ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пощт  дамыгъэхэм  тхыдэр  яхъумэ

2021-12-18

  • Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и СГИ-м и доцент, УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт Абазэ Албэч и жэрдэмкIэ, КъБР-м и ЗэхуэхьэсакIуэхэм (коллекционерхэм) я зэгухьэныгъэмрэ «Урысейм и пощт» IуэхущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэмрэ (УФПС) зэгъусэу къыдагъэкIащ адыгэ узэщIакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ унафэщIу щыта Нало Жансэхъу Мырзэбэч и къуэм и цIэкIэ пощт карточкэ.

  • «Пощт карточкэ» хъужыр письмоулъэм дэмылъу зэрахьэ, тхыгъэхэр зэIухауэ зэрызэIэпахщ. Хэти ицIыху «открыткэ»-хэр пощт карточкэхэм я зы лIэужьыгъуэу аращ. Хабзэ хъуауэ, пощт Iэмэпсымэхэри къагъэщхьэпэ тхыдэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, цIыхубэ гъащIэм щыцIэрыIуэхэр ягу къагъэкIыжын папщIэ.
  • Нало Жансэхъу и цIэкIэ карточкэ къыдагъэкIы-ным щхьэусыгъуэ хуэхъуар узэщIакIуэр къызэралъхурэ илъэси 115-рэ зэрырикъурщ. КъинэмыщIауэ, илъэс 90 мэхъу Жансэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я япэ дыдэ зэIущIэ зэрыригъэкIуэкIрэ.
  • Гу лъытапхъэщ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр тхыдэ лъэхъэнэ гугъум хиубыда, лажьэ ямыIэу Къэбэр-дей-Балъкъэрым щагъэкIуэда цIыхухэм я зым и пщIэр къаIэтыжын мурадкIэ япэу ягъэзащIэ лэжьыгъэу зэрыщытым.
  • Нало Жансэхъу и цIэр зезыхьэ пощт карточкэр 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м сыхьэти 10-м Налшык и Пощт IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и щIыхьэпIэм щаутIыпщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхь» мыхъурыр трагъауэкIэ. Лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIар КъБР-м и ЗыхуэхьэсакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и президент Грищенкэ Сергейрэ карточкэр къыдэгъэкIынымкIэ жэуап зыхьа Тхьэкъуахъуэ Iэуесрэщ.
  • Нало Жансэхъу и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ куэд щIауэ ядж КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и студентхэм. Ар хеубыдэ «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэр», «Къэбэрдей-Шэрджэс драматургиер», «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и критикэ» унэтIыныгъэхэм.
  • Зи гугъу тщIы пощт карточкэр щаутIыпща зэIущIэм хэтащ КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Къэмбэчокъуэ Альбинэрэ СГИ-м        и студентхэу Ерыджокъуэ Азидэ (3-нэ курс), Щомахуэ Алёнэ (4-нэ курс), Ефэнды Регинэ (4-нэ курс). НыбжьыщIэхэр абы къыщеджащ Нало Жансэхъу и критикэ лэжьыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэм.
  •  
  • Чэрим Марианнэ.