ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Франджым и лIыкIуэу Урысейм щыIэ Берманн Сильви хуэзащ

2019-10-26

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Франджым и лIыкIуэу Урысейм щыIэ, официальнэу Къэбрдей-Балъкъэрым къэкIуа Берманн Сильви.

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ зэщIыгъуу зэхалъхьа инвестицэ проектхэр, абыхэм ди щIыналъэм и турист-рекреацэ комплексым зегъэужьыным тещIыхьахэри яхэту, гъэзэщIэнымкIэ лъэныкъуитIым зэфIагъэкIынухэм.
  • «Дэ экономикэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къыдолъытэ икIи ди щIыналъэм и экономикэм инвестицэхэр къыхузэщIэгъэуIуэныр къэрал щIыб экономикэ лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ пэрытхэм ящыщщ. Быдэу си фIэщ мэхъу уэ лэжьыгъэ IуэхукIэ ди республикэм укъызэрыкIуар ди зэдэлэжьэныгъэм зегъэубгъунымкIэ сэбэп зэрыхъунур», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • Берманн Сильви республикэм и унафэщIым гуапэу къызэрыригъэблэгъам папщIэ фIыщIэ къыхуищIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэлэжьэнымкIэ нэхъ гъэщIэгъуэну къилъытэ унэтIыныгъэхэр къыхигъэщхьэхукIащ. «Дэ ди плъапIэхэр яхуэунэтIащ IуэхукIэ дызэрызэпыщIар гъэбыдэным. Псом япэу ар хуэгъэзащ экономикэм. Иджыпсту дэ проект куэд диIэщ экологием, къурш туризмэм егъэщIылIауэ. Псоми зэрыфщIэщи, 2021 гъэм Франджымрэ Урысеймрэ я махуэхэм зэблэкIыу къэралитIми щрагъэкIуэкIынущ икIи, сызэреплъымкIэ, Кавказ Ищхъэрэм, псом хуэмыдэу Iуащхьэмахуэ зегъэужьынымкIэ проектым, щIыналъэ зэдэлэжьэныгъэм и лъэныкъуэкIэ бжьыпэр иубыдынкIэ хъунущ. Дэ къурш кластерым ехьэлIа жэрдэмхэр вдыдоIыгъ икIи ахэр гъэзэщIэным дыхузэIухащ», — жиIащ абы.
  • ЗэIущIэм хэтащ Франджым и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм щыIэм и япэ секретарь Брутан Николя, Франджым и лIыкIуэ IуэхущIапIэу Урысейм щыIэм и дзэ атташем и дэIэпыкъуэгъу Дескавь Лорен, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Байсултанов Одес, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Рухуллаевэ Ольгэ, УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэу Минводы къалэм щыIэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Крутиневэ Марие, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэмрэ «Лъэпкъ кIапсэ гъуэгухэр» урысей-франджы компаниемрэ я унафэщIхэр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хиубыдэу дипломатхэр «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым щыIащ, абы и инфраструктурэм, цIыхухэр къызэрырашэкI кIапсэ гъуэгухэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам еплъащ. Апхуэдэ кIапсэ гъуэгу-хэр ухуэныр къэралитIым я компание- хэм зэщIыгъуу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.