ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УсакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ

2021-12-18

  • Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «Бемырзэ къеджэныгъэхэр-2021» япэ щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар щытащ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ икIи и цIыхубэ усакIуэ, Къандур Мухьэдин и дунейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъу.

  • КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту ирагъэкIуэкIа зэхыхьэ щхьэпэр къызэригъэпэщащ «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент по защите прав и интересов черкесского народа» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Хьэбэз район администрацэр и дэIэпыкъуэгъуу.
  • Зэхыхьэм зэпэIэщIэу хэтащ КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм, Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм я библиотекэхэм егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ я къудамэхэм я лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Абхъаз республикэхэм, Тыркум щыщ щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ, анэдэлъхубзэхэр, IуэрыIуатэр хъумэным теухуа я еплъыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр мыгъэкIуэдыжыным и IуэхукIэ библиотекэхэм я мыхьэнэм.
  • Конференцым саугъэтхэмкIэ щагъэлъэпIащ абы и пэ къихуэу социальнэ сайтхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ теухуауэ еджакIуэхэм папщIэ щрагъэкIуэкIа зэпеуэм къыхэжаныкIахэр, лэжьыгъэ нэхъыфI зыгъэхьэзырахэр. Абы ныбжьыщIи 150-м щIигъу хэтащ.
  • Зэхыхьэм къыщащта унафэхэм къыдэкIуэу, Бемырзэхэ я унагъуэм къыщыхалъхьащ Бемырзэ Мухьэдин и цIэр зезыхьэ «Усэнэ» клубыр адыгэ усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм къыхузэрагъэпэщыну. Зэхуэсым щаубзыхуащ дяпэкIэ ар илъэсым тIэу ирагъэкIуэкIыну.
  • Бемырзэ Мухьэдин и гъащIэр триухуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным, къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным, щIэблэм зегъэужьыным къыщагъэщхьэпэну лэжьыгъэ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Апхуэдэу пэщIэдзэ классхэм я еджакIуэхэм я дерсхэр адыгэбзэкIэ егъэкIуэкIыным теухуа япэ къэпщытэныгъэм ехьэлIа Iуэху бгъэдыхьэкIэр къыхилъхьауэ щытащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.18