Щыуагъэншэу тхэфу пIэрэ?
2019-03-16
- Бахъсэн щIыналъэри жыджэру хэтащ гъатхэпэм и 14-м екIуэкIа Iуэху щхьэпэм — адыгэбзэкIэ диктант тхыным. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа жэрдэмыр мы-бы щыдаIыгъащ цIыхуи 180-м.
- ЩIыналъэм и курыт еджапIэхэм я 1 — 11-нэ классхэм щIэсхэм я закъуэтэкъым щыуагъэншэу тхэфмэ зэхэзыгъэкIыну мурад зыщIар.
- А Iуэхум къыхыхьат предмет зэмылIэужьыгъуэхэр езыгъэджхэри, школхэм я унафэщIхэри, къуажэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри, щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм къикIахэри. Апхуэдэу, Ислъэмей къуажэм дэт курыт школ №2-м и унафэщI Быф Арсени яхэту диктантыр ятхащ а еджапIэм щIэсхэми щылажьэхэми.
- «АдыгэбзэкIэ диктант псоми зэгъусэу ятхыныр дэтхэнэри хэтыну зыхуит Iуэхут, и къалэнри адыгэбзэр нэхъ куууэ зэгъэщIэным цIыхухэр тегъэгушхуэнырщ. Абы Iэмал къет ди лъэпкъэгъухэм я анэдэлъхубзэр здынэсыр, ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр зэхагъэкIынымкIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, акцэм дэтхэнэ зыри къыхуреджэ я анэдэлъхубзэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыну, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр яхъумэну, цIыхухэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым хагъэхъуэну», — къыхигъэщащ Бахъсэн муници-пальнэ щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и методист Нанэ Любовь.
- ЧЫЛАР Аринэ,
- Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.