къытемыхьэу зэдэгъуэгурыкIуэн хуейщ. «Совет зэманми къэралым лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ лъэпкъ цIыкIухэм защIэгъэкъуэным, щIэныгъэ куу зиIэ IэщIагъэлIхэр яхуэгъэхьэзырыным теухуауэ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ-хэр зыр адрейм бгъурыту IуэхуфIхэр зэдащIэрт, къэралым зрагъэужьырт. Апхуэдэ щапхъэхэм захуэдгъэзэжыпхъэу аращ, зыри щIэуэ къэдгупсысын хуейкъым. Мы зэманым, дауи, дызыгъэгузавэхэм ящыщщ ислъам диныр щхьэхуещагъэкIэ къэзыгъэсэбэп щыIэ зэрыхъуар. Абыи нэгъуэщI гугъуехьхэми дапэщIэтыфын щхьэкIэ, зэрыжысIауэ, щэнхабзэм, щIэныгъэм тедгъэщIэн, къэрал къулыкъущIапIэхэм, дин лэжьакIуэхэм ди къарур зэдгъэуIуу къытпэщыт Iуэхухэм я хэкIыпIэ дгъэнэIуэн хуейщ», — дыщIигъуащ Пащты Борис.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректорым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ социальнэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Къумыкъу Iэуес жиIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа, дин зэхуэмыдэхэр зыIыгъ щIалэгъуалэ къызэкIуалIэ еджапIэм зым адрейм пщIэ хуегъэщIыныр университетым зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм зэрахибжэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щылажьэ студент зэгухьэныгъэхэм Iуэху щхьэпэ куэд зэфIагъэкI. Абы и щыхьэту Къумыкъум къихьащ илъэс къэс университетым къызэригъэ-пэщ «Студент гъатхэ» фестивалыр.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мы зэманым щоджэ хамэ къэрал 42-м къикIа студент- хэр. ЩIэныгъэ зэреттым къищынэмыщIауэ, зыщыщ лъэпкъ е иIыгъ дин емылъытауэ, щIалэгъуалэр зэрылъытэу, жэуаплыныгъэ яхэлъу щытыным дэ гулъытэшхуэ худощI, — жиIащ Къумыкъум.
- Ар къытеувыIащ къэрал унафэщIхэр зэлэжьыпхъэу къилъытэ Iуэхугъуэми. Проректорым зэрыжиIамкIэ, Интернетым ит хъыбарыпцIхэм щIалэгъуалэр куэдрэ щагъэжакъуэ къызэрыхъур къэлъытауэ, соцсетхэм хъыбарегъащIэ политикэ хэха щыубзыхун хуейуэ къигъэлъэгъуащ.
- КъБР-м Граждан, жыла-гъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт къыщыпсалъэм къыхигъэщащ республикэм дин IуэхущIапIэу 192-рэ зэрыщылажьэр. Абыхэм ящыщу 138-р муслъымэн IуэхущIапIэщ, 22-р православнэщ, 26-р протестантскэщ, 1-р иудейщ, 3-р урым-католическэщ. ЩIыналъэм къыщащтащ «2016 — 2020 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлэжьэнум теухуауэ» къэрал программэр, 2025 гъэ пщIондэ Урысей Федерацэм лъэпкъ политикэр зэрыщекIуэкIыну щIыкIэр яубзыхуащ. 2012 гъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ абы и деж щылэжьэ- ну Жылагъуэ советыр къызэрагъэпэщащ. Иужьрейм хэту мэлажьэ лъэпкъ, дин зэху- щытыкIэхэмкIэ комиссэр.
- — Къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIа хъуным иужьрей илъэситIым до- гугъу. Къэпщытэныгъэхэр щедгъэкIуэкIым, районхэм лъэпкъ IуэхумкIэ жэуап зыхь IэщIагъэлIхэр зэрыщымыIэр къэтлъытэри, ахэр дгъэхьэзыращ, — жиIащ Гергоков Жамболэт. — КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ, дин, политикэ егъэлеиныгъэ къыщымыхъуным долэжь. Мы гъэм къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэ къэрал Ислъам университетым дин лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курс 14 къыщызэдгъэпэщащ. Диным и лэжьакIуэм фIыуэ хищIыкIын хуейщ къэралым и тхыдэм, абы щекIуэкI жы-лагъуэ-политикэ Iуэхухэм, жьакIуэуи щытыпхъэщ. А псори къалъытащ дин лэжьакIуэхэр щрагъаджэм.
- Абы къыхигъэщащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIалэгъуалэр зэхэзышэ, нэхъыфIу зэрызыгъэцIыху Iуэху куэд республикэм зэрыщекIуэкIыр. «Псалъэм папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэр 2008 гъэ лъандэрэ илъэс къэс, фокIадэм и 1-м, дошэ гузэвэгъуэ къыщыхъуауэ щыта Беслъэн къалэм и курыт школ №1-мрэ абы дэт «МелыIычхэм я къалэмрэ». Си фIэщ хъуркъым абы зэ щыIа ныбжьыщIэм Iей ищIэну», — дыщIигъуащ Гергоковым.
- КъаIэта Iуэхум теухуауэ мы гъэм зэфIагъэкIам зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат, КъБР-м Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Конаков Хьэсэн, чристэн члисэхэм я благочиннэ Бобылёв Валентин, КъБР-м ис муслъымэн- хэм я IуэхущIапIэм и уна-фэщIым и япэ къуэдзэ Мисиров Хъызыр, Прохладнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ политикэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и къуэдзэ ЛутI Маринэ, Урысейм и Арткомитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес сымэ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.