Хуарзэпэ зауэми Лабэжьыр къегъагъ…
2021-12-18
- Къамыхутарэ ямытхарэ щыIэжкъым жыпIэным нэсу Урыс-Кавказ зауэр къызыхэкIамрэ абы адыгэхэм къахуихьа тхьэмыщкIагъэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд дыдэ иращIылIащ. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ар пэжщ — зэгуэр екIуэкIа зауэм иужькIэ лъэпкъым щыщ куэдым Хэкур зэрабгынам фIэкIа, къэхъугъэ блэкIам хэщIыкIышхуэ хузиIэр закъуэтIакъуэххэт. Нобэ щхьэусыгъуэми кърикIуами дыщыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и щэху псор иджыри къыщIэгъэща хъуакъым. ГурыIуэгъуэщ, дылъэмыIэсыну щыIэныгъэм хэкIуэдэжари мащIэкъым. Апхуэдэщ лъэпкъ щIэныгъэкIэ дызэджэр. Ар зэгъэуIужыным мыхьэнэшхуэ иIэт: зыщыщымрэ къызэхэкIамкIэ адыгэ цIыхум и щIэжыр къиIэтынут, щIэблэри и кIуэцI иплъэжу пщэдейрей махуэхэм зэрыхэпсэукIын Iэмалхэр къригъэлъыхъуэнут.
- Бэлыхьлэжьаем и жьауэм адыгэр щыщIэхуа лъэхъэнэм къыдежьащ нэхъыжьхэм куэдрэ жаIэу зэхэпхыну «Уи фызрэ уишрэ уи нэпс иумыгъэлъагъу» псэлъафэр. Къалэщхьэгуэжьу зыщыгугъ цIыхухъур къэгухэныр, игу кIуэдауэ зыгуэрым илъагъуныр щыгъэтауэ, къызэрыгуэкIыу зыхригъэщIэныр щIэпхъаджагъэу къалъытэрт — лъэхъэнэр псэзэпылъхьэпIэт, уи щхьи си щхьи жамыIэу жьэгумрэ лъэпкъымрэ ипэ щрагъэщ зэман бзаджэт. Тхьэм зыми и нэгу щимыгъэкIыж апхуэдэ гуIэгъуэ, ауэ и къуэрылъхур гущэкъу уэрэдкIэ къигъэдаIуэу гущэ къуапэр зыIыгъын хуей нанэхэми я бгыр щыщIакъуза илъэс уае защIэт джаур зауэжьыр.
- КъызэрыгуэкI Iуэхугъуэхэм щегъэжьауэ гушыIэкIэ гъэнщIауэ къежьэ уэрэдхэр пIалъэ кIэщIкIэ зэры-Адыгэ Хэкуу зэлъащIысу щытамэ, зауэм лIыгъэ щызыгъэлъэгъуамрэ къумалыгъэ щызезыхьамрэ меданкIэ лъэпкъым хэIуэрт, уэрэдрэ хъыбаркIэ е уахътыншэ ящIырт, е я напэтехыр «мыр къэхъункIэ Iэмал иIэкъым» жыхуиIэр къикIыу зэхэзыхым ущиегъэIуу бгъэдалъхьэрт. Нэпсыр къэзыутIыпщыр гукIэ зыхэпщIэращ. Сыт хуэдэ щытыкIэри щхьэкIэ зызыгъэзахуэ щэнхабзэм ирагъэувэрт зэуапIэм Iухьэр — къэхъункIэ Iэмал зимыIэм джакIуэ зыхуищIу дэшэсыкIар хуэсакъыпэрт. ЛIыгъэ зезыхьам и щхьэр зауэм хилъхьами, бийм и щIыбыр иримыгъэлъагъуу хэкIуэдамэ, зи кIуэцIыкIыщIэр мафIэм кърисыкI анэр къытехьэрти къафэрт, щхьэгъусэм лэгъунэ бжэщхьэIум щынафэ щиубгъурт, быныр щIалэмэ, бгырыпхым пылъ мывэупцIэм зы пыщIэ къыхигъахъуэрт, быныр пщащэмэ — унагъуэ зэрихьэну фащэм хуарзэпэ тхыпхъэр хилъхьэрт, зипкъ къикIар зэрышэхьидыр къригъэлъагъуэу.
- ХьэщIэщхэм я бжэр сыт щыгъуи зэIухат, ар щызэхуащI къэхъуртэкъым. ЩымыIэж быным Iэщэ гъэтIылъыж щыхуащIрат гущIэм щызэтрихьа гуауэм зыкъыщрагъэутIыпщыр, ямыIэж щIалэхэм нэпс щыхущIагъэкIыр. Куэдым зэхахащ «жьакIэпэ нэпст» псалъэр. Мы жыIэгъуэр хьэщIэщращ къызыщIэкIари, ар зытрагъэIукIари джаур зауэжьым зыIэщIилъхьа щIалэхэм хуауса уэрэдхэрт, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ — лIыбэ гъыбзэхэрат. Абыхэм ящыщщ Хуарзэпэ зауэм траусыхьа уэрэдыр.
- Хуарзэпэ зауэм и уэрэдыр лIыхъужь уэрэд нэхъ лъэщ дыдэхэм язщ. Щхьэхуитыныгъэм, псэемыблэжыныгъэм я даущыр къызыщIэIукI мы гъыбзэм гузыхэщIэу къыуитыр ин дыдэщ. Адрей лIыхъужь уэрэдхэм къащхьэщыкIыу, Хуарзэпэ зауэм теухуа уэрэдыр куэдрэ традзэну и насып къихьакъым. 1924 гъэм къыдэкIауэ щыта «Псалъэ» зи фIэщыгъэ адыгэ журналым, тхыбзэр иджыри латин зэрыбым щит лъэхъэнэм, зэ къытехуащ, иужькIэ Щам къыщыдэкIыу щыта «Адыгэ усэнэхэр» журналым лъэпкъ узэщIакIуэ цIэрыIуэ Бэтокъуэ Хьэрун 1941 гъэм къытрыригъэдзащ. Советхэм хэгъэгум бжьыпэр щаубыда нэужь, уэрэдым игъэлъапIэр пщы-уэркъхэращ, зи гугъу ищIри лъэпкъышхуэм зэрыпэщIэтаращ, жаIэурэ уэрэдыр лъэпкъым IэщIагъэужьыхэу хуежьащ.
- Ауэ яхуэгъэкIуэдакъым. ЛIыжьхэр зэхуэсамэ, я нэпсыр къежэхыу жаIэу щытащ. Нанэхэм пщэфIапIэм лIыбэ мэжаджэ и цIэу щыуэ зэтес щIакхъуэ зэтеупIэщIыкIыр хьэщIэщым къагъэхьа нэужь, лIыжьхэм къагурыIуэрт къазэрелъэIуари, зым кIыхьу ежьур къыхидзэрти, уэрэдыр ирашажьэрт. Бадзэ лъатэми зэхэпхыну, уэрэдым жылэ псор дэумэзэхыу щытащ. Лъэпкъ къэс я кIуэдахэр ящIэжырти, я лъэпкъыцIэмкIэ уэрэдым еджэу щытащ. Ди нанэжьыр, псалъэм папщIэ, Бабыгухэ я щIалэхэм я гъыбзэкIэ еджэрт пшыналъэм. Даурхэ я гъыбзэкIи, Алъхъэсхэ я гъыбзэкIи, Щоджэнхэ я гъыбзэкIи еджэхэр щыIэт. ХьэщIэщым хьэщIэшхуэ кърихьэлIауэ щыжаIэкIэ, гъыбзэм лIыбэ пшыналъэкIэ еджэрт. Ауэ псори зытеухуар Хуарзэпэ щекIуэкIа зауэ гуащIэм хэта щIалэхэрт.
- Хуарзэпэ зауэр XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм пащтыхьым и дзэм иращIы-лIа зауэхэм ящыщу нэхъ гуащIэ дыдэрщ. Щхьэхуэ-щхьэхуэу, лIакъуэ-лIакъуэкIэ зэхашэу щыта зауэхэм хуэмыдэу, мыбы куэдрэ зыхуагъэхьэзыращ, зэрылъэпкъыуи хэтащ, акъыл зэхэдзэкIэ, къару зэхэлъхьэкIэ бийми пэщIэуват. А зауэм зэкъуигъэуват убыххэри, шапсыгъхэри, бжьэдыгъухэри, абэзэхэхэри, беслъэнейхэри, къэбэрдейхэри. Я щхьэ халъхьэми, къимыкIуэтыну Iуагъэ зэдащIыгъат. Зауэр щекIуэкIар Хуарзэ псыхъуэрщ, е ар Лабэ щыхэлъэдэжым дежщ. Ар хуозэ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Къуажэубэ адыгэ жылэр здэщысам, нобэ абдеж Воздвиженскэ къэзакъ станицэр щысщ.
- Адыгэхэр Хуарзэпсыр Лабэ щыхэлъэдэж щIыпIэм километритI хуэдизкIэ пэмыжыжьэу мэзым щызэхуэсащ. ТIасхъэщIэххэм хъыбар къатауэ адыгэхэм куэд щIауэ ящIэрт абдеж инэрал плъыжькIэ зэджа Засс зэрыблэкIынур. Щхьэж и бэракъыр иIыгъыу, дзэ гупышхуэурэ зэхэщхьэхукIауэ зэхэт адыгэ-дзэр пащтыхьыдзэм къащыпыкъуэкIым, хъыбарыр къэзыIуэтэжхэм зэрыжаIэмкIэ, псышхуитI къиуарэ зэхэлъэдэжу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Апхуэдэу уащхъуэдэмыщхъуэу къаIууэну зыщымыгугъа адыгэдзэм Iэнкун ищIу игъэщтами, урысыдзэм псынщIэу зыкъищIэжащ. МафIэр лъэныкъуитIми къахэлъэлъу, лъыри псыежэх фIэкIа къызэрыпщыхъун щымыIэу зэпымыууэ сыхьэтихым щIигъукIэ зэзэуащ. Зым — и адэжь лъахэр, къэхъуа и бынхэр, къэмыхъуа щIэблэхэр ихъумэрт, адрейр иубгъуну зыхэт тепщэныгъэм щIэзэурт.
- Хуарзэпэ зауэр къыщыхъуар 1841 гъэм гъатхэпэм и 20-рщ. Сыхьэтихым щIигъукIэ екIуэкIа зауэ гуащIэм цIыху куэд дыдэ хэкIуэдащ. Къанэ щIагъуэ щымыIэу адыгэ дзэзешэхэм я щхьэр халъхьащ абы. Абыхэм ящыщ куэдыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iута быдапIэхэр 1840 гъэм зэтезыкъутахэм яхэтат… Илъэс бжыгъэ куэдкIэ псэемыблэжу пащтыхьым езэуа дзэзешэхэм я цIэр къыщребжэкI уэрэдым. Ахэр: Шэбан Хьэтыгъу, Хьэтыгъу Сэлымджэрий, Жэндар Хьэжы-Къэсей, Къэсей Мыхьэмэт, Даур ХьэпащIэ Нэф (нэ лъэныкъуэр фочышэм кърихуат), Щоджэн ТIэхьир Пакъэ, Дэгужьей Хьэджэл, Болэтокъуэ ЩэрэлIыкъуэ, Алъхъэсхэ Заурбэчрэ Уэсмэнрэ, Къанокъуэхэ Айтэчрэ Щхьэгъумрэ, Елбэздыкъуэ Индар Гъум, нэгъуэщIхэри. ИгъащIэкIэ мыкIуэдыжыну адыгэхэм лIыхъужьхэм я цIэхэр уэрэдкIэ ягъэлъэпIащ. Ауэ апхуэдэ дыдэу иумысахэри щыIэщ. Хуарзэпэ зауэм къэрабгъагъэ щызезыхьахэм ящыщщ Дэхъу Брэкъей, Тхьэищауэ Хьэжыр, Лъахъэдыгъу Хьэжыр, нэгъуэщIхэри.
- Зауэм хэта лIыхъужьхэм псоми я цIэр нобэ утыку къитлъхьэну уэрэдым къыхэмыхуэми, лъэпкъкIэ зэрахьэу къекIуэ-кIа вариантхэм ущрохьэлIэ. Быныр щапхъэм зэрыщIапIыкI хэкIыпIэт а зы уэрэдым зэтегъэIукI зэмылIэужьыгъуэ пщIы бжыгъэхэр зэриIэр. ЛIыхъужьхэм я нэхъыбэм я цIэр урыс тхылъхэм къыхохуэ — Еджэбокъуэ Жэмбар, ХьэтхьэкIумэ Бэрокъуэ, ХьэпащIэ Бэрокъуэ, Къэбэрдейм щыщу а зауэм хэта Щоджэн Джырандыкъуэ, Урым Жанхъуэт сымэ. Апхуэдэ щытыкIэр щыхьэт лей тохъуэ IуэрыIуатэм ди деж къихьэса уэрэдыжьхэм пэжагъ ин зэрахэлъыр — уэрэдым псалъэ хадзыркъым, жаIакъэ…
- Хуарзэпэ зауэм и уэрэдыр даущ папщIэу адыгэхэм зыкъомрэ яIащ. Ар къыщыхадзэкIэ, хьэщIэщ лIыжьхэм лIыбэ мэжаджэм щыщ зы бзыгъэ яIыгъыу къызэфIэувэрти, едзыгъуиблыр зэпагъэувэхукIэ щыту жаIэрт. Уэрэдым и пшыналъэм укъызэриIэтым хуэдэуи, гущIэм нэсырти, лIыжь жьакIэхухэм я нэпсыр яхуэмыIэжьэу къежэхырт.
- Уэрэдым уи цIэр къыхэхуэныр пщIэшхуэт икIи щытхъушхуэт. А зауэм хэмыта пэтми, иужькIэ щыIа пщы зытIущым я цIэхэр къыхохуэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Къунчыкъуэ Мухьэмэдджэрийрэ Айтэчыкъуэ Жанджэрийрэ я цIэхэр. ГъэщIэгъуэнращи, хамэ щIыналъэхэм къыщыхута ди нэхъыжьхэм мы уэрэдыр щыжаIэкIэ, а пщитIым я цIэхэр къраIуэртэкъым. Хэкурысхэм я вариантхэращ узыщрихьэлIэр.
- Ар зэрыхъуар хъыбарIуатэ лъэщ дыдэу щыIа Къэзанш Пэдыс мыпхуэдэущ къызэриIуэтэжыр. Хьэткъуэмрэ Къунчыкъуэ Мухьэмэдджэрийрэ зекIуэ щыIауэ къыздэкIуэжым, зэIущIащ. ПщитIым я зэхуакум лъы дэлъти, зэзэуащ. Мухьэмэдджэрийр Хьэткъуэм IэщIэкIуэдащ. Мыр къыщыхъуар Хуарзэпэ зауэм иужькIэти, Къунчыкъуэм теухуауэ мы псалъэхэр уэрэдым халъхьащ:
- Данэ джанэр нэпсым егъэф,
- Аслъэн шырыр банэм хофыхь, мыгъуэ, — жаIэу.
- ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, Хуарзэпэ зауэм зэман кIыхькIэ зыхуагъэхьэзыращ. Зауэр щызэхашэнум ирихьэлIэу Айтэчыкъуэ Жанджэрий Iуэху къылъыкъуэкIауэ жиIэри дэкIащ. Зауэр зэфIэкIауэ къыщигъэзэжым, и хьэщIэщым къихьэу щыта куэд зи имылъагъуххэ щыхъум, губжь хэлъу щIэупщIащ, жаIэ. ЗэупщIахэм зыри ябзыщIакъым — зауэр къызэрымыкIуэу гуащIэу зэрыщытари, куэд дыдэм къызэрамыгъэзэжари жраIащ. Зэхихым и губжьыр игъэIэсэжащ, ищIэу къэхъуами, имыщIэу IэщIэкIами хэт ищIэн, «апхуэдэ Iуэхушхуэ щыIэу сэ щхьэ хъыбар къызэвмыгъэщIарэ», — жиIауэ къаIуэтэж. Ар зэфIэкIри, тэлай дэкIауэ, Айтэчыкъуэр кхъуафэжьейм ису Лабэ бдзэжьей щещэ лIыжь гуэрым IущIэри, я зэхуаку къайгъэ къыдэхъуащ. ЛIыжьыр мэхъаджэу къыщэкIащ, Жанджэрийм къеуэри къиукIащ. Зи сэнаущыгъэр ахъшэкIэ зыщэ уэрэдус гуэрхэм ар дахэу зэрагъэзахуэри, уэрэдым халъ-хьащ:
- Хуарзэпэ гущэм уэ ущIохъуэпс,
- Лабапэ гущэм лъыпсыр щыбогъажэ, —
- Уэ АйтэчыкъуэкIэ фи Жанджэрийти, дыпхэкIыжащ, — жаIэри.
- Хуарзэпэ зауэм иужькIэ мы хъугъэщIагъэр къызэрыхъуар езы псалъэхэм я зэкIэлъыгъэкIуэкIэм къеIуатэ.
- Адыгэхэр акъыл зэхэдзэкIэ зэкъуэувэмэ, куэд дыдэ зэралъэкIынур Хуарзэпэ зауэм къигъэнэхуащ. Сыт хуэдиз хэщIыныгъэ лъэпкъым къримытами, абы хэтахэм я лIыхъужьыгъэр игъащIэкIэ мыкIуэдыжын щытхъуу къигъэнащ…
- Хуарзэпэ уэрэдым вариант куэд дыдэ иIэщ. Махуэ бжыгъэкIэ зэпагъэум къыпадзэжурэ щыжаIэ щыIауэ къаIуэтэж. Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу нэхъ убгъуауэ мы Iуэхугъуэм дызэрытепсэлъыхьынум къыхэкIыу, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ нобэ япэ дыдэу вариант нэхъ кIэщIхэм ящыщ зыр къэбэрдей адыгэбзэкIэ тыдодзэ.
- Е-ер, жи, Хьэткъуэ Дэгур епсыхыжащ,
- Мо бгы тIуащIэри къыдэгыз гущэурэ
- къашэж,
- Уэ, Еджэрыкъуейхэм я гуащэнысэхэм
- Пыхьэурэ сэрейм къыщажыхь,
- сэрмыгъуэ.
- Шуудзэм къахуэмыжыхь гущэр
- Шэхьид хьэдэу зэхэлъщ, сэрмыгъуэ,
- Мамгъуэтыкъуэм и кхъэми, гущэ,
- Шэхьид мафIэр къыдех.
- ПщIэгъуалэм дахэу зегъазэ, гущэ
- Хуарзэпэ зауэр зыублэр —
- ДауркIэ ХьэпащIэ Нэфщ, сэрмыгъуэ.
- ЛIы нэфхэр ефэ мэкIуэж, гущэ,
- Джэдуунэр жаIэри дагъапцIэ,
- сэрмыгъуэ,
- Гумыщхьэ пцIанэм драшэ, гущэ.
- Шагъдиибэр щагъэпщ, сэрмыгъуэ,
- Уэркъ пщыгъабэр къранэ, гущэ,
- Уэ зи бэ къанэ мыгъуэр убыхщ.
- Убых къикIыр зауэм щопсых, гущэ,
- Убых къикIыр абдеж щогъых,
- сэрмыгъуэ.
- Атэлгъэнхэр Iуащхьэшхуэщ, гущэ,
- Афицарышхуэхэр ирагъэлIых,
- сэрмыгъуэ.
- Дыщэурэ, гущэ, нэрыплъэ дахэр
- Щэрэхъу бэтэгъэм щыбогъаплъэ
- гущи,
- Си напIэр къэсIэту сыкъаплъэмэ,
- Джатэ ихар къысщхьэщытщ,
- Шу гупу сэ сызыхэтхэр, сэрмыгъуэ,
- Зэрыгъэлъэхъуурэ мэкIуэж, гущэ —
- Уа, иджы хуэдэхэм укIуэжыныр лIы
- напэ?!
- Зи хуэдэ къэмыхъуа лIыр, сэрмыгъуэ,
- Изыгужь гущэм къранэ:
- Феджэурэ фыкъамыщIамэ, гущэ,
- ФыкъэзыгъэщIа Тхьэр
- къыфхуэарэзыщ,
- Къывэджэурэ къэвмыгъэзамэ,
- сэрмыгъуэ,
- Мыжьыкъ ныуэжьхэм фахуэдэщ.
- Къэрабгъэ джанэр, сэрмыгъуэ,
- Лъахъэдыгъухэ я унэ щребз,
- Езыгухэ я унэ щред,
- Дэхъу Брэкъей гущэми къыщыфлъэж.
- Брэкъейуэ хьэм къилъхуар
- Уа, къызэмыплъэкIыххэурэ мэкIуэж,
- сэрмыгъуэ,
- Уа, зэрыгъэлъэхъуурэщ зэрыкIуэжыр,
- сэрмыгъуэ,
- Уа, иджы хуэдэхэм укIуэжыныр
- лIы напэ?
- Адыгэхэм я напэр трех.
- Дохъутей техыныр лIыгъэжьщ,
- Нэгъуейм я лIыжьхэр
- пхъэракIуэкъым,
- Щапэ гущэм щызэрызохьэ.
- Къахыхьэр джатэкIэ ирелIых,
- Шэсым дзыхь хуамыщI,
- Зи уардэ унэбжэр хуэзыщIыжар —
- ЩауэнащхъуэкIэ Шырыхъущ.
- ЩIалэтхъэжыкъуэ Мэстафэ мыгъуэр
- Зэры-Бжьэдыгъуу удикъанщ, гущэ.
- Чэбэхъан мыгъуэм Лабэжьыр
- къегъагъ,
- Уэ ин гущэурэ кърегъэгъых —
- Къанокъуэ гущэкIэ Щхьэгъум
- димыIэж.
- Жэрыжьым лъахъэр къыщIедзэ,
- Зедз гущэри утыкум яфIохьэ —
- ЧэчанокъуэкIэ фи КIэмыргуейр
- лIыгъэжьти.
- КIэмыргуейр щыдимыIэжым,
- Мэкъумэшым дыдэвгъэлажьэ.
- Ди лэжьакIуэхэм дыщэр паупщI,
- Ди щIасэхэм дарийр ягъэлажьэ —
- Мы лажьэр адыгэ псоми ди зэхуэдэ
- Iуэхут…
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.