Венэ и кIэрыхубжьэрыху гъэсыпIэр
2019-10-31
- Австрием и къалащхьэр цIыхум и тыншыпIэм тещIыхьа щIыпIэхэм язщ, тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэмкIи бейщи, дуней псор плъакIуэ къыхуокIуэ жыхуаIэм хуэдэщ. Венэ и оперэм, Ратушэм, музейхэм, нэгъуэщIхэми иджы къахэхъуащ кIэрыхубжьэрыхур щагъэс Шпиттелау заводыр. Ар къалэку дыдэм итщ, мэ гуэр ищIын дэнэ къэна, зыхуэпхьынур къыпхуэмыщIэ теплъэ дахэ иIэу, яхузэфIэкIам зэрыригушхуэр IупщIу, хьэщIэ лъапIэхэми зыплъыхьакIуэ къакIуэхэми ирагъэлъагъуу.
- «Ущыпсэуну нэхъ тынш дыдэ къалэ» цIэр иджы епщIанэрейуэ зыхуагъэфэща Венэ илъэс миным щIигъу ныбжь иIэми, жьыри хуэхъумащ, щIэуэ щаухуэри дуней псом щафIэгъэщIэгъуэну дахэщ.
- Дэтхэнэ къалэми къуажэми хуэдэу, Венэ дагъуэшхуэу иIащ Шпиттелау заводыр. 1987 гъэм накъыгъэм и 15-м ар мафIэм исат, кIэрыхубжьэрыхур езырезыру къызэщIэнэри. ЦIыхухэм «уэху» жаIэжат, ауэ узыхуэмеижу унэм къыщIэпхыр здэпхьын уиIэн хуейтэкъэ?
- А зэманым бургомистру лэжьа Цильке Хелмут егупсысащ кIэрыхубжьэрыху гъэсыпIэр узыншагъэмкIэ зэрызэраныр «зыхегъэнауэ», икIи сэбэпу, икIи удихьэхыу дахэу щIа зэрыхъунум. Ар йочэнджэщ сурэтыщI, архитектор цIэрыIуэ Хундертвассер Фриденсрайх. ЗэрыжаIамкIэ, мы сурэтыщIыр Барселонэ цIыху кIуапIэ зыщIа архитектор Гауди ещхь гуэрт.
- Архитекторым Iуэхугъуищ къыхуигъэуващ унафэщIым: заводыр зэрызэтрагъэпсыхьынур Iэмэпсымэм я нэхъыфI дыдэращ, кIэрыхубжьэрыхур щагъэскIэ, цIыхуми, хьэуами, псыми, щIыми зэран яхуэмыхъун хуэдэу; къалэм унафэ къыщащтэн хуейщ кIэрыхубжьэрыхур зэхэдзауэ фIэкIа унагъуэхэм къыщIамыхыну; къалэм и унафэщIхэр зыкIи къыхэIэбэнукъым езым ищIыну дизайн-проектым.
- Илъэсищ текIуэдащ теплъэ гъэщIэгъуэныщэ зиIэ, технологием я нэхъ лъэщкIэ узэда заводыр яухуэным. Архитекторым и лэжьыгъэм щхьэкIэ зы центи яIихакъым. Езыр 2000 гъэм дунейм ехыжащ, ауэ фэеплъышхуэ и щхьэм хуиухуэжауэ къыщIэкIат. Венэ тыншу бэуэжам и закъуэкъым, атIэ IэщIагъэлIым зэригъэзэхуэфам цIыхухэр яфIэгъэщIэгъуэну йоплъ. Уеблэмэ Урысейм икIыу унафэщI куэд кIуэуэ жаIэри, Шпиттелау заводым хуэдэ яухуэну пIэрэ, жыпIэу уегъэгугъэ. Ауэ абыхэм зыкъамыужьу-рэ, ди губгъуи, ди псыхъуи, ди мэз лъапи кIэрыхубжьэрыхум зэщIимыщтэну пIэрэ? Дауи, абыкIэ къуаншэр къулыкъущIэхэм я закъуэкъым, цIыхухэми гуузлыуз хуаIэн хуейщ зытес щIымрэ зэфэ псымрэ. ФщIэрэ зи гугъу фхуэсщIа архитекторым Шпиттелау заводым и IуплъапIэм тритхар: «Дэ жэнэтым дыщопсэу. Ауэ дэрдэру ар нэхъ Iей дощI». Дэри ар зыхужыдоIэж, зыплъыхьакIуэ ди деж къакIуэхэм ар дагъуэ къытхуащI, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
- Дгъэзэжынщ Венэ.
- Мы заводым къашэр абджи, пластики, тхылъымпIи, гъущIи зыхэмылъщ, ахэр зэщIакъуэ апхуэдэхэм етIуанэу щелэжьыж IуэхущIапIэхэм. Шхыныгъуэу щыта псоми я кIэрыхубжьэрыхур щIыгъэпшэр зыщIхэм къагъэсэбэп.
- Тхьэмахуэм щыщу махуитхум пщэдджыжь къэс къалэм дохьэ кIэрыхубжьэрыхур къыхэзыш машини 130-рэ. Абыхэм къашэр иракIутэ кубометр мини 7 зэрыхуэ бункерым, икIи градус 800 — 1200-м ику иту ягъэс. Зэрагъэс щIыкIэращ иджы псори зытеухуэжар… Мэи имыщIу, яжьи къэмынэу. Ар дауэ? ЩэкI, псы фильтрхэмкIэ, электроимпульскIэ, аммиаккIэ ягъэкъабзэ. «Кхъузанэм» къонэ бдзапцIэр, джынасур, дзырхъыр, дзыгъуэгъалIэр, «тяжелые металлы» жыхуаIэм хыхьэ нэгъуэщIхэри. Ахэр къэпхэм ирагъэщащэри, Германием ирагъашэ, къамыгъэсэбэпыж шахтэхэм ирадзых.
- — Нэмыцэхэр губзыгъэщ, — жеIэ Шпиттелау заводым зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм япыкъуэкI, IуэхущIапIэм яхутепсэлъыхь Бареш Георг. — Ахъшэ ирату яхъумэнущ, итIанэ уасэшхуэ къыпэкIуэу ящэжынущ, гъущI хьэлъэхэр дунейм мащIэ щохъури. Зы зэманкIэ къыкъуэкIынущ узыхуей гъущI лIэужьыгъуэ а порошокым къызэрыхэпхыжын щIыкIэ къэзыгупсысыни.
- Георг зэрыжиIэмкIэ, заводым и уэнжакъышхуэм къикIыр псы бахъэ къабзэщ. «А уэнжакъым и лъагагъкIэ метри 120-рэ къыпыббжыкIмэ, къаргъейхэм абгъуэ зэрыщащIыр, зэрыщыпсэур хьэуар зэрыкъабзэм и щыхьэтщ», — жеIэ Георг.
- ГъэщIэгъуэнхэм язщ заводым гъэсыныпхъи къызэримыгъэсэбэпыр. Гъэсыныпхъэу яIэ метаныр кIэрыхубжьэрыху зэтелъым къыхеху.
- Бункерым и щхьэр хадэщ, жыгхэмрэ къуацэчыцэмрэ ягъэдахэу. Ари архитекторым и гукъэкIщ: къагъэсэбэпар, зыхуэмеижыр дахагъэм хуагъакIуэ.
- Зи гугъу тщIы заводым и технологием хуэдэкIэ лажьэу иджыри щы дэтщ Венэ. Ауэ и теплъэкIэ гъэщIэгъуэныщэ хъуар Шпиттелаущ. Сытым къыхэкIрэ ахэр къалэм дащIыхьыныр, кIэрыхубжьэрыхур нэхъ жыжьэу Iуаш хабзэщ. Мылъкур зэгъэзэхуэным тращIыхьауэ аращ. КIэрыхубжьэрыхум елэжь заводиплIым я хьэблэхэм псы хуагъэхуабэ. Гъатхэм, гъэмахуэм, бжьыхьэм псыр зыгъэхуабэр мы заводхэращ, щIымахуэм ТЭЦ-р къадоIэпыкъу, къапщтэмэ, ар урысей газщ зэрылажьэр. Аращ цIыхухэм я псэупIэхэм я гъунэгъуу заводхэр щIыщытри. Псалъэм папщIэ, Шпиттелау заводым и закъуэ фэтэр мин 60-м, IуэхущIапIэу мини 3-м (Европэм щынэхъыфIу къалъытэ сымаджэщри хэту) псы хуабэ ярет.
- Аращи, Венэ хузэфIэкIащ кIэрыхубжьэрыхур псоми я фейдэ хэлъу къигъэсэбэпыну. Ауэ ар езырезыру къэхъуа Iуэхукъым. Япэрауэ, сабийхэми балигъхэми я тхьэкIумэм ирагъэкIыркъым ущыпсэу щIыпIэм ущысхьын зэрыхуейр: IэщIагъэлIхэр лекцэхэм къахуоджэ, телевиденэкIэ социальнэ рекламэ къат, уэрамхэм плакатхэр фIэлъщ, нэм зыкъыщIадзэу. ЖыпIэм къыпэкIуэнур мащIэщ, Iуэху пыухыкIа щымыIэмэ. Псалъэм папщIэ, батарейкэхэм, щыгъыныжьхэм, унэлъащIэ зыхуэмеижхэм, вакъэм — псоми я егъэзыпIэ щыIэщ. А хабзэм ебэкъуауэ къаубыдым еврэ 50 ирагъэпшын. ЕтIуанэу, и хуэмыхуагъ къигъэлъагъуэмэ — еврэ мини 2-м нэс. А щIыкIэ дыдэм тету ягъэпшынэ тутын ныкъуэф хыфIэзыдзамрэ хьэм и фIейр Iузымыхыжамрэ.
- ИщхьэкIэ жысIаи унэлъащIэхэм, пэшхэр зыгъэдахэ хьэпшыпхэм я зэхуэхьэсыпIэ зэрыщыIэр. Ахэр ягъэсыркъым. Узэлэжьыж, бгъэщIэрэщIэж хъуну псори къыхахыж, зыхуей хуагъэзэжри, тыкуэнхэм щIалъхьэж (апхуэдэхэр щхьэхуэу щыIэщи). Япэм зэрахьэу щыта хьэпшып зыфIэгъэщIэгъуэну къэзыщэхуи абы зыщиплъыхьын щхьэкIэ къакIуи щыIэщ. Мис апхуэдэу къызэдогъуэгурыкIуэ цIыхухэмрэ абыхэм къагъэсэбэпхэмрэ.
- Мыпхуэдэ нэтын телевиденэкIэ щыплъагъукIэ, ятхыу укъыщеджэкIэ уи щхьэм мыгъуагъэ хубохьыж, дунейм и дахагъэмрэ и фIыгъуэмрэ, ди цIыхухэм я узыншагъэр тхъумэным теухуауэ ди IуэхущIафэкIи ди гупсысэкIи дыздэщыIэм уогупсысри.
- «Махуэкум» и къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырар
- ШИРДИЙ Маринэщ.