ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ Ищхъэрэм и гъуазджэр Мэзкуу щагъэлъагъуэ

2019-10-31

  • Мэзкуу дэт «Artplay» IуэхущIапIэм и хьэщIэ­щы­шхуэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ и 31 пщIондэ щекIуэкIащ Кавказым щыщ гъуазджэрыла­жьэ­хэм я IэдакъэщIэкIхэр ­утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ: ­«Биеннале современного искусства Кавказа». Ар зэрекIуэкIамрэ абы хэтахэмрэ къыдегъэцIыху езым и цIэр зезыхьэ альбомым.

  • «Кавказым и иджырей ­гъуазджэр» Президент Фондым и унафэщI Астемыр ­Заирэ щыгъуазэ дещI Iуэхур кърахьэжьа зэрыхъуа щIы­кIэмрэ абы и щхьэусыгъуэ­хэмрэ: «Мы гъэлъэгъуэныгъэр едгъэкIуэкIыну мурад щIэтщIар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу, лъэпкъ щхьэхуэхэм къыхэкIа сурэтыщIхэм, су­рэт­теххэм, цIыху IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къэрал утыкушхуэм кърахьэну Iэмал яIэн щхьэкIэщ. Зи гугъу тщIыр а лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм теухуауэ зэры­щытракъым, абы щыпсэу, щылажьэ, дунейпсо гъуазджэм дэгъуэгурыкIуэну Iэзагърэ зэфIэкIрэ зиIэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм я IэдакъэщIэкIхэм дуней псор щыгъуазэу щытын зэрыхуейрщ, Урысейм щылажьэ адрей ­гъуазджэрылажьэхэм къа­кIэрымыхуу».

  • ЦIыхуи 136-рэ зыхэта гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ IэдакъэщIэкI 500-м щIигъу. Ди гуапэ мыхъуу къанэркъым абы ди щIыналъэм щыщ цIыху гуа­щIафIэ куэдым я лэжьыгъэхэр зэрыхэхуар: Црым ­Руслан, Мэзлохэ Эдуардрэ Русланрэ, Аккизов Керим, Хъалилэ Миланэ, ХьэцIыкIу Миланэ, Колкутин Андрей, АбытIэ Данэ, нэгъуэщIхэми. Гъэлъэгъуэныгъэм теухуа тхылъым къыдегъэцIыху Америкэм къыщыхъуа, Мэзкуу щылажьэ адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Чэгъэду Зак, КъШР-м щыщ Урыс Ренат, Иорданием щыпсэу Къэрэгъул ­Зейнэ сыми.

  • Псом ялейуэ дрогушхуэ къэралым и щыхьэрым щекIуэкIа, пщIэшхуэ зиIэ мы гъэлъэгъуэныгъэм «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех, гъуазджэм и къудамэ зыбжанэм хуэIэзэ Къарей Элинэ зэрыхэтар. Тхылъым ихуащ Элинэ илъэс куэд щIауэ зэлэжь «Бжэхэр» зыфIища сурэт гупым щыщ зы. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къарей Элинэ къиухащ Кавказ ­Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтыр. Ар хэтщ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, 2006 гъэ лъандэрэ «Свой стиль» клубым и гъэлъэгъуэныгъэхэм и лэжьыгъэхэр утыку къыщрехьэ. Сурэт зэрытрихым нэмыщI, адыгэ пщащэм пхъэм къыхэщIыкIа IэдакъэщIэкI дахащэхэр ещI, уеблэмэ, бзылъхугъэхэм зызагъэщIэращIэ тхьэгъухэм лъэпкъ тхыдэм епха сурэтхэр ятрещIыхь, абы зезыгъэсэну хуей ныбжьы­щIэхэми ядолажьэ. ФIыуэ тлъагъу ди лэжьэгъум дяпэкIи и ехъу­лIэныгъэфI­хэмкIэ дигъэгуфIэну, и IэщIагъэм гуры­фIыгъуэ хихыу псэуну до­хъуэхъу.
  • ЧЭРИМ  Марианнэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.