ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УнафэщIым и псалъэм къэралым и пщIэр еIэт

2015-12-08

  • Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэзам нэхъыщхьэу хэлъар пэублэ хуищIауэ жыпIэ хъунущ. Иджыпсту хэти зыгъэгузавэ дунейпсо терроризмэм зэребэныпхъэ Iэмалхэр, абы папщIэ псори зэкъуэувэн зэрыхуейр, радикалхэмрэ экстремистхэмрэ ди къэралым гъунэгъу къыхуэмыхъу щIыкIэ зэрыгъэкIуэдыпхъэр къыхигъэщащ Путиным.
  •  
  • Армырами, щытыкIэ гугъу дызэрытыр нэхъри зэIигъэхьащ ди кхъухьлъатэр тыркухэм къызэрыраудыхам. Ар бгъэгъу мыхъуну къэзылъытэ Путинымрэ ящIар зэрыкъуаншагъэмкIэ зыкъэзымыумысыж Эрдогъанрэ зэщыIеиныр къэралитIым дежкIи фейдэкъым, я зэ­хуаку дэлъ экономикэ зэпыщIэныгъэхэр къэплъытэмэ. Абы и щIыIужкIи, дэ, адыгэхэм, нэхъ куууэ зыхыдощIэ ди лъэпкъэгъу мелуани 7-м щIигъу зэрыс къэралыр бий зэрытхуэхъур. А Iуэхур Тыркум щыпсэу ди къуэшхэми ягу къоуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм зи адэжь лъахэр зрагъэбгына шэрджэсхэр хэкум укъэзышэж гъуэгум къызэрытеувэжрэ куэд щIакъым. Иджыт абыхэм я щIэблэр ди деж щрагъаджэу, зэIыхьлыхэмрэ зэныбжьэгъухэмрэ лъагъунлъагъу зэкIэлъыкIуэу, хэкум къыхуэпабгъэхэр къэIэпхъуэжу щыхъуар. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэр аргуэру лъэлъэжмэ, дунейм тепхъа лъэпкъым и зэран екIынущ. Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхуаку зауэ куэд къыдэхъуати, зы за­къуэрщ Тыркур щытекIуар, адрей псори Урысейм къихьащ. Ар къалъытэу тыркухэм Iуэхур куу ямыщIыныр тэмэмт. Дэри абы хуабжьу дыщогугъ.
  • Къэрал кIуэцIым щекIуэкIхэм ящыщу зы унэтыныгъи къигъэнакъым Путин Владимир зылъэмыIэсарэ къалэн пыухыкIахэр къыщимыгъэлъэгъуарэ. Мэкъумэш IэнатIэм, промышленностым, хьэрычэтыщIэ Iуэхум Президентым щигъэбелджыла къалэнхэр къызыхуэтын­шэу дгъэзащIэмэ, Урысей Федерацэм и лъэр нэхъ быдэ зэрыхъунум, дунейпсо сатум дызэрыхыхьэфынум, ерыскъы IэфIхэр, узыншагъэм емыгуэуэнухэр къы­зэрыщIэдгъэкIыфынум я мызакъуэу, къуажэ нэхъ пхыдзахэм дэс ди цIыхухэми лэжьыгъэ IэнатIэ ягъуэтынущ, ди лъахэгъухэм я псэукIэр ефIэкIуэнущ. Къапщтэмэ, УФ-м и УнафэщIым сыт щыгъуи тегъэщIапIэ ищIыр аращ — цIыхубэр нэхъ тыншу, зыхуей хуэзэу псэу­нырщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ экономикэ, политикэ, нэгъуэщI сыт хуэдэ Iуэхугъуи къащти, сытми куууэ пхрыплъыф, унафэ пыухыкIа къэзыщтэф Президент дызэриIэр. Абы и псалъэм иIэ пщIэмрэ и IуэхущIафэкIэ игъэлъагъуэ щапхъэмрэ къэралым и пщIэр еIэт, зыужьыныгъэр и гъуазэу мэкIуатэ.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.