Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталийрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ
2019-03-16
- Ахэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ социально-экономикэ Iуэхухэм, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным, «Псы къабзэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ КъБР-м и жылагъуэхэр зэблэу къыхэмыкIыу псыкIэ къызэгъэпэщыным, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унэр егъэфIэкIуэныр нагъэсыжын папщIэ зыхуеину ахъшэр къэгъуэтыным, Прохладнэ къалэм и район сымаджэщым хирургиемкIэ и къудамэм и унэр хьэзыр щIыным.
- Щхьэхуэу хэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар гъэлъэпIэнымрэ.
- КIуэкIуэ Казбек Мутко Виталий фIыщIэ хуищIащ ди республикэм и нэIэ къызэрытригъэтым икIи къызэрыдэIэпыкъум папщIэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я
- пресс-IуэхущIапIэ.