ДыщэкI Эртан:Ди ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэр Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэрщ
2019-10-31
- Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIурылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэщэнэ нэхъыщхьэхэр.
- XVII — XVIII лIэщIыгъуэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм зэбгрипхъа ди лъэпкъэгъухэр Европэм и къэрал зыбжанэм щопсэу. Нэхъыбэр зэрысыр Германиерщ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30 — 40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэпхъуауэ.
- Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгъэм жыджэру хэт, федерацэм и зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Тыркум къыщыхъуащ. Абы университетыр къыщиухащ, инженеруи лэжьащ. 2000 гъэм Германием Iэпхъуащ икIи куэд дэмыкIыу щэнхабзэ федерацэм хыхьащ, абы щызэрахьэ адыгэ Iуэхухэм хэлэжьыхьыну. Ауэрэ федерацэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтыну дзыхь къыхуащIащ икIи тхьэмадэм и къуэдзэу илъэсихкIэ лэжьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым 2016 гъэм къыхагъэхьащ Европэм щыIэ Хасэхэм я лIыкIуэу, иужькIэ, 2017 гъэм и мэлыжьыхьым, федерацэм и тхьэмадэу хахащ.
- Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и IуэхущIафэхэр зыхуэдэм, абы иужьрей илъэсхэм зэрызиужьам, адыгэ Iуэхум теухуауэ иIэ гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддэгуэшащ ДыщэкI Эртан:
- — СыкъызыхэкIар зыхэсщIэ зэрыхъурэ, лъэпкъ Iуэхум сыхэтщ. Нэхъри куууэ сыщыхыхьар Германием сыIэпхъуа нэужьщ. Адыгэу Европэм исыр зэщIэгъэуIуэн къалэныр зи пщэ къыдэхуэ щэнхабзэ федерацэр куэдым яцIыхуу щыттэкъым илъэс зыхыбл ипэкIэ. Абы щыгъуэ мурад сщIат а Iуэхум зезгъэхъуэжу, ди лъэпкъэгъухэр федерацэм и лэжьыгъэм нэхъ жыджэру къесшэлIэну. ГъэзэщIакIуэ гупыр дызытелэжьыхьыну Iуэхугъуэхэр дубзыхуащ. Жыжьэ дыIэбэртэкъым: къэблагъэ илъэситIым къытпэщылъ Iуэхухэрат дгъэбелджылар. Абы къыхэкIыу, сэ къалэн нэхъыщхьэу згъэувыжари Европэм щыIэ федерацитIыр зэгуэзгъэхьэу зы сщIынырт. «Узэкъуэтмэ — улъэщщ», — жаIэкъэ, апхуэдэу ди зэгухьэныгъэм нэхъ къару игъуэтынут.
- Длэжьын хуейуэ зыхуэдгъэувыжам и нэхъыбэр дгъэзэщIащ а илъэситI пIалъэр имыкIыу. ЗэрыжысIащи, ди федерацэм къыхэзгъэхьащ адрей зэгухьэныгъэм хэта Хасэ нэхъ ин дыдэр — Швецием щыIэ адыгэ Хасэр. Апхуэдэу, илъэситIым едгъэкIуэкIа нэхъ Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ гъэ къэскIэ къызэдгъэпэщ Адыгэ щэнхабзэм и Дунейпсо фестивалыр. Иужьрейуэ Остердамме щызэхэта зэхыхьэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр едгъэблэгъат икIи зи чэзу зэхуэсыгъуэр абы щрагъэкIуэкIат. Ар зыфIэмыфIа Федерацэм хэтхэм къахэкIами, зэIущIэм къигъэлъэгъуащ лъэныкъуэ куэдкIэ зэбгрыдза адыгэр зэхуэзэурэ я гукъеуэхэм тепсэлъыхьын, нэхъыбэу зыгъэгузавэ Iуэхухэр зэфIэха зэрыхъуну Iэмалхэр къэгупсысын зэрыхуейр.
- Тынштэкъым а зэхуэсым и къызэгъэпэщыныр, абы цIыхуу къекIуэлIэнур а махуэхэм зыщыпсэун, яшхын Iуэхухэр зыхуэгъэкIуэн и лъэныкъуэкIэ. Апхуэдэу, фестиваль щыхъукIэ, концерт программэ хэтын хуейт. А Iуэхугъуэхэри ДАХ-м и зэхуэсри, зыхуэныкъуэ щымыIэу егъэкIуэкIынри си пщэ къыдэхуэрт. КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтыр мащIэми, мыIейуэ а Iуэхур къыдэхъулIауэ си гугъэщ. ЖыпIэнурамэ, мы зэхуэсым иужькIэ, ди Федерацэм и цIэр дуней псом адыгэу щыIэм, хэкурысхэми хэхэсхэми, зэлъащIысащ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ди хэкужьым и хъыбар, ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIар щIэблэм къегъэщIэнымкIэ, адрей лъэпкъхэм дакъыхигъэщу дбгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр абыхэм захедгъэхын, едгъэцIыхун и лъэныкъуэкIэ. Нэхъыщхьэращи, къалэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэр дызэкъуегъэувэ.
- Федерацэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къэслъытэр адыгэбзэр хъумэным теухуаращ икIи а Iуэхум елэжьыну комитет хэдгъэхьащ гъэзэщIакIуэ гупым. А комитетым и лэжьыгъэр псом хуэмыдэу гугъущ, сыту жыпIэмэ, адыгэу Европэм щыпсэур щIыпIэ куэдым тIэкIутIэкIуу щикъухьащ. Абы къыхэкIыу щIэх-щIэхыурэ дызэхуосри дытопсэлъыхь мы лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэр зэтеубла зэрыхъунум. Абы Iэмалу иIэхэм ящыщу ди Iуэхум нэхъ хуэкIуэр — ар интернетыр ди дэIэпыкъуэгъуу бзэр хъумэным елэжьынырщ. Абы къыдэкIуэу, хэкум щатха тхылъхэри къыдогъэсэбэп.
- Апхуэдэу, ди федерацэм нэхъ жыджэру хэлэжьыхьыр цIыхубзхэращи, абыхэм я комитет, езым и программэ иIэжу, къызэдгъэпэщыным яужь дихьащ, къыщинэмыщIауэ, щIалэгъуалэм ядэлэжьэну комитетри духуащ.
- Iуэхур гуп-гупкIэ ятегуэшамэ, зэгухьэныгъэм нэхъыбэ хузэфIэкIыну ди гугъэти, аращ апхуэдэ щIыкIэкIэ лэжьыгъэр щIызэхэдублар. Нэхъыбэу гугъу дызыдехьыр сыт жыпIэмэ, ар хэкум дэлэжьэнырщ — зи гугъу сщIыр бзэ и лъэныкъуэкIэ къэхъу лъэпощхьэпохэращ. Абы къыхэкIыу, урысыбзэри адыгэбзэри игъэшэрыуэу а комитетым тхьэмадэ иIэн хуейти — ари дубзыхуащ.
- ЦIыхухэм ядэлэжьэн и лъэныкъуэкIэ дызрихьэлIэ гугъуехьхэри мащIэкъым. Хасэ Iуэхухэм езыхэм къыхалъхьаи щымыIэу, ауэ щыхъукIи дэ тщIэхэр зигу дэмыхьэу шхыдэныр зибащэ гуэрхэри щыIэщ. Абы къыхэкIыу, лъэпкъ Iуэхум цIыху нэхъыбэ къызэрыхэтшэным яужь дитщ хасащхьэм хэтхэр. Ди зэхуэсхэм къемыблагъэ языныкъуэ ди лъэпкъэгъухэм къызыпхрагъэIукIын яфIэфIщ, сызэчэнджэщ щымыIэу, си закъуэ унафэкIэ хасэ тхьэмадэм и къалэныр есхьэкIыу. ЖыпIэнурамэ, Федерацэм и тхьэмадэ IэнатIэм сызэрыпэрыувэрэ, дэтхэнэ IуэхумкIи федерацэм хэтхэм сечэнджэщу, дызэрыщIэу Iуэху къетхьэжьэрэ зэфIэтхыу, апхуэдэущ дызэрылажьэр. Дэ дызыхуэлажьэр ди щхьэ Iуэхукъым, атIэ лъэпкъ Iуэхущ, икIи ар зыщыдмыгъэгъупщэу, абы папщIэ тхузэфIэкIыр тщIэну ди мурадщ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ абы папщIэ къекIуэкI псалъэмакъхэмрэ ятеухуауэ си гупсысэр жысIэну сыхуейт. Дэнэ сыт хуэдэ псалъэмакъ къыщемыкIуэкIми, ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр егъэзащIэ къызэрыунэхурэ: дунейм адыгэ Хасэу тетыр дызэригъэцIыхуащ, дызэрощIэ, лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр утыку къыдохьэ, дэтхэнэми хэкIыпIэ къыхудолъыхъуэ дызэгъусэу. ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс къэс пIалъэ гуэркIэ ипэ къихуэу езыгъэблагъэ тхылъхэм дэщIыгъуу къытIэрохьэ гъэзэщIэн хуейуэ къытпэщылъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэхуэхьэса тхылъ, абы дыхэплъэу, ди гупсысэхэр къэдгъэлъэгъуэну Iэмал къыдиту. Апхуэдэу, зэхуэс къэскIэ, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм тепсэлъыхьа нэужь, нэгъуэщI гупсысэ зиIэхэм Iэмал яIэщ я хасэхэр, е езыхэр зытегузэвыхьхэр зэхуэсым къыщаIэтыну, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну.
- Пэжыр жысIэнщи, ДАХ-м хэт хасэхэм ящыщу Европэм яйхэращ нэхъ мащIэ дыдэу хэкум Iуэху дэзыщIэр. Псалъэм папщIэ, адыгэ сабийхэр гъэмахуэм зыгъэпсэхуакIуэ хэкум къэгъэкIуэным теухуауэ, е ныбжьыщIэ цIыкIухэр университетхэм къыщIэгъэтIысхьэн и лъэныкъуэкIэ программэхэм иджыри зэи дыхэтакъым. А зи гугъу сщIа лэжьыгъэр жыджэру щокIуэкI Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым щыпсэу адыгэхэмрэ хэкум исхэмрэ я зэхуакум. Къапщтэмэ, а Iуэхугъуэхэм Европэр щIыхэмытым щхьэусыгъуэ щхьэхуэ иIэщ. Тыркум ис ныбжьыщIэхэри абыхэм я адэ-анэхэри абы къыщыхъуащ. Иорданием, Израилым, Сирием ис адыгэхэри а къэралхэм къыщыхъуащ. Аращи, ахэр хэкум нэхъ къыхуэгъэзауэ къыщIэкIуэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ зыгъэпсэхугъуэ зэманым ахэр здэкIуэн нэгъуэщIыпIэ зэрыщымыIэр. Германием щыпсэу адыгэхэр псори нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыхъуащи, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм зыхуэзэш я щIыпIэхэм ягъэзэж. Хэкум нэхъ мащIэурэ къыщIэкIуэжым и щхьэусыгъуэри арауэ къыщIэкIынщ. Пэжщ, дэнэкIэ щыIэ ди щIэблэри зэпыщIэн, Хэкур егъэцIыхун, фIыуэ егъэлъагъун хуейщ.
- Куэдрэ дрохьэлIэ щIалэгъуалэм адыгэбзэ щIызрамыгъащIэ щхьэусыгъуэу къалъытэм, «сыткIэ къытщхьэпэжын» — жаIэу. Апхуэдэу, хэкур зэ зылъэгъуа хэхэс щIалэгъуалэм къагурыIуэнущ анэдэлъхубзэр ящIэн щIыхуейр. Хэкум щыхьэщIауэ нэзыгъэзэжам адыгэбзэ зригъэщIэну яужь ихьауэ апхуэдэ щапхъэ куэд щыIэщ.
- Ди федерацэм и лэжьыгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Хэкум къэгъэзэжыным теухуар. ЩIэх-щIэхыурэ Хасащхьэм щыдогъэкIуэкI мы гуныкъуэгъуэм теухуа псалъэмакъыр. Пэжу жысIэнщи, мы Iуэхур ипэкIэ кIуатэркъым. Къапщтэмэ, Сирием зауэ къыщыхъея нэужь хэкумкъихьэжахэр хэмытамэ, къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр мащIэ дыдэт зэрыхъунур. Мыбы куэдым урегъэгупсыс. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, дызытегузэвыхьын, дызытепсэлъыхьын хуейр къэгъэзэжыныркъым, атIэ нэхъыщхьэр хэкум исыр имыгъэкIынырщ. Хэти ещIэ статистикэм къигъэлъагъуэр: къэзыгъэзэжахэм нэхърэ хэкум икIым я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Хэкум къэкIуэжыным егъэхъуэпсэн хуейщ, армыхъумэ, псалъэмакъым Iуэху къыпэкIуэнукъым.
- Европэм къиIэпхъукIыжу хэкум къэзыгъэзэжам я бжыгъэр мащIэ дыдэщ. Федерацэм фонд диIэщ икIи тхузэфIэкIынущ къэзыгъэзэжхэм дадэIэпыкъуну. НэгъуэщI мыхъуми, илъэситхукIэ — ди лъэпкъэгъухэр лъэ быдэкIэ увыхукIэ — зрищIэдгъэкъуэну евро 200 мазэ къэс еттмэ, ари мыхьэнэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэщ. Мы лэжьыгъэр зэкIэ зэтеубла хъуакъым.
- ЗэрыжысIащи, хэкур зыбгынэр нэхъыбэ хъуащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Германием накIуэ ди лъэпкъэгъухэм хасэм зыкъытхуагъазэ, я хъыбар интернеткIэ къытIэрохьэ, пIалъэ кIэщIкIэ дызэрощIэ. Апхуэдэу, иужьрей зэманым нэхъыбэрэ щIэгъэкъуэн дызыхуэхъур Сирием ниIэпхъукIа унагъуэхэрщ: унэ зыщIэсын къахудощтэ, лэжьыгъэ къахудогъуэт, я Iуэху зэтеувэхукIэ ди нэIэ ятетщ.
- Нэмыцэ къэралым гулъытэ зыхуищI хэхэсхэм ящыщу щымытми, щэнхабзэ федерацэм, мыхьэнэшхуэ егъэзащIэ европей шэрджэсхэр адыгэу къызэтенэнымкIэ. ХамэщIым ипхъа адыгэхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм адэжь хэку зэраIэр, лъэпкъ дахэ къызэрыхэкIар ящIэжу къэхъуным телажьэу Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм дяпэкIи мурадыфIхэр диIэщ, ахэр къыдэхъулIэным и хэкIыпIэ нэхъыщхьэри Хэкум худиIэ зэпыщIэныгъэхэрщ.
- Епсэлъар Щоджэн Iэминатщ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.