Шэрджэс цIэрыIуэхэр
2019-01-17
- Мысыр дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ, зекIуэлI Аль-Шаркасия Шахин бин Абдуллах
- (1378 — 1452)
- Каирым къыщалъхуащ. Шэрихьэтыр (ислъам дин хабзэхэр) фIыуэ ищIэрт, щихъщ. Шэрджэс сулътIан Къаит-бей и лъэхъэнэм псэуащ. ЗекIуэлIщ. Каир пэмыжыжьэу щыт ал-Муккатам быдапIэм щетIысэхри, илъэс 50-м нэблагъэкIэ и закъуэу псэуащ. АдыгэлI губзыгъэм Мысырым и Iэтащхьэхэмрэ хьэкумэщIхэмрэ щIэх-щIэхыурэ чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэрт.
- Дунейм ехыжа и ужькIэ Мысырым, Сирием, Палестинэм я сулътIанхэм я унафэкIэ кхъэлэгъунэм щыщIалъхьащ, «щихъ» цIэ лъапIэри фIащащ.
- Курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа мысыр тхыдэдж цIэрыIуэ
- Ибн Ийас ал-Хьэнэфи Мухьэммэд Ахьмэд
- (1448 — 1524)
- Адыгэ мамлюк цIэрыIуэ ал-Хьэнэфи и унагъуэм къыщалъхуащ (Каир).
- XV лIэщIыгъуэхэм и 60 гъэхэм Триполирэ Хьэлэбрэ я унафэщIу щыта Эмир Оздемыр и къуэрылъхущ.
- «Удз гъэгъахэм я телъыджагъэхэр — лIэщIыгъуэхэм я къэхъукъащIэхэм» фIэщыгъэм щIэту том зыбжанэ хъууэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм шэрджэс мамлюкхэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд щызэхуэхьэсащ. Салмон Уильямрэ Вьет Гастонрэ инджылызыбзэрэ франджыбзэкIэ зэрадзэкIыу 1921 гъэм Лондон, 1955 гъэм Париж къыщыдэкIа тхылъхэм цIыхуцIэхэм теухуа тхыгъэ ин итщ.
- КъуэкIыпIэ къэралхэм я тхыдэр, экономикэр, гъуазджэр, щэнхабзэр, диныр зыдж академикхэу Крымский А., Крачковский И. сымэ къызэралъытэмкIэ, XV лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэмрэ XVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэмрэ Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ щыIа тхыдэдж нэхъ инхэм ар ящыщт.
- Коллежскэ чэнджэщэгъу, адыгэ тхыдэдж цIэрыIуэ Къудащ Елбэздыкъуэ
- (1863 — 1946)
- Къэбэрдей уэркъхэм ящыщщ. Дохъушыкъуей (иджы Старэ Шэрэдж) къуажэм къыщалъхуащ. Налшык курыт еджапIэр 1880 гъэм къиухащ, Харьков дэт университетым и медицинэ курсхэм щIэныгъэ щызригъэгъутащ (1884). Налшыкрэ Владикавказрэ фармацевту щылэжьащ. ИужькIэ, 1890 гъэм, Елбэздыкъуэ медицинэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ МГУ-м щызригъэгъуэтащ.
- Илъэс зыбжанэкIэ Санкт-Петербург щылэжьауэ и цIэмрэ адэцIэмрэ ихъуэжри, Владимир Николаевич хъуауэ щытащ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и пэжыпIэр зригъэщIэну, ар и лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуищIыну дэфтэр хъумапIэхэм куэд дыдэрэ щылэжьащ.
- Къэбэрдейм къигъэзэжа иужькIэ «Налшык округым щыпсэу адыгэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ гуп» узэщIакIуэ зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтащ (1906 гъэ). Шы гъэхъунымкIэ Кавказым щыIа къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэ-щIу, Тэрч щIыналъэм шы щагъэхъуу ита заводхэм кIэлъыплъу щытащ.
- Граждан зауэр къыщыхъеям хужьхэм яхэтащ. Къэбэрдей шу дивизэм и унафэщIу щытащ. 1920 гъэм и гъатхэпэ мазэм и къуэ Алийрэ и къуэшым и къуэ ТIушэрэ и гъусэу Тыркум, и ужькIэ Франджым, итIанэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм Iэпхъуащ.
- ЩылIари щыщIалъхьэжари Нью-Йоркщ.
- «Исторические сведения о кабардинском народе» тхылъыр и Iэдакъэ къыщIэкIащ (Киев — 1913 гъэ, Налшык — 1990, 1991 гъэхэм).
- Хэхэс адыгэхэм зи цIэр къахэщ Цей Омар Хьилми
- (1898 — 1961)
- ЛъэпкъкIэ абазэхэщ. Тыркум хыхьэ Рихьэние адыгэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр — Алеппэ, университетыр — Истамбыл къыщиухащ. Рихьэние, Антакье, Алеппэ егъэджакIуэу щылэжьащ. «Гъуазэ» (Истамбыл) япэ адыгэ газетым, иужькIэ «Маржэ» (Къунейтрэ) газетым щылэжьащ. Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыдэмрэ къищынэмыщIауэ, и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ адыгэбзэкIи тыркубзэкIи къыдигъэкIащ.
- ЩылIари щыщIалъхьэжари Тыркум хыхьэ Антакье къалэращ.
- И IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр: «Хабзэмрэ къарумрэ» (Истамбыл, 1923), «Адыгэ алыфбей» (Алеппэ, 1926), «Адыгэбзэр зэгъэщIэным узыщыIууэ гугъуехьищ» (Антакье, 1935), «Толъкъунхэмрэ нэхугъэхэмрэ» (Антакье, 1938), «Хэкум теухуа гупсысэхэр» (Антакье, 1938).
- Тырку къэрал къулыкъущIэ, къэхутакIуэ Бажэ Зекерие
- Абазэхэщ, Бажэ лIакъуэм къыхэкIащ. Истамбыл дэт университетхэм яз къиухащ. Текирда санжакъым и тхьэмадэу, Эдирне вилайетым и губернатору 1914 — 1918 гъэхэм щытащ. КъызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж нэгъуэщI гуп и гъусэу тезыр тралъхьэри 1919 — 1921 гъэхэм Мальтэм ягъэкIуауэ щытащ.
- Истамбыл къыщыдэкI «Ени Кавказ» журналым абы къытрыригъэдзауэ щытащ адыгэ хабзэм теухуа монографие. «Адыгэхэм я гъащIэмрэ хабзэхэмрэ» лэжьыгъэхэр Зеке- рие дунейм ехыжу илъэс 43-рэ дэкIыжа иужькIэщ дунейм къыщытехьар.
- Уэсмэн пащтыхь къэралыгъуэм и къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Шахингирай Мехмед Решид (Хьэнахъуэ)
- (1873 — 1919)
- Бжьэдыгъущ, Кавказым къыщалъхуащ. Дзэ училищэмрэ дзэ-медицинэ академиемрэ Истамбыл къыщиухащ. Медицинэ щIэныгъэхэм я докторщ. «Зэкъуэувэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ» партым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ.
- Революцэ Iуэхухэм зэрыхэтым папщIэ Ливием ягъэIэпхъуауэ щытащ. Пащтыхьыгъуэм и бийхэм илъэсипщIкIэ и унафэщIу щытащ. И тхыгъэхэр Черкес Ляли, Джеври, Шахингирай цIэ лейхэр щIэту къытридзэрт.
- 1908 гъэм Тыркум щекIуэкIа революцэм и ужькIэ къэрал къулыкъу къыхуагъэфэщащ. 1909 — 1917 гъэхэм вилайет зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ щигъэзэщIащ, губернатору щытащ. Уэсмэн къэралыгъуэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ, политикэ зэгухьэныгъэхэм жыджэру ядэлэжьащ а илъэсхэм.
- Ермэлыхэм къагъэхъуа къайгъэм хэтауэ пцIы къытралъхьэри, ягъэтIысауэ щытащ. Хьэпсым ису бжьэдыгъу щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Быдагъэ» (1919) тхылъыр, абы 1915 гъэм къэхъуахэм я пэжыпIэр къыщретхэкI Мехмед.
- Хьэпсым къыщыщIэпхъуэжыну яужь ихьэри, яукIауэ щытащ.
- «Дауэ революцэр къызэрыхъуар» (Каир, 1909), « Решид-бей докторым и гукъэкIыжхэр» (Измир, 1992; Истамбыл, 1993) тхылъхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
- Тыркум и политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Инджедаи
- Джевдет Керим (ФIэщмыхъу)
- (1893 — 1951)
- ЛъэпкъкIэ къэбэрдейщ, Синоп къыщалъхуащ. Дзэ училищэ къиухащ. Илъэс куэдкIэ тырку армэм къулыкъу щищIащ. ЦIыхубэ-республикэ партым и унафэщIу щытахэм ящыщащ. Меджлисым и 5-9-нэ зэхуэсхэм я депутату щытащ. Тырку Республикэм жылагъуэ IуэхухэмкIэ и министр IэнатIэр 1946 — 1947 гъэхэм ирихьэкIащ.
- «КъухьэпIэ фронтыр лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм зэрыхэтар» (Истамбыл, 1926), «Революцэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ» (Зонгулдак, 1936) къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр дунейм къытригъэхьащ.
- Уэсмэн пащтыхь къэралыгъуэм и дзэм лIыхъужьу хэта
- Азнавур Ахьмэд (Анчокъуэ)
- (1873 — 1921)
- Абазэхщ. Истамбыл дэт дзэ училищэр къиухащ. Жандарму лэжьащ. Майор хъуауэ дзэм къыхэкIыжри, Бигэ къалэ дэтIысхьауэ щытащ.
- «Зэкъуэтыныгъэмрэ зэдэIэпыкъужыныгъэмкIэ шэрджэс гупым» я пашэхэм къазэрыщхьэщыжам къыхэкIыу дунейпсо зауэм ягъакIуэри, Кавказ фронтым Iуагъэхьати, къэмыланджэу, лIыхъужьыгъэ игъэлъагъуэу хэтащ.
- Мудрос зэгурыIуэныгъэм и ужькIэ цIыхубэм я лъэIукIэ 1919 гъэм и мэлыжьыхь мазэм Из-мит сэнжакъым и унафэщIу ягъэуващ. А гъэ дыдэм и шыщхьэуIум а къулыкъур къигъэнауэ щытащ. Пащтыхьыгъуэм ерууэ и телъхьэу зэрыщытым къыхэкIыу «ЗэгурыIуэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ» партым и Iуэху еплъыкIэхэр димыIыгъыу езым хуэдэ адыгэ гупым я гъусэу цIыхубэ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэм пэщIэуващ. 1919 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Этхем Черкес и «дамэ зытет шухэм» яIущIэри къыхагъэщIащ. МазищкIэ къа-ру зэрагъэпэщыжа и ужькIэ, цIыхубэ — щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм япэуври, Мрамор хым къедзылIа щIыналъэр къиубыдауэ щытащ. А текIуэныгъэм папщIэ сулътIаным абазэхэ щIалэм «пэщэ» цIэ лъапIэр къыфIищащ. 1920 гъэм Этхем и шуудзэм тырку сулътIаным и дзэхэр зэтрикъутауэ щытащ. Абы уIэгъэ щыхъуа Ахьмэд, Истамбыл къигъэзэжри, мазищ дэкIа и ужькIэ и зауэлIхэр Анка-ра игъэкIуат, ауэ къикIаIакъым. 1921 гъэм арнэIут (албан) зауэлIхэм зэкъуэхуауэ ирихьэлIэри, яукIащ.
- Тырку политик, тхакIуэ Нажди Омер (Жанхъуэт)
- (1878 — 1916)
- Къэбэрдей уэркъ лъэпкъым щыщщ. Пасэ дыдэу зеиншэу къэнащ. Мустафа Кемаль (Ататюрк) и гъусэу дзэ школым щеджащ икIи дунейм ехыжыху хуэпэжащ Тырку Республикэр къызэзыгъэпэща лIы ахъырзэманым.
- Зэрыстудент лъандэрэ усэхэмрэ Iуэтэжхэмрэ итхырти, ахэр журнал зэмылIэужьыгъуэхэм къытрыригъадзэрт.
- «Уэсмэн щхьэхуитыныгъэм и гуп» партым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщащ (1906). Абы и къалэмым къыщIэкIа тхыгъэ «пIаскIуэхэр» къызытехуэ «Сабий сад» журналыр зэхуащIыжа и ужькIэ, 1907 гъэм Париж Iэпхъуауэ щытащ. Мазэ зыбжанэ дэкIри Ираным кIуат, ауэ революцэ Iуэхум хэту гурыщхъуэ къыхуащIри, ягъэтIысат. 1908 гъэм и ужькIэщ абы Истамбыл къыщигъэзэжар. «Зэкъуэтыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ» партым жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къулыкъу лъагэхэр щиIыгъащ, 1911 — 1912 гъэхэм абы и административнэ советым хэтащ. Партым и мурадхэмрэ къалэну зыхуигъэувыжхэмрэ цIыхухэм я деж нихьэскIэрэ зэрыкъэралу зэкъуигъэувэн хузэфIэкIат.
- ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Кавказ фронтым ягъэкIуати, хуабэуз къеуалIэри, къахуегъэлакъым. 1916 гъэм и фокIадэ мазэм къыдэкIа «Терджуман — и Хакикат» газетым Жанхъуэт Омер хуэгъэпсауэ къытрадза усэм хэт мы сатырхэр гум щIохьэ:
- «Уэ сыт щыгъуи ущIэхъуэпсырт
- Адэжь хэкум кIуэж гъуэгум
- утелIыхьыну,
- Тхьэшхуэм фIыщэу
- укъилъагъурти,
- Уэ уи лъэIур къыпхуищIащ».
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.