IэщхьэубыдыпщIэ, Iыхьэтелъхьэ…
2019-03-16
- Iэужь. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яхэлъа хабзэщ. ЛIым щхьэгъусэ къыщишэм деж, нысащIэм зы жэм тыгъэ хуищIырт. А жэмри абы къыщIэхъуэхэри а цIыхубзым ейт, абы и унафэншэу ар зыми итыну, ищэну хуиттэкъым. Хабзэр къыщекIуэкIар пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманырщ.
- IэщэгъэтIылъыж. ЗекIуэм ехьэлIа пасэрей адыгэ хабзэщ. Япэм щыгъуэ цIыхухъухэр зекIуэм хэтыныр лIыгъэм и щапхъэу ябжырт. IэщэкIэ зэщIэузэда адыгэлIым гъуэгуанэ кIыхь зэпичыфырт, лIыгъэщIапIэ ихуэми, и пщIэр имыгъэкIуэду къикIыжыфырт.
- НыбжьыщIэр бэшэчагъым щыхуагъасэ еджапIэ хьэлэмэтт зекIуэр. Ауэ и ныбжьыр зэрыхэкIуэтам е сымаджагъэм къыхэкIыу зекIуэ ежьэныр зыгуэрым къехьэлъэкI хъуамэ, хабзэм тету абы и Iэщэр игъэтIылъыжырт.
- Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Ежьэныр афIэкI зи къару къимыхьыжынкIэ къызыфIэщI нэхъыжьым хъыбар яригъащIэрт и ныбжьэгъухэм, и зекIуэ гъусэхэми и деж къригъэблагъэрт. Ефэ-ешхэ Iэнэ къыхуигъэувти, ахэр игъэхьэщIэрт икIи Iуэхур зыIутыр ягуригъаIуэрт. Апхуэдэ дауэдапщэм «IэщэгъэтIылъыжкIэ» еджэрт.
- А дауэдапщэм хэту Iэщэ зыгъэтIылъыжам и щIыхькIэ шыгъажэ, ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIырт. Абыхэм щытекIуэхэм саугъэт зэхуэмыдэхэр хуащIырт: ныбжьэгъухэм къабгъэдэкIыу шы-уанэ зэтелъ, езы нэхъыжьым и Iэщэфащэм щыщ, нэгъуэщIхэри.
- IэщхьэубыдыпщIэ. Фызышэм хэт хабзэщ. Фызышэ кIуахэм нысащIэр унэм къыщыщIашым, къыщраша-жьэм и деж, абы и гъусэу унэм щIэт хэгъэрей цIыхубзхэм ахъшэ бжыгъэ гуэр ират. Абы зэреджэр «IэщхьэубыдыпщIэщ». IэщхьэубыдыпщIэр ямыту нысащIэр къыщIрагъэшыркъым.
- Хабзэр ди зэманми щыIэщ.
- Iыхьэтелъхьэ (IыхьэхэмыIу). ЦIыху зэхущытыкIэхэм, мылъку гуэшыкIэм ехьэлIа хабзэщ. Япэм щыгъуэ адыгэхэр унагъуэшхуэу, зэкъуэш зытIущ зэхэсу, псэууэ щытащ. Зэкъуэшхэр унагъуэ щхьэхуэу щызэхагъэкIым и деж, я мылъкур псоми я зэхуэдэу ягуэшыжырт. Ауэ нэхъыжьым, пщIэ зэрыхуащIыр кърагъэлъагъуэу, лъыса мылъкум и лейуэ зыш е нэгъуэщI Iэщ, хьэпыш гуэр иратырт. Апхуэдэм адыгэхэр «IыхьэтелъхьэкIэ» е «IыхьэхэмыIукIэ» еджэу щытащ.
- IурыцIэлъ. Фызышэ хьэгъуэлIыгъуэм щыщ хабзэщ. НысащIэр нэхъыжьхэм трагъэхьэну унэишэ щащIкIэ, абы «IурыцIэлъ» (фо, тхъу зэхэлъу) и Iупэм щахуэ. Хабзэм кърагъэкIыращ: а IурыцIэлъым ещхьу нысащIэм и гъащIэр а унагъуэм IэфI щыхъуну.
- Хабзэр ди зэманми щыIэщ.
- Iусэрыгуэш. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа хабзэщ. Ипэ зэманым адыгэхэр унагъуэшхуэу зэхэсу щытащ. Бынунагъуэ хъужа зэкъуэшхэр зы пщIантIэм дэст, я адэ-анэри я гъусэжу.
- Унагъуэм цIыху исым емылъытауэ, къуажэщIыр щагуэшкIэ, апхуэдэм къылъысыр зы Iыхьэт. ЩIыр илъэс зыщыплIым зэ ягуэшу арати, къыкIэлъыкIуэ гуэшыгъуэр къэсыху къыплъысар уи Iыхьэу укъанэрт. ЩIы гуэшыгъуэр къэмысу зэкъуэшхэр зэхэкIын хуей хъумэ, гъавэу яIэр щхьэ бжыгъэм тещIыхьауэ ягуэшыжырт. Абы «IусэрыгуэшкIэ» еджэрт.
- Думэн Хьэсэн.