ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кърым Республикэм и Жылагъуэ палатэм Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, УФ-м и субъектхэм я жылагъуэ палатэхэм зэрызахуигъазэр

2019-03-16

  • Ди лэжьэгъу лъапIэхэ!
  • Илъэситху япэкIэ «Кърымым и гъатхэ» псалъэхэр Урысей Федерацэм и иджырей тхыдэм и мызакъуэу, зэрыщыту дуней псом ­папщIи лъэхъэнэщIэм и къежьапIэм и дамыгъэ хъуащ. Кърымым щыпсэухэм я процент 97-м щIигъум 2014 гъэм гъатхэпэм и 16-м екIуэкIа референдумым Iэ щаIэтащ мы дыгъафIэ щIыналъэр Урысейм хэгъэхьэжыным и телъ­хьэу.

  • Апхуэдэ гугъапIэр Урысей Федерацэм и унафэщIхэм, абы и Президент Путин Владимир сымэ зэхамыхыу къэнакъым икIи гъатхэпэм и 18-м Кремлым Iэ щыщIа­дзащ Кърымым езым и «тхыдэ тедзапIэм» къызэригъэзэжым теухуауэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ документхэм.
  • А щIыкIэм тету тхыдэ захуагъэр зэтрагъэувэжащ икIи 1990 гъэм иужькIэ урысей къэралыгъуэм къы­хагъэхьэжащ хабзэм къемы­зэ­гъыу Совет Урысейм хагъэкIыу Совет Украинэм 1954 гъэм мазаем и 19-м иратауэ щыта Кърым хытIыгуныкъуэр. Лъэпкъ куэд щыпсэу Кърым областым и цIыху­хэр апхуэдэ Iуэхум зэреплъымкIэ зыри еупщIакъым икIи совет ­вождым и зи чэзу щхьэзыфIэфIагъыр пхы­кIащ.
  • «Кърымым и гъатхэм» и япэ махуэхэм щегъэжьауэ дэ зыхэтщIащ Уры­сей Федерацэм и щIыналъэ псо­ри егъэлеяуэ ди телъхьэу зэ­ры­щытыр. Абы нэхъри нэхъ быдэу ди фIэщ ищIащ ди Iуэхум тхыдэ захуагъэ зэрыхэлъыр икIи ди щIыналъэм исхэм я мурад инхэркъазэрехъулIэнур. Дэ дрогушхуэ «Кърымым и гъатхэм» Урысейм и цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэ нэс къы­зэрызэригъэпэщам, ахэр ­УФ-м и Президент Путин Вла­димир, урысей къэралыгъуэм и уна­фэщIхэм нэхъри нэхъ быдэу зэ­рыкъуэувам. Кърымым ехьэ­лIауэ зэтеува зэгурыIуэныгъэр США-мрэ Евросоюзымрэ къызэ­рыпэщIэувам Урысейр тэмэмукъикIынымкIэ шэсыпIэ нэхъыфI дыдэщ. Абы и щыхьэт наIуэщ Кърым лъэмыжым, «Тавридэ» фе­деральнэ автомобиль гъуэгум, Айвазовский И. и цIэр зыфIаща Сим­ферополь аэропортыщIэм я ухуэныгъэхэр, Кърымым, Къалэ-­ЛIыхъужь Севастополь щрагъэ­кIуэкI нэгъуэщI инфраструктурэ ухуэныгъэ инхэр.
  • Кърымым и цIыхухэм зэпы­мыууэ зыхащIэ мы щIыналъэр къэрал-правовой, социально-экономикэ Iуэхухэм я лъэныкъуэкIэ зэрыщыту къэралым тэмэму хэгъэзэгъэжынымкIэ урысей щIы­налъэ псори хьэлэлу икIи нэгъэсауэ къызэрыдэIэпыкъур. «Къры­мым и гъатхэр» къызэрыунэхурэ илъэситху щрикъум ирихьэлIэу Кърым Республикэмрэ федераль­нэ унафэм щIэт Севастополь къалэмрэ Урысей Федерацэм и адрей субъектхэм ящыщ хъужащ икIи а щIыналъэхэм ящIыгъуу ­тегушхуауэ пщэдерей махуэм ­хуоплъэ.
  • Кърым Республикэм и Жыла­гъуэ палатэм хэтхэм урысей щIыналъэхэм я жылагъуэ палатэхэм хэт я лэжьэгъухэм зыхуагъазэ иджы­рей урысей граждан жы­лагъуэ зыужьыныгъэм и Iыхьэнэхъыщхьэу щыт жылагъуэ палатэм адэкIи зегъэужьыным хуэу­нэтIауэ быдэу зэпыщIауэ зэдэлэ­жьэну къыхуриджэу. Лъэпкъ куэду зэхэт урысей цIыхубэр илъэсипщI гъунэгъум къриубыдэу Урысей Федерацэм и экономикэ, щIэны­гъэ-техникэ къэщIэрэщIэжыныгъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ Президент Путиным къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэным хузэщIэгъэу­IуэнымкIэ дэ ехъулIэныгъэ нэхъ инхэр къыщытхьыфынур а унэтIы­ныгъэрщ. Абы елъытауэ щытынущ псоми ди къэкIуэнур, Урысей иным и къэкIуэнур.
  • ПщIэ зыхуэтщI ди лэжьэгъухэ!
  • Илъэситху япэкIи хуэдэу «Къры­мым и гъатхэм» иджыри къаруушхуэ иIэщ кърым щIыналъэм и мызакъуэу, зэрыщыту Урысейм и тхыдэ къэщIэрэщIэжыныгъэм дежкIэ.
  • Кърым Республикэм и Жыла­гъуэ палатэм ди республикэм ис псоми я цIэкIэ фIыщIэшхуэ къыфхуещI ди тхыдэ Хэкум ды­хыхьэжыну къэтщта унафэр къуэ­шыгъэ фхэлъу жыджэру къызэ­рыдэфIыгъам, Кърымым и цIыхухэр Урысей Федерацэм и цIыхуу щытынымкIэ яIэ хуиты­ныгъэхэм яхуэунэтIа бэнэныгъэ мытыншыр фыкъимыкIуэту икIи ерыщу зэревгъэкIуэкIым папщIэ.
  • Дэ шэч къытетхьэркъым къэ­рал кIуэцIми къэрал щIыбми ­къы­щыпэплъэ гугъуехьхэм урысей цIыхубэр нэгъэсауэ зэрыпэ­щIэтыфынум икIи езым и зыу­жьыныгъэм и лъэхъэнэщIэм зэрыхуэкIуэнум.
  • Езыхэр зэгурыIуэу икIи зэакъы­лэгъуу зэдэлажьэмэщ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэмрэ Урысейм и субъектхэм я жылагъуэ палатэхэмрэ ди Хэкум и цIыху­бэр экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэм, зэхэщIыкIыр къэIэтыным, щIалэгъуалэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ къэралым къыпэщыт Iуэхухэм щыхузэщIагъэуIуфынур.
  • Кърым Республикэм и Жылагъуэ палатэм Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Урысей Федерацэм и субъектхэм я жы­лагъуэ палатэхэм зэрызахуи­гъазэр къыщащтащ Кърым Республикэм и Жылагъуэ палатэм 2019 гъэм гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм.