ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Юрий: «Ар къызыхуигъэщIар сымаджэхэр гъэхъужынырт»

2015-12-08

  • Дыгъуасэ цIыхуищэ бжыгъэхэр щызэблэкIащ щIэпхъаджащIэхэм яIэ­­щIэукIа, КъБР-м и Парламентым и депутат, республикэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Боттаев Хьэдис  Хьэсэней поселкэм дэт  и унэм. Гузэвэгъуэ зэхыхьэм ирихьэ­лIащ республикэм и унафэщIхэр, Парламентым и депутатхэр, жыла­гъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дунейм ехыжам и лэжьэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ.
  • Щыгъуэ пэкIум къыщыщыпсалъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Юрий жиIащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэным Боттаев Хьэдис къаруушхуэ зэрырихьэлIар. «Ар къызыхуи­гъэщIар сымаджэхэм еIэзэ­нырт. ИкIи абы и фэеплъ нэхъыфI дыдэу увынщ дунейм ехыжам республикэм и сымаджэщ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым щригъэжьа Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и цIыхухэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ лэ­жьыгъэм адэкIи пыщэныр», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Юрий.
  • КъБР-м  и  Iэтащхьэм    къигъэлъэ­гъуащ­ лIыукIри абы и щIыбым къыдэтхэри хабзэхъумэ органхэм зэман кIэ­щIым къриубыдэу къызэрагъуэ­ты­фы­нур быдэу и фIэщ зэрыхъур.
  • Боттаев Хьэдис и зэфIэкIымрэ и цIыхугъэмрэ зэрыиным, ар лэжьэгъу, ныбжьэгъу пэжу зэрыщытам тепсэ­лъы­хьащ УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэ­сым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м Узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министерствэм и жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бер Мухьэдин, Прохладнэ ­къа­лэ округым и щIыналъэ ад­минист­ра­цэм и Iэтащхьэ Кладько Игорь  сы­мэ.
  • Боттаев Хьэдис дыгъуасэ Хьэсэней къуажэм щыщIалъхьащ.