ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэхъыжь  Iумахуэ Мэкъуауэ  Iэмырбий

2021-12-18

  • ЦIыхугъэр, напэр, пэжыр япэ изыгъэщу, ахэр зи гъуазэу, гъащIэ джэ-лэсу дунейм тет цIыхур щIыналъэм, лъэпкъым, унагъуэм нэхъыжьыфIу уиIэныр фIыгъуэшхуэщ. «Нэхъыжь теIущIыкIыпIэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Апхуэдэ унэтIакIуэу, ущиякIуэу Мэкъуауэхэ я лъэпкъым яIэщ Мухьэмэд Iэмырбий и къуэр. Аращ зи тхьэмадэ унагъуэм щызекIуэ адыгэ хабзэм и къежьапIэр, лъэпкъ нэмысым и хъумакIуэр, абы илъ акъылым и купщIэр, пщIэм и лъагапIэр. Куэд зылъэгъуа, куэд зыщIэ а нэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу.

  • Мэкъуауэ Iэмырбий Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу адыгэ къуажэм 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къыщалъхуащ. Ар къыщыхъуащ лъэпкъ хабзэрэ нэмысрэ, пщIэрэ гулъытэрэ зэрылъ унагъуэ дахэм. Жьэгум и хъумакIуэ Мухьэмэд гъащIэщIэр гурэ псэкIэ къэзыщтахэм ящыщащ. Ар жылэм щызэхыхьа хозяйствэм япэщIыкIэ учётчикыу, иужькIэ губгъуэ бригадэм я пашэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ. Унагъуэри колхоз лэжьыгъэри зэдихьащ Мухьэмэд и щхьэгъусэ Сурэтхъани (ар Семэнхэ япхъут). А лъэхъэнэм зэрыхабзэрати, бын яIэ-ямыIэм емылъытауэ, бзылъхугъэ цIыкIухэри губгъуэм щылажьэрт, къалэн я пщэ дэлъу. Сурэтхъани, адрей къуажэдэс цIыхубзхэм куэдым хуэдэу, пщIакIуэ, нартыхудэч кIуэрт, сабийхэр зэрыкIэрыщIауэ. Бынунагъуэшхуэ хъуат ахэр: къуихрэ зыпхъурэ зэдагъуэтат. Адэ-анэми, зэшхэу СулътIан, Мурадин, Хьэсэн, Володя, Iэмырбий, Мухьэмэтбий (ар Хэку зауэшхуэм иужькIэ къалъхуащ) гъэфIэну яIэт сабий курыт пщащэ дахэ Мариер. «Драхьеймэ гъущIэу, кърахьэхмэ щIытэу» япIа а хъыджэбз закъуэрат унагъуэм нэкурэ напIэу яIэр. Зэщхьэгъусэхэр гугъу ехьми, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэурт, я бын цIыкIухэм хуаIэ гурыфIыгъуэхэм я псэхэр игъэнэхуу, езыхэм яку дэлъ зэхущытыкIэмрэ зэхэщIыкIымрэ ягухэр игъэхуабэу.
  • Совет цIыхубэм я мамыр гъащIэр къызэтрикъутащ 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм. Псыгуэнсудэс куэдым хуэдэу, Мухьэмэд езым и лъэIукIэ фронтым кIуащ, щалъхуа и хэкур бийм щихъумэну. Ар щызэуащ Тэн Iус Ростов щIыналъэм, иужькIэ Курск деж щекIуэкIа зэзауэ гуащIэхэми лIыгъэ щIа-пIэ щихуащ, 68-нэ фочауэ полкым хэту. А лъыгъажэхэм хэту Мухьэмэд мызэ-мытIэу уIэгъэ хьэлъэ хъуащ икIи зэман кIыхькIэ уIэгъэщым щIэлъащ, иужькIи фронтми Iухьэжащ. Хэку зауэшхуэр иухыу щалъхуа щIыналъэм къэзыгъэзэжа зауэлI хахуэм и Iэпкълъэпкъым иджыри мыгъуща уIэгъэхэр, удынхэр телът. АтIэми абы и бгъэгум щылы-          дырт «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Хахуагъэм папщIэ» медалхэр. ИужькIэ абы къратащ «Германием дызэрытекIуам папщIэ», Хэку зауэ орденым и 2-нэ нагъыщэр, нэгъуэщIхэри. Мухьэмэд къыхуагъэфэщат къэрал дамыгъэу 8.
  • — Ди адэр псэзэпылъхьэпIэ зауэ IэнатIэм IутыхукIэ, унагъуэри, жьэгугъэри, бынри зыхуей дыхуигъэзащ ди анэм, колхоз губгъуэм зэрыщылажьэм хуэдэу. Зэкъым-тIэукъым ар гужьеигъуэ зэрихуар, нэмыцэхэр ди къуажэм къыщыдыхьа, абыхэм я кхъухьлъатэхэр ди уафэгум щита лъэхъэнэхэм, — и сабиигъуэр зыхиубыда илъэс бзаджэхэм топсэлъыхь Iэмырбий. — Бынунагъуэшхуэмрэ лэжьыгъэмрэ зэдэпхьыну мытыншми, ди анэр апхуэдизу къыдэгугъуу дыкъигъэхъурти, зауэ нэужьым унагъуэхэм я къабзагъэр, зэIузэпэщыныгъэр къэпщытэныр зи къалэн комиссэ щхьэхуэм дэ дыхилъытауэ щытащ къуажэм нэхъ къабзэу, зэщIэкъуауэ дэс унагъуэхэм. Ди анэр дэн-бзэнми хуэIэкIуэлъакIуэти, унэм дызэрыдэсыни школым дызэрыкIуэн щыгъыни езым тхуидырт екIуу. Зэхьэзэхуэ щытыкIэу ирагъэкIуэкIа а къэпщытэныгъэм япэ увыпIэр къыщытлъагъэсат абы щыгъуэ.
  • Гугъуехьхэм зыпыIуамыдзу, гъащIэм къапигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм пэлъэщыфу къагъэтэджащ быныр зэщхьэгъусэхэм. Я сабиигъуэм зыхэта зауэ бэлыхьхэмрэ я нэгу щIэкIа гузэвэгъуэхэмрэ я гур ирамыудауэ, цIыхур фIыуэ ялъагъуу лъэ быдэкIэ гъащIэм хэуващ зэрыбыниблри. Адэ-анэм яхузэфIэкIащ абыхэм ящыщ дэтхэнэми зэрыпсэун щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын, нэхъыщхьэращи, къызыхэкIа лъэпкъым, нэхъыжьхэм яхуэфащэ щIэблэу ягъэсэн. Быным я фIыгъуэ куэд хэмыплъэу, 1969 гъэм дунейм ехыжащ Мухьэмэд, зауэм гугъу зэрыщехьар къыщIэкIуэжри. Сурэтхъан и щхьэгъусэм кIэлъыпсэужащ зэманкIэ. И ныбжьыр илъэси 100-м щIигъуауэ, ар дунейм ехыжащ 2006 гъэм. Анагъэ и лъэныкъуэкIэ абы хулъэкIа псори гулъытэншэ ищIакъым къэралым. Быниблым я анэ гумащIэм, абыхэм я щIэблэм я анэшхуэ IэфIым къратауэ щытащ «Анагъэм и щIыхь» медалым и 1-нэ, 2-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр.
  • Зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, абы и ужь ита лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдахэм яхэтащ Мухьэмэдрэ Сурэтхъанрэ я бын нэхъыщIэхэм ящыщ Iэмырбий. Апхуэдэу хъуами, гугъуехьхэмрэ щыщIэныгъэмрэ къыщIэтэджа щIалэм гъащIэм хуиIэ гукъыдэжыр фIэмыкIуэду, еджэным хуэжыджэру, щIэныгъэм хуеIэу балигъыпIэ иуващ. Къуажэ курыт школ нэужьым абы ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Налшык дэт Технологие техникумыр икIи пща-фIэ нэхъыщхьэу лэжьэн щыщIидзащ Анзорей дэт шхапIэм. Зи зэфIэкIым, бгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну щIэхъуэпс IэщIагъэлI ныбжьыщIэр лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Плехановым и цIэр зэрихьэу Москва цIыхубэ хозяйствэмкIэ институтым. ИлъэситхукIэ абы щеджэри, диплом плъыжьыр и Iэрылъхьэу, инженер-технолог IэщIагъэр зригъэгъуэтащ абы. А зэманым зэрыхабзэти, еджапIэ нэхъыщхьэ къэзыух IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр пIалъэкIэ ягъакIуэрт апхуэдэ лэжьакIуэ нэхъ хуэныкъуэу къалъытэ щIыналъэхэм. Абы тету Мэкъуауэ Iэмырбии лэжьапIэ IэнатIэ хуэхъуащ Ямало-Ненецкэ автоном округым и къалащхьэ Салехард. Абы дэт шхапIэм и пщафIэ нэхъыжьу, иужькIэ «Платон» рестораным производствэмкIэ и унафэщIу зэманкIэ щылэжьащ.
  • — СыздагъэкIуа щIыналъэр жыжьэми, сызыпэрыт IэнатIэм сехъулIэу, си Iуэху дэкIыу сылажьэрт. Апхуэдэу щытми, си псэр ди щIыпIэмкIэ къеIэу, си адэ-анэмрэ къыздалъхуахэмрэ си гум сыт щыгъуи илъу сыщыIащ Салехард, — игу къегъэкIыж а лъэхъэнэр Iэмырбий. — Ди адэр сымаджэ хьэлъэ хъуауэ зэрызэхэсхыу, си лъэр абы щызыубыдыжын дунейм теттэкъым — махуэл дэзмыгъэкIыу сыкъэкIуэжауэ щытащ. ИкIи сыщIегъуэжакъым: щалъхуа щIыналъэмрэ къэзылъхуа адэ-анэмрэ нэхърэ нэхъ лъапIэ иIэкъым цIыхум. Аращ гъащIэм хэт адрей Iуэхугъуэ псоми я лъабжьэр, я къежьапIэр.
  • Апхуэдэу хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхь Iэмырбий и зэфIэкI, и гуащIэ куэд ирихьэлIащ къэралым и ерыскъыпхъэ промышленностым, потребкооперацэм, шхапIэ IэнатIэм заужьыным. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу, и пщэрылъхэмкIэ жэуаплыныгъэ лъагэ зыхищIэу лэжьыгъэм сыт щыгъуи пэрытащ Мэкъуауэ Iэмырбий. Ар щытащ шхапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, ресторанхэм я пашэу, пщафIэ нэхъыжьу, производствэм и унафэщIу. И лэжьыгъэ хьэлэлым папщIэ къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Апхуэдэхэщ «СССР-м и потребкооперацэм и отличник», «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ» медалхэр, КПСС-м, ВЛКСМ-м я Комитет Нэхъыщхьэхэм, СССР-м и Министрхэм я Советым, ВЦСПС-м я зэхуэдэ Унафэ- кIэ яубзыхуауэ щыта «Илъэситхум и лэжьакIуэ пашэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» дамыгъэ лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • А псоми къадэкIуэу Iэмырбий хуэжыджэращ, мы зэманми хуэнабдзэгубдзаплъэщ ди щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа и гупсысэхэр къыщиIуатэ и тхыгъэ купщIафIэхэр ди республикэм къыщыдэкI газетхэм щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, адыгэ радиоми къет.
  • Iэмырбий и лэжьыгъэ хьэлэлым ущытепсэлъыхькIэ, Iэмал имыIэу къиIуэн хуейщ абы щхьэгъусэ пэжу иIа Ленэ           (ар Жыгунхэ япхъут) и цIэр. Старэ Шэрэдж дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, пщащэр щIэтIысхьащ Налшык дэт технологие техникумым. Еджэныр фIы дыдэу зэфIигъэкIри, пщафIэ-технолог хъуа ныбжьыщIэм щалъхуа къуажэм игъэзэжащ, жылэм дэт шхапIэми лэжьэн щыщIидзащ. А IуэхущIапIэм производствэм-кIэ и унафэщIу а лъэхъэнэм щыла-жьэрт Мэкъуауэ Iэмырбий. Зи гуакIуагъэм удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэ бзылъхугъэ нэмысыфIэм и нэ фIыцIэ дахитIым къащIих нурым итхьэкъуащ а щIалэщIэм и гур зэ IуплъэгъуэкIэ. Куэд дэмыкIыу абыхэм гу зэхуащIащ икIи адыгэ хабзэрэ нэмысрэ зи лъабжьэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ щытепщэ унагъуэ дахэ яухуащ.
  • Щхьэгъусэр насып зэхэкIыпIэщ. АбыкIэ Тхьэр къыхуэупсауэ жыпIэ хъунут Мэкъуауэхэ. ГъащIэ дахэ, насыпыфIэ къызэдагъэщIащ Iэмырбийрэ Ленэрэ. Илъэс 40-м щIигъукIэ ахэр щызэдэлэжьащ Старэ Шэрэдж дэт шхапIэм. ЦIыху хэтыкIэ дахэрэ Iуэху зехьэкIэ екIурэ зиIэ абыхэм я IэщIагъэр гурэ псэкIэ къызэрыхахар белджылыт. Аруан щIыпIэм, республикэм махуэшхуэ хэхахэр щагъэлъапIэмэ, абыхэм екIуу зыхуагъэхьэзырырт Iэмырбийрэ Ленэрэ, ерыскъы гуакIуэхэм, адыгэ шхын IэфIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр къызэрагъэпэщу. Зыпэрыт IэнатIэм хуаIэ апхуэдэ жэуаплыныгъэм, яхэлъ пэжагъымрэ цIыху хэтыкIэмрэ щхьэкIэ къуажэдэсхэм пщIэрэ нэмысрэ къыхуащIырт абыхэм. Iэмырбий хуэдэу, Лени мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • Зэщхьэгъусэхэр унагъуэ Iуэхуми бын пIынми тэрэзу пэлъэщащ. Адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкIащ абыхэм къащIэхъуа я бынитIыр: Анжелэрэ Мухьэмэдрэ. Гъэсэныгъэ екIу зэрыхалъхьам къыдэкIуэу, адэ-анэм быным ирагъэгъуэтащ езыхэр зыщIэхъуэпс IэщIагъэхэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ. Анжелэ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым фIы дыдэу щеджащ. ИужькIэ Санкт-Петербург кIуэри, и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, абы ординатурэр ехъулIэныгъэкIэ къыщиухащ. Мы зэманым Анжелэ Санкт-Петербург и поликлиникэхэм языхэзым и унафэщIым и къуэдзэу мэлажьэ. Ар унагъуэщ, щхьэгъусэрэ бынитIрэ иIэщ. Iэмырбийрэ Ленэрэ я къуэ Мухьэмэд (и цIэр адэшхуэм и фэеплъу фIащащ) Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Иджыпсту ар «Кровля-центр» ухуакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщIщ, щхьэгъусэрэ бынищрэ иIэщ.
  • Зэдэлъхузэшыпхъум я нэгум щIэкIащ я адэ-анэм яку дэлъа пщIэр, нэмысыр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, къахуэщIэжыркъым я макъ Iэтауэ ахэр зэпсэлъауэ е зыр адрейм хузэгуэпауэ, зыхуигъэгусауэ. Илъэс 43-кIэ апхуэдэу дахэу къэгъуэгурыкIуа а унагъуэм гуауэшхуэ къатехъуащ 2012 гъэм и бжьыхьэм. Уз хьэлъэм куэдрэ пэщIэта нэужь, Ленэ дунейм ехыжащ. Iыхьлыхэм ящхьэщыкIащ унэгуащэ IэкIуэлъакIуэр, щхьэгъусэ пэжыр, анэ гумащIэр, анэшхуэ IэфIыр.
  • — Ди адэ-анэр жэуаплыныгъэшхуэ зыхащIэу пэрытащ я IэнатIэм. Апхуэдэу хьэлэлу лэжьами, унагъуэ Iуэхур, быныр зэи Iэпэдэгъэлэл дащIакъым абыхэм. Бынхэм ди мызакъуэу, къытщIэхъуэ щIэблэми гулъытэшхуэ хуащIырт ди нэхъыжьыфIхэм. Псом хуэдэжтэкъым зи ахърэтыр нэху хъун ди анэр: ар егъэлеяуэ анэшхуэ IэфIт, псалъэ гуапэхэр зибэ бзылъхугъэ Iэщабэ-Iущабэт. Апхуэдэущ ар къуэрылъху-пхъурылъхухэм ягу къызэринэжар. Ди анэр яхуэгуапэт и благъэхэми Iыхьлыхэми, апхуэдизкIэ ар псэ къабзэ-гу къабзэти. Мамэ зэрыщымыIэжыр хуабжьу къытехьэлъат ди адэм, ноби аращ… Зи щIэлъэныкъуэр гуэхуауэ къэзылъытэ абы мамэ и фэеплъу итхащ усэ куэд, макъамэ зыщIилъхьэжахэри яхэту. Куэдрэ гу лъыдотэ абыхэм ящыщ гуэрхэр дзапэ уэрэду къришу… — жеIэ Анжелэ. — Тхьэм и фIыщIэкIэ къытщхьэщыт ди адэр адэу щыIэм ялейщ. Ар гурэ псэкIэ ди гъунэгъущ, сыткIи дызэхещIыкI, дапщэщи чэнджэщэгъу Iущ, щIэгъэкъуэн лъэщ къытхуохъу. Тхьэшхуэм долъэIу узыншэу иджыри куэдрэ тхуигъэпсэуну.
  • Мэкъуауэхэ нобэ къащIохъуэ я нэхъыжь щыпкъэхэм яхуэфэщэн щIэблэ дахэ. Унагъуэм я тхьэмадэр, адэ гу щабэр, адэшхуэ IэфIыр я щапхъэщ, я гъуэгугъэлъагъуэщ бынми, абыхэм къащIэхъуэхэми. Гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа, къэралми республикэми яхуэщхьэпэн Iуэхугъуэхэр зэфIихыу, зыпэрыт IэнатIэм щыпашэу гъащIэр езыхьэкIа IэщIагъэлIым, и хъуэпсапIэхэм ящыщ куэд быным ядэзылъэгъуа Мэкъуауэ Iэмырбий дэри до-хъуэхъу нобэ игъэлъапIэ илъэс 80 юбилеймкIэ. Унагъуэ жьэгум и хъумакIуэ нэхъыжьыфIыр узыншэу куэдрэ псэуну, и къуэрылъху-пхъурылъхухэу Насып-Нур, Iэмырбий, Аслъэнбий, Лилие, Рианнэ сымэ я насып бэрэ хэплъэну ди гуапэщ. ФIыгъуэм я нэхъыщхьэхэм ящыщ зэгурыIуэныгъэр зэрылъ унагъуэм, Мэкъуауэ Iэмырбий хуэдэ зи унэтIакIуэм, шэч хэмылъу, къихъуэнущ къызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфащэ щIэблэхэри — гъэсэныгъэ дахэ, щэн екIу, зэхэщIыкI куу зыбгъэдэлъхэр. АбыкIэ щапхъэ нэсщ ахэр зи жьауэ щIэт дадэ Iумахуэр.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.18