Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-12-18
- Джатэ уапIэ
 - Гъэру яIэрыхьа пщащэ тхьэIухудым, заIэщIиудри, мэзымкIэ иунэтIащ. Абы игъусэт зы щIалэщIи.
 - — ПсынщIэу! — жеIэ дзэпщми, пхъэражэ якIэлъеутIыпщ.
 
- А тIури жэмэ, мыдрейхэри якIэлъыжэурэ – пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуащ.
 - НыбжьыщIитIым мэзым зыщIадзэ.
 - Бий гуп, я джатэр къиха хьэзыру, я ужьым кIэщIу итщ.
 - ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэуэ къоувыIэ, быдэу зызэ- ракъузылIэри, зыжьэу:
 - — Я дэ ди Тхьэ!..
 - Зи нэм къытрихьауэ жэхэм асыхьэтым «щIыкъыкъыкъ!..» макъ ин зэхах. КъызэтеувыIэрэ заплъыхьмэ — щIали хъыджэбзи щыIэжтэкъым. Уафэм зыхуэзыхь жыг пкъыфIэхэм я лъэдий IэплIакIуэхэр иджыри IупщIу хыболъагъукI, ауэ я щхьэкIэ къомыр зэхэзэрыхьыжащи, зы фIыцIагъэ абрагъуэу я щхьэм къыщхьэщылъщ. НэгъуэщI зыри щыIэтэкъым: зекIуи, зежи, ауэ хыфIэдзауэ макъ пычахуэ гуэри…
 - — ТIэщIэкIахэщ! – жеIэ зым, къэтэмакъауэ; и джатэри япэ къыIэрыхьа жыг лъэдийм хеупцIэ…
 - …Си пащхьэ дыдэм щекIуэкIым хуэдэу а псор си нэгу щIокI.
 - Жыгыпкъым си щхьэр егъэщIауэ сыщытти, сыIукIуэтыIуэрэ сеплъмэ – пэж дыдэу, тIууэ къежьэу, зыуэ зэхэкIэжа хуэдэт жыгыр. ЦIыхум и шхужьыщхьэр зыхуэзэнум и дежи джатэ уапIэр иджыри IупщIу телът…
 - Къэжэр Хьэмид.
 - Зэпкърымыхауэ гъэжьа джэд
 - Джэд гъэкъэбзар псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж, ягъэгъущ. Абы и кIуэцIыр яшыу, шыгъу, шыбжий сыр, бжьыныху уба щахуэурэ. Джэд щIыбым шыгъу фIэкIа щахуэркъым. ИтIанэ тебэм дагъэ иракIэри, къагъэплъ пщтырагъыр градус 200-м нэсыху, абы джэд шыуар халъхьэ и щIыбыр егъэзыхауэ. ЗэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ дахэ хъуху дакъикъи 5-7-кIэ ягъажьэ.
 - ИужькIэ джэдыр зэрилъу тебэр хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъэ 25-рэ хуэдизкIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэрагъэдзэкIыурэ. Джэдылыр мыпшэрмэ, щагъажьэкIэ джэд щIыбым шатэ щахуэ, тхъуэплъ дахэ ищIын щхьэкIэ. Джэд жьар хьэкулъэм кърахыжри, хуеймэ зэрыпсоуэ е Iыхьэ-Iыхьэурэ упщIэтауэ Iэнэм тралъхьэ. Тебэм къина дагъэри езы джэдым къыщIэжа псыри тракIэж. ПIастэ, щIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
 - Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): джэд гъэкъэбзауэ — г 1100-рэ, сэхуран дагъэу — г 100, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, джэдым щахуэ шатэу — г 50, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
 - Къубатий Борис.
 - Дыгъужьыр гъашхи пэт…
 - Псэ нэщIым зэшыр и щIасэщ.
 - * * *
 - Псори зыщIэ дунейм теткъым, апхуэдэ ухуэзэмэ – Езым и пащхьэ уихьэжауэ аращ.
 - * * *
 - Си егъур нобэ згъэгуфIэри псапэ къэсхьащ: си гуныкъуэгъуэр хуэсIуэтащ.
 - * * *
 - Дыгъужьыр гъашхи пэт, мэзымкIэ плъэнущ; цIыхур гъаси пэт, «уей-уей» жозыгъэIэ псэукIэм хущIэкъунущ.
 - * * *
 - ТхьэмыщкIэм зигъэтхьэмыщкIафэркъым, зыкъуэлъырщ ар зи хьэлыр; талант зиIэр и бгъэ теуIуэжыркъым, зэрымылъ пэ лъагэрщ абы хуэныкъуэр.
 - * * *
 - Узэрыахьмакъыр къыбгурыIуэжами, абы къикIыркъым дяпэкIи апхуэдэу ущымытыну.
 - * * *
 - Уи лъэр здынэмысын уи гупсысэр бгъэлъатэмэ – кIуэдауэ бжы.
 - * * *
 - Ухиутэну, цIейнапейкIэ уигъэIуну щхьэусыгъуэ лъыхъуэм дежкIэ сытри фIэгъэнапIэщ.
 - Хьэту Пётр.
 - Бжьыхьэ
 - Сыту дахэ нобэ бжьыхьэр,
 - Дыгъэм тхьэмпэхэр полыд.
 - Пызщ ди жыгым пхъэщ —
 - хьэмыщхьэр.
 - Кхъужь, ухуеймэ, къыпыуд…
 - Уихьэм хадэм гур мэгуфIэ,
 - Нэм илъагъур – берычэтщ.
 - Дыгъэм нэкIум
 - зыкъыщехъуэ,
 - Бжьыхьэр нобэ хьэлэмэтщ…
 - Бзу цIыкIу!
 - Си деж къакIуэ, си бзу цIыкIу,
 - Сэ уэстынщ щыкъун.
 - Къыумыгъанэ уэ зыцIыкIу,
 - СиIэщ узрикъун…
 - Урикъуа нэужькIэ уэ
 - Мамэ деж лъэтэж,
 - ТIэкIу сыкъэмэжэлIауэ
 - Сэри сыщIохьэж…
 - Жылэр зэригъэIэпхъуар
 - Жэбагъы и цIыхухэр и гъусэу Аруанрэ Дыгъужьыкъуейрэ я зэхуакум къуэкIиишхуэ гуэрым щыпсэууэ щытащ. А зэманым цIыхур апхуэдизу IэмыкIуэлъэмыкIуэу, гугъу ехьу псэурти, фызхэр абы икIыурэ Дыгъужьыкъуей кIуэрти, Шэрэдж псы кърахырт, пхъэхькIэ.
 - Махуэ гуэрым Жэбагъы Iуэху иIэу Дыгъужьыкъуей кIуэрт, шууэ. Дыгъужьыкъуей бжьэпэм щытехьэм, фызитIым къуэкIийм пхъэхькIэ псы къыдахри къыдэкIыжауэ, нэгъуэщI фызитIи псыхьэ кIуэрти, зэрихьэлIэри, зэбгъэдэувауэ, пхъэхьри я дамэм зэрытелъу псалъэу, Жэбагъыр яблэкIащ. Къуажэм дыхьащ. И Iуэху зэфIэкIри къигъэзэжауэ, фызхэр псалъэу зэхэту кърихьэлIэжащ.
 - Жэбагъы мурад ищIащ: «Ди цIыхубзхэм мыпхуэдиз бэлыхь ятелъу мыр псэупIэ тхуэхъункъым!» Абдежым къуажэр игъэIэпхъуэри, Дыгъужьыкъуейм я къуажэкIэм пигъэтIысхьащ, КъэзанокъуейкIэ еджэу. А цIэр ямыгъэкIуэдауэ, ноби а къуажэкIэ хьэблэм апхуэдэу йоджэ.
 - Псалъэзэблэдз
 - ЕкIуэкIыу: 2. … вауэ зи щыпавэ. 5. Уэлбанэм, дыгъэ гуащIэм ущызыхъумэ. 7. Мэлыц щабэ. Е … бостей. 9. Аргъуей зэз, … кхъуей. 10. Зи кур нэщI, купщIэ зэрымылъ. 11. Нанэм мэлыл … игъэжьащ. 14. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 19. Бжейм и дэ, яшх. 20. Хэку зауэшхуэм и зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и парт унафэщI нэхъыщхьэу щыта … Зубер. 21. Зеиншэ. 23. Бэзэрыр … щIапIэщ. 24. Егъэлеяуэ нэпсей. 25. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ.
 - Къехыу: 1. Дамэкъуэ ирагъэлъадэу бжьым иIэ гъуанэ. 3. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщех. 4. Ухэныпэ … лъэпхъуэмбыщIэ. 6. Лъэпщ и зы Iэмэпсымэ. 8. … нэужьым нартыху хьэсэр къызэщIэрыуащ. 12. … … лъагъуэ зэхуаIэщ. 13. Пщы зэрыхьэ … мэхъу. 15. Совет зэманым зекIуэу щыта ахъшэ жьгъей. 16. Тхылъым и «джанэ». 17. Iэпслъэпсым щыщ. 18. Адыгэ шхын гъур, джэдыкIэрыпщ. 22. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Нарзан.
 - Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
 - Дыгъэгъазэм и 11-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
 - ЕкIуэкIыу: 3. Ажэгъафэ. 4. Данэпс. 6. Пхъащхьэ. 8. Лъэгудыгъуэ. 9. БлыгущIэт. 11. Мэзджэд. 12. БгъуэщIэс. 13. Нэрыбгэ.
 - Къехыу: 1. Санэплъ. 2. Къэрабэ. 5. Адэжынэ. 7. Хьэгулывэ. 9. Бэджэнд. 10. ТхьэлъэIу.